гурыщхъуэ егъэщӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
гурыщхъуэ
Шэч. «
Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!»— Тисей, 480
+1 örnek
Гурыщхъуэ удзхэр щыгъагъэр И гъатхэ махуэу мэгуфӀэ.— Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82
Deyimler (3)
гурыщхъуэ егъэщӀын
Шэч ищӀыну зыгуэрым Ӏэмал етын.
– Нэхъыжьыр сэ къысхуэупсэу къыпфӀэщӀынут, арщхьэкӀэ сэри гурыщхъуэ сегъэщӀ: зауэм щыӀэм и бынунэм и зехьэныр си пщэм къыдалъхьэну армырауэ пӀэрэ зыхуейр, жысӀэу.— МелыӀыч, 454
+2 örnek
[Аслъэныкъуэ:] – Гурыщхъуэ уэзгъэщӀа, си къуэш?— МелыӀыч, 450
НэхъыжьитӀым абыкӀэ гурыщхъуэ ирагъэщӀами, Зураб тӀуми хуэдэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
гурыщхъуэ хуэщӀын
Зыгуэрым шэч хуэщӀын.
Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
– АбыкӀэ гурыщхъуэ щӀыхуэпщӀын щыӀэххэуи къыщӀэкӀынкъым, - жиӀэу Астемыр арэзы хъу щхьэкӀэ, и псалъэм тӀэкӀу тешыныхьыжт, ярэби дыщымыуэу пӀэрэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571
[Дэфэрэдж:] Сэри сызыхуейр аращи, и гугъу сщӀыжыркъым, гурыщхъуэ хуэсщӀауэ гу зылъезгъатэркъым, и адэм и дуней тетыкӀэр сщӀэ пэтми.— Лъапсэ, 43
гурыщхъуэ щӀын
Шэч щӀын, чэнджэщ къытехьэн. -72. [ЛӀым:]
Гурыщхъуэ зыщӀаи щыӀэт: бийр шынэжауэ къалэм дэкӀуэсыкӀыжауэ пӀэрэ, жиӀэу.— Лыгъэ, 411
+2 örnek
Чачэ и макъыр нэхъ щэху ищӀри, жиӀащ фыз мылъхуэм и лӀым гурыщхъуэ имыщӀын папщӀэ, езы фызыр хущхъуэ иригъафэ хуэдэу ищӀу зэрыщытар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 71
– Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀкӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ— Нэгъуху, 20
егъэщӀын
(ирегъэщӀ)
Зыгуэрым зыгуэр ищӀэну, иухуэну бгъэдэгъэувэн.
А чырбыш плъыжь унэр Щэрданхэ ирагъэщӀауэ щытащ, и щӀагъыр тыкуэнышхуэу, ищхьэм езыхэр тесу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538
+2 örnek
Жыгыр пщӀыпщӀу зыгъэгъагъэр, Псы ежэхыр зыгъэпӀащӀэр, Бзухэм абгъуэ езыгъэщӀыр – Лъагъуныгъэрщ, ар зэвгъащӀэ.— Ар сэ сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206
Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт.— Зи лъэрыгъэпс тӀыгъа, 526
Deyimler (1)
гурыщхъуэ егъэщӀын
Еплъ: гурыщхъуэ
Kitapta geçtiği hali
ГУРЫЩХЪУЭ (3). Шэч. «Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!» «Тисей», 480. Гурыщхъуэ удзхэр щыгъагъэр И гъатхэ махуэу мэгуфӀэ. Сатьявати. «Батырыбжьэ», 82. ◊ Гурыщхъуэ егъэщӀын (6). Шэч ищӀыну зыгуэрым Ӏэмал етын. – Нэхъыжьыр сэ къысхуэупсэу къыпфӀэщӀынут, арщхьэкӀэ сэри гурыщхъуэ сегъэщӀ: зауэм щыӀэм и бынунэм и зехьэныр си пщэм къыдалъхьэну армырауэ пӀэрэ зыхуейр, жысӀэу. МелыӀыч, 454. [Аслъэныкъуэ:] – Гурыщхъуэ уэзгъэщӀа, си къуэш? МелыӀыч, 450. НэхъыжьитӀым абыкӀэ гурыщхъуэ ирагъэщӀами, Зураб тӀуми хуэдэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Гурыщхъуэ хуэщӀын (13). Зыгуэрым шэч хуэщӀын. Къуажэ зэрызехьар зэгъэжат, ямыщӀэххэу дзэ къатеуэу зыгуэркӀэ гурыщхъуэ зыхуащӀу дапщэ дэсами ягъэтӀысыну щыдашам. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. – АбыкӀэ гурыщхъуэ щӀыхуэпщӀын щыӀэххэуи къыщӀэкӀынкъым, - жиӀэу Астемыр арэзы хъу щхьэкӀэ, и псалъэм тӀэкӀу тешыныхьыжт, ярэби дыщымыуэу пӀэрэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. [Дэфэрэдж:] Сэри сызыхуейр аращи, и гугъу сщӀыжыркъым, гурыщхъуэ хуэсщӀауэ гу зылъезгъатэркъым, и адэм и дуней тетыкӀэр сщӀэ пэтми. Лъапсэ, 43. Гурыщхъуэ щӀын (16). Шэч щӀын, чэнджэщ къытехьэн. Гурыщхъуэ зыщӀаи щыӀэт: бийр шынэжауэ къалэм дэкӀуэсыкӀыжауэ пӀэрэ, жиӀэу. Лыгъэ, 411. Чачэ и макъыр нэхъ щэху ищӀри, жиӀащ фыз мылъхуэм и лӀым гурыщхъуэ имыщӀын папщӀэ, езы фызыр хущхъуэ иригъафэ хуэдэу ищӀу зэрыщытар. Хъуэпсэгъуэ нур, 71-72. [ЛӀым:] – Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщӀкӀэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ. Нэгъуху, 20.
ЕГЪЭЩӀЫН II (ирегъэщӀ) лъэӀ. (40). Зыгуэрым зыгуэр ищӀэну, иухуэну бгъэдэгъэувэн. А чырбыш плъыжь унэр Щэрданхэ ирагъэщӀауэ щытащ, и щӀагъыр тыкуэнышхуэу, ищхьэм езыхэр тесу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538. Жыгыр пщӀыпщӀу зыгъэгъагъэр, Псы ежэхыр зыгъэпӀащӀэр, Бзухэм абгъуэ езыгъэщӀыр – Лъагъуныгъэрщ, ар зэвгъащӀэ. Ар сэ сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206. Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт. Зи лъэрыгъэпс тӀыгъа, 526. ◊ Гурыщхъуэ егъэщӀын (6). Еплъ гурыщхъуэ.