гуфӀэгъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гушӀуагъо/гуфӀэгъуэ, гушӀопсныгъ/ гуфӀэпсныгъэ, гурышӀугъо/гурыфӀыгъуэ, нэжэгужагъ, гукъыдэж, нэшӀогушӀуагъ, нэщхъыфӀагъэ, ЧЭФ; ВЕСЁЛОСТЬ, РАДОСТЬ; NEŞE
ГУфӀэгъуэ/гушӀуагъо; SEVİNÇ
гушӀуагъо/гуфӀэгъуэ, (Абз. ГУРЫГЪАРА); SEVİNÇ
ГУфӀэгъуэ/гушӀуагъо → гушӀуагъо; NEŞE
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гушӀуагъо
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
НэщхъыфӀагъуэ.
рурадостное событие, торжество
- ГуфӀэгъуэм кърихьэлӀахэми тхьэм узыншагъэ къарит, сыноджэ, МуӀэзин, - жеӀэри Мурид мэхъсымэ фалъэм хофри МуӀэзин хуешииж.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
+3 örnek
Ноби Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ.— КӀыщокъуэ Алим
ГуфӀэгъуэм си гъуэмылэхьэ, гуӀэгъуэм къыслъимыхьэж.— Псалъэжьхэр
ГуфӀэгъуэмрэ гузэвэгъуэрэ зимыӀэ щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
гуфӀэгъуэ радостное событие, торжество / НэщхъыфӀагъуэ. * - ГуфӀэгъуэм кърихьэлӀахэми тхьэм узыншагъэ къарит, сыноджэ, МуӀэзин, - жеӀэри Мурид мэхъсымэ фалъэм хофри МуӀэзин хуешииж. Щ. Ӏ. Ноби Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ. КӀ. А. ГуфӀэгъуэм си гъуэмылэхьэ, гуӀэгъуэм къыслъимыхьэж. (погов.) ГуфӀэгъуэмрэ гузэвэгъуэрэ зимыӀэ щыӀэкъым. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. НэщхъыфӀагъуэ.
Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къыхуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокъуэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208
+2 örnek
А гуфӀэгъуэм нэгъуэщӀ гуфӀэгъуи къыхохъуэ – куэд лъандэрэ унагъуэм къимыхьа Елдар, псоми фӀыуэ ялъагъур, къокӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514
Хэку Ӏэджэу бийхэм нэщӀ ящӀахэм ГуфӀэгъуэр штыккӀэ яхуэсхьыжырт, Лъы жапӀэ зауэр бийм щестахэм Аргуэру гъащӀэр къыщеблыжырт.— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55
2. Гур ин зыщӀ, нэщхъыфӀагъуэ къозыт.
Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», - жиӀэри абыкӀэ иухащ графым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 127
+1 örnek
Зауэ быдапӀэ къыпфӀэщӀыр Псэуалъэу бригадэм яӀэрщ, Си къуажэм къалэм зыпещӀыр, Уэрэд гуфӀэгъуэр щыжаӀэр.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42
Deyimler (3)
гуфӀэгъуэ нэпс
ЗэрыгуфӀэщам къригъакӀуэ нэпс. –6.
Хъыджэбз и нэпси фымы-лъагъукӀэ, ГуфӀэгъуэ нэпсым нэмыщӀа.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 182
+1 örnek
Ди анэжьхэм, цӀыкӀухэм, дэ ди шыпхъухэм Гуауаем гущтэ ныхахами, Дэ насыпышхуэр къахуэтхьащи, Егъагъыр нобэ а гуфӀэгъуэм – Ар, текӀуэныгъэм и нур лъапӀэр, ГуфӀэгъуэ нэпсым ныхопщӀыпщӀэ.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5
[и] дуней гуфӀэгъуэщ
Еплъ: дуней
гуфӀэгъуэ шу
Хъыбар гуфӀэгъуэ къезыхьэкӀ шууей.
Астемыр нэщхъыфӀэу, гуфӀэгъуэ шум хуэдэу, пщӀантӀэм дэтым зэ къахэплъащ, Дамэлей ещхькъэ жыпӀэну, и шыр игъалъэри ежьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315
Kitapta geçtiği hali
ГУФӀЭГЪУЭ (97). 1. (86). НэщхъыфӀагъуэ. Къэзылъэфри зылъэфыжри пщӀэнукъым, жыхуаӀэм хуэдэу, Мусэрэ Нурхьэлийрэ я Ӏуэхур псыхэкӀуадэ хъуами, къуажэм гуфӀэгъуэ куэд зэуэ къыхуэкӀуащ: КӀэпӀий Андулыхь, Пэщ ЛутӀэ, Дзэгъэщтокъуэ Алим, фызабэ Бабыху сымэ я къуэхэу къэбэрдей полъкум хэту «Туземнэ дивизэм» хэтахэр къэкӀуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. А гуфӀэгъуэм нэгъуэщӀ гуфӀэгъуи къыхохъуэ – куэд лъандэрэ унагъуэм къимыхьа Елдар, псоми фӀыуэ ялъагъур, къокӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Хэку Ӏэджэу бийхэм нэщӀ ящӀахэм ГуфӀэгъуэр штыккӀэ яхуэсхьыжырт, Лъы жапӀэ зауэр бийм щестахэм Аргуэру гъащӀэр къыщеблыжырт. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. 2. (7). плъыф. мыхь. Гур ин зыщӀ, нэщхъыфӀагъуэ къозыт. Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», - жиӀэри абыкӀэ иухащ графым. Хъуэпсэгъуэ нур, 127. Зауэ быдапӀэ къыпфӀэщӀыр Псэуалъэу бригадэм яӀэрщ, Си къуажэм къалэм зыпещӀыр, Уэрэд гуфӀэгъуэр щыжаӀэр. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. ◊ ГуфӀэгъуэ нэпс (2). ЗэрыгуфӀэщам къригъакӀуэ нэпс. Хъыджэбз и нэпси фымы-лъагъукӀэ, ГуфӀэгъуэ нэпсым нэмыщӀа. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 182. Ди анэжьхэм, цӀыкӀухэм, дэ ди шыпхъухэм Гуауаем гущтэ ныхахами, Дэ насыпышхуэр къахуэтхьащи, Егъагъыр нобэ а гуфӀэгъуэм – Ар, текӀуэныгъэм и нур лъапӀэр, ГуфӀэгъуэ нэпсым ныхопщӀыпщӀэ. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5–6. [И] дуней гуфӀэгъуэщ (11). Еплъ дуней. ГуфӀэгъуэ шу (1). зэхь. Хъыбар гуфӀэгъуэ къезыхьэкӀ шууей. Астемыр нэщхъыфӀэу, гуфӀэгъуэ шум хуэдэу, пщӀантӀэм дэтым зэ къахэплъащ, Дамэлей ещхькъэ жыпӀэну, и шыр игъалъэри ежьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 315.