гур къыдэмыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

гу

Адыгэ алфавитым и еханэ хьэрф.

рушестая буква кабардино-черкесского алфавита

1. ЦӀыхум, шэрыпӀ псэущхьэхэм, тхы къупщхьэ зиӀэхэм я лъыр мардэм тету зезыгъакӀуэу бгъэм илъыр

русердце

Гур узын.

+1 örnek

Дыгъэм, хьэуа къабзэм, псым куэдрэ ухэтмэ, Ӏэпкълъэпкъыр быдэ ещӀ, гур тэмэму егъэлажьэ. Къэб.

2. А органым цӀыхум и гъащӀэм къыщыхъухэр зэрызэхищӀэр, гъащӀэм щекӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэм зэрыхущытыр къигъэлъагъуэу.

русердце, душа

Шэрхъ щӀэту вы, шы с. ху. щӀэщӀауэ зыгуэр зэрызэрашэ.

руповозка

Бэлацэ гум ису Лухэ я деж къыӀухьащ.— КӀыщокъуэ Алим

+3 örnek

Гу щыкъутэ щащӀыж.— Псалъэжьхэр

Гу кӀуэм гудзэ къыкӀэреуд.— Псалъэжьхэр

Гур уфэрэкӀмэ, щӀалэм ягъэщ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (288)

{и}гу бампӀэ гъэтӀысын

руотвести душу, успокоить душу.

гу бампӀэ дэхын {дэгъэкӀын}

руогорчать, обижать кого-л.

{и}гу бампӀэ гъэтӀысын. {и} гу(р) гъэныкъуэн

игу дахэ хуэщӀын

руутешить кого-л.; приласкать кого-л.

- Анэр зи гъусэ гъуащэркъым, - жиӀэу Лу и гур дахэ къыхуищӀат {Думэсарэ}.— КӀыщокъуэ Алим

{и}гу ебгъэн

рув душе осуждать кого-л.

игу еуэн

руобидеть кого-л., нанести кому-л. душевную травму.

Уи жагъуэ сщӀами, уигу сеуами, Гуауэр насыпкӀэ уэ пхъуэжащ.— Балъкъэр Фоусэт

{и}гу еӀун

ру=

гум къихьэн

А зи гугъу пщӀар цӀыху акъыл закъуэщ: езым игу еӀур ищӀэнущ мыхъумэ, къодэӀуэнукъым.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр

гу жакъуэ икӀын

рунасытиться, удовлетвориться.

гу жан

русмекалистый, способный; тот, кто хватает на лету.

гу жанагъ

русмекалка.

игу (игурэ и щхьэрэ) зэбгъэжын

рубыть недовольным собой.

Шорэ игу зэбгъэжащ: - Степан Игнатьевич жыхуиӀэхэр махуэ къэс и нэгу щӀэкӀырт.— Шортэн Аскэрбий

ягу зэбгъэн

руобижаться друг на друга, быть недовольными друг другом.

Теувэжрэ Увжыкъуэрэ ягу зэбгъэми, зэкъуэщщ, зэфӀэкӀуэдынукъым.— Къэбэрдей

гу зэгъэбгъэн

рузаслужить чей-л. упрек.

гу зэмыгъэбгъэн

руне вызывать недовольства собой у кого-л.

Адэм и къуищри къызыщхьэщигъэувэри уэсят къахуищӀащ: - Фыкъызыщалъхуа Хэкур фӀыуэ флъагъу, къэралым игу зэвмыгъабгъэ, - жиӀэри.— Черкес таурыхъхэр

гу зэкӀуэцӀылъ

рузамкнутый, скрытный (о человеке).

{я}гу зэрыгъэфӀын

руподнять друг другу настроение.

Абыхэм {хъыджэбзхэм} я гухэлъкӀэ щэхуу ягу зэрыгъэфӀу зыкъомрэ щыса нэужь, Лусэ и щхьэр къиӀэтри Софят къеплъащ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

{и}гу зэфӀэнэн

рурасстроиться, приуныть.

Жансурэтым игу зэфӀонэ, И нэпситӀым зэпажыхь. Зы б. з.

{я}гу зэхуэбэнэн

рутосковать друг по другу.

Ягу зэхуэбанэрти зэӀущӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

ягу зэщыгъэкӀын

рувызвать у кого-л. отвращение, неприязнь друг к другу.

ягу зэщыкӀын

рупитать отвращение, неприязнь друг к другу.

ЩӀалитӀым ягу зэщыкӀащ.

гу зэщыхуэн

рувдоволь налюбоваться друг на друга.

ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ гу зэщахуащ. Зэныбжьэгъухэм гу зэщамыхуэу зэбгъэдэкӀащ.

игу зрихьыжын

рупонравиться самому себе, остаться довольным собой.

гу зылъегъэтэн

рузаставить обратить на себя внимание.

{и}гу зыщӀэгъэгъун

рувызвать жалость к себе у кого-л.

Мес дыгъужьыжьыр мэпыхьэ, гур зыщӀигъэгъуу къыхедзэ.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

гу (гушхуэ) кӀуэцӀылъын

рубыть великодушным.

Фэ зытетым гу кӀуэцӀылъщ.— Псалъэжьхэр

гу кӀуэцӀымылъын

ру1) быть малодушным, трусливым 2) быть мягким, добросердечным.

гу къабзэ

ручистосердечный, честный.

Гу къабзэ щхьэцӀапӀэ.— Псалъэжьхэр

{и}гу къебгъэн

рузаслужить чей-л. упрек, вызвать чье-л. неодобрение.

Гуэныхь къохь, тобэ къэхьыжь си гуащэ, арыншамэ алыхьым игу къобгъэнщ.— Щомахуэ Амырхъан

игу(р) къызэфӀэнэн

рурасстроиться, вспомнив о ком-чем-л. горестном, пережитом.

Ар зигу къызэфӀэна анэ гумащӀэм бгъэдэтщ. Щ. Ӏ. Хъыбжэбзым и напӀэ къиӀэтыркъым, игу къызэфӀэнауэ. Щ. Ӏ.

{и}гу къыхуэплъын

рубыть в немилости у кого-л.

Уэ куэд щӀауэ уигу къысхуоплъ.— ӀуэрыӀуатэ

гу лъегъэтэн

ру1) обратить чье-л. внимание на кого-что-л. 2) надоумить кого-л.

гу лъемыгъэтэн

руотвлечь чье-л. внимание от кого-что-л.

гу лъымытэн

ру1) не заметить, не увидеть кого-что-л. 2) не обратить внимания на кого-что-л. 3) не проявить заботы о ком-чем-л.

гу махагъэ

ру1) излишняя чувствительность 2) мягкосердечность.

Гу махэ.

ру1) слабонервный 2) мягкосердечный.

ЦӀыху гу махэ.

гу махэ хъун

русмалодушничать, раскиснуть.

Нартокъуэ гу махэ мэхъури мэгыз.— ӀуэрыӀуатэ

гу мыгъуагъэ

ружалостливость.

гу мыгъуэ

ружалостливый, сострадательный.

Нанэ гу мыгъуэ.

игу ныкъуэн

рупереживать, волноваться из-за кого-чего-л.

ЗыгуэркӀэ игу ныкъуэу Ахъмэтхъан зиплъыхьырт.— Щомахуэ Амырхъан

{я}гу пэжэху

гум пэщыху

Гупым хэсым ягу пэжэху дызэхэсынщ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

{и}гу пэщыху

гум пэщыху

А тӀур {зэныбжьэгъуитӀыр} куэд щӀауэ зэрылъэгъуатэкъыми, нобэ ягу пэщыху псэлъащ. Черк. фольк.

гу пцӀанагъэ

румягкосердечность; отзывчивость, чуткость.

Пщы ерухэм гу пцӀанагъэ дэнэ ящыбгъуэтынт.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

гу пцӀанэ

румягкосердечный; отзывчивый, чуткий.

Хьэуэ, Хьэжрэт гу пцӀанэ кӀуэцӀылъщ, хьэрэмыгъэ игу илъкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Анэм игу пцӀанэр бын псоми я зэхуэдэщ.— Псалъэжьхэр

гу пӀащӀэ

русердечный, душевный.

Хэти ещӀэ цӀыхубзыр зэрынэхъ гу пӀащӀэр.— Ӏуащхьэмахуэ

игу темыхуэн

гум темыхуэн

- Сыту сыделэ, ярэби? Сыту ахьмакъыу сыкъыщӀэкӀа, - жиӀэу Рахьим къыщыщӀар игу техуэртэкъым.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

И лъэпкъым тхыгъэ зэримыӀэр ПащӀэм игу техуакъым.— Теунэ Хьэчим

игу техуэн

рутерпеть, выносить

кого-что-л. Абы {хъыджэбзым} къыдищӀа икӀагъэр сыткӀэ лӀым игу техуэн?

+1 örnek

ЩӀалэ нэхур уэсэпс хыхьэу Нанэ и гум ар техуэн!— Щомахуэ Амырхъан

{и}гу фӀы хуэщӀын

ру{

{и}гу дахэ хуэщӀын

Анэм} нысэм и гур фӀы хуищӀырт, щӀалэр зы илъэс закъуэ лажьэмэ, къалэм Ӏэпхъуэным хущӀигъэплъырт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

гу хуэкӀуэн

руиспытывать расположение к кому-чему-л.

гу хуэщӀын

ру1) избрать кого-л. по воле сердца 2) задумать.

Назир.. зыгуэр къэхъужыкъуэмэ, кӀэрахъуэм зэрепхъуэным гу хуищӀащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

гу хьэлэл

рудобросердечный, добродушный.

Хъымыщ гу хьэлэлти.. арэзы хъуащ.— Нартхэр

гу хьэлэлыгъэ

рудобросердечность.

Мадинэ и гъащӀэр, а цӀыхубз хейм и гу хьэлэлыгъэр нэхъ нэрылъагъу къэзыщӀ Ӏуэхугъуэхэр пьесэм къыщыгъэнэӀуащ.— Ӏуащхьэмахуэ

гу щабагъ(э)

румягкосердечие.

Васильевнэ и гу щабагъэм, и хьэлэлагъэм сэ занщӀэу сыкъигъэхэшэжащ.— Теунэ Хьэчим

гу щабэ

румягкосердечный.

Думэсарэ гу щабэм и нэпс къекӀуэрт ЛутӀэ и кӀуэдыкӀам и гугъу щащӀкӀэ.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Локъан гущэм хэлъ сабийм щхьэщыхьэри гу щабэу Ӏуплъащ.— КӀэрашэ Тембот

гу щыхуэн

рунасладиться кем-чем-л.

Абы Мэжид еплъынкӀэ гу щихуащ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

+1 örnek

Ди хьэщӀэхэр тӀэкӀу тхущыӀакъым, гу ящыдмыхуэу тфӀэкӀуэжащ.— Черкес таурыхъхэр

гу щӀыӀагъэ

ручерствость, равнодушие.

Уи гу щӀыӀагъэм, уи хьэлым ди лъагъуныгъэр екъутэ.— ХъытӀу Сайдин

гу щӀыӀэ

ручерствый, бездушный.

Уэ гу щӀыӀэм пхуэфэщэнущ лъагъуныгъэу сэ пхузиӀэр.— ӀуэрыӀуатэ

гу щӀыӀэ кӀуэцӀылъын

рубыть неотзывчивым, равнодушным.

гу ӀэфӀ

рудобросердечный; мягкосердечный.

гу ӀэфӀагъ

рудобросердечность, душевная теплота.

гу Ӏув

рубесчувственное сердце.

ГущӀэгъуншэу гу Ӏувыжьхэм я гум еуэу усэ итхт {усакӀуэм}.— Гъуэщокъуэ Хъусин

гукӀэ жыӀэн

ру1) отметить про себя что-л. 2) читать что-л. наизусть.

гукӀэ зэгъэзэхуэн

руприкинуть в уме.

Хэт джэд къритами къримытами, хэт мэл иукӀын и гум пыкӀами пымыкӀами гукӀэ зэригъэзахуэрт Долэт.— КӀыщокъуэ Алим

гукӀэ зэгъэщӀэн

рувыучить наизусть.

гукӀэ щӀэн

рузнать наизусть.

гум дэгъэлъын

рупомнить (о чем-л. неприятном, обидном).

гум дэгъэхуэн

руснести, стерпеть (обиду).

гум дэмыхуэн

руне стерпеть, не перенести (обиду).

гум дэхуэн

рутерпеть кого-л.

гум дыхьэн

рупонравиться кому-л., прийтись по душе кому-л.

гум ежэлӀэн

ру1) почувствовать острую сердечную боль 2) принять нечто обидное близко к сердцу.

гум емыӀун

руто, что душа не принимает.

Гум емыӀун псалъэ.

гум еуэн

русделать кому-л. больно, сильно обидеть кого-л.

гум ешыкъылӀэн

ру1) почувствовать сильную боль 2) принять очень близко к сердцу что-л. обидное.

гум жьы дегъэхун

ру1) дать кому-л. вздохнуть свободно 2) принести кому-л. душевное облегчение (словом, поступком).

гум жьы дихужын (дихун)

руоблегченно вздохнуть, почувствовать душевное облегчение.

гум зэпхидзын

русохранить в памяти, в сердце что-л. друг о друге; держать друг на друга сердце.

гум ешыкъылӀэн. {я} гум зэхуилъын

Хьэмидрэ НэфӀыцӀэрэ я гум зэхуилът зэрызэфӀэнар.— Хь. С.

гум зегъэгъэзэн

руопротиветь кому-л.

гум зегъэгъэпсэхун

гум жьы дегъэхун

гум зигъэнщӀын

рунасытиться удовлетвориться чем-л.

гум зиукъуэдиижын

руоблегчённо вздохнуть, почувствовать облегчение.

гум зихузын

русердце щемит, болит, ноет (о состоянии тревоги, тоски, грусти).

гум зишхыхьыжын

рузлиться, досадовать.

гум зызэридзэкӀын

руразочароваться в ком-л.

гум игъэлъын

ру1) помнить, не забывать кого-что-л. 2) иметь тайную мысль.

гум игъэткӀухьын

рупережить что-л. в душе.

гум игъэхужын (игъэхун)

рузабыть, изгладить из памяти.

гум илъхьэн

рузадумать что-л.

гум илъын

рупомнить о ком-чем-л.

гум имыдэн

руне принимать душой кого-что-л.

гум имыкӀыжын

рузапасть в душу кому-л.

гум имыхуж (имыкӀыж)

рунезабываемый, незабвенный.

гум иримыхьын

руне прийтись по душе, не понравиться.

гум ирихьын

руприйтись по душе понравиться.

гум иубыдэн

рузапомнить что-л.

гум ихужын

рузабыть кого-что-л.

гум ихун

гум ихужын

гум ищӀэн

рупредчувствовать что-л.

гум къэгъэкӀыжын

руприпомнить кого-что-л.; вспомнить о ком-чем-л.

гум къэкӀыжын

рувспомнить о чем-л.

гум къэкӀын

ру1) истосковаться по кому-чему-л. 2) додуматься до чего-л.

гум къэмыкӀыжын

рузабыть, упустить из виду.

гум къэмыкӀын

руне догадаться; не прийти в голову.

гум къеуэн

ружалеть, переживать о чем-л.

Иджыри хъыджэбз цӀыкӀу къакӀуэртэкъыми, ар егъэджакӀуэхэм ягу къеуэрт.— Щомахуэ Амырхъан

Гум къеӀэн-гум къеуэн.

Си гум къеӀэм узыр е сыпӀыщӀэм, сыщылъыхъуэрт гущӀэгъу сэ уи деж.— Балъкъэр Фоусэт

гум къигъэнэн

рупостараться запомнить надолго кого-что-л.

гум къидзэкъыкӀын

гум къипсэлъыкӀын

гум къинэжын

руостаться в памяти, запомниться навсегда.

гум къинэн

рузапечатлеться в памяти, врезаться в память.

гум къипсэлъыкӀын

руневзначай высказать то, о чем думает другой.

гум къихын

рувзять с потолка.

гум къихьэн

ру1) подумать о ком-чем-л. 2) пожелать что-л.

гум къишхыдыкӀын

гум къипсэлъыкӀын

гум къищтэн

рубыть по сердцу (о ком-чем-л.)

гум къищхьэрыуэн

рувзбрести в голову.

гум къищӀэн

руугадать сердцем что-л.

гум кърихур

руто, что не по душе.

гум къыдэжеижын

гум къэкӀыжын. {и}гум къыдэжеин = {и}гум къыдрихьеин

гум къыдридзеин

{и}гум къыдрихьеин

Фызым бжэр Ӏухауэ къызэригъэнар и гум къыдридзейри игъэзэжащ.— ӀуэрыӀуатэ

{и}гум къыдрихьеин

руприйти - о желании высказать что-л.

гум къыдрихьеяр жыӀэн

руизлить душу, высказать что-л. наболевшее.

гум къыпылъэдэн

русильно захотеть, пожелать что-л.

Мыщэ бзаджэжьым фо ишхыну игу къыпылъэдат.— ЛъэбакъуэщӀэхэр

гум къытегъуэлъхьэн

гум тегъуэлъхьэн

гум къыщӀитхъын

рувсей душой жалеть о чем-л.

Уи гум сыкъыщӀитхъыу, сэ си псэ.— ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

ГъащӀэ ӀэфӀыр сигу къыщӀитхъыурэ.. чищэм сокӀуэдын.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр

гум нэмысын

руне понравиться, не прийтись по душе кому-л.

гум пэщыху

рувдоволь, пока не надоест.

гум пхыкӀын

руприйтись по душе, принять что-л. всем сердцем.

гум пыкӀ

русколько не жалко.

гум пыкӀын

рупожертвовать кем-чем-л., не пожалеть кого-чего-л. для кого-л.

гум пымыкӀын

ру1) пожалеть кого-что-л. для кого-л. 2) душа не принимает.

ЦӀыху Ӏувыр шууищэм нэкӀэ докӀуатэ, зэбгрыкӀыжын я гум пымыкӀыу. Ӏуащхь.

гум тегъэхуэн

рустерпеть, снести что-л.

ЛутӀэми и гум тригъахуэрт.— КӀыщокъуэ Алим

гум тегъуэлъхьэн

рубыть надоедливым, несносным.

УнэмыкӀуэу зэхэсхати, Си гум мывэу тегъуэлъхьат.— Ш. Ам.

гум телъын

гум илъын

Зэ лъагъуныгъэ гуащӀэм зи гур къиуӀам ар мыхъуж дамыгъэу и гум телъщ.— Шортэн Аскэрбий

гум темыхуэн

руне терпеть, очень не любить, не переносить кого-что-л.

Ди пашэфӀыр Андемыркъанти, уэркъыжьхэм я гум темыхуэт.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

гум тефыщӀыхьын

гум тешхыхьын

Пшагъуэм хэкӀуэдэжа иужькӀи, и дыхьэшх макъыр хьэмыпӀэм къинауэ Жыбэ и тхьэкӀумэм итащ, хьэ зэрышхыу и гум тефыщӀыхьу.— ЩакӀуэ Талъостэн

гум тешхыхьын

рураздражать

(о шуме, разговоре и т. п.). Сабийхэм я зэрыгъэкӀий макъыр лӀыжьым и гум тошхыхь.

гум хагъуэ хегъэдзэн

рубередить душу кому-л.

гум хэгъэлъын

рухранить в душе, в сердце, в памяти.

гум хэлъын

руиметь намерение.

гум хэпщӀэн

рузапасть в душу.

гум хидзэн

рупринять близко к сердцу.

гум хыхьэн

рубрать за душу.

Уэрэдыр гуапэу, гум хыхьэу, жыӀэн.

гум хуилъын

рузатаить в душе (обиду, злобу и т. п.).

{Къэзмай:} Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ. ИтӀани сигу хьэрэмыгъэ пхуилъкъым.— КӀыщокъуэ Алим

гум щызу

рувволю.

гум щыщӀэн

рупереживать в душе.

НуркӀэ блэуэ щыта.. бзийхэр зэхэуэжарэ щӀым хэлъу щалъагъукӀэ, сыт хуэдиз абыхэм я гум щыщӀэнур?— Акъсырэ Залымхъан

+1 örnek

Абы {пщащэм} и гум Ӏэджэ щощӀэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

гум щӀэжьэуэн

гум хыхьэн

КъуакӀэм зы мэ дахэ къыдехри, гум щӀожьауэ.

гум щӀыхьэн

русильно огорчиться, опечалиться.

Абыхэм {цӀыхухэм} апхуэдизкӀэ ягу щӀыхьат къэхъуари, псори гъыным хуэдэт.— Щомахуэ Амырхъан

гум Ӏэпимыхын

рудуша не принимает (о чем-л.)

гум ӀэфӀу къинэжын

руостаться в душе как доброе воспоминание (о ком-чем-л.).

гуми псэми къыбгъэдэкӀыу

руот души, от чистого сердца.

гур бэгын

ругневаться.

гур бэмпӀэн

ру1) задыхаться от духоты 2) негодовать.

гур бгъэдэкӀын

руиспытывать отвращение к кому-чему-л.

гур бгъэдэмыхьэн

рудуша не лежит к кому-чему-л.

гур гъэбэгын

рутрепать, мотать нервы кому-л.

гур гъэбыдэн

рукрепиться духом.

гур гъэжьэуэн

гур гъэбэгын

гур гъэзэгъэн

гур гъэтӀысын

гур гъэлынцӀын

рузлить, нервировать кого-л.

гур гъэтӀысын

русвоим действием, поступком успокоить кого-л.

гур гъэтӀысу псэлъэн

рууспокоить кого-л. словом.

гур гъэуфӀыцӀын

рувымотать душу кому-л.

гур гъэфӀын

рунастраивать себя на хорошее.

гур гъун

рутревожиться, беспокоиться о ком-чем-л.

гур дзапэкӀэ Ӏыгъын

рунаходиться в тревоге, страхе.

гур етауэ

рус душой.

гур еупӀэхыжын

рууспокоиться - о сердце.

Уэрэдым и гъусэу гупсысэ дахэхэм дахьэха гур еупӀэхыжащ.— КӀэрашэ Тембот

гур жан хъун

руприйти в хорошее настроение, развеселиться.

гур жэн

руприйти на ум.

гур зэбгъэдэкӀын

руохладеть друг к другу.

гур зэбгъэжын

рубыть недовольным собой.

гур зэбгъэн

руобидеться друг на друга.

гур зэгуэпын

рунервничать.

гур зэгуэудын

рунегодовать, злиться.

гур зэгъэн

руудовлетвориться чем-л.

Лу и гур зэгъат, арщхьэкӀэ жей жыхуаӀэр ищӀэркъым.— КӀыщокъуэ Алим

{я} гур зэкӀэрыпщӀэн

рудуховно сблизиться друг с другом, жить душа в душу.

гур зэкӀуэкӀын

рунаполниться гневом.

ТӀасэ, уэ пхуэдэ къопсалъэмэ, щхьэ уи гур Ӏэлу зэкӀуэкӀрэ?— Къэбэрдей

+1 örnek

Хъаным и залымыгъэр щилъагъум, щӀалэм и гур зэкӀуэкӀащ, ар имыгъэгъуну мурад ищӀащ.— ӀуэрыӀуатэ

гур зэкӀуэцӀычын

русердце разрывается от гнева.

{и} гур зэпхрилыгъукӀын

рупронзить душу (напр. о неприятном известии).

гур зэпыщӀын

рувымотать душу.

Машинэр гъуэгум щыкъутэри хуэмыщӀыжурэ шофёрыр гугъу дехьащ, и гур зэпищӀащ.— ЛъэбакъуэщӀэхэр

гур зэрыгъуэтыжын

рузлиться.

гур къызэрыгъуэтыжын. {и} гур зэрышхын

Инал Мэтхъэныр щилъагъум, занщӀэу къытехьащ, и гур зэрышхыу къыщӀидзащ.— КӀыщокъуэ Алим

{и} гур зэхэзеуэн

руиспытывать волнение, беспокойство.

ФуӀэд апхуэдизкӀэ и гур зэхэзеуэщи, зыри и тхьэкӀумэм къихьэжыркъым.— Уэхъутэ Абдулыхь

гур зэщыуэн

руизмучиться, лишиться душевных сил.

ЦӀыхум игу зэщыуар гуащӀэдэкӀым хуэдэу зыгъэхъужыф дунейм теткъым.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Сигу зэщыуащ, афӀэкӀа схулъэкӀыжыркъым.— Акъсырэ Залымхъан

гур зэӀыхьэн

руиспытывать чувство тошноты, становиться дурно.

гур зелъэтэн

руощущать сердцебиение.

гур икӀын

ру1) с замиранием сердца.

И гур икӀауэ щӀалэ щылъым зыхуегъэщхъ Нажмудин.— Ӏуащхь. 2) быть жадным, ненасытным.

гур итхьэкъун

руочароваться кем-чем-л.

{и} гур итхьэщӀыкӀащ

ручистосердечный.

гур иубыдыкӀын

русердце замерло.

ЦӀыхухэр фӀыкӀэ къызэрыхуэмыкӀуар фызабэ тхьэмыщкӀэм зэуэ къищӀэри жимыӀэф - Ӏауэ и жьэр зэщӀэнащ, и гур ириубыдыкӀащ.— Шортэн Аскэрбий

гур иудын

ру1) морально подавлять кого-л. 2) напугать кого-л.

гур иуфӀыцӀыхьын

рудуша измучилась, истомилась.

гур ихын

руиспугать кого-л.

гур кӀэзызын

рутрепетать, испытывать страх.

гур кӀэрыпщӀэн

рупривязаться к кому-чему-л.

А пщыхьэщхьэм Исуф и гур нэхъри кӀэрыпщӀащ щӀалэ сырыхум.— Ӏуащхьэмахуэ

гур кӀуэдын

руупасть духом.

Гур кӀуэдмэ, шыр жэркъым.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Хьэмид дыгъужьхэр къыщилъагъум, нэхъри и гур кӀуэдащ.— Хь. С.

гур къэжанын

рупочувствовать лёгкое опьянение.

Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь, псоми я гур къэжанащ.— Ӏуащхьэмахуэ

гур къэлыбын

русильно разгневаться, разъяриться.

гур къэплъын

руразгорячиться.

гур къэтхьэкъун

рупокорить чье-л. сердце, завоевать чью-л. симпатию.

{и} гур къэхуэбэжын

рупотеплеть на душе.

гур къэхьэхун

ру= злиться.

гур къэтхьэкъун. гур къэчэн

{и} гур къебгъэн

ру= почувствовать себя дурно; стошнить.

{и}гу ебгъэн. гур къекӀуэн

{и} гур къеуэн

рубиться, стучать - о сердце.

гур къигузэвыкӀын

рурастревожиться - о сердце.

Си гур къигузэвыкӀыу икӀи шынагъэ хэлъу сыпэплъэрт.. нэху щыным. Ӏуащхь.

гур къигуфӀыкӀын

рурадоваться кому-чему-л.

гур къигъэлъэтын

рузаставить затрепетать сердце.

гур къигъыкӀын

рудуша плачет.

ЩхьэкӀуэ зикӀ щыхъури гур къигъыкӀыу жимыӀэу увыжащ.— Гъуэщокъуэ Хъусин

гур къидыхьэшхыкӀын

рув душе смеяться.

Софят и гур къодыхьэшхыкӀ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

гур къикӀэзызыкӀын

русердце затрепетало.

{Уэсмэн} и гур гупсысэмрэ щӀыӀэмрэ яубыдауэ къикӀэзызыкӀырт. Д. М. {Пщащэм:} сэ сыкъэщтауэ си гур къокӀэзызыкӀ. Ӏуащхь.

гур къикъуэлъыкӀын

руразъяриться, прийти в ярость.

гур къилъэтын

рус трепетом, с замиранием сердца.

{и} гур къитхьэщӀыкӀауэ

рус лёгким сердцем.

{и} гур {шхыным} къиуӀэн

руощущение сытости (от жирной пищи).

гур къихьэжын

руопомниться, прийти в себя.

гур къыдэвеин

рувскипеть (от возмущения; гнева).

гур къыдэжын

ру1) чувствовать себя здоровым 2) иметь хорошее настроение; быть в хорошем расположении духа.

гур къыдэмыжын

ру1) чувствовать недомагание 2) не иметь настроения.

гур къызэрыгъуэтыжын

ру1) опомниться от страха 2) воспрянуть духом.

- Уи закъуэ дэнэ укӀуэрэ? - жиӀащ Хьэмид, и гур къызэрыгъуэтыжри.— ГуащӀэдэкӀым и уэрэд

гур къызэрыдэхьеин

рупочувствовать сильную тошноту.

Айшэт.. и гур къызэрыдэхьеярэ зырикӀ жимыӀэжыфу дакъикъэ хуэдиз щыта нэужь, псалъэр къыжьэдэууэ къригъэжьащ.— НасыпыфӀагъэм и уэрэд

гур къызэфӀэзэрыхьын

рурасстроиться, опечалиться.

гур къызэӀыхьэн

ру= появиться - о боли в сердце.

гур къызэрыдэхьеин. гур къыхэдзэкъыкӀын (къыхэпыджыкӀын)

гур къыхэуэн

рукольнуть в сердце.

гур къыщӀиубыдэн

руутолить {пищей} чувство голода.

гур къутэн

русердце разрывается.

гур лынцӀын

ру1) нервничать 2) злиться.

гур ныкъуэн

рубеспокоиться, тревожиться о ком-чем-л., из-за кого-чего-л.

{и} гур пикъузыкӀын

русжиматься - о сердце.

ЩӀалэ цӀыкӀур гузавэри и гур пикъузыкӀащ: - НэгъуэщӀ мыхъуми мыр симыгъусэгъащэрэт, - егупсысащ ар.— Ӏуащхьэмахуэ

гур плъын

рукипеть от гнева.

Нэщхъейт цӀыхухэр, ящымыгъупщэжын фэбжь къатехуат, бампӀэрт, я гур плъырт.— ӀуэрыӀуатэ

гур пхъэн (хуэпхъэн)

рурваться душой, стремиться к кому-чему-л.

Адыгэр шыбгым техутамэ, уафэм щыхуарзэ бгъэм дэджэгуну и гур мапхъэ.— КӀэрашэ Тембот

+1 örnek

Езы щӀалэхэр зауэм кӀуэну я гур пхъэуэ къуажэм дэсащ.— ЛъэбакъуэщӀэхэр

гур пыткӀукӀын

русильно переживать.

Абы {щӀалэ цӀыкӀум} и гур ӀэфӀу пыткӀукӀыу пэплъэрт егъэджакӀуэм жиӀэнум.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Гузавэу и гур пыткӀукӀ пэтми, Назир зигъэбыдауэ мэпсалъэ.— Ӏуащхьэмахуэ

гур пымэхыкӀын

рупочувствовать голод.

гур пыхун

ру1) испытывать острое чувство голода 2) валиться с ног от усталости.

гур пыӀэжын

рууспокоиться.

гур пыӀэн (мыпыӀэн)

русердце успокоилось (не успокоилось).

Иджы си гум пыӀэн имыдэ, къыпщӀогупсыс.— Ӏуащхьэмахуэ

гур тегъэзэгъэн

руиспытать чувство злорадства (сделав или высказав кому-л. что- л. неприятное).

гур тезэгъэн

гур тепщэхэн

гур тегъэпщэхэн

гур тегъэзэгъэн

гур тегъэупщӀыӀуэн

руобрушить свой гнев на кого-л.

Сыт уи псалъэ цӀыхухъу Ӏуэхум къыщӀыхэпӀур? - жиӀащ Къасым, игу къэплъар фызыжьым тригъэупщӀыӀуэным хуэпӀащӀэу.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

гур тепщэхэн

руиспытывать чувство злорадства.

Елдар и адэр Щэрдан Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжь хуиӀэти, иджы и гур тепщэхащ.— КӀыщокъуэ Алим

Гур тепыӀэн - гур пыӀэн.

Залинэ и гур нэхъ тепыӀат.— Ӏуащхьэмахуэ

и гур ткӀун

руиспытывать душевное волнение.

Си гум хуэбагъэ гуэрхэр къеуэлӀати, псэм фӀэфӀу ткӀурт.— Ӏуащхьэмахуэ

гур тхьэкъун

гур къэтхьэкъун

А пщащэм си гур итхьэкъуащ.— ӀуэрыӀуатэ

гур тыншыжын

руобрести душевный покой, почувствовать облегчение.

гур тӀысыжын

рууспокоиться.

гур узын

руболеть - о сердце.

УсакӀуэм {ПащӀэ Бэчмырзэ} и гур узырт ди щӀыпӀэ дахэм хьэзаб зэрытелъым щхьэкӀэ.— Теунэ Хьэчим

{и} гур уфӀыцӀын

руизмучиться.

Си гум и зы ныкъуэр уэркӀэ уфӀыцӀащ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр

гур уӀэн

руранить душу.

{и} гур фӀэкӀуэдын

руструсить.

{и} гур фӀы (дахэ) щӀын (хуэщӀын)

рууспокоить, подбодрить кого-л.

Зеиншэ хъуа унагъуэм ар {ПащӀэ Бэчмырзэ} ихьэрти фызым и гур фӀы хуищӀырт.— Теунэ Хьэчим

гур фӀын

рубыть в духе, в хорошем расположении духа.

гур хэгъэхъуэн

рунаполнить радостью чье-л. сердце.

гур хэгъэщӀын

руопечалить, обидеть кого-л.

гур хэхъуэн

руиспытать душевный подъём; радостью наполниться - о сердце.

УэркӀэ си гур хэхъуэм къыщымынэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

+1 örnek

ХьэкумыщӀым и гур хэхъуэуэ кӀэлъоплъ ежьэжа щӀалэм.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} гур хэщӀын

руиспытать тяжкое горе.

Хьыбар имыӀэм и щӀалэм, Мычэму хощӀыр анэгур.— Къэбэрдей

+1 örnek

Сихьэхуакъым сэ уи фэрыщӀ хабзэм, КъухьэпӀэжь, услъагъури сигу хэщӀащ.— КӀуащ БетӀал

гур хыхьэн

рубыть по душе (о работе), увлечься чем-л. (напр. работой).

гур хуэбгъэн

ру1) иметь большое стремление к чему-л. 2) испытывать сильное влечение к кому-л.

Хьэсин и гури и псэри Фаризэт хуобгъэр.— ЛъэбакъуэщӀэхэр

гур хуэгъэтӀылъын

рупроникнуться, расположиться к кому-л.

Хъыджэбзым лӀыжьым и гур хуегъэтӀылъ, жиӀэхэм йодаӀуэ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

гур хуэгъун

руволноваться, переживать из-за кого-чего-л.

гур хуэзэгъэн

рубыть довольным кем-чем-л.

гур хуэкӀуэн (хуэмыкӀуэн)

рубыть расположенным (нерасположенным) к кому- чему-л.

Шху щӀыӀэ мыхъумэ, сымаджэм зыми игу хуэкӀуэртэкъым.— ӀуэрыӀуатэ

гур хуэмыгъуэн

рубеспокоиться, переживать за кого-л., о ком-л.

гур хуэныкъуэн

игу ныкъуэн

Анэм и гур зыгуэрым хуэныкъуэу, зыгуэр къэсыжыным пэплъэ хуэдэу щытщ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

гур хуэплъын

руиметь зуб на кого-л.

Аслъэнокъуэр асыхьэтым шэхум хуэдэу фагъуэ хъуащ. - ЕмыкӀущ, - жиӀэу зишыӀами, ЛӀыжьым занщӀэу игу хуэплъащ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

гур хуэпхъэн

рустремиться к чему-л., мечтать

о чем-л. ЩӀалэм и гур еджэным хуэпхъэт.

гур хуэуфӀыцӀын

рубыть глухим к кому-чему-л.

гур хуэфӀын

руположиться, понадеяться на кого-что-л.

гур хузэӀухын

руоткрыть кому-л. душу.

гур хьэжэпхъэжэн

руиспытывать чувство тревоги, тревожиться.

гур щыгъэтӀылъын

руугомониться и осесть где-л.

гур щыкӀын

руиспытывать чувство отвращения к кому-чему-л., ненавидеть кого- что-л.

Сэ сыхуейкъым си суд щӀэкӀэр Си пщылӀхэм ялъагъуну. Ягу къысщыкӀыу.. бий схуэхъуну.— Акъсырэ Залымхъан

+1 örnek

ЩӀыкъатибл ебдзыххэр си гукъанэу Сигу пщыкӀащ, сыхъункъым сыптеплъэф.— КӀуащ БетӀал

гур щымэхъэшэн

рубрезгать, гнушаться кем-чем-л.

{и} гур щыун

ру1) стать равнодушным, охладеть к кому-чему-л. 2) отвыкнуть от кого-чего-л.

гур щӀэгъун

ружалеть кого-л., сострадать кому-л.

Къулейсызыгъэр псом нэхърэ нэхъ зыпкърыхьа ди анэм сигу щӀэгъурт. Ӏуащхь. Игу щӀэгъуурэ Таужан къигъэушащ и щхьэгъусэр.— Щомахуэ Амырхъан

гур щӀэмэхыкӀын

гур щӀэхун

Лъагъуныгъэ мафӀэм сыкъегъэплъыр, Си гур щӀэмэхыкӀи сфӀощӀ.— Хьэнфэн Алим

гур щӀэубыдэн

гур къыщӀиубыдэн

гур щӀэузын

гур щӀэгъун

гур щӀэхын

ру1) заставить трепетать сердце 2) устать, утомиться (напр. от разговоров).

- Уи псалъэ купщӀэншэм Си гур щӀех, - жиӀэри лӀыр унэм щӀэкӀыжащ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

гур щӀэхун

руобессилеть, почувствовать слабость.

гур ӀэфӀ хуэхъун

руиспытать чувство благодарности, расположения к кому-л.

гур Ӏеин

руиспытывать тошноту.

Гурэ псэкӀэ...

рудушой и телом...

Шорэ и гурэ и псэкӀэ щотхъу Степан Игнатьевич.— Шортэн Аскэрбий

гурэ псэкӀэ зэбгъэдэтын

рубыть верными, преданными друг другу душой и телом.

{и} гурэ и щхьэрэ зэбгъэжын

рубыть недовольным собой.

{и} гурэ {и} щхьэрэ зэтелъын

рубыть уверенным в себе.

- Уи гурэ уи щхьэрэ зэтелъмэ, гъусэ къысхуэхъу, дэ дызыщыщри къэпцӀыхунщ, - къыжраӀащ Мыщэ тхьэкӀумэм.— Черкес таурыхъхэр

гу уз

Гум къеуалӀэ уз.

руболезнь сердца

ЦӀыхубзым гу уз иӀэщ.

гу уз иӀэн

руобладать чувством жалости.

гу уз къэщтэн

руполучить болезнь сердца.

гу уз къегъэщтэн

рувызвать у кого-л. болезнь сердца.

гу уз къыхэхын

руполучить душевную травму.

гу пкӀэлъей

Гум илъыр къимыхун папщӀэ, и бгъуитӀым Ӏуагъэувэ пкӀэлей.

рурешетчатые борта телеги

Гу пкӀэлъей лъэныкъуэр зэпыщӀыкӀащ. Гу пкӀэлъейхэр техауэ мэз макӀуэ.

Kitapta geçtiği hali

гу I шестая буква кабардино-черкесского алфавита / Адыгэ алфавитым и еханэ хьэрф. II 1. сердце / ЦӀыхум, шэрыпӀ псэущхьэхэм, тхы къупщхьэ зиӀэхэм я лъыр мардэм тету зезыгъакӀуэу бгъэм илъыр Гур узын. * Дыгъэм, хьэуа къабзэм, псым куэдрэ ухэтмэ, Ӏэпкълъэпкъыр быдэ ещӀ, гур тэмэму егъэлажьэ. Къэб. 2. переносное сердце, душа / А органым цӀыхум и гъащӀэм къыщыхъухэр зэрызэхищӀэр, гъащӀэм щекӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэм зэрыхущытыр къигъэлъагъуэу. {И}гу бампӀэ гъэтӀысын отвести душу, успокоить душу. Гу бампӀэ дэхын {дэгъэкӀын} = {И}гу бампӀэ гъэтӀысын. {И} гу(р) гъэныкъуэн огорчать, обижать кого-л. Игу дахэ хуэщӀын утешить кого-л.; приласкать кого-л. * - Анэр зи гъусэ гъуащэркъым, - жиӀэу Лу и гур дахэ къыхуищӀат {Думэсарэ}. КӀ. А. {И}гу ебгъэн в душе осуждать кого-л. Игу еуэн обидеть кого-л., нанести кому-л. душевную травму. * Уи жагъуэ сщӀами, уигу сеуами, Гуауэр насыпкӀэ уэ пхъуэжащ. Б. Ф. {И}гу еӀун к.-з. = гум къихьэн. * А зи гугъу пщӀар цӀыху акъыл закъуэщ: езым игу еӀур ищӀэнущ мыхъумэ, къодэӀуэнукъым. Черк. фольк. Гу жакъуэ икӀын насытиться, удовлетвориться. Гу жан смекалистый, способный; тот, кто хватает на лету. Гу жанагъ смекалка. Игу (игурэ и щхьэрэ) зэбгъэжын быть недовольным собой. * Шорэ игу зэбгъэжащ: - Степан Игнатьевич жыхуиӀэхэр махуэ къэс и нэгу щӀэкӀырт. Ш. А. Ягу зэбгъэн обижаться друг на друга, быть недовольными друг другом. * Теувэжрэ Увжыкъуэрэ ягу зэбгъэми, зэкъуэщщ, зэфӀэкӀуэдынукъым. Къэб. Гу зэгъэбгъэн заслужить чей-л. упрек. Гу зэмыгъэбгъэн не вызывать недовольства собой у кого-л. * Адэм и къуищри къызыщхьэщигъэувэри уэсят къахуищӀащ: - Фыкъызыщалъхуа Хэкур фӀыуэ флъагъу, къэралым игу зэвмыгъабгъэ, - жиӀэри. Черк. таур. Гу зэкӀуэцӀылъ замкнутый, скрытный (о человеке). {Я}гу зэрыгъэфӀын поднять друг другу настроение. * Абыхэм {хъыджэбзхэм} я гухэлъкӀэ щэхуу ягу зэрыгъэфӀу зыкъомрэ щыса нэужь, Лусэ и щхьэр къиӀэтри Софят къеплъащ. Щ. Ӏ. {И}гу зэфӀэнэн расстроиться, приуныть. Жансурэтым игу зэфӀонэ, И нэпситӀым зэпажыхь. Зы б. з. {Я}гу зэхуэбэнэн тосковать друг по другу. * Ягу зэхуэбанэрти зэӀущӀащ. Ӏуащхь. Ягу зэщыгъэкӀын вызвать у кого-л. отвращение, неприязнь друг к другу. Ягу зэщыкӀын питать отвращение, неприязнь друг к другу. ЩӀалитӀым ягу зэщыкӀащ. Гу зэщыхуэн вдоволь налюбоваться друг на друга. ЩӀалэмрэ хъыджэбзымрэ гу зэщахуащ. Зэныбжьэгъухэм гу зэщамыхуэу зэбгъэдэкӀащ. Игу зрихьыжын понравиться самому себе, остаться довольным собой. Гу зылъегъэтэн заставить обратить на себя внимание. {И}гу зыщӀэгъэгъун вызвать жалость к себе у кого-л. * Мес дыгъужьыжьыр мэпыхьэ, гур зыщӀигъэгъуу къыхедзэ. Хь. А. Гу (гушхуэ) кӀуэцӀылъын быть великодушным. * Фэ зытетым гу кӀуэцӀылъщ. (погов.) Гу кӀуэцӀымылъын 1) быть малодушным, трусливым 2) быть мягким, добросердечным. Гу къабзэ чистосердечный, честный. * Гу къабзэ щхьэцӀапӀэ. (погов.) {И}гу къебгъэн заслужить чей-л. упрек, вызвать чье-л. неодобрение. * Гуэныхь къохь, тобэ къэхьыжь си гуащэ, арыншамэ алыхьым игу къобгъэнщ. Щ. Ам. Игу(р) къызэфӀэнэн расстроиться, вспомнив о ком-чем-л. горестном, пережитом. Ар зигу къызэфӀэна анэ гумащӀэм бгъэдэтщ. Щ. Ӏ. Хъыбжэбзым и напӀэ къиӀэтыркъым, игу къызэфӀэнауэ. Щ. Ӏ. {И}гу къыхуэплъын быть в немилости у кого-л. * Уэ куэд щӀауэ уигу къысхуоплъ. фольк. Гу лъегъэтэн 1) обратить чье-л. внимание на кого-что-л. 2) надоумить кого-л. Гу лъемыгъэтэн отвлечь чье-л. внимание от кого-что-л. Гу лъымытэн 1) не заметить, не увидеть кого-что-л. 2) не обратить внимания на кого-что-л. 3) не проявить заботы о ком-чем-л. Гу махагъэ 1) излишняя чувствительность 2) мягкосердечность. Гу махэ. 1) слабонервный 2) мягкосердечный. ЦӀыху гу махэ. Гу махэ хъун смалодушничать, раскиснуть. * Нартокъуэ гу махэ мэхъури мэгыз. фольк. Гу мыгъуагъэ жалостливость. Гу мыгъуэ жалостливый, сострадательный. * Нанэ гу мыгъуэ. Игу ныкъуэн переживать, волноваться из-за кого-чего-л. * ЗыгуэркӀэ игу ныкъуэу Ахъмэтхъан зиплъыхьырт. Щ. Ам. {Я}гу пэжэху=гум пэщыху. * Гупым хэсым ягу пэжэху дызэхэсынщ. Къэб. фольк. {И}гу пэщыху = гум пэщыху. А тӀур {зэныбжьэгъуитӀыр} куэд щӀауэ зэрылъэгъуатэкъыми, нобэ ягу пэщыху псэлъащ. Черк. фольк. Гу пцӀанагъэ мягкосердечность; отзывчивость, чуткость. * Пщы ерухэм гу пцӀанагъэ дэнэ ящыбгъуэтынт. Щ. А. Гу пцӀанэ мягкосердечный; отзывчивый, чуткий. * Хьэуэ, Хьэжрэт гу пцӀанэ кӀуэцӀылъщ, хьэрэмыгъэ игу илъкъым. Ӏуащхь. Анэм игу пцӀанэр бын псоми я зэхуэдэщ. (погов.) Гу пӀащӀэ сердечный, душевный. * Хэти ещӀэ цӀыхубзыр зэрынэхъ гу пӀащӀэр. Ӏуащхь. Игу темыхуэн=гум темыхуэн. * - Сыту сыделэ, ярэби? Сыту ахьмакъыу сыкъыщӀэкӀа, - жиӀэу Рахьим къыщыщӀар игу техуэртэкъым. КӀ. А. И лъэпкъым тхыгъэ зэримыӀэр ПащӀэм игу техуакъым. Т. Хь. Игу техуэн терпеть, выносить кого-что-л. Абы {хъыджэбзым} къыдищӀа икӀагъэр сыткӀэ лӀым игу техуэн? * ЩӀалэ нэхур уэсэпс хыхьэу Нанэ и гум ар техуэн! Щ. Ам. {И}гу фӀы хуэщӀын = {и}гу дахэ хуэщӀын. * {Анэм} нысэм и гур фӀы хуищӀырт, щӀалэр зы илъэс закъуэ лажьэмэ, къалэм Ӏэпхъуэным хущӀигъэплъырт. Къ. Хь. Гу хуэкӀуэн испытывать расположение к кому-чему-л. Гу хуэщӀын 1) избрать кого-л. по воле сердца 2) задумать. * Назир.. зыгуэр къэхъужыкъуэмэ, кӀэрахъуэм зэрепхъуэным гу хуищӀащ. Къ. Хь. Гу хьэлэл добросердечный, добродушный. * Хъымыщ гу хьэлэлти.. арэзы хъуащ. Нарт. Гу хьэлэлыгъэ добросердечность. * Мадинэ и гъащӀэр, а цӀыхубз хейм и гу хьэлэлыгъэр нэхъ нэрылъагъу къэзыщӀ Ӏуэхугъуэхэр пьесэм къыщыгъэнэӀуащ. Ӏуащхь. Гу щабагъ(э) мягкосердечие. * Васильевнэ и гу щабагъэм, и хьэлэлагъэм сэ занщӀэу сыкъигъэхэшэжащ. Т. Хь. Гу щабэ мягкосердечный. * Думэсарэ гу щабэм и нэпс къекӀуэрт ЛутӀэ и кӀуэдыкӀам и гугъу щащӀкӀэ. КӀ. А. Локъан гущэм хэлъ сабийм щхьэщыхьэри гу щабэу Ӏуплъащ. КӀ. Т. Гу щыхуэн насладиться кем-чем-л. * Абы Мэжид еплъынкӀэ гу щихуащ. Щ. Ӏ. Ди хьэщӀэхэр тӀэкӀу тхущыӀакъым, гу ящыдмыхуэу тфӀэкӀуэжащ. Черк. таур. Гу щӀыӀагъэ черствость, равнодушие. * Уи гу щӀыӀагъэм, уи хьэлым ди лъагъуныгъэр екъутэ. Хъ. С. Гу щӀыӀэ черствый, бездушный. * Уэ гу щӀыӀэм пхуэфэщэнущ лъагъуныгъэу сэ пхузиӀэр. фольк. Гу щӀыӀэ кӀуэцӀылъын быть неотзывчивым, равнодушным. Гу ӀэфӀ добросердечный; мягкосердечный. Гу ӀэфӀагъ добросердечность, душевная теплота. Гу Ӏув бесчувственное сердце. * ГущӀэгъуншэу гу Ӏувыжьхэм я гум еуэу усэ итхт {усакӀуэм}. Гъу. Хъу. ГукӀэ жыӀэн 1) отметить про себя что-л. 2) читать что-л. наизусть. ГукӀэ зэгъэзэхуэн прикинуть в уме. * Хэт джэд къритами къримытами, хэт мэл иукӀын и гум пыкӀами пымыкӀами гукӀэ зэригъэзахуэрт Долэт. КӀ. А. ГукӀэ зэгъэщӀэн выучить наизусть. ГукӀэ щӀэн знать наизусть. Гум дэгъэлъын помнить (о чем-л. неприятном, обидном). Гум дэгъэхуэн снести, стерпеть (обиду). Гум дэмыхуэн не стерпеть, не перенести (обиду). Гум дэхуэн терпеть кого-л. Гум дыхьэн понравиться кому-л., прийтись по душе кому-л. Гум ежэлӀэн 1) почувствовать острую сердечную боль 2) принять нечто обидное близко к сердцу. Гум емыӀун то, что душа не принимает. Гум емыӀун псалъэ. Гум еуэн сделать кому-л. больно, сильно обидеть кого-л. Гум ешыкъылӀэн 1) почувствовать сильную боль 2) принять очень близко к сердцу что-л. обидное. Гум жьы дегъэхун 1) дать кому-л. вздохнуть свободно 2) принести кому-л. душевное облегчение (словом, поступком). Гум жьы дихужын (дихун) облегченно вздохнуть, почувствовать душевное облегчение. Гум зэпхидзын=гум ешыкъылӀэн. {Я} гум зэхуилъын сохранить в памяти, в сердце что-л. друг о друге; держать друг на друга сердце. * Хьэмидрэ НэфӀыцӀэрэ я гум зэхуилът зэрызэфӀэнар. Хь. С. Гум зегъэгъэзэн опротиветь кому-л. Гум зегъэгъэпсэхун=гум жьы дегъэхун. Гум зигъэнщӀын насытиться удовлетвориться чем-л. Гум зиукъуэдиижын облегчённо вздохнуть, почувствовать облегчение. Гум зихузын сердце щемит, болит, ноет (о состоянии тревоги, тоски, грусти). Гум зишхыхьыжын злиться, досадовать. Гум зызэридзэкӀын разочароваться в ком-л. Гум игъэлъын 1) помнить, не забывать кого-что-л. 2) иметь тайную мысль. Гум игъэткӀухьын пережить что-л. в душе. Гум игъэхужын (игъэхун) забыть, изгладить из памяти. Гум илъхьэн задумать что-л. Гум илъын помнить о ком-чем-л. Гум имыдэн не принимать душой кого-что-л. Гум имыкӀыжын запасть в душу кому-л. Гум имыхуж (имыкӀыж) незабываемый, незабвенный. Гум иримыхьын не прийтись по душе, не понравиться. Гум ирихьын прийтись по душе понравиться. Гум иубыдэн запомнить что-л. Гум ихужын забыть кого-что-л. Гум ихун = гум ихужын. Гум ищӀэн предчувствовать что-л. Гум къэгъэкӀыжын припомнить кого-что-л.; вспомнить о ком-чем-л. Гум къэкӀыжын вспомнить о чем-л. Гум къэкӀын 1) истосковаться по кому-чему-л. 2) додуматься до чего-л. Гум къэмыкӀыжын забыть, упустить из виду. Гум къэмыкӀын не догадаться; не прийти в голову. Гум къеуэн жалеть, переживать о чем-л. * Иджыри хъыджэбз цӀыкӀу къакӀуэртэкъыми, ар егъэджакӀуэхэм ягу къеуэрт. Щ. Ам. Гум къеӀэн-гум къеуэн. * Си гум къеӀэм узыр е сыпӀыщӀэм, сыщылъыхъуэрт гущӀэгъу сэ уи деж. Б. Ф. Гум къигъэнэн постараться запомнить надолго кого-что-л. Гум къидзэкъыкӀын = гум къипсэлъыкӀын. Гум къинэжын остаться в памяти, запомниться навсегда. Гум къинэн запечатлеться в памяти, врезаться в память. Гум къипсэлъыкӀын невзначай высказать то, о чем думает другой. Гум къихын взять с потолка. Гум къихьэн 1) подумать о ком-чем-л. 2) пожелать что-л. Гум къишхыдыкӀын = гум къипсэлъыкӀын. Гум къищтэн быть по сердцу (о ком-чем-л.) Гум къищхьэрыуэн взбрести в голову. Гум къищӀэн угадать сердцем что-л. Гум кърихур то, что не по душе. Гум къыдэжеижын = гум къэкӀыжын. {И}гум къыдэжеин = {и}гум къыдрихьеин. Гум къыдридзеин = {и}гум къыдрихьеин. * Фызым бжэр Ӏухауэ къызэригъэнар и гум къыдридзейри игъэзэжащ. фольк. {И}гум къыдрихьеин прийти - о желании высказать что-л. Гум къыдрихьеяр жыӀэн излить душу, высказать что-л. наболевшее. Гум къыпылъэдэн сильно захотеть, пожелать что-л. * Мыщэ бзаджэжьым фо ишхыну игу къыпылъэдат. Лъэб. Гум къытегъуэлъхьэн = гум тегъуэлъхьэн. Гум къыщӀитхъын всей душой жалеть о чем-л. * Уи гум сыкъыщӀитхъыу, сэ си псэ. фольк. ГъащӀэ ӀэфӀыр сигу къыщӀитхъыурэ.. чищэм сокӀуэдын. Сов. Къэб. ифольк. Гум нэмысын не понравиться, не прийтись по душе кому-л. Гум пэщыху вдоволь, пока не надоест. Гум пхыкӀын прийтись по душе, принять что-л. всем сердцем. Гум пыкӀ сколько не жалко. Гум пыкӀын пожертвовать кем-чем-л., не пожалеть кого-чего-л. для кого-л. Гум пымыкӀын 1) пожалеть кого-что-л. для кого-л. 2) душа не принимает. ЦӀыху Ӏувыр шууищэм нэкӀэ докӀуатэ, зэбгрыкӀыжын я гум пымыкӀыу. Ӏуащхь. Гум тегъэхуэн стерпеть, снести что-л. * ЛутӀэми и гум тригъахуэрт. КӀ. А. Гум тегъуэлъхьэн быть надоедливым, несносным. * УнэмыкӀуэу зэхэсхати, Си гум мывэу тегъуэлъхьат. Ш. Ам. Гум телъын = гум илъын. * Зэ лъагъуныгъэ гуащӀэм зи гур къиуӀам ар мыхъуж дамыгъэу и гум телъщ. Ш. А. Гум темыхуэн не терпеть, очень не любить, не переносить кого-что-л. * Ди пашэфӀыр Андемыркъанти, уэркъыжьхэм я гум темыхуэт. Хь. А. Гум тефыщӀыхьын = гум тешхыхьын. * Пшагъуэм хэкӀуэдэжа иужькӀи, и дыхьэшх макъыр хьэмыпӀэм къинауэ Жыбэ и тхьэкӀумэм итащ, хьэ зэрышхыу и гум тефыщӀыхьу. Щ. Т. Гум тешхыхьын раздражать (о шуме, разговоре и т. п.). Сабийхэм я зэрыгъэкӀий макъыр лӀыжьым и гум тошхыхь. Гум хагъуэ хегъэдзэн бередить душу кому-л. Гум хэгъэлъын хранить в душе, в сердце, в памяти. Гум хэлъын иметь намерение. Гум хэпщӀэн запасть в душу. Гум хидзэн принять близко к сердцу. Гум хыхьэн брать за душу. Уэрэдыр гуапэу, гум хыхьэу, жыӀэн. Гум хуилъын затаить в душе (обиду, злобу и т. п.). * {Къэзмай:} Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ. ИтӀани сигу хьэрэмыгъэ пхуилъкъым. КӀ. А. Гум щызу вволю. Гум щыщӀэн переживать в душе. * НуркӀэ блэуэ щыта.. бзийхэр зэхэуэжарэ щӀым хэлъу щалъагъукӀэ, сыт хуэдиз абыхэм я гум щыщӀэнур? Акъ. З. Абы {пщащэм} и гум Ӏэджэ щощӀэ. Щ. Ӏ. Гум щӀэжьэуэн = гум хыхьэн. КъуакӀэм зы мэ дахэ къыдехри, гум щӀожьауэ. Гум щӀыхьэн сильно огорчиться, опечалиться. * Абыхэм {цӀыхухэм} апхуэдизкӀэ ягу щӀыхьат къэхъуари, псори гъыным хуэдэт. Щ. Ам. Гум Ӏэпимыхын душа не принимает (о чем-л.) Гум ӀэфӀу къинэжын остаться в душе как доброе воспоминание (о ком-чем-л.). Гуми псэми къыбгъэдэкӀыу от души, от чистого сердца. Гур бэгын гневаться. Гур бэмпӀэн 1) задыхаться от духоты 2) негодовать. Гур бгъэдэкӀын испытывать отвращение к кому-чему-л. Гур бгъэдэмыхьэн душа не лежит к кому-чему-л. Гур гъэбэгын трепать, мотать нервы кому-л. Гур гъэбыдэн крепиться духом. Гур гъэжьэуэн = гур гъэбэгын. Гур гъэзэгъэн = гур гъэтӀысын. Гур гъэлынцӀын злить, нервировать кого-л. Гур гъэтӀысын своим действием, поступком успокоить кого-л. Гур гъэтӀысу псэлъэн успокоить кого-л. словом. Гур гъэуфӀыцӀын вымотать душу кому-л. Гур гъэфӀын настраивать себя на хорошее. Гур гъун тревожиться, беспокоиться о ком-чем-л. Гур дзапэкӀэ Ӏыгъын находиться в тревоге, страхе. Гур етауэ с душой. Гур еупӀэхыжын успокоиться - о сердце. * Уэрэдым и гъусэу гупсысэ дахэхэм дахьэха гур еупӀэхыжащ. КӀ. Т. Гур жан хъун прийти в хорошее настроение, развеселиться. Гур жэн прийти на ум. Гур зэбгъэдэкӀын охладеть друг к другу. Гур зэбгъэжын быть недовольным собой. Гур зэбгъэн обидеться друг на друга. Гур зэгуэпын нервничать. Гур зэгуэудын негодовать, злиться. Гур зэгъэн удовлетвориться чем-л. * Лу и гур зэгъат, арщхьэкӀэ жей жыхуаӀэр ищӀэркъым. КӀ. А. {Я} гур зэкӀэрыпщӀэн духовно сблизиться друг с другом, жить душа в душу. Гур зэкӀуэкӀын наполниться гневом. * ТӀасэ, уэ пхуэдэ къопсалъэмэ, щхьэ уи гур Ӏэлу зэкӀуэкӀрэ? Къэб. Хъаным и залымыгъэр щилъагъум, щӀалэм и гур зэкӀуэкӀащ, ар имыгъэгъуну мурад ищӀащ. фольк. Гур зэкӀуэцӀычын сердце разрывается от гнева. {И} гур зэпхрилыгъукӀын пронзить душу (напр. о неприятном известии). Гур зэпыщӀын к.-з. вымотать душу. * Машинэр гъуэгум щыкъутэри хуэмыщӀыжурэ шофёрыр гугъу дехьащ, и гур зэпищӀащ. Лъэб. Гур зэрыгъуэтыжын = гур къызэрыгъуэтыжын. {И} гур зэрышхын злиться. * Инал Мэтхъэныр щилъагъум, занщӀэу къытехьащ, и гур зэрышхыу къыщӀидзащ. КӀ. А. {И} гур зэхэзеуэн к.-з. испытывать волнение, беспокойство. * ФуӀэд апхуэдизкӀэ и гур зэхэзеуэщи, зыри и тхьэкӀумэм къихьэжыркъым. У. А. Гур зэщыуэн измучиться, лишиться душевных сил. * ЦӀыхум игу зэщыуар гуащӀэдэкӀым хуэдэу зыгъэхъужыф дунейм теткъым. Ӏуащхь. Сигу зэщыуащ, афӀэкӀа схулъэкӀыжыркъым. Акъ. З. Гур зэӀыхьэн испытывать чувство тошноты, становиться дурно. Гур зелъэтэн ощущать сердцебиение. Гур икӀын 1) с замиранием сердца. * И гур икӀауэ щӀалэ щылъым зыхуегъэщхъ Нажмудин. Ӏуащхь. 2) быть жадным, ненасытным. Гур итхьэкъун очароваться кем-чем-л. {И} гур итхьэщӀыкӀащ чистосердечный. Гур иубыдыкӀын сердце замерло. * ЦӀыхухэр фӀыкӀэ къызэрыхуэмыкӀуар фызабэ тхьэмыщкӀэм зэуэ къищӀэри жимыӀэф - Ӏауэ и жьэр зэщӀэнащ, и гур ириубыдыкӀащ. Ш. А. Гур иудын 1) морально подавлять кого-л. 2) напугать кого-л. Гур иуфӀыцӀыхьын душа измучилась, истомилась. Гур ихын испугать кого-л. Гур кӀэзызын трепетать, испытывать страх. Гур кӀэрыпщӀэн привязаться к кому-чему-л. * А пщыхьэщхьэм Исуф и гур нэхъри кӀэрыпщӀащ щӀалэ сырыхум. Ӏуащхь. Гур кӀуэдын упасть духом. * Гур кӀуэдмэ, шыр жэркъым. (погов.) Хьэмид дыгъужьхэр къыщилъагъум, нэхъри и гур кӀуэдащ. Хь. С. Гур къэжанын почувствовать лёгкое опьянение. * Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь, псоми я гур къэжанащ. Ӏуащхь. Гур къэлыбын сильно разгневаться, разъяриться. Гур къэплъын разгорячиться. Гур къэтхьэкъун покорить чье-л. сердце, завоевать чью-л. симпатию. {И} гур къэхуэбэжын потеплеть на душе. Гур къэхьэхун = гур къэтхьэкъун. Гур къэчэн злиться. {И} гур къебгъэн = {И}гу ебгъэн. Гур къекӀуэн почувствовать себя дурно; стошнить. {И} гур къеуэн биться, стучать - о сердце. Гур къигузэвыкӀын растревожиться - о сердце. Си гур къигузэвыкӀыу икӀи шынагъэ хэлъу сыпэплъэрт.. нэху щыным. Ӏуащхь. Гур къигуфӀыкӀын радоваться кому-чему-л. Гур къигъэлъэтын заставить затрепетать сердце. Гур къигъыкӀын душа плачет. * ЩхьэкӀуэ зикӀ щыхъури гур къигъыкӀыу жимыӀэу увыжащ. Гъу. Хъу. Гур къидыхьэшхыкӀын в душе смеяться. * Софят и гур къодыхьэшхыкӀ. Щ. Ӏ. Гур къикӀэзызыкӀын сердце затрепетало. {Уэсмэн} и гур гупсысэмрэ щӀыӀэмрэ яубыдауэ къикӀэзызыкӀырт. Д. М. {Пщащэм:} сэ сыкъэщтауэ си гур къокӀэзызыкӀ. Ӏуащхь. Гур къикъуэлъыкӀын разъяриться, прийти в ярость. Гур къилъэтын с трепетом, с замиранием сердца. {И} гур къитхьэщӀыкӀауэ с лёгким сердцем. {И} гур {шхыным} къиуӀэн ощущение сытости (от жирной пищи). Гур къихьэжын опомниться, прийти в себя. Гур къыдэвеин вскипеть (от возмущения; гнева). Гур къыдэжын 1) чувствовать себя здоровым 2) иметь хорошее настроение; быть в хорошем расположении духа. Гур къыдэмыжын 1) чувствовать недомагание 2) не иметь настроения. Гур къызэрыгъуэтыжын 1) опомниться от страха 2) воспрянуть духом. * - Уи закъуэ дэнэ укӀуэрэ? - жиӀащ Хьэмид, и гур къызэрыгъуэтыжри. Гу. и У. Гур къызэрыдэхьеин почувствовать сильную тошноту. * Айшэт.. и гур къызэрыдэхьеярэ зырикӀ жимыӀэжыфу дакъикъэ хуэдиз щыта нэужь, псалъэр къыжьэдэууэ къригъэжьащ. Н. и У. Гур къызэфӀэзэрыхьын расстроиться, опечалиться. Гур къызэӀыхьэн = гур къызэрыдэхьеин. Гур къыхэдзэкъыкӀын (къыхэпыджыкӀын) появиться - о боли в сердце. Гур къыхэуэн кольнуть в сердце. Гур къыщӀиубыдэн утолить {пищей} чувство голода. Гур къутэн сердце разрывается. Гур лынцӀын 1) нервничать 2) злиться. Гур ныкъуэн беспокоиться, тревожиться о ком-чем-л., из-за кого-чего-л. {И} гур пикъузыкӀын сжиматься - о сердце. * ЩӀалэ цӀыкӀур гузавэри и гур пикъузыкӀащ: - НэгъуэщӀ мыхъуми мыр симыгъусэгъащэрэт, - егупсысащ ар. Ӏуащхь. Гур плъын кипеть от гнева. * Нэщхъейт цӀыхухэр, ящымыгъупщэжын фэбжь къатехуат, бампӀэрт, я гур плъырт. фольк. Гур пхъэн (хуэпхъэн) рваться душой, стремиться к кому-чему-л. * Адыгэр шыбгым техутамэ, уафэм щыхуарзэ бгъэм дэджэгуну и гур мапхъэ. КӀ. Т. Езы щӀалэхэр зауэм кӀуэну я гур пхъэуэ къуажэм дэсащ. Лъэб. Гур пыткӀукӀын сильно переживать. * Абы {щӀалэ цӀыкӀум} и гур ӀэфӀу пыткӀукӀыу пэплъэрт егъэджакӀуэм жиӀэнум. Ӏуащхь. Гузавэу и гур пыткӀукӀ пэтми, Назир зигъэбыдауэ мэпсалъэ. Ӏуащхь. Гур пымэхыкӀын почувствовать голод. Гур пыхун 1) испытывать острое чувство голода 2) валиться с ног от усталости. Гур пыӀэжын успокоиться. Гур пыӀэн (мыпыӀэн) сердце успокоилось (не успокоилось). * Иджы си гум пыӀэн имыдэ, къыпщӀогупсыс. Ӏуащхь. Гур тегъэзэгъэн испытать чувство злорадства (сделав или высказав кому-л. что- л. неприятное). Гур тезэгъэн = гур тепщэхэн. Гур тегъэпщэхэн = гур тегъэзэгъэн. Гур тегъэупщӀыӀуэн обрушить свой гнев на кого-л. * Сыт уи псалъэ цӀыхухъу Ӏуэхум къыщӀыхэпӀур? - жиӀащ Къасым, игу къэплъар фызыжьым тригъэупщӀыӀуэным хуэпӀащӀэу. Къ. Хь. Гур тепщэхэн испытывать чувство злорадства. * Елдар и адэр Щэрдан Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжь хуиӀэти, иджы и гур тепщэхащ. КӀ. А. Гур тепыӀэн - гур пыӀэн. * Залинэ и гур нэхъ тепыӀат. Ӏуащхь. И гур ткӀун испытывать душевное волнение. * Си гум хуэбагъэ гуэрхэр къеуэлӀати, псэм фӀэфӀу ткӀурт. Ӏуащхь. Гур тхьэкъун = гур къэтхьэкъун. * А пщащэм си гур итхьэкъуащ. фольк. Гур тыншыжын обрести душевный покой, почувствовать облегчение. Гур тӀысыжын успокоиться. Гур узын болеть - о сердце. * УсакӀуэм {ПащӀэ Бэчмырзэ} и гур узырт ди щӀыпӀэ дахэм хьэзаб зэрытелъым щхьэкӀэ. Т. Хь. {И} гур уфӀыцӀын измучиться. * Си гум и зы ныкъуэр уэркӀэ уфӀыцӀащ. Сов. Къэб. фольк. Гур уӀэн ранить душу. {И} гур фӀэкӀуэдын струсить. {И} гур фӀы (дахэ) щӀын (хуэщӀын) успокоить, подбодрить кого-л. * Зеиншэ хъуа унагъуэм ар {ПащӀэ Бэчмырзэ} ихьэрти фызым и гур фӀы хуищӀырт. Т. Хь. Гур фӀын быть в духе, в хорошем расположении духа. Гур хэгъэхъуэн наполнить радостью чье-л. сердце. Гур хэгъэщӀын опечалить, обидеть кого-л. Гур хэхъуэн испытать душевный подъём; радостью наполниться - о сердце. * УэркӀэ си гур хэхъуэм къыщымынэ. Щ. Ӏ. ХьэкумыщӀым и гур хэхъуэуэ кӀэлъоплъ ежьэжа щӀалэм. Ӏуащхь. {И} гур хэщӀын испытать тяжкое горе. * Хьыбар имыӀэм и щӀалэм, Мычэму хощӀыр анэгур. Къэб. Сихьэхуакъым сэ уи фэрыщӀ хабзэм, КъухьэпӀэжь, услъагъури сигу хэщӀащ. КӀу. Б. Гур хыхьэн быть по душе (о работе), увлечься чем-л. (напр. работой). Гур хуэбгъэн к.-з. 1) иметь большое стремление к чему-л. 2) испытывать сильное влечение к кому-л. * Хьэсин и гури и псэри Фаризэт хуобгъэр. Лъэб. Гур хуэгъэтӀылъын проникнуться, расположиться к кому-л. * Хъыджэбзым лӀыжьым и гур хуегъэтӀылъ, жиӀэхэм йодаӀуэ. Хь. Хь. Гур хуэгъун волноваться, переживать из-за кого-чего-л. Гур хуэзэгъэн быть довольным кем-чем-л. Гур хуэкӀуэн (хуэмыкӀуэн) быть расположенным (нерасположенным) к кому- чему-л. * Шху щӀыӀэ мыхъумэ, сымаджэм зыми игу хуэкӀуэртэкъым. фольк. Гур хуэмыгъуэн беспокоиться, переживать за кого-л., о ком-л. Гур хуэныкъуэн = игу ныкъуэн. * Анэм и гур зыгуэрым хуэныкъуэу, зыгуэр къэсыжыным пэплъэ хуэдэу щытщ. Къ. Хь. Гур хуэплъын иметь зуб на кого-л. * Аслъэнокъуэр асыхьэтым шэхум хуэдэу фагъуэ хъуащ. - ЕмыкӀущ, - жиӀэу зишыӀами, ЛӀыжьым занщӀэу игу хуэплъащ. Щ. А. Гур хуэпхъэн стремиться к чему-л., мечтать о чем-л. ЩӀалэм и гур еджэным хуэпхъэт. Гур хуэуфӀыцӀын быть глухим к кому-чему-л. Гур хуэфӀын положиться, понадеяться на кого-что-л. Гур хузэӀухын открыть кому-л. душу. Гур хьэжэпхъэжэн испытывать чувство тревоги, тревожиться. Гур щыгъэтӀылъын угомониться и осесть где-л. Гур щыкӀын испытывать чувство отвращения к кому-чему-л., ненавидеть кого- что-л. * Сэ сыхуейкъым си суд щӀэкӀэр Си пщылӀхэм ялъагъуну. Ягу къысщыкӀыу.. бий схуэхъуну. Акъ. З. ЩӀыкъатибл ебдзыххэр си гукъанэу Сигу пщыкӀащ, сыхъункъым сыптеплъэф. КӀу. Б. Гур щымэхъэшэн брезгать, гнушаться кем-чем-л. {И} гур щыун 1) стать равнодушным, охладеть к кому-чему-л. 2) отвыкнуть от кого-чего-л. Гур щӀэгъун жалеть кого-л., сострадать кому-л. * Къулейсызыгъэр псом нэхърэ нэхъ зыпкърыхьа ди анэм сигу щӀэгъурт. Ӏуащхь. Игу щӀэгъуурэ Таужан къигъэушащ и щхьэгъусэр. Щ. Ам. Гур щӀэмэхыкӀын = гур щӀэхун. * Лъагъуныгъэ мафӀэм сыкъегъэплъыр, Си гур щӀэмэхыкӀи сфӀощӀ. Хьэн. А. Гур щӀэубыдэн = гур къыщӀиубыдэн. Гур щӀэузын = гур щӀэгъун. Гур щӀэхын 1) заставить трепетать сердце 2) устать, утомиться (напр. от разговоров). * - Уи псалъэ купщӀэншэм Си гур щӀех, - жиӀэри лӀыр унэм щӀэкӀыжащ. Ад. фольк. Гур щӀэхун обессилеть, почувствовать слабость. Гур ӀэфӀ хуэхъун испытать чувство благодарности, расположения к кому-л. Гур Ӏеин испытывать тошноту. Гурэ псэкӀэ... душой и телом... * Шорэ и гурэ и псэкӀэ щотхъу Степан Игнатьевич. Ш. А. Гурэ псэкӀэ зэбгъэдэтын быть верными, преданными друг другу душой и телом. {И} гурэ и щхьэрэ зэбгъэжын быть недовольным собой. {И} гурэ {и} щхьэрэ зэтелъын быть уверенным в себе. * - Уи гурэ уи щхьэрэ зэтелъмэ, гъусэ къысхуэхъу, дэ дызыщыщри къэпцӀыхунщ, - къыжраӀащ Мыщэ тхьэкӀумэм. Черк. таур. Гу уз болезнь сердца / Гум къеуалӀэ уз. ЦӀыхубзым гу уз иӀэщ. Гу уз иӀэн обладать чувством жалости. Гу уз къэщтэн получить болезнь сердца. Гу уз къегъэщтэн вызвать у кого-л. болезнь сердца. Гу уз къыхэхын получить душевную травму. III повозка / Шэрхъ щӀэту вы, шы с. ху. щӀэщӀауэ зыгуэр зэрызэрашэ. * Бэлацэ гум ису Лухэ я деж къыӀухьащ. КӀ. А. Гу щыкъутэ щащӀыж. (погов.) Гу кӀуэм гудзэ къыкӀэреуд. (погов.) Гур уфэрэкӀмэ, щӀалэм ягъэщ. (погов.) Гу пкӀэлъей решетчатые борта телеги / Гум илъыр къимыхун папщӀэ, и бгъуитӀым Ӏуагъэувэ пкӀэлей. Гу пкӀэлъей лъэныкъуэр зэпыщӀыкӀащ. Гу пкӀэлъейхэр техауэ мэз макӀуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гу

1. ЦӀыхум, псэущхьэм я лъыр мардэм тету зезыгъакӀуэу бгъэм илъыр.

Уи псэр къэпсэлъэн хуейщ, уи гур дэнэ къэна— Щынэхужьыкъуэ, 46

2. А органым цӀыхум и гъащӀэм къыщыхъухэр зэрызэхищӀэр, гъащӀэм щекӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэм зэрыхущытыр къигъэлъагъуэу.

ИреутӀыпщыр и кхъухьлъатэр, Куэд яукӀым щогуфӀыкӀыр, Ӏэпэ жорыр ещӀ нэлатым, Гум и гугъэр нэм ибзыщӀу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 60

Deyimler (232)

гур бэмпӀэн

Зыгуэр щхьэкӀэ гум зишхыхьыжын, губжьым зэщӀиӀыгъэн, гур зэгуэудын, къэплъын.

ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀамкӀи ар акъужьу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50

гум гуапагъэ илъын

Гум ӀэфӀыгъэ, гум фӀэфӀ илъын.

ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр.— Тисей, 501

гум гужьгъэжьгъ иубыдэн

Гум губжьыр, леймыгъэгъуныгъэ мурадыр зэпымыууэ щыӀыгъын.

АрщхьэкӀэ тӀуми я гум гужьгъэжьгъ ираубыдащ— Нал къута, 256

+1 örnek

АрщхьэкӀэ тӀуми я гум гужьгъэжьгъ ираубыдащ— Нал къута, 256

гур гузэвэн

Зыгуэр щхьэкӀэ пӀейтеин.

ФыкъэпщӀыпщӀу фыслъагъухукӀэ, Сигу гузавэм зегъэпсэху.— Вагъуэиж. «Дамыгъэ», 70

+2 örnek

Сэри уафэм фыщыслъагъум, Сигу гузавэм зегъэпсэху.— Вагъуэиж, Дамыгъэ, 70

И гур зыгуэр щхьэкӀэ гузавэрт, щӀэгузавэр имыщӀэу.— КӀапсэ кӀапэ, 15

гур гуфӀэн

ГуфӀэгъуэм зэрихьэн, гукъыдэжыфӀ гъуэтын.

Егупсысым и гур гуфӀэу Адэ нобэ къигъуэтакъэ.— Тисей, 509

+1 örnek

А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ.— КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37

гур гушхуэн

Хуиту зыӀыгъын.

Хьэкурынэ мэгупсысэ: Сыту дэгъуэт Россиешхуэм ЛӀыжь Федотым ар и гъусэу, Хуитыныгъэм гур дэгушхуэу, А лъэпкъ иным яхэтыну, А гуращэм куэд щӀитынут. «— Тисей, 510

гур гъэбыдэн

ШыӀэныгъэ зыхэлъхьэн.

Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 19

гур гъэгъун

Зыгуэр щхьэкӀэ гъэгузэвэн, гъэпӀейтеин.

Нобэ унэщхъыфӀэн хуейщ уэ, абы щхьэкӀэ уигу умыгъэгъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583

+2 örnek

Си уэрэдым псалъэу хэлъыр Мэхъу сфӀэмащӀи си гур мэгъу.— Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45

Уи гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ, жиӀэ щхьэкӀэ, Астемыр и гур щӀэгъур езыми къыбжиӀэнутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672

гур гъэжанын

Тембот есат и анэм уи гур зыгъэжан уэрэд жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 277

Еплъ: гур жан хъун

гур гъэзэгъэн

Гукъеуэр щыбгъэгъупщэжу гум нэсу, гур игъэтӀысу зыгуэр жыӀэн, щӀэн.

Ем щӀэкъум мэхъур ер и натӀэ, Гу къабзэ зиӀэм и къабзагъэр Лъагъуныгъэшхуэм хуохъур гъуси, Насыпу ди гур егъэзагъэр.— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357

+2 örnek

Сэ къуршым сихьэм, бгъэм сахэту, Си щӀакӀуэ фӀыцӀэр мэхъур дамэ, СалъоӀэсыр, ягу згъэзагъэу, Пэжым и лӀыкӀуэ даубыдамэ.— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373

– Уигу гъэзагъэ иджы, Инус.— Хъуэпсэгъуэ нур, 77

гур гъэтӀысын

Арэзы щӀын, гур гъэзэгъэн.

«Команда» смирно» итщ, псори иригъэувыкӀри а тхылъым ит псалъэм гупсэхуу, гурыӀуэгъуэу къеджащ, зэхэзыхым я гур игъэтӀысу. [Локотош].— Нал къута, 304

гукӀэ гъэщӀэгъуэн

Зыгуэр хьэлэмэт щыхъун.

Псори щым хъуащ, анестезиологым жиӀэр зэхыбохыр: «бауэ, тӀысэ», «ину жьыр зыжьэдэшэ», «иджыри зыжьэдэшэ». Сэри скальпелыр къэсщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу.— Лъапсэ, 20

гур гъун

Гуныкъуэгъуэ зыгуэрым иӀэн, тегузэвыхьын.

– КъэкӀуэжынщ. Дэнэ кӀуэн [Назифэ]? – жиӀэ щхьэкӀэ Мариам и гур мэгъу, лэчымэр и щхьэусыгъуэу зыгуэрхэм дамыхьэхауэ узиӀэ, жыхуиӀэу.— Лэчымэ, 393

+1 örnek

Мурад гуэрыр дахэм иӀэу Линэ и гур нобэ мэгъу. Мусэ дадэ ар къыдещӀэ – Шыхъуэ лӀыжьыр и дзыхь щӀэгъущ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 41

гур гъущӀэн

1. Зыгуэр хуеин, хуэныкъуэн.

Упсынэ къабзэу укъыщожыр, Сэ сигу гъущӀауэ сыпсыхуэлӀэщ.— Макъамэ дахэ уэ ухъу закъуэм. «Батырыбжьэ», 88

2. Зыгуэрым папщӀэ егъэлеяуэ гузэвэн, пӀейтеин.

Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, тщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Англызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51

+1 örnek

Мауэр щӀалэр и гур гъущӀэу, Зэ зэреуэу щхьэ пиупщӀыр Мывэ ину псынщӀэу мэжыр, А иныжьри хущӀогъуэжыр, Щхьэ етӀуанэр мэхъур мафӀэ, КъыкӀэлъыкӀуэр псым щӀелъафэ, Щхьэ еплӀанэр ехьыр благъуэм, Елбэздыкъуэ игъэщӀагъуэу, Къыпегъэхур щхьэ етхуанэр, Иныжь ябгэр къогъынанэ.— Елбэздыкъуэ, 21

[и] гур дахэ хуэщӀын

Псалъэ гуапэкӀэ гъэудэӀун, тегъэун, гукъыдэж етын. «

[Федот:] Си хъыджэбзыр дэнэ схьын, Хэт игу дахэ къыхуищӀын?— Бдзэжьеящэм ипхъу, 147

+2 örnek

КӀапсэрыкӀуэм» «Цищ» и гъусэу Дадэм и гур дахэ хуащӀыр: «Рау, дэ дощӀэр уи гупсысэр, Дыпхуэхъунущ ӀуэхутхьэбзащӀэ, ЩӀы уи фӀэщ уэ, пионерхэм Пхуахъумэнущ уиӀэ хъерхэр». ИгукӀэ жеӀэ Рау тхьэмадэм: «Пионерхэм щӀэщхъу къызащӀэу Сахуэзакъым». «— Тисей, 481

Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀалэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъумэ, фаджэу дунейм дытеткъым— Лъапсэ, 116

гур дэгузэвэн

Зыгуэрым и гукъеуэр зыхэщӀэн, дэӀыгъын, гур ныкъуэу, гум къеуэу.

Фэ фи гум си гур догузавэ, ФыщигуфӀэгъуэм, си гуи хохъуэ!— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16

гум дэмыхуэн

Хуэмышэчын, гурымыхьу щытын, гум темыхуэн, нэмысын, фӀэмыфӀын.

Шэч хэлъкъым, и гур зыгуэрым Щысхьыншэу, щэхуу ефыщӀыр, Ӏэ щӀыӀэр щӀыфэм щыджэгуу, Гуауаеу и гум дэмыхуэр Дадий къеӀуатэр мыпхуэдэу: «Си щӀалэ, уи адэм уэсяту Уэ къыпхуищӀахэм къедаӀуэ». Къэрней къарууэ иӀахэр И анэ псалъэм къекъутэ, Шэм хуэдэу, и гум ар тохуэ. «— Адэ, 134

гум дэхуэн

Гум тегъэхуэн, шэчын.

Фи къуаншагъи, фи захуагъи, - Фи бэлыхьыр сигу дэхуащ.— Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9

гур дэузын

Зыгуэрым и гукъеуэр дызэхэщӀэн.

МакӀуэр щэхуу, макӀуэр лъэсыр, Пшагъуэ Ӏувым ныхокӀуадэ, Анэ гъыбзэм гур дэузу Дэзщ я макъыр бгы аузым…— Тисей, 492

гур дихьэхын

Гум хыхьэн, псэр тхьэкъун, фӀыуэ лъагъун.

Уи занщӀэр хэпшмэ, егупсысыт: Димыхьэхауэ пӀэрэ уи гур пщащэм?— Лъагъуныгъэм и гъуэгу занщӀэ. «Дамыгъэ», 117

+1 örnek

Куэди щӀауэ дэ ди гъащӀэр Садым хуэдэу зэщӀэгъагъэу, Хъер къыпыкӀыу дэ ди гуащӀэм, Гур зыхуеӀэр нэм илъагъуу, Гъатхэ махуэр дэркӀэ уэфӀти Хэку щхьэхуитыр садым хуэдэу Гур дихьэхыу ищӀмэ фӀэфӀти КъехъулӀакъэ и мурадыр.— Коммунист. «Партыр ди пашэу», 34

гур дзапэкӀэ Ӏыгъын

Зыгуэрым хуабжьу тегузэвыхьын, шынэн.

МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ я хулъэр нэщӀу мэпсэури, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ.— Кхъухь пхэнж, 495

[и] гур ебгъэн

ФӀэмыфӀ гуэр, игу иримыхь гуэр зыгуэрым дилъагъун.

Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ, игу зэбгъам и пщэ гурыгъыр зэпиудыну тӀэу еплъынукъым, гущӀэгъушхуэ зиӀэ лӀыуэ и хъыбар езым игъэӀужми, гущӀэгъукӀэ къыпыпхын щыӀэкъым, ней-нэфӀкӀэ цӀыхум яхущытщи, и нэфӀ зыщыхуэм и къулыкъур докӀуей— Лъапсэ, 73

+2 örnek

Езы [Дэфэрэдж:] Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар.— Лъапсэ, 11

Иджы Инал игу щхьэ ебгъа а къомым?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

[и] гурэ и щхьэрэ зэбгъэжын

Зыхуэмыарэзыжын. Мы псалъафэр КӀыщокъуэм езыр хуейуэ нэгъуэщӀ щӀыкӀэу къеӀуатэ: щхьэр гум ебгъэжын емыбгъэжын (1). Зэхуэарэзыжын.

ИтӀани сиӀэщ гукъыдэжи, Сэ си щхьэр си гум емыбгъэж.— Фи нэр жанщ. «Дамыгъэ», 52

гур етэн

Гур ныкъуэкъуэн, хъийм икӀын, удэфэн.

ТӀуми ящӀэ гъуэгу и пӀалъэ, ТӀуми я гур зэм мэятэр.— Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22

+2 örnek

Уэ укъэмысу Къосыр хъыбарыр, Бысымым и гур мэятэр.— Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 30

Сэри сощӀэ гъуэгу и пӀалъэ, Зэм сыкхъухьми, зэм солъатэ, НэгъуэщӀ щӀыпӀэ ещхь ди къуажэ Щыслъэгъуамэ гур мэятэ.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372

[и] гур жанын

Нэжэгужэн, гукъыдэж зиӀэн. - 246.

Нэжэгужэм и гур жанкъэ, Нэжэгужэр щхьэпрех— Нэжэгужэ. «Дамыгъэ», 96

+2 örnek

ЦӀыхубз гуэри мэдыхьэшхыр, Фадэм и гур жан ищӀауэ.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгу. «Дамыгъэ», 234

АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 245

гукӀэ жыӀэн

Уи гум зыгуэр къэкӀын.

Нобэрей махуэм тхьэм ещӀэ къытхуихьынур, жиӀэрт игукӀэ Астемыр, пщэдджыжь дыгъэр къурш уэсыщӀэ инхэм зэрытридзэм еплъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

+2 örnek

Сыкъэтэджу щхьэ сыщӀэмыкӀыжрэ, жиӀэу зигукӀэ жызыӀи яхэту къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ, Инал фӀэлӀыкӀырти, заущэхуауэ щыст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

[Фэуаз:] Сэри сигукӀэ жызоӀэ: «Сэра мыгъуэкъым узыгъэунэхъуар, Анка»— Анка, 383

гур жан хъун

Къэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ иӀэ хъун.

Астемыр а къызэхуэса къэрэхьэлъкъ къомыр щилъагъум, и гур занщӀэу жан къэхъуауэ, нэщхъыфӀэу, и гъусэхэм ящыгуфӀыкӀыу гушыӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 317

гум жимыӀэн

Уи акъылым гупсысэ гуэр къимыхьэн, къэмыкӀын.

А махуэ закъуэр арат Ботэх и гум фӀыуэ къинэжар, а зыри пщызыгъэгъупщэн Ӏэджи и нэгу щӀэкӀа пэтрэ, зэзэмызэ зриӀуэтылӀэн игъуэтмэ еӀуэтэж, арщхьэкӀэ езыми и ныбжьым хэхъуэхукӀэ щакӀуэ щыкӀуа махуэ закъуэр пшэм щӀалъэфа мазэм ещхьу нэщӀэбжьэ Ӏэджэм щӀалъэфэж, зэзэмызэххэ фӀэкӀаи згъэхъыбаращэрэт жиӀэу и гум жиӀэркъым— Лъапсэ, 77

гум жиӀэн

Гупсысэ гуэр и щхьэм къихьэн.

Гъуэгу зэпысчу нэзгъэзэжрэ Псынэдахэ сынэсам, Си гум жеӀэ къысфӀилъэту: «Псынэдахэ дыкъэсащ».— Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 346

+2 örnek

Верэ Павловнэ зигъэщхъри Саримэ еупщӀащ: - Жыраслъэн слъэгъуащэрэт, жиӀэу сщӀэркъым си гум щӀыжиӀэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598

Арщхьэ зэуэни сыухакъым: КӀакхъу зэрыщӀэсчу щыта си Ӏэм Уэрэд итхыни щигъэтакъым, Уеблэм хуосакъыр си гум жиӀэм.— Си гъуэгу тыншакъым сэ си гъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62

гум жьы дегъэхун

Зыгуэрым и псэр гъэтыншын, щӀэгузавэр, и бампӀэр щыгъэгъупщэжын, худэхын, гъэтӀысын.

Данизэт Дисэ дежкӀэ еущэкӀри и гум жьы дригъэхуащ, убэурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 272

+1 örnek

Си бампӀэр зыгъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэну арати, тӀури къэзгъуэтауэ сотхъэж— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

гум жьы димыхун

Гур зэщӀэубыдауэ щытын, хуиту зимыгъэпсэхун, зишхыхьыжын.

Зигу жьы димыхур жьы хъугъуафӀэщ, Аращ сэ жьыбгъэм сыщӀыхэтыр.— Жьы хъур. «Дамыгъэ», 119

+1 örnek

Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу. «— Адэ, 130

гум жьы дихужын

Зыгъэпсэхужын, уи гур зэгъэжын, гукъеуэ уимыӀэжын.

Бжэ-щхьэгъубжэ, унэлъащӀэ и Ӏэдакъэм щӀэкӀым, унащхьэу иӀэтым къыпэкӀуэм къыхигъэкӀыу унэ ищӀыну и ужь щихьэм, Шыкъымхэ я пхъум и гум жьы дихужащ, и лӀым лӀыщӀэ къищтэу унэ щӀыным и ужь ихьэри здэкӀуи сыти щымыӀэу и фызым и нэӀэ къытетти.— Кхъэлэгъунэ, 374

+2 örnek

Апхуэдэу зырыз къэхъуми, Нурхьэлий и гум жьы дихужат шхапӀэ къызэрызэӀуихрэ, насып къеуэлӀэнуи и гугъэт, арщхьэкӀэ уунэхъунумэ, куэдрэ, Нурхьэлий и гугъэххэтэкъым къыщыщӀынӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 205

МафӀэгур Ростов кӀуэуэ ежьати, я гум нэхъ жьы дихужащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 171

гур жан хъун

Къэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ иӀэ хъун.

Астемыр а къызэхуэса къэрэхьэлъкъ къомыр щилъагъум, и гур занщӀэу жан къэхъуауэ, нэщхъыфӀэу, и гъусэхэм ящыгуфӀыкӀыу гушыӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 317

гур жэн

Гупсысэр зыгуэрым хуэкӀуэн, гум къэкӀын.

Инал и гур здэжам Стапан Ильич гу лъитащ: - Уэ бгъэщӀагъуэр сымыщӀэ уи гугъэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528

+2 örnek

Дадэм и гур зыщӀыпӀэкӀэ жэуэ ерыскъы зыбгъэдэсыр фӀэмыӀэфӀыж хъуащи, шхэнри щегъэт.— КӀапсэ кӀапэ, 16

Къэрэгъулым и гур ХьэтӀохъущокъуэу къалэм дэт жыг хадэшхуэр хезыгъэсауэ щытам деж жащ, ар и гум къыщӀэкӀар имыщӀэу.— Лъапсэ, 50

гур жыжьэ плъэн

Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн.

Нэ фӀыцӀитӀыр вагъуэу маблэ, ӀитӀкӀэ быдэу руль иӀыгъщ, Жану и гур жыжьэ маплъэ, ЩӀалэ къеплъыр къыщогугъ.— Хъыджэбз шофер. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46

гур зэбгъэжын

Зыгуэр щхьэкӀэ зэхуэмыарэзыжын, зыгуэр зыдэгъуэжын.

Дэ тӀур дыздежьауэ щытащ, уеблэмэ зыбжанэри зэгъусэу дылэжьащ ди псэр зы чысэм илъым хуэдэу, тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ ди гур зэбгъэжыху.— Лъапсэ, 10

[и] гур зэгуэпын

Мыарэзыуэ, пӀейтейуэ, гум зыгуэр къеуэу щытын.

Сэ си гур, мис зэгуоп, Абы зэуэнкӀэ зимыгъэнщӀ – Къарур уӀэгъэм сфӀыхегъэщӀ.— УӀэгъэ. «Шум и гъуэгу», 42

гур зэгуэудын

Губжьым зэщӀиӀыгъэн, зыгуэрым щхьэкӀэ бэмпӀэн.

ЛӀыжьым и Ӏэр егъэдалъэ: – Пан Ӏуэху зехьэр къысхуэкӀуат, Дэ димыӀэр къыспеубыд, Схуэмыфащи къызжиӀат, Иджы си гур зэгуоуд.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150

+1 örnek

Еплъ зэрыхъуам: лӀитӀ ефам я зэранкӀэ лажьэ зимыӀэ цӀыхубзым и гур зэгуэуд пэтащ— Лъапсэ, 52

гур зэгъэбгъэн

Зыгуэр щхьэкӀэ гущыкӀ зыхуегъэщӀын, гур зыбгъэдэгъэкӀын, зэмыфӀ хъужын.

«Тхьэм и гур сыт щӀызэвгъабгъэр, Псыкъуий къэтӀыныр щывгъэт». «— Индийскэ поэмэ, 364

+2 örnek

– Ара мыгъуэт, арщхьэкӀэ ди натӀэ илъым дыхуэзащ, утхьэусыхэу Алыхьым и гур зомыгъабгъэ, - жиӀэрт Шыкъымхэ япхъуми, псалъэмакъыр абдеж щаухырт.— Кхъэлэгъунэ, 375

Модрейри щӀегъуэжа къыщӀэкӀынти, къэгузэващ, си пхъум и гъащӀэр зи ӀэмыщӀэ илъым и гур щхьэ зэзгъабгъэрэ жиӀэу— Лъапсэ, 19

гур зэгъэжын

Гур псэхужын, тӀысыжын, тыншыжын.

Сыту фӀыт – лӀыгъэ Ӏуэхум напэтехыгъи хэлъкъым, жиӀэри Хьэбибэ и гур зэгъэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 23

гур зэгъэн

ЗыгуэркӀэ арэзы хъун, гур тӀысын.

Махуэр ехьыр лажьэ защӀэу, ЛӀыжь Федотым и гур загъэу Щотхъур щӀалэм зэзэмызэ, Гъуэгуу яӀэр тӀуми бгъузэщ.— Тисей, 510

+2 örnek

Мыбы къыщӀыхьэм, бзэмыӀур Мэхъу жьакӀуи, и гур мэзагъэ.— Мащэм кърапсэлъыкӀ. «Дамыгъэ», 116

Абы дежкӀэ псори бзаджэщ, ДэкӀыжыхункӀэ игу мызагъэ— Хьэ. «Дамыгъэ», 80

гукӀэ зэгъэщӀэн

Укъемыджэжу зыгуэр зэрыпӀуэтэжыным хуэдэу зэгъэщӀэн, гум иубыдэн.

Ахья ещхьыркъабзэу, Тинэ и ролыр гукӀэ зригъащӀэу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637

+1 örnek

Аркашэрэ Лурэ я закъуэтэкъым усэ сатыриплӀыр гукӀэ зэзыгъэщӀар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613

гукӀэ зэрыщӀэн

ТӀури ягукӀэ зэрощӀэ, арщхьэкӀэ къытечыпауэ жыпӀэ щхьэкӀэ мыхьэнэ иӀэтэкъым.— Нал къута, 302

Еплъ: [я] гур зэрыщӀэн

[я] гур зэкӀэрыпщӀэн

ФӀыуэ зэрылъагъун, сыткӀи зэгурыӀуэу зэбгъэдэтын.

ЩӀалэ цӀыкӀумрэ и дадэмрэ апхуэдизкӀэ зэсат, я гур зэкӀэрыпщӀати, ЛӀыгъур цӀыкӀурэ Хьэкурынэмрэ зэадэзэкъуэу фӀэкӀа пщӀэнутэкъым, езы щӀалэ цӀыкӀуми арат и гугъэр.— Лъапсэ, 102

гур зэпыудын

И гукъыдэжыр къутэн.

Шу уещӀ а мафӀэм уэ улъэсым, Армыракъэ – уи гур зэпеуд.— Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15

гур зэрыгъуэтыжын

Зэтрехыр и жьэр пщащэм, Жьыр а цӀыкӀум имыгъуэту, Ар хуеижкъым, дауи, мащэм, ЩӀалэм и гур зэрогъуэтри Бжэн къуэлэныр къыхуишыну Мажэр – кӀуэным къыщымынэу.— Тисей, 493

Еплъ: гур къызэрыгъуэтыжын

гур фыщӀын

Зыгуэрым щысхьыншэу еныкъуэкъун, гуныкъуэгъуэ етын, и жагъуэ щӀын, гъэбэмпӀэн, и гур уӀэн.

Шэч хэлъкъым, и гур зыгуэрым Щысхьыншэу, щэхуу ефыщӀыр, Ӏэ щӀыӀэр щӀыфэм щыджэгуу, Гуауаей и гум дэмыхуэр Дадий къеӀуатэр мыпхуэдэу... «— Адэ, 134

гум фӀэфӀын

Гум ирихьын.

ДэгушыӀэу ГъукӀэ дадэр къодэхащӀэ, Ягъуэтауэ гум фӀэфӀ гъащӀэ. «— Тисей, 509

гум фӀэӀэфӀын

Удихьэхын, гум дыхьэн, фӀэфӀын, нэсын.

Къыспэрыуэ зы щымыӀэу Гум фӀэӀэфӀым салъоӀэсыр.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… Вагъуэ махуэ, 372

гум фӀей илъын

Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэ Ӏуакъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

Еплъ: гум фӀы имылъын

гум фӀы илъын

Гум бзаджагъэ, Ӏей хэмылъу гуапагъэ илъын.

И адэ къуэшым фӀы и гум илъу революционерхэм я цӀэр и къуэм фӀищати, кърикӀуар Ӏейт— Нал къута, 263

гум фӀы имылъын

Гупсысэ тэмэм акъылым къимыхьэн, къэмыкӀын фӀеягъэ, Ӏеягъэ фӀэкӀ.

Апчарэ псэкӀэ къищӀащ а тӀум я гум фӀы зэримылъыр— Нал къута, 267

+2 örnek

Аслъэным и гум фӀы зэримылъыр къыдырым ищӀэрт, гу зылъригъатэркъым армыхъумэ.— Кхъухь пхэнж, 500

И гум фӀы зэримылъыр и нэгум ущӀэплъэмэ къыбощӀэ.— МелыӀыч, 457

гур фӀы хуэщӀыжын

Псалъэ гуапэкӀэ гъэудэӀужын, тегъэужын, гукъыдэж етыжын.

– ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзамэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь.— Лыгъэ, 412

[и] гур фӀы щӀын

Псалъэ дахэкӀэ гъэудэӀун, тегъэун, гукъыдэж етын.

ИтӀани езым и гур дахэ ищӀыжырт: «Ягъэ кӀынкъым, фоч зыгъэуэфыни, къамэкӀэ къызэзэуэни унэм щӀэскъым, хэт сыщышынэн», – жиӀэрт, и куитӀ кӀэзызыр имыгъэкӀэзызын и гугъэу ӀитӀымкӀэ иӀыгъыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143

+2 örnek

ЩӀалитӀ иӀати, лэгъунэр Зэхуэдэу тӀуми хуищӀами, НысащӀэ пэшым къыщӀэкӀыу, ЩӀыкӀафӀэу дахэр, нэщхъыфӀэу «Си анэ», – жиӀэу фызыжьым Игу фӀы зыщӀыни щымыӀэ. «— Адэ, 129

– Ахърэтым зэ ущыкӀуакӀэ уи ажал къэсакъым, - жаӀэу Хьэбибэ и гур фӀы ящӀырт.— Нал къута, 234

гур фӀын

Уи гуапэ хъун гуэрым укъызэщӀиӀэтэн, гукъыдэжыфӀ уиӀэн.

ГуфӀэгъуэу шыбзыхъуэм тӀу иӀэщ: Шы жэрхэм ар хэплъэм игу мэфӀыр.— Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72

+1 örnek

Чокэ и гур фӀыуэ дэкӀыжри ежьэжащ.— Нал къута, 238

гу фӀыцӀэ

Зи гум фӀы имылъ.

Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12

гум хагъуэ хегъэдзэн

Зыгуэрым гуныкъуэгъуэ етын, гъэгузэвэн.

Уи нэгу ущӀэплъэм, уафэхъуэпскӀщи – Гум хидзэ хагъуэм сагъэмэхыр.— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… Батырыбжьэ, 62

гум хэлъын

Гугъэ, мурад гуэр иӀэн.

Пшэ фӀыцӀэ хьэлъэм щӀыр щӀиуфэу КъыпфӀощӀ, мэл хъушэм уэ уахэплъэм, А псор зыхъумэр месыр гуфӀэу Уэрэду жеӀэ и гум хэлъыр.— Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50

+2 örnek

А псы иным зэпрыкӀыу ГъущӀ лъэмыжхэр уардэу телъщ, Нэпкъым ткӀуэпсхэр къыщыпӀэнкӀыу Псыр къиуну и гум хэлъщ.— Бдзэжьеящэм и уэрэд. «Мывэ хуабэ», 145

КъэткӀуакъым гъуэгуу дэ мащӀэ Гуращэ къабзэр гум хэлъу, Къытохьэ Ӏэджи гъуэгу занщӀэм Ди эстафетэу тӀэщӀэлъыр— Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11

гум хыхьэн

1. Еплъ: гум нэсын

Ахэр и гум хэт хыхьэн?— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150

+1 örnek

Жыжьэ маплъэ а лӀыжь набгъэр, ЩӀалэ псалъэр и гум хохьэр, – КоммунисткӀэ, си нэхъыщӀэ, Дэ дызэджэр пщӀэрэ дахэу?— Коммунист. «Партыр ди пашэу», 27

2. Зыгуэр куууэ зыхэщӀэн, къыпкърыхьэн.

Жьыуэ дыгъэр къыщыщӀэкӀкӀэ Пщащэр псыхьэ къуэм къыдохьэ, Ину гъыбзэр къыхидзэхукӀэ Макъхэр щӀыӀэу уи гум хохьэ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 146

+1 örnek

«Тхылъ–нарядыр иӀэу къакӀуэм Ефт хъарбызыр хуэфшэчауэ, ХъарбызыфӀхэр ӀэкӀуэлъакӀуэу ЩыӀэщ модэ къыщӀэчауэ». Рау «Победэми» йотӀысхьэ, Нэмысышхуэр и гум хыхьэу— Тисей, 481

гум хуилъын

Зыгуэрым гухэлъ, гукъеуэ, гужьгъэжьгъ с.ху. хуиӀэн.

Къуршыр пщэдджыжькӀэ зыгъэнэхум Сэ си гум фхуилъри къегъэнэху.— Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19

+2 örnek

Гужьгъэжьгъ уигу къысхуилъ хъункъым, ди шыгъупӀастэ щыпфӀэхьэлэлкӀэ, – жиӀэри дадэм и гуапэ ищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

Хьэкурыни фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжьгъ и гум къыпхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къуогушхукӀыр— Лъапсэ, 105

гум хьэрэм имылъын

– АтӀэ, Нурхьэлий, сэ жысӀэр уэ къыжыӀэжи, уи гум хьэрэм имылъмэ, псалъэ жыпӀэм пцӀы зэрыхэмылъыр уи тхьэлъанэщ, мыр Хъалилхэ я къурӀэнщ, тхьэ Ӏуэ, - жиӀэри Сэид къурӀэн ин гуэр иӀыгъыу утыкум къихьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

+1 örnek

Абы хуэдэ къабзэу, зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528

Еплъ: гум Ӏей имылъын

гум хьэрэмыгъэ хуимылъын

Зыгуэрым уи гур къабзэу хущытын.

[Инал Къазджэрий жеӀэ:] ИтӀани сигу хьэрэмыгъэ пхуилъкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

гур хэгъэхъуэн

И гуапэ хъун гуэр жеӀэн е хуэщӀэн, гукъыдэжыфӀ етын.

Зы лъагъуныгъэм гур хегъахъуэ, Зы лъагъуныгъэм гур хегъэщӀ.— Зы анэм и бын. «Дамыгъэ», 94

+2 örnek

Уи анэм игу хэбгъахъуэурэ, Уареда, Хъуэхъуу жаӀэр къохъулӀэу, Уареда.— Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389

Ар, уигу хигъахъуэу, сыту уардэ, Сытеплъэм, си гум зегъэпсэху.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11

гур хэгъэщӀын

И жагъуэ щӀын, и гукъыдэжыр къутэн.

Зы лъагъуныгъэм гур хегъахъуэ, Зы лъагъуныгъэм гур хегъэщӀ.— Зы анэм и бын. «Дамыгъэ», 94

+2 örnek

Игу хэзыгъэщӀым хуэзмыгъэгъуу Си хэку и бийми саполъэщ.— Си хэку нэхъ ини сыту сщӀын? Щхьэлыкъуэ, 386

А къомым мащӀэу гур хагъахъуэ, Я нэхъыбитӀым гур хагъэщӀ.— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 378

гур хэмыхьэн

Псэм фӀэмыфӀу, удимыхьэхыу пэрытын (лэжьыгъэм). -76.

Инус матэ ищӀу тӀысыжащ, арщхьэкӀэ и гур лэжьыгъэм хыхьэртэкъым, чы цӀыкӀу дихуэри мычэму зэпощӀыкӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 75

гур хэхъуэн

ГуфӀэгъуэм укъызэщӀиӀэтэн, гукъыдэжыфӀ бгъуэтын.

Угузасэми, уи гум хэхъуэми – ТӀум щыгъуи нэпсыр пхуэмубыд.— Нэпс. «Дамыгъэ», 90

+2 örnek

Насып закъуэр къигъуэтащи Марфэ и гум куэд хэхъуащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153

Фэ фи гум си гур догузавэ, ФыщигуфӀэгъуэм, си гуи хохъуэ.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16

гур хыщӀэн

Егъэлеяуэ къехьэлъэкӀын, къытехьэлъэн, гугъу ехьын.

Абы хуэдэ мыхъуащэрэт си хъыджэбз закъуэр, жызоӀэри си гур хыщӀэу жэщкӀэ жейм семызэгъыу сыхэлъщ.— Лэчымэ, 393

гур хэщӀын

Зыгуэрым иригузэвэн, нэщхъеин, гукъыдэж уимыӀэн.

Зигу хэщӀ илъагъумэ – мэгуӀэ, Псывэм хэлъ мылуи зэм мэткӀур.— Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209

+2 örnek

Псы куэд къохуэхыр макъ ямыщӀу, Уегупсысамэ, уи гур хощӀ— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377

Сэ стхыр апхуэдэу наӀуэ хъуамэ, Тхылъ къыдэзгъэкӀмэ, сигу хэмыщӀт.— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233

гур хыхьэн

Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрым дихьэхын, фӀэфӀу пэрытын.

Зыгуэр сщӀэуэ зытезгъэунщ жысӀэми, зыми си гур хыхьэркъым.— Лэчымэ, 394

гур хуэарэзын

Гур зыгуэрым хуэзэгъэн, арэзы хуэхъун.

И гур хуабжьу хуэарэзыт Степан Ильичу абы хуэдизу фӀыкӀэ къыщыгугъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

гур хуэгъун

Зыгуэрым щхьэкӀэ гузэвэн, пӀейтеин.

Куэбжэжь гуэр кӀыргъыу къыщыӀуахым, Дэфэрэдж псэкӀэ зыхищӀащ и гур зыхуэгъуа дыдэр и натӀэ зэрыхъуар.— Лъапсэ, 31

гур хуэмыфӀын

ЗыгуэркӀэ хуэбэмпӀэн, гужьгъэжьгъ хуиӀэн.

КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр— Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71

гур хуэныкъуэн

Зыгуэрым щхьэкӀэ гузэвэн, пӀейтеин.

СыткӀэ щӀалэм игу хуэныкъуэ. «— Елбэздыкъуэ, 17

+1 örnek

Хэт и лъэкӀри зэфӀэкӀауэ, Гъэ зыбжани мис дэкӀауэ, ЛӀыгъэ щӀэным игу хуэныкъуэу, Ини хъуауэ Елбэздыкъуэ, Губгъуэм и шыр щыхигъэпщу мис ягъакӀуэ гъатхэ жэщыр, ЩӀалэр куэду мэгупсысэр, Зэплъым и нэр нытоплъызэ— Елбэздыкъуэ, 7

гур хуэусэн

Уи псэм хыхьа гуэрым гукӀэ усэ с.ху. хузэхэлъхьэн.

Сэ си гур фӀыкӀэ ныпхуэусэрт, Гу къыслъумытэу гугъу сехьати.— Сэ си гур фӀыкӀэ ныпхуэусэрт. «Мывэ хуабэ», 50

гур хуэфӀын

Зыгуэрым фӀыуэ ухущытын.

Си дэлъхуфӀхэ, Фэ насыпхэр къытхуэфхьай, Феплъыт модэ зигу къыфхуэфӀхэм.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 164

гур хуеӀэн

ФӀыкӀэ гугъэу зыгуэрым щӀэкъун.

Куэди хъуауэ дэ ди гъащӀэр Садым хуэдэу зэщӀэгъагъэу, Хъер къыпыкӀыу дэ ди гуащӀэм, Гур зыхуеӀэр нэм илъагъуу, Гъатхэ махуэр дэркӀэ уэфӀти Хэку щхьэхуитыр садым хуэдэу Гур дихьэхыу ищӀмэ фӀэфӀти КъехъулӀакъэ и мурадыр.— Коммунист. «Партыр ди пашэу», 24

гур хузын

Гур зыгуэрым икъузын.

А уаем сэ си гур ИӀыгъыу ехуз, Уэ фӀыуэ сыкъолъагъури – Сыкъолыр, сопсэу.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 27

гур хъуэпсэн

Зыгуэр хуабжьу хуеин.

А тӀум [Ӏэдэмрэ Хьэуарэ] дещхь хуэдэ, дэри куэдрэ Ди гур зэхъуапсэм дыдехьэх.— Хьэуа. «Дамыгъэ», 72

гур хьэхун

Удихьэхын, псэм хыхьэн (къыдыхьэн).

И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фыцӀитӀу едзыхащ. А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39

гум шэуэ къытехуэн

Егъэлеяуэ зыгуэр и жагъуэ хъун, зыхищӀэн.

Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьэжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75

гу щабэ

Гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэч.

Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам, Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат, Иджы нэстхахэм гу лъыптам, Си дежкӀэ мащэр гъунэгъуат— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59

+2 örnek

Сэ сощӀэр, нэзмытхмэ, Уигу щабэр ныкъуащ.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26

[Инал:] Дэ дигу щабэ хъунукъым, ди бийр лъэныкъуэегъэз дымыщӀауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597

гу щегъэхуэн

Зыгуэрым зыгуэркӀэ зегъэгъэнщӀын.

Тхьэм гу щригъахуэ и машинэми, и муради кърехъулӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539

гу щымыхуэн

ЗыгуэркӀэ уримыкъун, зыгуэрым зыщымыгъэнщӀын.

Зэманыр кӀуакъэ гу щызмыхуэу.— И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… Щхьэлыкъуэ, 406

+2 örnek

Тхьэм ещӀэ, и лӀым гу щимыхуэу зауэм ягъэкӀуа, езы цӀыхубзым сигъэтӀысри пэшхьэкур зэщӀигъэнащ, пхъэ гъур тӀэкӀу щылъыр ирилъхьащ.— МелыӀыч, 440

Къыдэпхьэхыу зы нартыжьи Щыбгъэуэну уэ плъэкӀакъым, Уи мураду къэпхутами Гу щумыхуэу кӀуэдыжынщ— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 414

гу щыхуэн

ЗыгуэркӀэ урикъун, зыгуэрым зыщыгъэнщӀын.

Гу зыщумыхуэр пӀэщӀэкӀамэ, ИкӀащ пӀалъэншэу уи щӀэщыгъуэ.— ЩӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 15

[и] гурэ [и] щхьэрэ зэбгъэжын

Зыгуэр зыдэгъуэжын, и щхьэм хуэмыарэзыжын.

Къыдырыр пэху хъужауэ удзыпцӀэм къыхэнауэ къру къомыр гублащхьэдэс защӀауэ зэрылъатэм еплъащ, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжу.— Кхъухь пхэнж, 496

[и] гурэ [и] щхьэрэ зэрыгъуэтыжын

И псэ къыпыхьэжын, гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъэщӀэжын.

[Дэфэрэдж:] Си гумрэ си щхьэмрэ зэрыгъуэтыжауэ сэри зызохъунщӀэ, ЛэтӀифэ жиӀэр сымыдэу: - Пэжу, анонимкэ щатхкӀэ я хъэтӀыр яхъуэжауэ ятх, щыуагъэхэри хэту.— Лъапсэ, 25

гумрэ щхьэмрэ зэрыубыдыжын

ЗыкъэщӀэжын.

[Дэфэрэдж:] Си гумрэ си щхьэмрэ зэрыубыдыжауэ сыкъызэфӀэтӀысхьэжри си щхьэм къихьэр жысӀэу къэзублащ: – АтӀэ аракъэ, дунеир аращ нэху щалъагъур— Лъапсэ, 22

[и] гурэ [и] щхьэрэ зэтетын

Зыми шэч къытемыхьэн, тегушхуэныгъэ хэлъын.

Уигурэ уи щхьэрэ зэтету Ӏуэхур букъуэдийми, блэжьыр тэмэму зэрыблэжьыр хьэкъыу уи фӀэщ мыхъуамэ, зэӀыбгъэхьэнкӀэ мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

[и] гуи и щхьи къэмыкӀын

Акъылыр гупсысэ гуэрым хуэмыкӀуэн.

Зыхуэзэнур ищӀэжмэ, Долэт, дауи, зыгуэр къигупсысынт, арщхьэкӀэ сэбэп къыхуэхъун хуэзэну а лӀым пщӀыхьэпӀэу игуи и щхьи къэкӀакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 199

+1 örnek

Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, псыхъуэу щыӀэ псоми зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэринар— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

гур щыкӀын

Зыгуэр щхьэкӀэ уигу зыгуэрым ебгъэн. -9.

[Бажэм мыщэм жреӀэ:] – Лы гъэфыныр фи хабзэшхуэщ, Пэжщ, фи лъэпкъыр фыщыкӀащ, Сэ сыхъуащи пшынауэшхуэ – Лыр пшэр защӀэщ, сигу щыкӀащ— Бажэ пшынэ, 4

+2 örnek

Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛэтӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ.— Лъапсэ, 8

Къурмэныл тӀэкӀу къихьар и нысэм фӀы дыдэу къигъэхьэзыра щхьэкӀэ, хьысэпылым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ и гур щокӀ— КӀапсэ кӀапэ, 16

гур щымыпыӀэн

Гур зыщӀыпӀэ щымыгъэтӀылъын, щымызэгъэн.

Чачи жиӀэн игъуэтырт: «Уи щӀалэм и гур щыпыӀэркъым, си псэ тӀэкӀу», жиӀэурэ Думэсарэ и гур нэхъри Ӏей къищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

гур щымысхьын

ПфӀэмыгуэныхьын, пфӀэмыпсэкӀуэдын, гур щӀэмыгъун.

Къарууи сиӀахэр, Силъ пщтырыр кӀуэдащ, Сэ си гур зы тӀэкӀуи Си гуащӀэм щымысхьт.— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 32

гур щӀэгъэстын

Гур къызэщӀэгъэплъэн.

– АдакъэщӀэ, хущӀэ пӀастэ, Санэ сӀыгъкъэ, гур щӀигъэсту.— Елбэздыкъуэ, 9

гур зыщӀэгъэгъун

Зыгуэрым зыхуэгъэтхьэмыщкӀэн, игу зыхуэгъэузын, зыхуэгъэгузэвэн.

Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа— Лъапсэ, 9

+2 örnek

Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хумыгъэгъу— Елбэздыкъуэ, 9

Нэмыцэм дышуудзэ я гугъэу кӀуапӀэ къыдатыркъым, - жиӀэу Бекъан яхуэтхьэусыхэрт ягу зыщӀигъэгъун и гугъэу— Нал къута, 269

гур щӀэгъун

Зыгуэрым гур хуэузын, пфӀэгуэныхь, пфӀэпсэкӀуэд хъун.

Жагъуэгъу сэламыр сытым щыщ, Ар къезыӀыхым сигу щӀэгъуащ – Дыгъужьым и цыр ихъуэж пэтми, И хьэл ихъуэжу уэ плъэгъуа?— Дыгъужь. «Дамыгъэ», 219

+1 örnek

Егугъу ӀэщӀагъэм, жиӀэрт сянэм, Къызэущиеу игу къысщӀэгъут.— ӀэщӀагъэ. «Дамыгъэ», 117

гукӀэ щӀэн

Гум ибубыдар имыхуауэ щӀэн.

Зы тхылъ ин и блэгущӀэм щӀэлъу Къазджэрий, и гупэр курсантхэм къахуэгъэзауэ, ипэ ит партэ щӀыӀум къытетӀысхьэри, щӀэупщӀащ: – Хэт усэ гукӀэ ищӀэрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

+1 örnek

Лу тхылъым итыр гукӀэ ищӀэти, тхылъым еплъыным и пӀэкӀэ Чачэ дежкӀэ еплъэкӀыурэ къеджэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512

гур щӀэхун

Къэгузэвэн.

– Думэсарэ и гур щӀэхупауэ щӀэупщӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

гур щӀэхупэн

Гур икӀын.

Думэсарэ и гур щӀэхупауэ щӀэупщӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

гум щӀэлъэдэн

Егъэлеяуэ зыгуэр уи жагъуэ хъун, куууэ зыхэпщӀэн.

Джатэдзэу Жану щыӀэщ псалъэ, ЗыжепӀэм и гум ныщӀолъадэ, КӀыфӀым хэхуами хэмыкӀуадэ, Зыщыбгъэгъупщэу гум имыдэ— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357

гум щӀыхьэжын

И жагъуэ хъужын, куууэ зыгуэр зыхэщӀэжын.

Нурхьэлий диныр и фӀэщ хъуащ хьэкъкӀэ, къурӀэныбзэ псалъэ къыжьэдэкӀыу, жиӀэр и гум нэхъри щӀыхьэжурэ, тегузэвыхьыжурэ къоуӀэбжь.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

+1 örnek

Модрей къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ яфӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ.— Лъапсэ, 42

гум щӀыхьэн

Хуабжьу зыгуэр уи жагъуэ хъун, куууэ зыгуэр зыхэщӀэн.

Махуэ енкӀэ Шур къэжауэ, А иныжьри езэшауэ, Шум аргуэру къылъэщӀохьэ, КъыщыщӀари и гум щӀохьэ.— Елбэздыкъуэ, 18

+2 örnek

Саният ар ибзыщӀыххэртэкъым: ди хэку сыкӀуэжрэ удзыпцӀэм сыхэсу, адыгэ сабий цӀыкӀухэр гъэмахуэм деж зэрызехьэу къажыхьу, я анэхэр гузавэу абы я ужь иту си нэм илъэгъуауэ сылӀэми, «солӀэ» жысӀэнтэкъым, жиӀэрт Саният, зэрыбампӀэр Зураб и гум щӀыхьэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666

Ауэ, нэху зэрыщу, Астемыр Налшык нэсыжын хуейти, ар и гум щӀыхьат, иджыри къэкӀуэжыпакъым, къызыхэкӀа отрядым кӀуэжмэ, аргуэру къэтынщ куэдрэ, жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 308

гур щӀыӀэн

НэгъуэщӀым и гукъеуэ, и гуауэ зыхэмыщӀэн. -422.

Хэт ейми содэ сэ а пыӀэр, Ухуейми си щхьэм хуремыхъу, КӀуэфынкъым жыжьэ зи гур щӀыӀэр – Шум лъэсыр гъуэгум щыдэмыхъу.— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10

+1 örnek

Ер ӀэщӀагъэу къэзыщтам И гур щӀыӀэщ сытым щыгъуи, ГущӀэгъугъэми пэжыжьэщ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 421

гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ илъын

Уи гупсысэм гур къизыгъэгуфӀыкӀын, гум фӀэфӀ фӀэкӀа (гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ с.ху.) имылъын.

Сэлимэ шхыӀэным къыщӀэӀэбыкӀри си Ӏэр къиубыдащ, гуащэ иӀыгъ хуэдэ и бгъэгум ирикъузылӀащ, сэр щхьэкӀэ и гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ зэрилъым гу лъызигъатэу, сэри сыщыгуфӀыкӀырт зыкъызэрищӀэжым щхьэкӀэ, си тхьэкӀумэми къицырхъащ: - Дэфэрэдж, - жиӀэу ерагъыу и жьэм къыжьэдэкӀащ.— Лъапсэ, 28

гум ӀэфӀрэ хуабэрэ илъын

А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщӀкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

Еплъ: гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ илъын

гум Ӏей хуимылъын

Зыгуэрым фӀыуэ хущытын.

Инал и гум абы Ӏей хуилъу щытамэ, жылэр шэсу фыуви Жыраслъэн къефшэлӀэж, жиӀэнтэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

+1 örnek

[Къазджэрий Инал щхьэкӀэ:] Игу Ӏей къысхуимылъ хуэдэу къысфӀощӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

гур Ӏеин

Гур къызэрыдэхьеяуэ, къекӀуауэ щытын.

Сигу Ӏейуэ, слъагъумэ нэ фӀыцӀэшхуэр, Си губжьыр фӀыкӀэ зызохъуэкӀыр, Гум щӀыхьэу сыгъми сыдыхьэшхми, Зы нэпсщ тӀум щыгъуи нэм къыщӀэкӀыр.— Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71

[и] гурыфӀ къикӀын

Гукъыдэж иӀэн, хуейуэ, фӀэфӀу зыгуэр ищӀэн.

И гурыфӀ къикӀмэ, [Долэт] куэбжэр Ӏуихырти фызхэр къыдигъэхьэрт, ауэ къытехьакъэ – хьэпариижьыр псыкъуийм ирипхырти, итӀанэ еплъыт псы пэгун къихи— Хъуэпсэгъуэ нур, 243

[я] гур зэрылъагъун

Я псэр зэкӀэрыпщӀэн, сыткӀи зэгурыӀуэн.

ТӀуми зыхуаӀуэтэжынур зыхуаӀуэтэжа нэужь, я гур фӀыуэ зэрылъэгъуащ, игъащӀэм зэрыцӀыху хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 180

[я] гур зэрыщӀэн

Зыр зым зэхищӀыкӀын, фӀыуэ зэрылъагъун, зэгурыӀуэу зэбгъэдэтын.

ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум [Елдаррэ Саримэрэ] я псэмрэ я гумрэ зэжраӀам гъунэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

+1 örnek

А цӀыкӀуитӀым я гур зэрыщӀэти, щэху цӀыкӀуу зэпсалъэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 608

гур зэфӀэнэн

Зыгуэр и жагъуэ хъууэ къызэӀууэн, нэщхъей къэхъун, къызэфӀэзэрыхьын, и гъын къэкӀуэн.

Си деж упӀащӀэу укъэсау, А уи Ӏэ щабэу сигу къинар УӀэгъэм гуапэу къеӀусау КъысфӀэщӀри, си гур зэфӀэнат.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59

+2 örnek

Федя и гур зэфӀэнауэ Гъуэгу зэрыкӀуэр зэпеплъыхь. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 160

ЛӀыжьым и гур зэфӀэнащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 148

[я] гур зэхуэфӀын

ФӀыуэ зэрылъагъун, псомкӀи зэгурыӀуэн.

А щӀалищым ягу зэхуэфӀу Хъарбызхъумэу Рау хуагъакӀуэ, ХьэщӀэу къашэм ар яфӀэфӀу, ЛӀыжьыр, жаӀэ, ди лэжьакӀуэр, Илъэсищэ нобэ хъуауэ, Куэд и гъащӀэм илъэгъуауэ. «— Тисей, 479

гур зэхуэӀэфӀын

Зыр зым фӀыуэ хущытын, зыхуэарэзын.

ТӀэкӀу дигу зэхуэӀэфӀу дыщывгъэс, – жиӀэрт Иринэ.— Щынэхужьыкъуэ, 30

+1 örnek

Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ.— КӀапсэ кӀапэ, 15

гур зэщыгъэуэн

Зыгуэрым зыри фӀэмыӀэфӀыж, хуэмыхьыж щӀын.

КӀуэцӀрыкъуагъэм цӀыхум я гур къреуд, я гур зэщегъауэ, нэмыплъ къыурегъэх.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544

[я] гур зэщыкӀын

Зыгуэр щхьэкӀэ зэщыӀеин, зэмыфӀыжын, я гур зэбгъэдэкӀын.

Зы псалъэ закъуэ къемызэгъыу ЖысӀати ди гур зэщыкӀащ.— Зэ закъуэ хъу си щхьэгъусэ. «Батырыбжьэ», 87

+1 örnek

Сыт лӀыгъэ зэрахьами, Локотошрэ Якъубрэ зэфӀэкӀуэдащ, ягури зэщыкӀащи, зэкӀужыну Ӏэмал зимыӀэщ.— Нал къута, 309

гур зэщӀэнэн

КъызэщӀэӀэта, жыджэр хъун.

Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ, МафӀэу ди гур зэщӀэнэнщ, щӀы уи фӀэщ уэ, Сталин лъапӀэ: Бий дищӀ лъэщым къидмынэн.— Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41

+1 örnek

Си гур зэщӀонэ, услъэгъуамэ, Нурыр игуэшу дыгъэ нэхущ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215

гур зэщӀэплъэн

Губжьым къыхэкӀкӀэ гур къэлыбын, зэщӀэнэн.

И гур нобэ зэщӀэплъами Псы емыфэу ар псэуакъым, Ауэ нобэ псым теплъами Ар мыгуфӀэу хуэшэчакъым.— Псы. «Партыр ди пашэу», 16

гур зэӀигъэхьэн

Зыгуэрым уи гур Ӏей ищӀу, гукъыдэмыж ухъун, уи къэжьын къигъэкӀуэн.

Абы кърит хущхъуэр апхуэдизкӀэ дыджти, зы Ӏубыгъуэ закъуэм укъигъэжьыну уи гур зэӀигъыхьэрт.— Нал къута, 244

гум зиужьын

Гукъыдэж, гупсэхугъуэ гъуэтын.

Къру щӀыкӀэу, зэлъэужьу Мэкъу пыдупщӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм, гум зиужьу Аргъынэшхуэр ныӀудох.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46

гум зигъэпсэхун

Гукъеуэ с.ху. уимыӀэу гур зэгъэн.

Ар, уигу хигъахъуэу, сыт уардэ, Сытеплъэм, си гум зегъэпсэху.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11

гум зишхыхьыжын

Губжьым зэщӀигъэнэн, зыгуэр щхьэкӀэ бэмпӀэн, зэгуэпын.

Уэ уигу ерыщым зешхыхьыжри, Уи лъэ зытетыр егъэщэӀу.— Си лъапсэр бгъуэтмэ... «Щхьэлыкъуэ», 68

+1 örnek

Жангулэз и гум зишхыхьыжурэ ӀэлъэщӀ дахэр дурэшым дидзэри ежьэжащ.— КӀапсэ кӀапэ, 18

гу зылъегъэтэн

Зыгуэрым зыгуэркӀэ гулытэ зыхуегъэщӀын, зыкъегъэлъагъун.

Советскэм и унафэр си унафэщ, и Ӏуэхури дызоӀэт, культармеец къакӀуэмэ, дэсхужыркъым, жиӀэу Долэт дэни къыщепсэлъ, абыкӀэ зыхигъэгъуэщэжу, Инали гу зылъригъэтэн и хьисэпу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507

гу зылъемыгъэтэн

Зыгуэрым зыгуэркӀэ гулъытэ зыхуемыгъэщӀын, зыкъемыгъэлъагъун.

Аслъэным и гум фӀы зэримылъыр къыдырми ищӀэрт, гу зылъригъатэртэкъым…— Кхъухь пхэнж, 500

+2 örnek

Думэсарэ и гур къызэфӀэнэрт, и дзэр зэтрикъузауэ гъырти, и пӀэщхьагъыр псыф хъуамэ, унэм щӀэсхэм гу зылъримыгъатэу нэкӀукӀэ тегъуалъхьэрти нэху щыхукӀэ гъущыжауэ къыщӀэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

Лу тӀэкӀу зэрышынэм пцӀы хэлътэкъым, арщхьэкӀэ, и ныбжьэгъухэм гу зылъримыгъатэу, кхъэ унэ кӀуэцӀым щыӀэбэрабэт, удз кӀырым хэпэщэщыхьу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 578

гум игъэлъын

Зыгуэр пщымыгъупщэжу, пщӀэжу, уи гупсысэм зэпымыууэ хэгъэлъын.

Сэ уанэгу сыкъихуу Губгъуэм сыкъинами, Си хъыбарыр жепӀэурэ Дахэм игу сигъэлъ.— Телъхьэ уанэ си шым. «Мывэ хуабэ», 233

+2 örnek

Уигу игъэлъ плъэгъуар, – жиӀэри Бэлацэ куэбжэр хуищӀыжащ, Елдар и Ӏэуэлъауэр жэщ кӀыфӀым хэкӀуэда нэужькӀэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 277

Ей, а Саримэ, а Рум, Алыхьыр фи гум ивгъэлъ, шэ къыфтехуэнкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 283

[и] гур икӀын

Шынэн.

ЗауэлӀхэр щохьэ бий зигу икӀам: «Урыс сэлэтым щхьэщэ хуэфщӀ, Арщ къыфтекӀуэныр зылъэкӀар!» Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9.

гур ин хъун

Зыгуэрым иригушхуэн, ирипагэн, щыгуфӀыкӀын.

КхъуейплъыжькӀэрыщӀэм дэпщеяуэ Тембот къахэплъэрт ищӀагъым щӀэт къомым, хъыджэбзхэм, зы лӀыгъэ бэлыхь ищӀа хуэдэу, и гур ин къэхъуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 98

гур иудын

И гукъыдэжыр къутэн, и жагъуэ щӀын.

Сэ зыми и гур изудакъым, Е цӀыхум я гуи сэ сихуакъым.— МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351

+1 örnek

Ар щӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэрт, и жагъуэ зыщӀар езыр ара хуэдэу, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур къыгуроӀуэ тӀуми я гур къизудар— Лъапсэ, 105

гур ихын

1. Зыгуэр хуабжьу къэгъэщтэн, гъэшынэн.

УмыщӀэххэу ухуэзакъэ – Укъигъащтэу гур ирех.— Нэжэгужэ. «Дамыгъэ», 96

+2 örnek

Щышынэм и гур, пэжщ, ирехыр, И нэкӀукӀэ тхъуэплъым и Ӏэр щӀыӀэщ.— ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204

Ву макъым уи гур ирихыу, Щиху кӀыхьхэм дамэр еӀусэу, Кхъухьлъатэр щхъуантӀэу, лъахъшабзэу Мэуфэразэ аргъуейуэ— Адэ, 131

2. Зыгуэрым гур щӀэгъун.

Фыз сабийхэр зи бгъэ щӀэсым Я гъы макъым гур ирахыр. «— Тисей, 484

гум икӀын

Зыгуэр щыгъупщэн, имыщӀэжын.

Ар зи гум икӀыр ди бынкъым, Бийм емыуэфри дэ тпӀакъым.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38

+1 örnek

Я нэхъыфӀ дыдэу плъагъу цӀыхубзым убгъэдэсми, ар уигу икӀыну Ӏэмал зимыӀэт.— Щынэхужьыкъуэ, 29

гум илъхьэн

Зыгуэр мурад щӀын.

ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀамкӀи ар акъужьу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50

гум илъын

Уи гупсысэм хэлъын, мураду уиӀэн.

ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр— Тисей, 501

+2 örnek

Щамхьун и гум зы бэлыхь гуэр зэрилъыр ящӀэрти, Псыжь Ӏуфэ зыкъом щызэхуэсат— Хъуэпсэгъуэ нур, 163

Фызыжьым и гум сыт илъми Хэт илъагъуну лъэкӀын?— Адэ, 134

гум имыгъэхун

Гум зэпымыууэ игъэлъын, зыщымыгъэгъупщэжын.

Сэ уанэгу сыкъихурэ Губгъуэм сыкъинами, Сызыпылъ хъыджэбзым И гум сумыгъэху.— Телъхьэ уанэ си шым. «Мывэ хуабэ», 232

гум имыдэн

Гум фӀэмыфӀын, хуэмеин.

Зэанэзэпхъур зэакъылэгъуу защӀ щхьэкӀэ, тӀури щӀегъуэжат, ауэ заумысыжын я гум идэртэкъым.— Къалэн, 433

+2 örnek

Ӏэшэлъашэм щӀалэ цӀыкӀуу дэсыр къызэхуэсат, пщэдджыжь бэзэрым къэкӀуа Ӏэджи кърихьэлӀауэ зэныкъуэкъуу, ялъэгъуар зэхуаӀуэтэжу зэхэтт, мывэм тедиихьа лъы ткӀуэпсым теувэн я гум имыдэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 116

Тэмэщ уи гъащӀэр – къытегъазэ, КъызжаӀэу си гум имыдэн.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 63

гум имыкӀыжын

Уи гупсысэм зэпымыууэ хэлъын (телъыджэ, гъэщӀэгъуэн с.ху. къыпщыхъуа гуэр).

ЩӀалэ нэ цӀу цӀыкӀуу Лу къыщалъхуа махуэм къуажэм ягу имыкӀыжын Ӏэджи къыщыхъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 49

+2 örnek

Парадыр Апчарэ и гум икӀыжынкъым— Щынэхужьыкъуэ, 35

[Анэм, и къуэ Къарней хуэгъэзауэ:] «А махуэ дыдэм уи адэр ЛӀыукӀ нэмыцэм яубыдри, Бгъэм я тӀысыпӀэу ди бгыщхьэм Нэщанэ хуэдэу щагъэуври, Гъуэрыгъуэу еуэу яукӀащ, Гум имыкӀыжу гуузу».— Адэ, 142

гум илъыр къэтӀэщӀын

Гум илъыр къихын, хэӀущӀыӀу щӀын.

Ӏуэху къагъэхъейм тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут и гум илъ псор къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынкӀэ хъунут.— Лъапсэ, 82

гум имыхужын

8). Уи гупсысэм зэпымыууэ хэлъын, пщымыгъупщэн, гум къинэжын.

Мы хъыбарыр лӀыжьым жаӀэу Я гум ноби имыхуж. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 410

+1 örnek

«Си къуэр», – жиӀэу зэ жиӀащи, ЩӀалэм и гум ар имыхуу, Ныбжьэгъушхуэ зэхуэхъуащи, ЩӀалэм Ӏуэхур ӀэщӀэмыхуу Щэхуу йоплъыр тыгъэ гуакӀуэм, КӀэрыщӀауэ жэщи макӀуэ.— Тисей, 505

гум имыхун

Гум илъын, щымыгъупщэн.

Дэфэрэдж хущхъуэу зыхуейр езым ищӀэжу къыщӀэкӀынщи, кърещӀэ, зышэну кхъухьыр къэзгъэхьэзырауэ сыкъэкӀуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ емыжьэу хъунукъым, пащтыхьым и псэм хуэдэу илъагъу фыз нэхъ дахэ дыдэу француз цӀыхубзыр сымаджэ хъуащ, зыгуэр къыщыщӀмэ, ди гум ихункъым, къыщыщӀынуи Алыхьым жимыӀэ, Алыхьым къихъумэну, Алыхьым и ужькӀэ Дэфэрэдж сыт и узкӀи Ӏэзэу хъыбар Истамбыл нэсащи, къихъумэну дыщогугъ, - жиӀэри пэщэр къыщӀэкӀуар езым псалъитӀу жиӀами, и тэрмэшым гурыӀуэгъуэу къыжиӀэжащ, француз цӀыхубзым «си ӀэфӀыкӀэ цӀыкӀукӀэ» пащтыхьыр зэреджэри къыщӀигъужащ.— Лъапсэ, 120

гум иримыхьыжын

Зыгуэр гум фӀэмыфӀыжын, псэм дэмыхьэжын.

«Дивертисмент» жыхуиӀэ псалъэр арагъэнщ, жиӀати, ари и гум ирихьыжакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613

гум иримыхьын

ФӀэмыфӀын, гум къимыщтэн.

Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу.— МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234

+2 örnek

Къытхуишэнур нэбгъузкӀэ нэхъ мыхъуми дигъэлъэгъуащэрэт, щӀалэм и гум иримыхьынуми пщӀэркъым— Лъапсэ, 114

Дыгъуаси вэсмахуи – Нартыху Къазбэч и гум иримыхьын гуэр и нэгум щӀэкӀати, арауэ къыщӀэкӀынщ дыгъуэпшыхь, щакӀуэ дывгъакӀуэ жиӀэу и блыгущӀэт къомыр щӀызэхишар, и нэгум тӀэкӀу зригъэужьмэ, и гуапэу— Лъапсэ, 73

гум ирихьми-иримыхьми

Гум къищтэми-къимыщтэми.

Къэзышэну щӀалэм фӀэфӀми фӀэмыфӀми е хъыджэбзым щӀалэр и гум ирихьми иримыхьми, нэхъыжьхэм я унафэр унафэу къанэрт.— Лъапсэ, 65

гум ирихьын

Гум фӀэфӀын, хыхьэн, псэм къыдыхьэн.

Бэлацэжьыр къытехьауэ ХетӀэ-хесэ ислъэмей, – И гум пшынэр ирихьауэ Мэзым мыщэр щыдолъей, Бажэр йоуэ ислъэмей: – Ӏэпэ пшынэр маджэ, Ӏэджи къызогъэкӀ, Си мыщэжьу бзаджэ, Къомыгъанэ плъэкӀ.— Бажэ пшынэ, 6

+1 örnek

Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

гум иубыдэн

Уи гупсысэм зыщомыгъэгъупщэжу, зыӀэщӀомыгъэгъупщыкӀыжу хэгъэлъын.

Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ». Сынэсщ псы Ӏуфэм, псы сыщефэм, ТкӀуэпс щӀыӀэм мафӀэ си гур къищӀри, ЩысщӀат тӀысыпӀэ а псы Ӏуфэм, ТӀэкӀу зызгъэпсэхумэ, си гъуэгу скӀуну— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55

+2 örnek

Сыт цӀэуэ фӀэфщми хэт зымыдэр, АрщхьэкӀэ фи гум ивубыдэ – ЦӀэрыӀуэ хъунущ ӀэкӀуэлъакӀуэу Ар, ди къэкӀуэнум и ухуакӀуэм— Къуэ. «Партыр ди пашэу», 108

УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр, Дунейр бухыхукӀэ имыхун.— УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83

гум ихун

Зыгуэр щыгъупщэжын, ӀэщӀэгъупщыкӀыжын.

Увэныр куэдкӀэ яфӀэпсынщӀэщ, Зэхахыр куэдым я гум йоху.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384

гум ищӀэн

Псэм ищӀэн (къэхъуным и пэкӀэ).

Лу гукӀэ ищӀэрт гуфӀэгъуэр ущыхуей махуэм, пӀалъэ хуэпщӀам тету, къызэрымыкӀуэр— Хъуэпсэгъуэ нур, 306

+1 örnek

И щхьэри къыфӀэхуауэ зи пащӀэ псыф хъуа лӀы гуэр щыслъагъум, си гум ищӀащ ар сымаджэм и адэр зэрыарар, езыми сыкъыщилъагъум, и гур къызэфӀэнащ – тхьэм ещӀэ, телефоным и Ӏуэхур и гум къэкӀыжа.— Лъапсэ, 17

гур кӀуэдын

Шынэн, гужьеин.

Уз зэуалӀэу зи гур кӀуэдыр Псалъэ дахэм егъэхъуж.— Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ. «Вагъуэ махуэ», 323

+2 örnek

Зигу кӀуэда анэм и хьэдэр Къупщхьэ зырызу къещып.— Уэрщ, зауэлӀ хахуэ. «Шум и гъуэгу», 21

Нэмыцэр Налшык къэсри Якъубым и гур аргуэру кӀуэдащ – зэрыхъун щыхъуар иджыщ, жиӀэри.— Нал къута, 304

гур кӀуэдыпэн

Егъэлеяуэ гужьеин, и псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын.

[Аслъэныкъуэ:] Абы сегупсысурэ си гур кӀуэдыпащ.— МелыӀыч, 443

+2 örnek

Къазджэрий и гур кӀуэдыпат: сэ сызыщыгугъа, мыр къызэрыщӀэкӀа, жиӀэу и бгъэгум еуэж щхьэкӀэ, нейӀэмал.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664

МуӀэзинми имылъэгъуауэ къыщыщӀэкӀым, Дуду и гур кӀуэдыпащ, езыри ешащи, къару къыхуэнэжакъым.— ВитӀ, 414

гу кӀуэцӀылъын

ЛӀыгъэ, тегушхуэныгъэ хэлъын.

Ухэкушхуэу жамыӀами, Гушхуэ хэкум уэ пкӀуэцӀылъщ.— Адыгэ хэку. «Щхьэлыкъуэ», 394

+1 örnek

Иджыблагъэ жылэр Степан Ильич и ӀэщӀагъэр ягъэщӀагъуэу къеплъырт «Къэрал пхъуантэр» абы щигъэувам, нобэ Степан Ильич йоплъ Елдар, абы гушхуэ зэрыкӀуэцӀылъым, акъылышхуэ зэриӀэм шэч къытримыхьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225

гу щӀагъуэ кӀуэцӀымылъын

Шынэкъэрабгъэу, лӀыгъэншэу щытын.

Езыми гу щӀагъуэ кӀуэцӀылътэкъыми зыгуэрым триубыдэмэ, шынэжырт, щиӀуэжырт делагъэ имыщӀэну, арщхьэкӀэ Елдар зи ужь итыр блэбгъэкӀ хъун, делагъэм я делагъэжкъэ ар— Хъуэпсэгъуэ нур, 228

гу къабзэ

Зи гум Ӏей имылъ, хьэрэмыгъэншэ, гу хьэлэл зиӀэ.

Астемыр абыкӀэ шэч лъэпкъ хуэпщӀ мыхъуну гу къабзэт, итӀани Думэсарэ къыхуэщӀэртэкъым Астемыр къимыгъэкӀуэжу зыӀыгъыр, е езыми Ӏуэху зэрихуэм тепсэлъыхьу зыгуэр къитхтэмэ аратэкъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191

+2 örnek

Сигу къабзэр гъуазэу сымыгъуащэ – Сэ уанэ махуэр схузэщӀалъхьэ.— Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227

Народ псоми я гур къабзэу Къыбгъэдэту фӀыщ я гъуазэр.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 53

гур къэгъэжанын

Къэгъэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ игъэӀэн, етын.

ЛэжьапӀэм къикӀыжа нэужь, унэмкӀэ имыгъазэу а кабарем зиудыгъуауэ, гу зылъримыгъатэу щӀэплъэмэ, Назифэр зы бэлыхьлажьэу хуэпауэ къофэри лъагапӀэ тӀэкӀум тетщ, кабарем щӀэсу фадэм зигу къигъэжанахэри щыгуфӀыкӀыу хъыджэбз дахэм йоплъ, я гурыӀупсыр къажэу.— Лэчымэ, 396

+1 örnek

Езыми, фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну.— Лъапсэ, 86

гур къэжанын

КъызэщӀэплъэн, нэжэгужэ хъун, гукъыдэж иӀэн.

ХьэщӀэм и гур къэжанати, «цӀыхубз гуэр щӀегъашэт си пэшымкӀэ», - жиӀэри Нартыхум щэху цӀыкӀуу гуригъэӀуащ— Лъапсэ, 79

+2 örnek

Абы щыщэкӀуэну хэт хуит, хуимыт жаӀэу зигу къэжэнахэр зодауэ.— Лъапсэ, 81

Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь гур къэжэнащ, псэлъэрей хъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

[и] гу къебгъэн

– Я сэ си тхьэу си тхьэшхуэ, сыт мыгъуэ уигу къыщӀыдэбгъар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 274

+2 örnek

Ди анэшхуэми арат нэхъ зыхуигъазэр, уеблэмэ ЗекӀуэтхьэм и гур къебгъамэ, арауэ жиӀэрт шу къомыр Ӏисраф щӀэхъуар, сэри уафэгъуагъуэ макъ зэхэсхмэ, сышынэурэ си диным сикӀырт, сыздэкӀуэнур сымыщӀэу.— Лъапсэ, 6

Узыхуэтхьэусыхэни щыӀэкъым, къуажэ Советым уокӀуэри – цӀыхум я гур къобгъэнущ, я пщӀантӀи удагъэхьэжынкъым, я хьэр къуауштурэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

Еплъ: [и] гур ебгъэн

гур къезэуэн

Зэгуэпым, бампӀэм къыхэкӀкӀэ гур къеныкъуэкъун.

Зи гур къезауэм и сэшхуэм Набдзэр хуэхъунущ къамэпэ.— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52

+2 örnek

Сэ зи гугъу сщӀыр утыкум къиувэмэ, цӀыхуфӀыфэ зытригъауэ щхьэкӀэ, зи гур къызэзауэрщ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642

ГъумэтӀымэу и гур къезауэ пэтми зишыӀащ— Щынэхужьыкъуэ, 17

гур къекӀуэн

Гур къызэрыдэхьеин, зэӀыхьэн.

Гесиод. Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

+2 örnek

ЦӀыхубзыр апхуэдизкӀэ шынэщати, зимыщӀэжу мэджалэ, и гур къекӀуауэ.— Лъапсэ, 51

ЦӀыхубз зыкъизыххэм яхэс нысащӀэм Урарэ зэрыӀуплъэу и гур къекӀуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584

гу къыхуэмынэжын

Гур щӀэхун, къарууншэ хъун.

[Хьэбибэ:] Алыхь, гу къытхуэмынэжа!— Нал къута, 229

гум къэгъэкӀыжын

ПӀэщӀэгъупщыкӀыжа гуэр гум къигъэхьэжын.

«АтӀэ къыптекӀуэр гугъущ» жызыӀэу Ӏэщ тӀэкӀу ихъумэфар жэщкӀэ иукӀыжурэ зызыгъэхьэзыри щыӀэт, колхозыр зымыдэу щыта къомыр кӀуэдыкӀейуэ зэрагъэкӀуэдар я гум къагъэкӀыжауэ.— Лъапсэ, 84

+2 örnek

Лу къыхидза уэрэдым и уэрэдыпкъыр ящӀэжыртэкъыми, езы Тинэ ар зыщыгъупщэжам я гум къигъэкӀыжащ: Хьэнцигуащэ Зыдошэрэ, зыдошэрэ, Ялыхь, уэшх къегъэщэщэх!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643

Якъуб зыгуэр щибзыщӀу гу къылъимытэн щхьэкӀэ, Апчарэ адыгэш хъыбару Бекъан къыжриӀауэ щытар и гум къигъэкӀыжащ.— Нал къута, 266

гум къэгъэкӀын

Зыгуэр гум къигъэхьэн.

Абы хэт щӀалэу Хьэкуринэ БлэкӀахэр фи гум, мес, къегъэкӀ, Адыгэ тхыдэм нэпсу хэлъым Щыщ ткӀуэпси фи нэм къыщӀегъэкӀ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179

+2 örnek

Дызэрыпагэр телъщи напщӀэм, ТфӀэӀэфӀу ди гум къыдогъэкӀ.— Ныкъусаныгъэ. «Дамыгъэ», 222

КъеплъэкӀауэ [Федот:] Къилъэгъуащ Марфэ щыту: «ФӀыкӀэ, Марфэ, узыншэу, Уи гум куэдрэ сыкъэгъэкӀ», Марфэ магъыр насыпыншэу.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 160

гум къэкӀыжын

Гум ихуа гуэр къэщӀэжын, къэгубзыгъыжын.

«Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

+2 örnek

Унэм щӀыхьэну дэкӀуеипӀэм щынэса дыдэм Сарими и гум къэкӀыжащ езыр яшауэ унэишэ щыхуащӀам, нобэ хуэдэ къабзэу лэгъунэм щӀашэ пэтрэ, шэ къытехуауэ зэрыщытар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

Убыхым я деж къикӀа щӀалэхэр бэлыхьу хуэпащи, зыкърах, мо фейцей къомыр щалъагъум, зэщӀодыхьэшхэ, арщхьэкӀэ я щыгъын зэрахъуэжын хуейуэ зэрыщытыр я гум къыщыкӀыжым къогузэвэж: «Дауи ди щыгъыныр етту, езым ящыгъхэр къазэреӀытхынур?» - жаӀэу.— Лъапсэ, 115

гум къэкӀын

1. Гупсысэ гуэр уи щхьэм къихьэн, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэкӀуэн.

Ныбжьэгъу, уэ фӀыкӀэ уигу сыкъэкӀмэ, Си гъуэгу кӀыхь хъуну къызэхъуэхъу.— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10

+2 örnek

Шейхым жиӀэм седаӀуэу сыщысурэ, зы план бэлыхь си гум къэкӀащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404

МакӀуэ щӀалэр, жыжьэ къокӀыр, МакӀуэ, макӀуэ, къемыплъэкӀ, Ӏэджэ щӀалэм и гум къокӀыр – И къуажэжьыр хъуащ зэгъуэкӀ.— МакӀуэ щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54

2. Зыгуэрым хуэзэшын.

Лъы пщтыркӀэ уэсыр згъэпщӀэнтӀау, ФӀыуэ слъагъур си гум укъэкӀат.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59

+3 örnek

Уигу, си анэ, сыкъэкӀамэ, Уэ мащӀэ уи лъэӀу?— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26

Къазджэрий, дауи, игу къэкӀат и бынунэр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

КъэкӀащ сэ си гум сипхъу сэ згъафӀэр, Сабийр хъумапӀэм щызгъэпщкӀуауэ, Си псылъэм иту псы езгъафэрт, И гуауэр си гум щымыткӀуауэ.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 19

гум къэмыкӀын

Гупсысэ гуэр щхьэм къимыхьэн, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэмыкӀуэн, нэмысын.

Лу и насып къикӀат, езыр абы хуэдизкӀэ дихьэхати, къызэплъэкӀыу Ӏэюб сэлам ирихыжыну и гум къэкӀакъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527

+2 örnek

Умыгузавэ, си анэ, Письмо къэптхами седжащ, Уигу къэмыкӀахэм нэгъунэ Уи псалъэ мащӀэм къисхащ.— Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48

Сэшхуэм щигъэлъэпэрапэ куэдри къэхъурт, арщхьэкӀэ зыкӀэрихыну и гум къэкӀыххэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 323

гур къэгъэплъын

ГъэбэмпӀэн, къызэщӀэгъэнэн, къэгъэгубжьын, къэгъэлыбын.

ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ. Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 20

гур къэплъын

ЗэщӀэплъэн, бэмпӀэн, зэгуэпын, губжьын.

ТӀэкӀу зигъэщхъакъэ – псори маплъэ, А щӀалэр зэплъыр къыпхуэмыщӀэ, Хъыджэбзырщ зыщӀэр псом я пӀалъэ – Зигу къэплъым и Ӏур ирегъущӀэ— Зыхэс удз Ӏувыр ирецӀынэ. «Мывэ хуабэ», 45

+1 örnek

Ялъырт сэшхуэр ди адэшхуэм, Ягу къэплъахэм илът гугъэшхуэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51

гур къэхьэхун

Къыдэхьэхын, фӀыуэ гум хыхьэу зыкъегъэлъагъун.

Пщащэм и гур къэпхьэхунум, Куэдрэ уӀумыщӀэ, Игу къыпхуилъыр зэбгъэщӀэнум, КъыбжиӀар хуумыщӀэ.— ЩӀалэ нагъуэм удихьэхмэ. «Бгы лъапэхэм деж», 76

+1 örnek

Пщэдей хуэдэр бэзэру, директорыр кӀуэщ ветлечебницэми, абы я гур къихьэхуащ.— МелыӀыч, 470

гур къэятэн

Уз зимыӀэр хущӀогъуэжыр, ЩӀалэм я гур къэятащ.— Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 35

Еплъ: гур етэн

гум къеуэн

Зыгуэр жагъуэ щыхъун.

Думэсарэ жиӀэр Астемыр и гум иримыхь хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, ар Астемыр и гум къишхыдыкӀырт, игу къеуэ дыдэр жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642

+2 örnek

Дисэ абы хуэдизу къыщӀыкӀэлъыплъри, щыгъын сыт жиӀэу гузавэ щӀэхъуари, анэр нэхъ гумащӀэ къыщӀэхъуари, Елдар хуэзэмэ, Дисэ щӀыфӀэмыфӀри, Рахьим и мурадри, Елдар и гум къеуэри, Тембот щӀызэгуэпри иджыри къэс Саримэ къыгурыӀуакъым, ноби, а къомым гу лъита щхьэкӀэ, и фӀэщ хъуртэкъым гурыщхъуэ зэрищӀыр пэжу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 134

ЕтӀуанэрей махуэм Таша сымэ ягу къеуэр ящыгъупщэжри щхьэж и пӀэ изэгъэжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604

гум къилъэдэн

Гум псынщӀэу зыгуэр къихьэн.

Мыл Ӏувым хуэдэу сытелъадэу А пшэм сэ шууэ срижэнт, Ар жысӀэу си гум зэ къолъадэ, А пшэм и щӀагъым къуажэ щӀэтщ.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11

+2 örnek

Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ Шы жэр сытесу къэскӀухьын, Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу Зэдэжэм пыӀэр яфӀэсхьын.— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10

А машинэм исхэр лӀыкӀуэщ: Зыр Анзору щӀалэ пашэщ, Къызэреджэр «КӀапсэрыкӀуэщ» – ЩхьэкӀэ тету шы къегъажэ, Ар жыг щхьэкӀэм иту хадэр къекӀухьыфыр, игу къилъадэм.— Тисей, 478

гум къинэжын (къинэн)

Пщымыгъупщэжын, уи гум илъын.

Ящымыгъупщэу гум къинэжу Лъым хуаус гъыбзэр нэхъ гуузщ.— Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398

+2 örnek

Иджыри къэс Ботэх и гум ӀэфӀу зы закъуэ къинэжащ: щӀалэ цӀыкӀуу, хьэкӀэпыч цӀыкӀуу школым щыщӀэсым, и мыхабзэу, и адэм щакӀуэ здишауэ щытащ.— Лъапсэ, 66

А си махуэр гуапэу, уэфӀу Сабиигъуэр екӀуэкӀакъэ, Мис а махуэр уэрэд ӀэфӀу ЗызмыгъэнщӀу гум къинакъэ.— Вагъуэ. «Партыр ди пашэу», 7

[и] гум къипсэлъыкӀын

НэгъуэщӀыр зэгупсысыр, нэгъуэщӀым жиӀэну зыхуейр уэ къыжыпӀэн. -7. -46.

Уэрэду си гум къопсэлъыкӀыр, Къуажэжьыр си гум къошхыдыкӀ.— Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 383

+2 örnek

Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу.— Лъапсэ, 6

Вынд и къуэри яхэст, фадэбжьэ къыщаӀэт унагъуэр дэнэми къигъуэтрэ кӀуэ и хабзэуи, и къулыкъур мыщӀагъуэми зы зэман хьэӀусыпэ зратым яхэтат, Ӏэтащхьэм и гум къипсэлъыкӀыу, нэхъыжьыр езыри абы нэ лейкӀэ къеплъырт.— Лъапсэ, 45

гум къихын

Гум илъыр къигъэкӀын, къэӀуэтэн.

Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр.— Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7

[и] гум къихьэн

1. Щхьэм гупсысэ гуэр къэкӀын, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэкӀуэн.

ГъэщӀэгъуэну, нобэ дахэр Гушхуэу, гуфӀэу къикӀухьащ, Сыт хъуэпсэгъуэр, сыт насыпхэр Дахэм и гум щхьэ къихьа? «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153

+2 örnek

Псы уэр аузхэм удыхьэм, Пщы щӀопщыр дэни щыпсалъэт, Щхьэхуитыныгъэр гум къихьэм Ар пӀуатэ мыхъуу дыпэплъэрт.— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99

Гупсысэ лъапӀэр сигу къихьэху, ГуфӀэгъуэр си гум зи имыкӀ.— Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14

2. Зыгуэрым хуэзэшын.

Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш.— Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207

[и] гум къишхыдыкӀын

Гум къипсэлъыкӀын.

Уэрэду си гум къопсэлъыкӀыр, Къуажэжьыр си гум къошхыдыкӀ.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383

+2 örnek

Си пшынэ Ӏэпэр щӀамыгъауэм, И макъыр си гум къошхыдыкӀ.— Си усэ. «Вагъуэ махуэ», 358

Степан Ильич, Астемыр и гум къишхыдыкӀ хуэдэу, Астемыр зыхуей защӀэт жиӀэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232

гум къридзэн

Гум къэкӀын, гупсысэр хуэкӀуэн.

Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэуцӀынынт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджатэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт.— Лъапсэ, 111

+2 örnek

Шылэ ӀэлъэщӀыр Си плӀэм дызодзэ, Си гум къредзэ, Сыдихьэхащи, Шумахуэ фыкӀуи жефӀэж— Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 115

Ди псы уэрхэм я къежьапӀэр, Ди къыр лъагъуэу нэшэкъашэр, Гум къридзэм – къыщхьэрепхъуэ, Сымылъагъуу Ӏэхэлъахэр.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372

гум кърилъхьэн

Гупсысэ, мурад гуэр гум къэкӀын.

Ауэ а насып псоми я лейт, Инал, а цӀыхубзым нэхъ хьэлэл уищӀрэ, захуагъэ уи гум кърилъхьатэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

гум кърихур

ФӀэмыфӀыр, и жагъуэ хъур, и гум къеуэр.

Хуэмышэчу и гум кърихухэр, зытегузэвыхьи сыти къимыгъанэу, Астемыр псори жриӀащ и фызым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641

+2 örnek

Къазджэрий къыгурыӀуащ хьэщӀэ къэкӀуам и гум кърихур, ар Бэтэгъэ ищхьэ нэс къизыхуу Бурун къэзыхуар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621

Къалэм дэсымрэ абырэ зызэраупсейри бжьэцу зэрызехьащи, я гум кърихур зэгъэщӀэн хуейщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

[и] гум къыдэжеин

Жагъуэ пщыхъуа гуэр пщымыгъупщэжу къызэрыдэхьеижын.

Си гъащӀэ Ӏыхьэр сохь сыдаӀуэу, ИтӀани си гум къыдожей: «Дунейм уехыжым пфӀэфӀкъэ?» – жаӀэу КъызэупщӀынуи сыхуэмей.— Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 153

гум къыдэкӀын

Гум къыбгъэдэкӀын.

Гум къыдэмыкӀыу псалъэ закъуэ Си усэ тхылъым яхэмыт— Ди лъэпкъ и псалъэ епцӀыжакъым. «Дамыгъэ», 208

гум къыдихун

ЗыгуэркӀэ мыарэзын. -74.

А псор къадым ищӀэрэ имыщӀэрэ тхьэм ещӀэ, езы Дэрдэхь ещӀэж и хьэрып гъунэгъухэм я гум къыдихур…— Хьэсэпэхъумэ, 418

+1 örnek

ЦӀыху Ӏуву зэхэтым къаувыхьауэ зэ зыр адэкӀэ къыхогуукӀ, зэ нэгъуэщӀыр къыхокӀиикӀ, я гум къыдихур ямыбзыщӀу.— Лъапсэ, 73

[и] гум къыдрихьеин

«Си щӀалэр» щыжиӀэм, Къэрэжь зыгуэр жиӀэну и гум къыдрихьеят, арщхьэкӀэ ӀэщӀэгъупщыкӀыжри фочыр блыным ириупсеящ: – Къэзгъэнэну аращ сэри къыщӀэсхьар.— Лъапсэ, 103

Еплъ: [и] гум къыдэжеин

гум къыпылъэдэн

Зыгуэрым хуабжьу хуеин, щӀэхъуэпсын.

И тхьэкӀумэр игъэкӀауэ, Дыгъужьыжьыр къытолъадэ, Лы ишхыныр игу къэкӀауэ Мыщэм и гум къыполъадэ…— Бажэ пшынэ, 10

+1 örnek

Си гум Ӏэджи къыполъадэ, Нэгум щӀокӀыр адэ япэ Бжэныр пабжьэм сфӀыхэкӀуадэу, Зы жэм закъуэ щызгъэхъуари. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 408

гум къыщынэн

Зыгуэр гум къинэн.

Пкъохэр згъэсынут, Гъуэгу щыхэссэнут, Усэу сэ сусыр ЦӀыхум хахьэфу, Гуауэу къыслъысыр Си гум къыщынэу, ГуфӀэгъуэ сихуэм, ЦӀыхум ялъысу.— Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 31

гум къыщӀитхъын

Зыгуэр зыӀэпыбгъэкӀыну, зыӀэщӀэбгъэкӀыну ухуэмеин, уигу пымыкӀын.

Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат— Лъапсэ, 91

+2 örnek

Ди гум фыкъыщӀитхъыу фыдогъажьэ, [зауэм кӀуэхэр] сыту жыпӀэмэ фыздэкӀуэр хьэгъуэлӀыгъуэкъым— Щынэхужьыкъуэ, 45

ЩӀалэхэр дзэм зэрыкӀуэм абы халъагъуэӀауэ ирипсалъэртэкъым, арщхьэкӀэ зи благъэ, зи къуэ кӀуэхэр гузавэрт, я быныр гум къыщӀитхъырт, итӀани гу зылъыуагъатэртэкъым, ягу къызэфӀэнами, псчэуӀу защӀырти, зыщхьэщагъэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125

гур къеуэн

ПӀейтеигъэ сыт хуэдэхэм гур нэхъ хуабжьу ягъэлэжьэн.

Ар щилъагъум, мыщэр къолъэри КъоувыӀэр, и гур къоуэр, Дыгъужьыжьым ар йошхыдэ: – Си ныбжьэгъур къакӀуэт мыдэ...— Бажэ пшынэ, 8

+2 örnek

Василецым и гур Къоуэр, ар мэпӀащӀэ, КъокӀуэр псынщӀэу а мафӀэгур Бахъэ хуабэр жьым къыпихыу Паравозыр бгъурыжащ, Зы макъ закъуи зэхимыхыу Ванэ Марфэм бгъэдыхьащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 167

Къыщеуэр уи гур Дагъыстанмэ, Си гур къыщеуэр Къэбэрдейщ.— Расул Гамзатов. «Щхьэлыкъуэ», 401

гур къеӀэн

Зыгуэрым хуэпэбгъэн.

[Степан Ильич:] Сэри сэбэп сыхъуу къысфӀощӀыж, итӀани си гур мыбыкӀэ къоӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

гур къигуфӀыкӀын

Зыгуэрым щхьэкӀэ гукъыдэжыфӀ гъуэтын.

ХьэщӀэм и гур къигуфӀыкӀыу щытщ.— Лъапсэ, 90

гур къилъэтын

Зыгуэрым щхьэкӀэ пӀейтеин, щтэӀэщтаблэ хъуа.

Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26

+2 örnek

Къилъэту и гур зэуакӀуэм Я унэм еплъми, бжэ лъахъшэр КъыӀуихыу и адэр къэмыкӀуэ. «— Адэ, 133

Алъхъо и гупым ягу къилъэту Я топыр бийхэм занщӀэ хуащӀ.— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 18

гур къэуӀэн

1. Ерыскъыр зэрыӀэфӀыщэм, зэрымаем е зэрыгуащӀэм къыхэкӀыу адэкӀэ (афӀэкӀа) пхуэмышхын.

Гундж мэракӀуэм Гур къеуӀэ, Гуауэщхьэуэр Къыплъегъэс.— Гундж мэракӀуэ. «Батырыбжьэ», 92

2. Гур зыгуэрым иригъэзэшу къарууншэ уищӀын, уи гур щӀихын.

Лэжьыгъэ инхэм щӀыхьыр хэту, А щӀыхьым ди гур къимыуӀэ, Длэжьар зы гъащӀэм дежкӀэ куэдми, Мурадым дежкӀэ ар мащӀэӀуэщ.— Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7

+2 örnek

ЦӀыхубз фэрыщӀым уахэдэм, Уи гур бзэ ӀэфӀым къеуӀэ.— ЛӀым хуэдэлӀ. «Батырыбжьэ», 162

И телъыджагъэр ягъэщӀагъуэ, Щхьэ зы гъэм уи гур къиуӀа?— Шеимэ. «Батырыбжьэ», 85

гур къихьэжын

Гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъищӀэжын (шынам, гужьеям, н.къ.).

МащӀэ-мащӀэурэ псоми я гур къихьэжащ, пшынауэ макъи къэӀури, джэгур яублащ, нэхъыжьхэр Ӏэнэм бгъэдэтӀысхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 105

гур къыдэжын

Узыншагъэ иӀэн, бгъэдэлъын. «

Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!» «— Тисей, 480

гур къыдэмыжын

Сымэджэн.

Дисэ игу къыдэмыжу къыдинэри ипхъу цӀыкӀуитӀыр и гъусэу и дыщым кӀуэжащ [и нысэр], аргуэру унэбжэр къигъэбыдэри.— ГущӀэгъу, 425

+2 örnek

[Астемыр Думэсарэ жреӀэ] Сыгукъыдэмыжу дэнэ уэ уздэкӀуэнур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573

Къазджэрий гупсысащ, сыт щӀэгукъыдэмыжыр, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573

гукӀэ къыдэщӀын

Зыгуэрым псэкӀэ къыщхьэщыжын, и акъылэгъуу щытын.

Думэсарэ игукӀэ Мэтхъэным нэхъ къыдэщӀт икӀи и мурадт и къуитӀым къурӀэн яригъэщӀэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566

гур къызэрыгъуэтыжын

ЗыкъищӀэжын, зэпӀэзэрыт хъужын (шынар, гужьеяр, н.къ.).

Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ екӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

+2 örnek

Гуащэ и гур къызэрыгъуэтыжа нэужь, Дэфэрэдж къеупщӀащ: - Уэ дэрэ дызэбгъэгъусэмэ, ара мыгъуэт сызыхуейр.— Лъапсэ, 34

Сыту Ӏуэхутхьэбзэшхуэ къысхуэпщӀа, зи уз кӀуэдын, - жиӀащ Дисэ, хьэлывэ тӀэкӀур зыӀуридзэщ, псы тефыхьыжри и гур къызэрыгъуэтыжауэ.— ГущӀэгъу, 422

[и] гур къызэфӀэнэн

Зыгуэр и жагъуэ хъууэ, и гум щӀыхьэу нэщхъей къэхъун, гукъыдэжыр фӀэкӀуэдын, гъыну къызэфӀэзэрыхьын.

Урарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа, зыри хужыӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586

+2 örnek

Дэфэрэдж и гур къыщӀызэфӀэнар Хьэкурынэу щӀалэ цӀыкӀур ӀэщӀагъэм езыгъэсар арат.— Лъапсэ, 111

– А тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ, уи закъуэ дыдэ мыгъуи, зи закъуэр Алыхьыращ, - жиӀэу Гунэуэс бжэщхьэӀум зэребакъуэу, Дисэ и гур къызэфӀэнэри къэгъащ, гущӀэгъу къыхуэзыщӀын къэкӀуауэ илъэгъуати.— ГущӀэгъу, 421

гур къызэщӀэплъэн

Зыгуэрым щхьэкӀэ егъэлеяуэ къэгубжьын, къэлыбын.

Шыгъуэм уанэ телъу къашауэ щилъагъум, Щамхьун игу къызэщӀэплъащ, щакӀуэм хьэкӀэкхъуэкӀэ къилъагъум зэрыхъум хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 164

гур къызэӀыхьэн

Гур къызэрыдэхьеин, къыдэмыж хъун.

Пэжым ухуеймэ, кӀэпхъми и гур къызэӀыхьауэ ныбажэ хъуагъэнт, апхуэдизкӀэ шынати.— Кхъухь пхэнж, 501

+1 örnek

Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

гур къутэжын

Зыгуэр егъэлеяуэ гъэвын, куууэ зыхэщӀэн.

[Чачэ Ӏузизэ жреӀэ:] Уи гур умыкъутэж, тӀу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 282

гур лыпщӀын

Гуауэ, гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ с.ху. егъэлеяуэ гум еуэн, гур ипхъуэтэн, исын.

Фигу щыхэхъуэм си гум хохъуэ, Фи нэщӀэбжьэм гур елыпщӀ.— ЩӀакхъуэ Ӏыхьэ лъымысами… Вагъуэ махуэ, 314

гу лъегъэтэн

Зыгуэрым зыгуэр егъэлъагъун, и акъылыр нэгъэсын.

Уэрамым дэту щыкӀуэкӀэ Лу ислъэмей ищӀырт, шы щӀыбым тету е щхьэкӀэ теувэу, Тинэ гу зылъригъатэмэ фӀэфӀу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

+2 örnek

ГушыӀэр хэзагъэркъым, зегъэгусэ занщӀэу, – жиӀэри шыд пэхум цыжьбанэр куэд лъандэрэ ицӀыхуу зэрыщытым гу лъаригъэтащ, – пэжыр жысӀэнщи, цыжьбанэм зыхимыщӀыкӀ щыӀэкъым.— Кхъухь пхэнж, 506

– Си щхьэцыр си лъэдакъапэм нос, - жиӀэри къыпищащ Гуащэ, и щхьэц ухуэна дахэм езыр зэрыщыгуфӀыкӀыжым гу лъыуигъатэу.— Лъапсэ, 35

гу лъемыгъэтэн

ЗыгуэркӀэ зыгуэрым гулъытэ хуемыгъэщӀын, къемыгъэщӀэн.

– Фи командирым къеджэ, – жиӀэри нэмыцэбзэ къабзэкӀэ Локотош унафэ ищӀащ, зэрымынэмыцэм гу лъримыгъэтэн и гугъэу.— Нал къута, 246

гу лъымытэн

Зыгуэр къомылъагъун, зыгуэрым уи акъылыр нэмысын.

Шуми лъэсми гу лъамытэу Куэд ди нэгум щӀагъэкӀащ.— Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… Батырыбжьэ, 10

+2 örnek

Нэмэз зыщӀыну къакӀуэу андез зыщтэм абы гу лъамытэу, шыбжий зыхэлъ псымкӀэ андез ящтащи, нэмэз ящӀу здытетым псчэ бэлыхьлажьэр къащыхьэри, къэхъуа-къэщӀар къахуэмыщӀэу, молэри мапсчэ, и нэпсыр къыщӀож, нэмэзыбзэр дахэ-дахэу хужыӀэркъым.— Лъапсэ, 116

Япэм Лу къыхуэзэмэ, хъымпӀар къимыщӀу щытами, иджы гу къылъимытэу блигъэкӀыртэкъым, къеубзэ хъуат— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547

гу лъытэжын

Зыгуэр къэлъагъужын, уи акъылыр зыщӀыпӀэ нэсыжын (техуэжын).

Тини ди школым щӀэсу щытамэ, сыту и насыпт, жиӀэрт зэми Лу, ар езым зэрыфӀэфӀым гу лъимытэжу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610

+1 örnek

Езы пхъащӀэм абы гу лъитэжати, удз ӀэплӀакӀуэ хуэдиз къыдигъэфыщӀри и фызыр щӀихъумащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527

гу лъытэн

Зыгуэр лъагъун. –520.

– Шум гу къылъитащ си фащэм, мо зэхуэса къомым сазэращымыщыр къищӀа хъунти: – ЗыӀуегъэх, тӀысэ, уэ, мыбдеж щыпщӀэн щыӀэкъым, - щыжиӀэм Ӏэнкунурэ сыкъежьэжащ, гуп зэхэт къомым гъуэгу къызамыту.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519

+2 örnek

Степан Ильич фочыщӀэ къудейуэ къыщӀэкӀакъым, цӀыхур революцэм хуриджэу гу къылъатэу ягъэтӀыса нэужь, Имамхэ я хьэжыжьым унэр къищэхуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576

Красноармеецхэм гу къылъатэу фызыр кумбым кърамылъэфыжатэмэ – зэфӀэкӀат: Хьэбибэ и кумбыр и мащэ хуэхъужауэ илӀыхьат.— Нал къута, 234

гу лъытэн–лъымытэн

Зыгуэр плъагъу-умылъагъу хуэдэу, уи акъылыр нэснэмыс хуэдэу щытын.

Ерагъыу къаша дохутырым цӀыхубзым и узыфэм гу лъита-лъимыта – куэдрэ къемылӀалӀэу кӀэбгъу ищӀри щӀэкӀыжащ, хущхъуи къримыту— Лъапсэ, 27

гу махэ

Гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэчыф, зигу дэмыхуэ.

КъищӀэнущ си анэм хъыбару хуэпхьар, Игу махэм хыхьэнщи, Ар щэхуу къэгъынщ, Ӏэ гъуркӀэ и нэпсыр илъэщӀу, пыхьэнщ.— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 34

+1 örnek

Мэхъу гу махэ Езы дадэр— Тисей, 482

гур мыгъэкӀуэдын

Мыгужьеин, зызэтеӀыгъэн.

– Уи гур умыгъэкӀуэд, – жиӀэрт Бэлацэ, езым и щхьэ хужиӀэж хуэдэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 274

гур мызэгъэн

ЗыгуэркӀэ, зыгуэрымкӀэ арэзы мыхъун.

Фэ си унэ фыпымылъыт, Бийм къелакъым ди псэуалъэр, А фщӀыжыну къыфпэщылъыр Арщ зимыӀэр нобэ пӀалъэ, – Батэ жиӀэрт игу мызагъэу, ЕщӀэр къуажэр зыхуэныкъуэр— УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 32

гум нэсын

1. ЗыхэщӀэн, акъылым хыхьэн.

Долэт егупсысащ Мусэ жиӀами, ар пэжу къилъытащ: - Уэлэхьи, пэжым – колхоз псалъэр нэхъ щӀэх советскэм и гум нэсынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

2. Зыгуэр куууэ гум хыхьэн, зыхэщӀэн.

Ди тхылъ зыхуэтххэм я гум нэсым, Ар мафӀэ бзийуэ кърелыд.— Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15

+2 örnek

– НтӀэ аращ, Алыхьу тэхьэлар уи гум нэсам, – жиӀэри молэм езым и щхьэм хуихьащ Къетау фӀы ищӀар— Лъапсэ, 61

Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых.— Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52

3. Еплъ: гур жэн

Мазэ Ӏэджэу къэунэхунум Дыгъэу яӀэу дэ дымыщӀэм, КӀыфӀым хэтхэр я нэхунэм – ГуфӀэгъуэшхуэу щыӀущӀэнум Сталинышхуэр егупсысырт, И гур псоми псынщӀэу нэсырт.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48

+2 örnek

Думэсарэ унэ лъэгум илъ тхылъхэм щеплъым, абы и гур Ӏэджэм нэсащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198

Астемыр и гур Мэзкуу нэсауэ, Степан Ильич къыбгъэдэкӀ Ӏуэхур и щхьэм икӀыртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568

гур нэхъыфӀ хъун

Гур къызэрыгъуэтыжын, псэр къыхыхьэжын.

Рахьим зэпхыдэӀукӀри, къагъэкъуаншэу зэхихатэкъыми, и гур нэхъыфӀ хъуащ: - Сигу Ӏей зэримылъыр уэри уощӀэ, Дисэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 141

гур ныкъуэн

Зыгуэрым тегузэвыхьын, зыгуэр щхьэкӀэ пӀейтеин.

Уэ сэр папщӀэ угубжьами, Си псэр гукӀэ къыболъыхъур, Мис аракъэ, уэ уежьами, Ныкъуэ си гур зэи щӀэмыхъур— Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67

+1 örnek

Игури и акъылри ныкъуэщ, жаӀэу тхьэмыщкӀэм [Нурхьэлий:] гущӀэгъу хуэзыщӀа Ӏэджи щыӀэт— Хъуэпсэгъуэ нур, 158

гукӀи псэкӀи

ФэрыщӀагъ хэмылъу, пэж дыдэу и фӀэщу.

[Астемыр:] Е афицар фащэ щыгъыу, ауэ игукӀи и псэкӀи къэрэхьэлъкъыу щыӀэри мащӀэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 266

+1 örnek

Езы цӀыхубзыр гукӀи псэкӀи щӀыналъэ къибгынам щыӀэ хуэдэт, уеблэмэ адэжьхэм я щӀыпӀэхэм сыкӀуэу семыплъауэ си псэр мыбы щыпыӀэнукъым жиӀэри Кавказым яфӀэкӀуэжауэ щытащ.— Кхъэлэгъунэ, 375

гури псэри етауэ

И фӀэщу, и къару, и зэфӀэкӀ псори ирихьэлӀэу. -641.

Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым ящыгъупщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

гурэ псэкӀэ зэрылъагъун

ФӀы дыдэу зыр зым илъагъун. -392.

[Бекъан:] Гурэ псэкӀэ зэрылъагъум куэд жиӀэнукъым, и гум илъыр занщӀэу къыбощӀэ, дэ куэдыщэ мыгъуэ жыдоӀэ.— Нал къута, 271

+2 örnek

Ди насыпти, кхъухьым дыздисым ди къуажэдэсхэу щымытми, ди щӀыналъэмкӀэ къиӀэпхъукӀауэ унагъуэ зыщыплӀ хуэдиз ди гъусэу къыщӀэкӀащи, дызэрыцӀыхуу щымытами, дызэблагъэ дыдэ хуэдэу, гурэ псэкӀэ дызэрылъагъу къытфӀэщӀыжу, ди тхьэусыхафэ зэхудоӀуатэ, дызэдогъ, дызэдогуфӀэж, дызэрыӀыгъынуи дазэгуроӀуэ.— Лэчымэ, 391

ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зымыхъумэфыр насып и уасэкъым— Кхъэлэгъунэ, 380

гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу

Дихьэхыу.

СтӀол къагъэувар жыпӀэнущи, телъыджэщ, Раисэ гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу егугъуащ.— Лъапсэ, 79

игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжын

ЗыкъищӀэжын, зэпӀэзэрыт хъужын (шынар, гужьеяр, н.къ.).

ЦӀыхубзыр [Нэху] япэм къэскӀами, иужьым игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжри и лӀым и ужь иту мэжджытым кӀуэри кхъэлэгъунэм и лӀыр къыдэӀэпыкъуурэ зэи, тӀэуи ехащ, зэрыхуей дыдэм хуэдэу щылъыпӀэри иригъэщӀащ. Кхъэлэгъунэ 379- 380.

игури и псэри дихьэхын

Зыгуэрым зыӀэпишэн, игу ирихьын, гухэлъ хуищӀын.

Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

[и] гуи и пси унэщӀын

И гугъэр, и мурадыр къэщӀэн.

Ар лӀыукӀым хуэдэ къабзэщ, И гуи и пси къэвунэщӀ.— УсиплӀ. «Вагъуэ махуэ», 371

гум пыкӀын

Зыгуэр птыну, зыӀэпыбгъэкӀыну ущымысхьын

Иджы ткӀуэпс закъуэр си нэ-си псэу Схъумэнут, уи гум къыпыкӀам.— Ӏубыгъуэ. «Дамыгъэ», 109

+2 örnek

Рахьим щиӀуэжт, уасэфӀ дыдэ кърамытмэ, и шыпхъур и гум пыкӀыу унэм щӀимыгъэкӀыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

А Думэсарэ, ана, дауэ мыгъуэуи гум пыкӀыу уи сабийр Арсейм яхэбдза?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

гум пымыкӀын

1. Зыгуэр птыну, зыӀэпыбгъэкӀыну ущысхьын.

Тенауэ си нэр, гум пымыкӀыу Дахагъэ лъэщым сихьэхуащ.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11

+1 örnek

Якъуб щитӀэгъар зыщехыж, арщхьэкӀэ къуэгъэнапӀэ къуидзэн и гум пыкӀыркъым.— Нал къута, 303

2. И гум къыхуимыдэн.

Думэсарэ и гум пыкӀыртэкъым щӀалэ цӀыкӀур мы щӀыӀэ махуэм къалэм игъэкӀуэну, Лу ӀэпцӀэлъапцӀэт, щыгъын хуабэ зи цӀэ иӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 306

гум пыӀэпӀэ емытын

Хуабжьу щӀэщӀауэ, зимыгъэпсэхуу, пыӀэгъуэ, зэгъэгъуэ имыӀэу щыгъэтын.

Зэгуопыр, и гум пыӀэпӀэ ИмыӀэу, губжьыр гъунэншэу И гущӀэм пщтыри щотэджыр— Адэ, 136

гур плъын

Зыгуэр щхьэкӀэ хуабжьу бэмпӀэн, зэгуэпын, къэгубжьын, къэлыбын.

Нэбжьыцым пылъ нэпсым къыпхыплъу Дадий игу плъауэ къыжеӀэ: «Уэ къуэш уиӀакъым, си щӀалэ!..»— Адэ, 135

+1 örnek

Марфэ и гур ину мэплъ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 165

гур мыпыӀэн

ЗыгуэркӀэ, мыарэзын, хъун, гур мызэгъэн, сабыр мыхъун.

Чачи жиӀэн игъуэтырт: «Уи щӀалэм и гур щыпыӀэркъым, си псэ тӀэкӀу», жиӀэурэ Думэсарэ и гур нэхъри Ӏей къищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

гур тегъэпщэхэн

Бэкъан нэхъыбэу Саружан и дыхьэшхыным зэгуигъэпати, къэгубжьри къипхъуатэщ пхъэ лъакъуитӀым язри, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ и фызым епыджащ, игу тригъэпщахэу.— Къалэн, 432

+2 örnek

Исуф и пхъур чачэу елъэф, унэм нэсыжмэ, и гур тригъэпщэхэну.— Лэчымэ, 397

Къэхъуар мырат: Сосрыкъуэ бомбэр къигъэуа къудейтэкъым, куэд лъандэрэ зыхузэгуэп Дорофеичым и гур тригъэпщэхащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

Еплъ: гур тегъэзэгъэн

гур тезэгъэн

Гужьгъэжьгъ зыхуиӀэ гуэрым гур игъэтӀысыху узыхуей гуэр епщӀэу е жепӀэу гум зигъэпсэхужын, жьы дихужын.

Ауэ жыг лъагэр [жьым] ирещӀыкӀри Игу тезэгъэхукӀэ тофыщӀыхь.— Бэнэнум. «Батырыбжьэ», 115

гур тепщэхэн

Гужьгъэжьгъ зыхуиӀэ гуэрым узыхуейр жепӀэу е епщӀэу уи бампӀэр гъэтӀысын.

Елдар и адэр Щэрдан Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжьгъ хуиӀэти, иджы и гур ятепщэхащ, ауэ Астемыр щыхуэзэм, абы и гугъу лъэпкъ ищӀакъым, мылъку зэрыпхъуэныр бэлшэвыч ӀэщӀагъэкъым жиӀэнщ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 257

+1 örnek

А зэм Дэрдэхь къадым ӀэщӀэкӀыгъуафӀэу ӀэщӀэкӀа щхьэкӀэ иужьым лъапэзэвыпӀэ иуващ, и жагъуэгъухэм я гур къытепщэхэн хуэдэу.— Хьэсэпэхъумэ, 418

гур ткӀун

УкӀытэн, пӀейтеин. «

Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу», – ЖиӀэу пщащэр къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр.— Тисей, 502

гум тегъэхуэн

Зыгуэр зыхуэгъэшэчын.

Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75

+1 örnek

ЛутӀэ къыщхьэщыжын иӀэтэкъыми, сыт къыжраӀэми и гум тригъахуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 286

гум темыхуэн

Уи гум хуэмышэчын, Ӏуэхугъуэ гуэрым щхьэкӀэ зэгуэпын.

АрщхьэкӀэ абы и деж хэт пхуэкӀуэнт, сыт щхьэкӀи кӀуэнт, Долэт и гум ар техуэнутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 243

+2 örnek

Куэд дэмыкӀыу зыгуэрхэр къызэхуос, пӀэм хэлъу къагъэтэджыжащи, я гум темыхуэу, и ныкъуэми дыхьэшх нэпцӀ защӀ, дафӀэауану.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406

Ар Джэлил и гум темыхуэу лъагапӀэм дэлъейри: - Гуэгушыхъу Мэзану къэкӀухьлъакъуэ, уи лъакъуитӀым зыдегъэх.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 488

гум техуэн

Уи гум хуэшэчын, дэхуэн, псэм техуэн.

Ар Мэсхьуд и гум техуэн, къогубжь.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507

+2 örnek

Абдеж дыдэ фызыжьыр къримыхьэлӀэжатэмэ, къэхъун щӀагъуи щыӀэу къыщӀэкӀынтэкъым, арщхьэкӀэ ар Ӏурарэ и гум техуэну Ӏэмал зимыӀэт, арыншами щхьэусыгъуэ игъуэт закъуэмэ, лӀыжьым и унафэр кӀэщӀу ищӀынут.— Къалэн, 431

Ар ротмистр ябгэм и гум техуэнт, къэгубжьауэ старшынэр ХьэфӀыцӀэ и къыдыру игъэлъащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 237

гур узын

1. Гум уз лажьэ иӀэн.

Уигу къоузым ещхьыркъабзэу, Ди гъэмахуэр псынщӀэу йокӀ.— Уигу къоузым ещхьыркъабзэу. «Дамыгъэ», 69

+1 örnek

Школым и директорыр гуфӀэу ядэкӀуэн мыгъуэт, и гур узырти тӀэкӀу икӀумэ, къоувыӀэри щытщ.— Щынэхужьыкъуэ, 60

2. Гузэвэгъуэ гуэр шэчын, хуабжьу и жагъуэ хъун, зыгуэрым гур щӀэузын.

Псым игу щӀэузыр сэри сощӀэ: Зи чэзу Ӏэджэ сӀэщӀэкӀащ. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи— Щхьэлыкъуэ, 406

+2 örnek

Тобэ Ӏистофрилэхь, дуней хьэзабыр мыбы я натӀэ щхьэ хъуа, жиӀэу Хьэбибэ и гур мэуз— Нал къута, 211

Жэщ къыщыхъум игу къилъэту Хьэдэм пщащэр щышынауэ, И гур узу, гъы зэпытуэ Нэхур щӀыбым щигъэщащ— Бдзэжьеящэм ипхъу, 151

гур уфӀыцӀын

Зыгуэр щхьэкӀэ зэгуэпын.

Ерыщ Ӏупэр хужьу плъагъуми, И гур бдзаджэм уфӀыцӀащ.— Ерыщ Ӏупэ. «Дамыгъэ», 108

[и] гур уӀэн

И жагъуэ щӀын, гуауэ щыхъун гуэр ещӀэн.

Зи гур гуауэм иуӀари КӀуэрт гъы защӀэу, къэмыувыӀэу, Гъусэу иӀэр игъэгуӀэу. «— Тисей, 492

+1 örnek

Зы къару закъуи симыӀэжу Си гур а псалъэм къиуӀат— Зэзакъуэ хъу си щхьэгъусэ. «Мывэ хуабэ», 67

гум къеӀэн

И жагъуэ хъун, зыхищӀэн.

ПӀыщӀэрт, гъынанэрт мычэму, КъедэхэщӀэни щымыӀэу И гум хъуэпсэгъуэ имылъу, И тхьэмыщкӀагъэр гум къеӀэу, ПцӀанэу ар щытми лъыр къэплъу, Хъуапсэт хъыджэбзыр мымащӀэу.— Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 103

гур зыдэплъэм Ӏэр нэмысын

«Гур здэплъэм лъэр нос» псалъэжьым къытещӀыкӀащ, мыхъуныгъэ мыхьэнэ хэлъу.

Сталин и цӀэр щырамыӀуэм Дыгъэ нурыр щынэмыс, КӀыфӀым хэту хэкуу щыӀэм Гур зыдэплъэм Ӏэр нэмысмэ ЛъегъэӀэсыр Сталин лъапӀэ, Псоми я гум хелъхьэ лӀыгъэ, Арщ лъэпкъ псоми ар я гуапэу КъыщӀыратыр я лъэпкъ тыгъэр— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 63

гум цы къытекӀэн

БэмпӀэн, зэгуэпын.

Ди телефонист гуэрыр и ныбжьэгъум елъэӀуат: «Ей, Алыхьым хьэтыр иӀэм, тутын къысхуегъэхь, си гум цы къытекӀащ».— Щынэхужьыкъуэ, 70

Atasözleri (1)

гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ

Зытегузэвыхьыр къэхъун, лъагъун, къыпщыщӀын, ӀэкӀэ теӀэбэн.

Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

+2 örnek

АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зытегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури— Кхъэлэгъунэ, 377

Мариам и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр— Лэчымэ, 392

Kitapta geçtiği hali

ГУ I (624). 1. (304). ЦӀыхум, псэущхьэм я лъыр мардэм тету зезыгъакӀуэу бгъэм илъыр. Уи псэр къэпсэлъэн хуейщ, уи гур дэнэ къэна. Щынэхужьыкъуэ, 46. 2. (320). А органым цӀыхум и гъащӀэм къыщыхъухэр зэрызэхищӀэр, гъащӀэм щекӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэм зэрыхущытыр къигъэлъагъуэу. ИреутӀыпщыр и кхъухьлъатэр, Куэд яукӀым щогуфӀыкӀыр, Ӏэпэ жорыр ещӀ нэлатым, Гум и гугъэр нэм ибзыщӀу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 60. ◊ Гур бэмпӀэн (1). Зыгуэр щхьэкӀэ гум зишхыхьыжын, губжьым зэщӀиӀыгъэн, гур зэгуэудын, къэплъын. ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀамкӀи ар акъужьу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50. Гум гуапагъэ илъын (1). Гум ӀэфӀыгъэ, гум фӀэфӀ илъын. ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр. «Тисей», 501. Гум гужьгъэжьгъ иубыдэн (1). Гум губжьыр, леймыгъэгъуныгъэ мурадыр зэпымыууэ щыӀыгъын. АрщхьэкӀэ тӀуми я гум гужьгъэжьгъ ираубыдащ. Нал къута, 256. АрщхьэкӀэ тӀуми я гум гужьгъэжьгъ ираубыдащ. Нал къута, 256. Гур гузэвэн (6). Зыгуэр щхьэкӀэ пӀейтеин. ФыкъэпщӀыпщӀу фыслъагъухукӀэ, Сигу гузавэм зегъэпсэху. Вагъуэиж. «Дамыгъэ», 70. Сэри уафэм фыщыслъагъум, Сигу гузавэм зегъэпсэху. Вагъуэиж, «Дамыгъэ», 70. И гур зыгуэр щхьэкӀэ гузавэрт, щӀэгузавэр имыщӀэу. КӀапсэ кӀапэ, 15. Гур гуфӀэн (3). ГуфӀэгъуэм зэрихьэн, гукъыдэжыфӀ гъуэтын. Егупсысым и гур гуфӀэу Адэ нобэ къигъуэтакъэ. «Тисей», 509. А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ. КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37. Гур гушхуэн (1). Хуиту зыӀыгъын. Хьэкурынэ мэгупсысэ: Сыту дэгъуэт Россиешхуэм ЛӀыжь Федотым ар и гъусэу, Хуитыныгъэм гур дэгушхуэу, А лъэпкъ иным яхэтыну, А гуращэм куэд щӀитынут. «Тисей», 510. Гур гъэбыдэн (1). ШыӀэныгъэ зыхэлъхьэн. Мыбдеж, сигу дауэ згъэбыдами, СшыӀэн си нэпсыр сэ слъэкӀакъым. Сабий. «Шум и гъуэгу», 19. Гур гъэгъун (5). Зыгуэр щхьэкӀэ гъэгузэвэн, гъэпӀейтеин. Нобэ унэщхъыфӀэн хуейщ уэ, абы щхьэкӀэ уигу умыгъэгъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. Си уэрэдым псалъэу хэлъыр Мэхъу сфӀэмащӀи си гур мэгъу. Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45. Уи гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ, жиӀэ щхьэкӀэ, Астемыр и гур щӀэгъур езыми къыбжиӀэнутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. Гур гъэжанын (1). Еплъ гур жан хъун. Тембот есат и анэм уи гур зыгъэжан уэрэд жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Гур гъэзэгъэн (3). Гукъеуэр щыбгъэгъупщэжу гум нэсу, гур игъэтӀысу зыгуэр жыӀэн, щӀэн. Ем щӀэкъум мэхъур ер и натӀэ, Гу къабзэ зиӀэм и къабзагъэр Лъагъуныгъэшхуэм хуохъур гъуси, Насыпу ди гур егъэзагъэр. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. Сэ къуршым сихьэм, бгъэм сахэту, Си щӀакӀуэ фӀыцӀэр мэхъур дамэ, СалъоӀэсыр, ягу згъэзагъэу, Пэжым и лӀыкӀуэ даубыдамэ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373. – Уигу гъэзагъэ иджы, Инус. Хъуэпсэгъуэ нур, 77. Гур гъэтӀысын (1). Арэзы щӀын, гур гъэзэгъэн. «Команда» смирно» итщ, псори иригъэувыкӀри а тхылъым ит псалъэм гупсэхуу, гурыӀуэгъуэу къеджащ, зэхэзыхым я гур игъэтӀысу. [Локотош]. Нал къута, 304. ГукӀэ гъэщӀэгъуэн (1). Зыгуэр хьэлэмэт щыхъун. Псори щым хъуащ, анестезиологым жиӀэр зэхыбохыр: «бауэ, тӀысэ», «ину жьыр зыжьэдэшэ», «иджыри зыжьэдэшэ». Сэри скальпелыр къэсщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу. Лъапсэ, 20. Гур гъун (2). Гуныкъуэгъуэ зыгуэрым иӀэн, тегузэвыхьын. – КъэкӀуэжынщ. Дэнэ кӀуэн [Назифэ]? – жиӀэ щхьэкӀэ Мариам и гур мэгъу, лэчымэр и щхьэусыгъуэу зыгуэрхэм дамыхьэхауэ узиӀэ, жыхуиӀэу. Лэчымэ, 393. Мурад гуэрыр дахэм иӀэу Линэ и гур нобэ мэгъу. Мусэ дадэ ар къыдещӀэ – Шыхъуэ лӀыжьыр и дзыхь щӀэгъущ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 41. Гур гъущӀэн (3). 1. (1). Зыгуэр хуеин, хуэныкъуэн. Упсынэ къабзэу укъыщожыр, Сэ сигу гъущӀауэ сыпсыхуэлӀэщ. Макъамэ дахэ уэ ухъу закъуэм. «Батырыбжьэ», 88. 2. (2). Зыгуэрым папщӀэ егъэлеяуэ гузэвэн, пӀейтеин. Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, тщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Англызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Мауэр щӀалэр и гур гъущӀэу, Зэ зэреуэу щхьэ пиупщӀыр Мывэ ину псынщӀэу мэжыр, А иныжьри хущӀогъуэжыр, Щхьэ етӀуанэр мэхъур мафӀэ, КъыкӀэлъыкӀуэр псым щӀелъафэ, Щхьэ еплӀанэр ехьыр благъуэм, Елбэздыкъуэ игъэщӀагъуэу, Къыпегъэхур щхьэ етхуанэр, Иныжь ябгэр къогъынанэ. «Елбэздыкъуэ», 21. [И] гур дахэ хуэщӀын (21). Псалъэ гуапэкӀэ гъэудэӀун, тегъэун, гукъыдэж етын. [Федот:] Си хъыджэбзыр дэнэ схьын, Хэт игу дахэ къыхуищӀын? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 147. «КӀапсэрыкӀуэм» «Цищ» и гъусэу Дадэм и гур дахэ хуащӀыр: «Рау, дэ дощӀэр уи гупсысэр, Дыпхуэхъунущ ӀуэхутхьэбзащӀэ, ЩӀы уи фӀэщ уэ, пионерхэм Пхуахъумэнущ уиӀэ хъерхэр». ИгукӀэ жеӀэ Рау тхьэмадэм: «Пионерхэм щӀэщхъу къызащӀэу Сахуэзакъым». «Тисей», 481. Мэш я къуажэдэс щӀалэгъуалэм къуейщӀеин зэрафӀэфӀыр ищӀэрти, хьэщӀэм я гур дахэ яхуещӀ: - ФыкъэмыпӀэнкӀыт, си къуэш, дэри пэкӀэ псы дефэркъым, ди щӀалэхэр гушыӀэным дихьэхмэ, Ӏиблис псы зэрефэ фалъэмкӀэ фадэ ефэнкӀи мэхъу, ажэгъафэу захуапэри зауэм Ӏуохьэ, фэри къывдогушыӀэри аращ армыхъумэ, фаджэу дунейм дытеткъым. Лъапсэ, 116. Гур дэгузэвэн (1). Зыгуэрым и гукъеуэр зыхэщӀэн, дэӀыгъын, гур ныкъуэу, гум къеуэу. Фэ фи гум си гур догузавэ, ФыщигуфӀэгъуэм, си гуи хохъуэ! Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16. Гум дэмыхуэн (1). Хуэмышэчын, гурымыхьу щытын, гум темыхуэн, нэмысын, фӀэмыфӀын. Шэч хэлъкъым, и гур зыгуэрым Щысхьыншэу, щэхуу ефыщӀыр, Ӏэ щӀыӀэр щӀыфэм щыджэгуу, Гуауаеу и гум дэмыхуэр Дадий къеӀуатэр мыпхуэдэу: «Си щӀалэ, уи адэм уэсяту Уэ къыпхуищӀахэм къедаӀуэ». Къэрней къарууэ иӀахэр И анэ псалъэм къекъутэ, Шэм хуэдэу, и гум ар тохуэ. «Адэ», 134. Гум дэхуэн (1). Гум тегъэхуэн, шэчын. Фи къуаншагъи, фи захуагъи, - Фи бэлыхьыр сигу дэхуащ. Вагъуэ махуэ. «Вагъуэ махуэ», 9. Гур дэузын (1). Зыгуэрым и гукъеуэр дызэхэщӀэн. МакӀуэр щэхуу, макӀуэр лъэсыр, Пшагъуэ Ӏувым ныхокӀуадэ, Анэ гъыбзэм гур дэузу Дэзщ я макъыр бгы аузым… «Тисей», 492. Гур дихьэхын (2). Гум хыхьэн, псэр тхьэкъун, фӀыуэ лъагъун. Уи занщӀэр хэпшмэ, егупсысыт: Димыхьэхауэ пӀэрэ уи гур пщащэм? Лъагъуныгъэм и гъуэгу занщӀэ. «Дамыгъэ», 117. Куэди щӀауэ дэ ди гъащӀэр Садым хуэдэу зэщӀэгъагъэу, Хъер къыпыкӀыу дэ ди гуащӀэм, Гур зыхуеӀэр нэм илъагъуу, Гъатхэ махуэр дэркӀэ уэфӀти Хэку щхьэхуитыр садым хуэдэу Гур дихьэхыу ищӀмэ фӀэфӀти КъехъулӀакъэ и мурадыр. Коммунист. «Партыр ди пашэу», 34. Гур дзапэкӀэ Ӏыгъын (1). Зыгуэрым хуабжьу тегузэвыхьын, шынэн. МыбыкӀэ дарийм хуэлъэрэ я хулъэр нэщӀу мэпсэури, я гур дзапэкӀэ яӀыгъщ, уабгъэдыхьэмэ, зыгуэр къатебудын я гугъэщи, я нэм бжэгъуу укъыщӀоуэ. Кхъухь пхэнж, 495. [И] гур ебгъэн (7). ФӀэмыфӀ гуэр, игу иримыхь гуэр зыгуэрым дилъагъун. Зыкъом щӀауэ Нартыху Къазбэч бжьыпэр иубыдауэ пашэу уващи, лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщ, игу зэбгъам и пщэ гурыгъыр зэпиудыну тӀэу еплъынукъым, гущӀэгъушхуэ зиӀэ лӀыуэ и хъыбар езым игъэӀужми, гущӀэгъукӀэ къыпыпхын щыӀэкъым, ней-нэфӀкӀэ цӀыхум яхущытщи, и нэфӀ зыщыхуэм и къулыкъур докӀуей. Лъапсэ, 73. Езы [Дэфэрэдж:] Аннэ Павловнэр мащӀэ щӀакъым сэ зэрысцӀыхурэ, иджыри къэс зэи сигу ебгъакъым, хуабжьу специалистыфӀщ, псэрэ гукӀэ и Ӏуэхум етащ, зытеува гъуэгуми къыпхутекӀынукъым, арауи къыщӀэкӀынущ и къулыкъум зиӀэтыну псоми хуагъэфащэурэ и Ӏуэхур къехуэха иджы щӀэхъуар. Лъапсэ, 11. Иджы Инал игу щхьэ ебгъа а къомым? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. [И] гурэ и щхьэрэ зэбгъэжын (1). Зыхуэмыарэзыжын. Мы псалъафэр КӀыщокъуэм езыр хуейуэ нэгъуэщӀ щӀыкӀэу къеӀуатэ: щхьэр гум ебгъэжын емыбгъэжын (1). Зэхуэарэзыжын. ИтӀани сиӀэщ гукъыдэжи, Сэ си щхьэр си гум емыбгъэж. Фи нэр жанщ. «Дамыгъэ», 52. Гур етэн (3). Гур ныкъуэкъуэн, хъийм икӀын, удэфэн. ТӀуми ящӀэ гъуэгу и пӀалъэ, ТӀуми я гур зэм мэятэр. Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22. Уэ укъэмысу Къосыр хъыбарыр, Бысымым и гур мэятэр. Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 30. Сэри сощӀэ гъуэгу и пӀалъэ, Зэм сыкхъухьми, зэм солъатэ, НэгъуэщӀ щӀыпӀэ ещхь ди къуажэ Щыслъэгъуамэ гур мэятэ. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372. [И] гур жанын (4). Нэжэгужэн, гукъыдэж зиӀэн. Нэжэгужэм и гур жанкъэ, Нэжэгужэр щхьэпрех. Нэжэгужэ. «Дамыгъэ», 96. ЦӀыхубз гуэри мэдыхьэшхыр, Фадэм и гур жан ищӀауэ. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгу. «Дамыгъэ», 234. АрщхьэкӀэ зэкъуэшитӀым я гузэвэгъуэр Елдар дэнэ щищӀэнт, фызышэ къикӀыж хуэдэу и гур жану, и нэгум гуфӀэгъуэшхуэ зэрыщӀэтым гу лъыптэу, пцӀащхъуэм хуэдэу псынщӀэу зыблригъэхащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 245- 246. ГукӀэ жыӀэн (28). Уи гум зыгуэр къэкӀын. Нобэрей махуэм тхьэм ещӀэ къытхуихьынур, жиӀэрт игукӀэ Астемыр, пщэдджыжь дыгъэр къурш уэсыщӀэ инхэм зэрытридзэм еплъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Сыкъэтэджу щхьэ сыщӀэмыкӀыжрэ, жиӀэу зигукӀэ жызыӀи яхэту къыщӀэкӀынт, арщхьэкӀэ, Инал фӀэлӀыкӀырти, заущэхуауэ щыст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. [Фэуаз:] Сэри сигукӀэ жызоӀэ: «Сэра мыгъуэкъым узыгъэунэхъуар, Анка». Анка, 383. Гур жан хъун (1). Къэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ иӀэ хъун. Астемыр а къызэхуэса къэрэхьэлъкъ къомыр щилъагъум, и гур занщӀэу жан къэхъуауэ, нэщхъыфӀэу, и гъусэхэм ящыгуфӀыкӀыу гушыӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Гум жимыӀэн (1). Уи акъылым гупсысэ гуэр къимыхьэн, къэмыкӀын. А махуэ закъуэр арат Ботэх и гум фӀыуэ къинэжар, а зыри пщызыгъэгъупщэн Ӏэджи и нэгу щӀэкӀа пэтрэ, зэзэмызэ зриӀуэтылӀэн игъуэтмэ еӀуэтэж, арщхьэкӀэ езыми и ныбжьым хэхъуэхукӀэ щакӀуэ щыкӀуа махуэ закъуэр пшэм щӀалъэфа мазэм ещхьу нэщӀэбжьэ Ӏэджэм щӀалъэфэж, зэзэмызэххэ фӀэкӀаи згъэхъыбаращэрэт жиӀэу и гум жиӀэркъым. Лъапсэ, 77. Гум жиӀэн (3). Гупсысэ гуэр и щхьэм къихьэн. Гъуэгу зэпысчу нэзгъэзэжрэ Псынэдахэ сынэсам, Си гум жеӀэ къысфӀилъэту: «Псынэдахэ дыкъэсащ». Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 346. Верэ Павловнэ зигъэщхъри Саримэ еупщӀащ: - Жыраслъэн слъэгъуащэрэт, жиӀэу сщӀэркъым си гум щӀыжиӀэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598. Арщхьэ зэуэни сыухакъым: КӀакхъу зэрыщӀэсчу щыта си Ӏэм Уэрэд итхыни щигъэтакъым, Уеблэм хуосакъыр си гум жиӀэм. Си гъуэгу тыншакъым сэ си гъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62. Гум жьы дегъэхун (2). Зыгуэрым и псэр гъэтыншын, щӀэгузавэр, и бампӀэр щыгъэгъупщэжын, худэхын, гъэтӀысын. Данизэт Дисэ дежкӀэ еущэкӀри и гум жьы дригъэхуащ, убэурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 272. Си бампӀэр зыгъэтӀысын, си гум жьы дезыгъэхун сылъыхъуэну арати, тӀури къэзгъуэтауэ сотхъэж. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Гум жьы димыхун (2). Гур зэщӀэубыдауэ щытын, хуиту зимыгъэпсэхун, зишхыхьыжын. Зигу жьы димыхур жьы хъугъуафӀэщ, Аращ сэ жьыбгъэм сыщӀыхэтыр. Жьы хъур. «Дамыгъэ», 119. Мис, нобэ къэскӀэ фызыжьым Игу жьы димыхуу йокӀуэкӀыр, И нэгу щӀокӀыжыр, гупсысэм, Щхьэгъусэ лӀыжьыр нэмыцэм Пщэдджыжь нэхущым яубыдри, Дадий илъагъуу мэз бгыщхьэм Ар щаукӀащи гуузу. «Адэ», 130. Гум жьы дихужын (6). Зыгъэпсэхужын, уи гур зэгъэжын, гукъеуэ уимыӀэжын. Бжэ-щхьэгъубжэ, унэлъащӀэ и Ӏэдакъэм щӀэкӀым, унащхьэу иӀэтым къыпэкӀуэм къыхигъэкӀыу унэ ищӀыну и ужь щихьэм, Шыкъымхэ я пхъум и гум жьы дихужащ, и лӀым лӀыщӀэ къищтэу унэ щӀыным и ужь ихьэри здэкӀуи сыти щымыӀэу и фызым и нэӀэ къытетти. Кхъэлэгъунэ, 374. Апхуэдэу зырыз къэхъуми, Нурхьэлий и гум жьы дихужат шхапӀэ къызэрызэӀуихрэ, насып къеуэлӀэнуи и гугъэт, арщхьэкӀэ уунэхъунумэ, куэдрэ, Нурхьэлий и гугъэххэтэкъым къыщыщӀынӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 205. МафӀэгур Ростов кӀуэуэ ежьати, я гум нэхъ жьы дихужащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 171. Гур жан хъун (1). Къэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ иӀэ хъун. Астемыр а къызэхуэса къэрэхьэлъкъ къомыр щилъагъум, и гур занщӀэу жан къэхъуауэ, нэщхъыфӀэу, и гъусэхэм ящыгуфӀыкӀыу гушыӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Гур жэн (19). Гупсысэр зыгуэрым хуэкӀуэн, гум къэкӀын. Инал и гур здэжам Стапан Ильич гу лъитащ: - Уэ бгъэщӀагъуэр сымыщӀэ уи гугъэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Дадэм и гур зыщӀыпӀэкӀэ жэуэ ерыскъы зыбгъэдэсыр фӀэмыӀэфӀыж хъуащи, шхэнри щегъэт. КӀапсэ кӀапэ, 16. Къэрэгъулым и гур ХьэтӀохъущокъуэу къалэм дэт жыг хадэшхуэр хезыгъэсауэ щытам деж жащ, ар и гум къыщӀэкӀар имыщӀэу. Лъапсэ, 50. Гур жыжьэ плъэн (1). Зыгуэрым щӀэхъуэпсын, хуэпэбгъэн. Нэ фӀыцӀитӀыр вагъуэу маблэ, ӀитӀкӀэ быдэу руль иӀыгъщ, Жану и гур жыжьэ маплъэ, ЩӀалэ къеплъыр къыщогугъ. Хъыджэбз шофер. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. Гур зэбгъэжын (1). Зыгуэр щхьэкӀэ зэхуэмыарэзыжын, зыгуэр зыдэгъуэжын. Дэ тӀур дыздежьауэ щытащ, уеблэмэ зыбжанэри зэгъусэу дылэжьащ ди псэр зы чысэм илъым хуэдэу, тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ ди гур зэбгъэжыху. Лъапсэ, 10. [И] гур зэгуэпын (1). Мыарэзыуэ, пӀейтейуэ, гум зыгуэр къеуэу щытын. Сэ си гур, мис зэгуоп, Абы зэуэнкӀэ зимыгъэнщӀ – Къарур уӀэгъэм сфӀыхегъэщӀ. УӀэгъэ. «Шум и гъуэгу», 42. Гур зэгуэудын (2). Губжьым зэщӀиӀыгъэн, зыгуэрым щхьэкӀэ бэмпӀэн. ЛӀыжьым и Ӏэр егъэдалъэ: – Пан Ӏуэху зехьэр къысхуэкӀуат, Дэ димыӀэр къыспеубыд, Схуэмыфащи къызжиӀат, Иджы си гур зэгуоуд. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Еплъ зэрыхъуам: лӀитӀ ефам я зэранкӀэ лажьэ зимыӀэ цӀыхубзым и гур зэгуэуд пэтащ. Лъапсэ, 52. Гур зэгъэбгъэн (7). Зыгуэр щхьэкӀэ гущыкӀ зыхуегъэщӀын, гур зыбгъэдэгъэкӀын, зэмыфӀ хъужын. «Тхьэм и гур сыт щӀызэвгъабгъэр, Псыкъуий къэтӀыныр щывгъэт». «Индийскэ поэмэ», 364. – Ара мыгъуэт, арщхьэкӀэ ди натӀэ илъым дыхуэзащ, утхьэусыхэу Алыхьым и гур зомыгъабгъэ, - жиӀэрт Шыкъымхэ япхъуми, псалъэмакъыр абдеж щаухырт. Кхъэлэгъунэ, 375. Модрейри щӀегъуэжа къыщӀэкӀынти, къэгузэващ, си пхъум и гъащӀэр зи ӀэмыщӀэ илъым и гур щхьэ зэзгъабгъэрэ жиӀэу. Лъапсэ, 19. Гур зэгъэжын (1). Гур псэхужын, тӀысыжын, тыншыжын. Сыту фӀыт – лӀыгъэ Ӏуэхум напэтехыгъи хэлъкъым, жиӀэри Хьэбибэ и гур зэгъэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 23. Гур зэгъэн (7). ЗыгуэркӀэ арэзы хъун, гур тӀысын. Махуэр ехьыр лажьэ защӀэу, ЛӀыжь Федотым и гур загъэу Щотхъур щӀалэм зэзэмызэ, Гъуэгуу яӀэр тӀуми бгъузэщ. «Тисей», 510. Мыбы къыщӀыхьэм, бзэмыӀур Мэхъу жьакӀуи, и гур мэзагъэ. Мащэм кърапсэлъыкӀ. «Дамыгъэ», 116. Абы дежкӀэ псори бзаджэщ, ДэкӀыжыхункӀэ игу мызагъэ. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. ГукӀэ зэгъэщӀэн (2). Укъемыджэжу зыгуэр зэрыпӀуэтэжыным хуэдэу зэгъэщӀэн, гум иубыдэн. Ахья ещхьыркъабзэу, Тинэ и ролыр гукӀэ зригъащӀэу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637. Аркашэрэ Лурэ я закъуэтэкъым усэ сатыриплӀыр гукӀэ зэзыгъэщӀар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613. ГукӀэ зэрыщӀэн (1). Еплъ [я] гур зэрыщӀэн. ТӀури ягукӀэ зэрощӀэ, арщхьэкӀэ къытечыпауэ жыпӀэ щхьэкӀэ мыхьэнэ иӀэтэкъым. Нал къута, 302. [Я] гур зэкӀэрыпщӀэн (1). ФӀыуэ зэрылъагъун, сыткӀи зэгурыӀуэу зэбгъэдэтын. ЩӀалэ цӀыкӀумрэ и дадэмрэ апхуэдизкӀэ зэсат, я гур зэкӀэрыпщӀати, ЛӀыгъур цӀыкӀурэ Хьэкурынэмрэ зэадэзэкъуэу фӀэкӀа пщӀэнутэкъым, езы щӀалэ цӀыкӀуми арат и гугъэр. Лъапсэ, 102. Гур зэпыудын (1). И гукъыдэжыр къутэн. Шу уещӀ а мафӀэм уэ улъэсым, Армыракъэ – уи гур зэпеуд. Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15. Гур зэрыгъуэтыжын (1). Еплъ гур къызэрыгъуэтыжын. Зэтрехыр и жьэр пщащэм, Жьыр а цӀыкӀум имыгъуэту, Ар хуеижкъым, дауи, мащэм, ЩӀалэм и гур зэрогъуэтри Бжэн къуэлэныр къыхуишыну Мажэр – кӀуэным къыщымынэу. «Тисей», 493. Гур фыщӀын (1). Зыгуэрым щысхьыншэу еныкъуэкъун, гуныкъуэгъуэ етын, и жагъуэ щӀын, гъэбэмпӀэн, и гур уӀэн. Шэч хэлъкъым, и гур зыгуэрым Щысхьыншэу, щэхуу ефыщӀыр, Ӏэ щӀыӀэр щӀыфэм щыджэгуу, Гуауаей и гум дэмыхуэр Дадий къеӀуатэр мыпхуэдэу... «Адэ», 134. Гум фӀэфӀын (1). Гум ирихьын. ДэгушыӀэу ГъукӀэ дадэр къодэхащӀэ, Ягъуэтауэ гум фӀэфӀ гъащӀэ. «Тисей», 509. Гум фӀэӀэфӀын (1). Удихьэхын, гум дыхьэн, фӀэфӀын, нэсын. Къыспэрыуэ зы щымыӀэу Гум фӀэӀэфӀым салъоӀэсыр. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ… «Вагъуэ махуэ», 372. Гум фӀей илъын (1). Еплъ гум фӀы имылъын. Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэ Ӏуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. Гум фӀы илъын (1). Гум бзаджагъэ, Ӏей хэмылъу гуапагъэ илъын. И адэ къуэшым фӀы и гум илъу революционерхэм я цӀэр и къуэм фӀищати, кърикӀуар Ӏейт. Нал къута, 263. Гум фӀы имылъын (5). Гупсысэ тэмэм акъылым къимыхьэн, къэмыкӀын фӀеягъэ, Ӏеягъэ фӀэкӀ. Апчарэ псэкӀэ къищӀащ а тӀум я гум фӀы зэримылъыр. Нал къута, 267. Аслъэным и гум фӀы зэримылъыр къыдырым ищӀэрт, гу зылъригъатэркъым армыхъумэ. Кхъухь пхэнж, 500. И гум фӀы зэримылъыр и нэгум ущӀэплъэмэ къыбощӀэ. МелыӀыч, 457. Гур фӀы хуэщӀыжын (1). Псалъэ гуапэкӀэ гъэудэӀужын, тегъэужын, гукъыдэж етыжын. – ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзамэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь. Лыгъэ, 412. [И] гур фӀы щӀын (3). Псалъэ дахэкӀэ гъэудэӀун, тегъэун, гукъыдэж етын. ИтӀани езым и гур дахэ ищӀыжырт: «Ягъэ кӀынкъым, фоч зыгъэуэфыни, къамэкӀэ къызэзэуэни унэм щӀэскъым, хэт сыщышынэн», – жиӀэрт, и куитӀ кӀэзызыр имыгъэкӀэзызын и гугъэу ӀитӀымкӀэ иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. ЩӀалитӀ иӀати, лэгъунэр Зэхуэдэу тӀуми хуищӀами, НысащӀэ пэшым къыщӀэкӀыу, ЩӀыкӀафӀэу дахэр, нэщхъыфӀэу «Си анэ», – жиӀэу фызыжьым Игу фӀы зыщӀыни щымыӀэ. «Адэ», 129. – Ахърэтым зэ ущыкӀуакӀэ уи ажал къэсакъым, - жаӀэу Хьэбибэ и гур фӀы ящӀырт. Нал къута, 234. Гур фӀын (2). Уи гуапэ хъун гуэрым укъызэщӀиӀэтэн, гукъыдэжыфӀ уиӀэн. ГуфӀэгъуэу шыбзыхъуэм тӀу иӀэщ: Шы жэрхэм ар хэплъэм игу мэфӀыр. Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72. Чокэ и гур фӀыуэ дэкӀыжри ежьэжащ. Нал къута, 238. Гу фӀыцӀэ (1). Зи гум фӀы имылъ. Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12. Гум хагъуэ хегъэдзэн (1). Зыгуэрым гуныкъуэгъуэ етын, гъэгузэвэн. Уи нэгу ущӀэплъэм, уафэхъуэпскӀщи – Гум хидзэ хагъуэм сагъэмэхыр. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… «Батырыбжьэ», 62. Гум хэлъын (9). Гугъэ, мурад гуэр иӀэн. Пшэ фӀыцӀэ хьэлъэм щӀыр щӀиуфэу КъыпфӀощӀ, мэл хъушэм уэ уахэплъэм, А псор зыхъумэр месыр гуфӀэу Уэрэду жеӀэ и гум хэлъыр. Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50. А псы иным зэпрыкӀыу ГъущӀ лъэмыжхэр уардэу телъщ, Нэпкъым ткӀуэпсхэр къыщыпӀэнкӀыу Псыр къиуну и гум хэлъщ. Бдзэжьеящэм и уэрэд. «Мывэ хуабэ», 145. КъэткӀуакъым гъуэгуу дэ мащӀэ Гуращэ къабзэр гум хэлъу, Къытохьэ Ӏэджи гъуэгу занщӀэм Ди эстафетэу тӀэщӀэлъыр. Эстафетэ. «Партыр ди пашэу», 11. Гум хыхьэн (5). 1. (2). Еплъ гум нэсын. Ахэр и гум хэт хыхьэн? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Жыжьэ маплъэ а лӀыжь набгъэр, ЩӀалэ псалъэр и гум хохьэр, – КоммунисткӀэ, си нэхъыщӀэ, Дэ дызэджэр пщӀэрэ дахэу? Коммунист. «Партыр ди пашэу», 27. 2. (3). Зыгуэр куууэ зыхэщӀэн, къыпкърыхьэн. Жьыуэ дыгъэр къыщыщӀэкӀкӀэ Пщащэр псыхьэ къуэм къыдохьэ, Ину гъыбзэр къыхидзэхукӀэ Макъхэр щӀыӀэу уи гум хохьэ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 146. «Тхылъ–нарядыр иӀэу къакӀуэм Ефт хъарбызыр хуэфшэчауэ, ХъарбызыфӀхэр ӀэкӀуэлъакӀуэу ЩыӀэщ модэ къыщӀэчауэ». Рау «Победэми» йотӀысхьэ, Нэмысышхуэр и гум хыхьэу. «Тисей», 481. Гум хуилъын (8). Зыгуэрым гухэлъ, гукъеуэ, гужьгъэжьгъ с.ху. хуиӀэн. Къуршыр пщэдджыжькӀэ зыгъэнэхум Сэ си гум фхуилъри къегъэнэху. Дунейм и пӀалъэ. «Батырыбжьэ», 19. Гужьгъэжьгъ уигу къысхуилъ хъункъым, ди шыгъупӀастэ щыпфӀэхьэлэлкӀэ, – жиӀэри дадэм и гуапэ ищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Хьэкурыни фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжьгъ и гум къыпхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къуогушхукӀыр. Лъапсэ, 105. Гум хьэрэм имылъын (2). Еплъ гум Ӏей имылъын. – АтӀэ, Нурхьэлий, сэ жысӀэр уэ къыжыӀэжи, уи гум хьэрэм имылъмэ, псалъэ жыпӀэм пцӀы зэрыхэмылъыр уи тхьэлъанэщ, мыр Хъалилхэ я къурӀэнщ, тхьэ Ӏуэ, - жиӀэри Сэид къурӀэн ин гуэр иӀыгъыу утыкум къихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Абы хуэдэ къабзэу, зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528–529. Гум хьэрэмыгъэ хуимылъын (1). Зыгуэрым уи гур къабзэу хущытын. [Инал Къазджэрий жеӀэ:] ИтӀани сигу хьэрэмыгъэ пхуилъкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Гур хэгъэхъуэн (14). И гуапэ хъун гуэр жеӀэн е хуэщӀэн, гукъыдэжыфӀ етын. Зы лъагъуныгъэм гур хегъахъуэ, Зы лъагъуныгъэм гур хегъэщӀ. Зы анэм и бын. «Дамыгъэ», 94. Уи анэм игу хэбгъахъуэурэ, Уареда, Хъуэхъуу жаӀэр къохъулӀэу, Уареда. Гущэкъу уэрэд. «Щхьэлыкъуэ», 389. Ар, уигу хигъахъуэу, сыту уардэ, Сытеплъэм, си гум зегъэпсэху. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. Гур хэгъэщӀын (18). И жагъуэ щӀын, и гукъыдэжыр къутэн. Зы лъагъуныгъэм гур хегъахъуэ, Зы лъагъуныгъэм гур хегъэщӀ. Зы анэм и бын. «Дамыгъэ», 94. Игу хэзыгъэщӀым хуэзмыгъэгъуу Си хэку и бийми саполъэщ. Си хэку нэхъ ини сыту сщӀын? «Щхьэлыкъуэ», 386. А къомым мащӀэу гур хагъахъуэ, Я нэхъыбитӀым гур хагъэщӀ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 378. Гур хэмыхьэн (1). Псэм фӀэмыфӀу, удимыхьэхыу пэрытын (лэжьыгъэм). Инус матэ ищӀу тӀысыжащ, арщхьэкӀэ и гур лэжьыгъэм хыхьэртэкъым, чы цӀыкӀу дихуэри мычэму зэпощӀыкӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 75-76. Гур хэхъуэн (11). ГуфӀэгъуэм укъызэщӀиӀэтэн, гукъыдэжыфӀ бгъуэтын. Угузасэми, уи гум хэхъуэми – ТӀум щыгъуи нэпсыр пхуэмубыд. Нэпс. «Дамыгъэ», 90. Насып закъуэр къигъуэтащи Марфэ и гум куэд хэхъуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. Фэ фи гум си гур догузавэ, ФыщигуфӀэгъуэм, си гуи хохъуэ. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16. Гур хыщӀэн (1). Егъэлеяуэ къехьэлъэкӀын, къытехьэлъэн, гугъу ехьын. Абы хуэдэ мыхъуащэрэт си хъыджэбз закъуэр, жызоӀэри си гур хыщӀэу жэщкӀэ жейм семызэгъыу сыхэлъщ. Лэчымэ, 393. Гур хэщӀын (23). Зыгуэрым иригузэвэн, нэщхъеин, гукъыдэж уимыӀэн. Зигу хэщӀ илъагъумэ – мэгуӀэ, Псывэм хэлъ мылуи зэм мэткӀур. Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209. Псы куэд къохуэхыр макъ ямыщӀу, Уегупсысамэ, уи гур хощӀ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377. Сэ стхыр апхуэдэу наӀуэ хъуамэ, Тхылъ къыдэзгъэкӀмэ, сигу хэмыщӀт. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. Гур хыхьэн (1). Ӏуэху, лэжьыгъэ гуэрым дихьэхын, фӀэфӀу пэрытын. Зыгуэр сщӀэуэ зытезгъэунщ жысӀэми, зыми си гур хыхьэркъым. Лэчымэ, 394. Гур хуэарэзын (1). Гур зыгуэрым хуэзэгъэн, арэзы хуэхъун. И гур хуабжьу хуэарэзыт Степан Ильичу абы хуэдизу фӀыкӀэ къыщыгугъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. Гур хуэгъун (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ гузэвэн, пӀейтеин. Куэбжэжь гуэр кӀыргъыу къыщыӀуахым, Дэфэрэдж псэкӀэ зыхищӀащ и гур зыхуэгъуа дыдэр и натӀэ зэрыхъуар. Лъапсэ, 31. Гур хуэмыфӀын (1). ЗыгуэркӀэ хуэбэмпӀэн, гужьгъэжьгъ хуиӀэн. КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр. Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71. Гур хуэныкъуэн (2). Зыгуэрым щхьэкӀэ гузэвэн, пӀейтеин. СыткӀэ щӀалэм игу хуэныкъуэ. «Елбэздыкъуэ», 17. Хэт и лъэкӀри зэфӀэкӀауэ, Гъэ зыбжани мис дэкӀауэ, ЛӀыгъэ щӀэным игу хуэныкъуэу, Ини хъуауэ Елбэздыкъуэ, Губгъуэм и шыр щыхигъэпщу мис ягъакӀуэ гъатхэ жэщыр, ЩӀалэр куэду мэгупсысэр, Зэплъым и нэр нытоплъызэ. «Елбэздыкъуэ», 7. Гур хуэусэн (1). Уи псэм хыхьа гуэрым гукӀэ усэ с.ху. хузэхэлъхьэн. Сэ си гур фӀыкӀэ ныпхуэусэрт, Гу къыслъумытэу гугъу сехьати. Сэ си гур фӀыкӀэ ныпхуэусэрт. «Мывэ хуабэ», 50. Гур хуэфӀын (1). Зыгуэрым фӀыуэ ухущытын. Си дэлъхуфӀхэ, Фэ насыпхэр къытхуэфхьай, Феплъыт модэ зигу къыфхуэфӀхэм. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 164. Гур хуеӀэн (1). ФӀыкӀэ гугъэу зыгуэрым щӀэкъун. Куэди хъуауэ дэ ди гъащӀэр Садым хуэдэу зэщӀэгъагъэу, Хъер къыпыкӀыу дэ ди гуащӀэм, Гур зыхуеӀэр нэм илъагъуу, Гъатхэ махуэр дэркӀэ уэфӀти Хэку щхьэхуитыр садым хуэдэу Гур дихьэхыу ищӀмэ фӀэфӀти КъехъулӀакъэ и мурадыр. Коммунист. «Партыр ди пашэу», 24. Гур хузын (1). Гур зыгуэрым икъузын. А уаем сэ си гур ИӀыгъыу ехуз, Уэ фӀыуэ сыкъолъагъури – Сыкъолыр, сопсэу. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 27. Гур хъуэпсэн (1). Зыгуэр хуабжьу хуеин. А тӀум [Ӏэдэмрэ Хьэуарэ] дещхь хуэдэ, дэри куэдрэ Ди гур зэхъуапсэм дыдехьэх. Хьэуа. «Дамыгъэ», 72. Гур хьэхун (1). Удихьэхын, псэм хыхьэн (къыдыхьэн). И щхьэц фӀыцӀэр ухуэнауэ Блэ фыцӀитӀу едзыхащ. А щӀалищым я гур, я псэр Хъыджэбз гуакӀуэм ихьэхуащ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 39. Гум шэуэ къытехуэн (1). Егъэлеяуэ зыгуэр и жагъуэ хъун, зыхищӀэн. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьэжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. Гу щабэ (4). Гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэч. Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам, Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат, Иджы нэстхахэм гу лъыптам, Си дежкӀэ мащэр гъунэгъуат. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. Сэ сощӀэр, нэзмытхмэ, Уигу щабэр ныкъуащ. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26. [Инал:] Дэ дигу щабэ хъунукъым, ди бийр лъэныкъуэегъэз дымыщӀауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597. Гу щегъэхуэн (1). Зыгуэрым зыгуэркӀэ зегъэгъэнщӀын. Тхьэм гу щригъахуэ и машинэми, и муради кърехъулӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539. Гу щымыхуэн (8). ЗыгуэркӀэ уримыкъун, зыгуэрым зыщымыгъэнщӀын. Зэманыр кӀуакъэ гу щызмыхуэу. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… «Щхьэлыкъуэ», 406. Тхьэм ещӀэ, и лӀым гу щимыхуэу зауэм ягъэкӀуа, езы цӀыхубзым сигъэтӀысри пэшхьэкур зэщӀигъэнащ, пхъэ гъур тӀэкӀу щылъыр ирилъхьащ. МелыӀыч, 440. Къыдэпхьэхыу зы нартыжьи Щыбгъэуэну уэ плъэкӀакъым, Уи мураду къэпхутами Гу щумыхуэу кӀуэдыжынщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 414. Гу щыхуэн (1). ЗыгуэркӀэ урикъун, зыгуэрым зыщыгъэнщӀын. Гу зыщумыхуэр пӀэщӀэкӀамэ, ИкӀащ пӀалъэншэу уи щӀэщыгъуэ. ЩӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 15. [И] гурэ [и] щхьэрэ зэбгъэжын (1). Зыгуэр зыдэгъуэжын, и щхьэм хуэмыарэзыжын. Къыдырыр пэху хъужауэ удзыпцӀэм къыхэнауэ къру къомыр гублащхьэдэс защӀауэ зэрылъатэм еплъащ, игурэ и щхьэрэ зэбгъэжу. Кхъухь пхэнж, 496. [И] гурэ [и] щхьэрэ зэрыгъуэтыжын (1). И псэ къыпыхьэжын, гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъэщӀэжын. [Дэфэрэдж:] Си гумрэ си щхьэмрэ зэрыгъуэтыжауэ сэри зызохъунщӀэ, ЛэтӀифэ жиӀэр сымыдэу: - Пэжу, анонимкэ щатхкӀэ я хъэтӀыр яхъуэжауэ ятх, щыуагъэхэри хэту. Лъапсэ, 25. Гумрэ щхьэмрэ зэрыубыдыжын (1). ЗыкъэщӀэжын. [Дэфэрэдж:] Си гумрэ си щхьэмрэ зэрыубыдыжауэ сыкъызэфӀэтӀысхьэжри си щхьэм къихьэр жысӀэу къэзублащ: – АтӀэ аракъэ, дунеир аращ нэху щалъагъур. Лъапсэ, 22. [И] гурэ [и] щхьэрэ зэтетын (1). Зыми шэч къытемыхьэн, тегушхуэныгъэ хэлъын. Уигурэ уи щхьэрэ зэтету Ӏуэхур букъуэдийми, блэжьыр тэмэму зэрыблэжьыр хьэкъыу уи фӀэщ мыхъуамэ, зэӀыбгъэхьэнкӀэ мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. [И] гуи и щхьи къэмыкӀын (2). Акъылыр гупсысэ гуэрым хуэмыкӀуэн. Зыхуэзэнур ищӀэжмэ, Долэт, дауи, зыгуэр къигупсысынт, арщхьэкӀэ сэбэп къыхуэхъун хуэзэну а лӀым пщӀыхьэпӀэу игуи и щхьи къэкӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 199. Лу, дауи, и гуи и щхьи къэкӀыртэкъым а властыр къуажэ псоми, псыхъуэу щыӀэ псоми зэрынэсар, дыгъэ нурым хуэдэу, цӀыхухэм я гур игъэхуабэу, нэм нэху иригъэлъагъуу, гъатхэм хуэдэу, къэрэхьэлъкъыр игъэгуфӀэу хэкум къызэринар. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Гур щыкӀын (5). Зыгуэр щхьэкӀэ уигу зыгуэрым ебгъэн. [Бажэм мыщэм жреӀэ:] – Лы гъэфыныр фи хабзэшхуэщ, Пэжщ, фи лъэпкъыр фыщыкӀащ, Сэ сыхъуащи пшынауэшхуэ – Лыр пшэр защӀэщ, сигу щыкӀащ. «Бажэ пшынэ», 4. Аннэ Павловнэ а махуэм къыгурыӀуащ ЛэтӀифэ зищӀысыр, игури щыкӀри и нэм къыщӀэуэ хъуащ. Лъапсэ, 8-9. Къурмэныл тӀэкӀу къихьар и нысэм фӀы дыдэу къигъэхьэзыра щхьэкӀэ, хьысэпылым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ и гур щокӀ. КӀапсэ кӀапэ, 16. Гур щымыпыӀэн (1). Гур зыщӀыпӀэ щымыгъэтӀылъын, щымызэгъэн. Чачи жиӀэн игъуэтырт: «Уи щӀалэм и гур щыпыӀэркъым, си псэ тӀэкӀу», жиӀэурэ Думэсарэ и гур нэхъри Ӏей къищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Гур щымысхьын (1). ПфӀэмыгуэныхьын, пфӀэмыпсэкӀуэдын, гур щӀэмыгъун. Къарууи сиӀахэр, Силъ пщтырыр кӀуэдащ, Сэ си гур зы тӀэкӀуи Си гуащӀэм щымысхьт. ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 32. Гур щӀэгъэстын (1). Гур къызэщӀэгъэплъэн. – АдакъэщӀэ, хущӀэ пӀастэ, Санэ сӀыгъкъэ, гур щӀигъэсту. «Елбэздыкъуэ», 9. Гур зыщӀэгъэгъун (3).Зыгуэрым зыхуэгъэтхьэмыщкӀэн, игу зыхуэгъэузын, зыхуэгъэгузэвэн. Аннэ Павловнэ и пэр дрилъэфейуэ иухащ, жиӀам къыфӀимыгъэкӀыу, къыщиуду гъын хуэдэу щӀыщытари нэгъуэщӀкъым, сигу зыщӀигъэгъуну и мурада фӀэкӀа. Лъапсэ, 9. Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хумыгъэгъу. «Елбэздыкъуэ», 9. Нэмыцэм дышуудзэ я гугъэу кӀуапӀэ къыдатыркъым, - жиӀэу Бекъан яхуэтхьэусыхэрт ягу зыщӀигъэгъун и гугъэу. Нал къута, 269. Гур щӀэгъун (17). Зыгуэрым гур хуэузын, пфӀэгуэныхь, пфӀэпсэкӀуэд хъун. Жагъуэгъу сэламыр сытым щыщ, Ар къезыӀыхым сигу щӀэгъуащ – Дыгъужьым и цыр ихъуэж пэтми, И хьэл ихъуэжу уэ плъэгъуа? Дыгъужь. «Дамыгъэ», 219. Егугъу ӀэщӀагъэм, жиӀэрт сянэм, Къызэущиеу игу къысщӀэгъут. ӀэщӀагъэ. «Дамыгъэ», 117. ГукӀэ щӀэн (2). Гум ибубыдар имыхуауэ щӀэн. Зы тхылъ ин и блэгущӀэм щӀэлъу Къазджэрий, и гупэр курсантхэм къахуэгъэзауэ, ипэ ит партэ щӀыӀум къытетӀысхьэри, щӀэупщӀащ: – Хэт усэ гукӀэ ищӀэрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Лу тхылъым итыр гукӀэ ищӀэти, тхылъым еплъыным и пӀэкӀэ Чачэ дежкӀэ еплъэкӀыурэ къеджэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. Гур щӀэхун (1). Къэгузэвэн. – Думэсарэ и гур щӀэхупауэ щӀэупщӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Гур щӀэхупэн (1). Гур икӀын. Думэсарэ и гур щӀэхупауэ щӀэупщӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Гум щӀэлъэдэн (1). Егъэлеяуэ зыгуэр уи жагъуэ хъун, куууэ зыхэпщӀэн. Джатэдзэу Жану щыӀэщ псалъэ, ЗыжепӀэм и гум ныщӀолъадэ, КӀыфӀым хэхуами хэмыкӀуадэ, Зыщыбгъэгъупщэу гум имыдэ. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. Гум щӀыхьэжын (2). И жагъуэ хъужын, куууэ зыгуэр зыхэщӀэжын. Нурхьэлий диныр и фӀэщ хъуащ хьэкъкӀэ, къурӀэныбзэ псалъэ къыжьэдэкӀыу, жиӀэр и гум нэхъри щӀыхьэжурэ, тегузэвыхьыжурэ къоуӀэбжь. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Модрей къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ яфӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ. Лъапсэ, 42. Гум щӀыхьэн (6). Хуабжьу зыгуэр уи жагъуэ хъун, куууэ зыгуэр зыхэщӀэн. Махуэ енкӀэ Шур къэжауэ, А иныжьри езэшауэ, Шум аргуэру къылъэщӀохьэ, КъыщыщӀари и гум щӀохьэ. «Елбэздыкъуэ», 18. Саният ар ибзыщӀыххэртэкъым: ди хэку сыкӀуэжрэ удзыпцӀэм сыхэсу, адыгэ сабий цӀыкӀухэр гъэмахуэм деж зэрызехьэу къажыхьу, я анэхэр гузавэу абы я ужь иту си нэм илъэгъуауэ сылӀэми, «солӀэ» жысӀэнтэкъым, жиӀэрт Саният, зэрыбампӀэр Зураб и гум щӀыхьэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Ауэ, нэху зэрыщу, Астемыр Налшык нэсыжын хуейти, ар и гум щӀыхьат, иджыри къэкӀуэжыпакъым, къызыхэкӀа отрядым кӀуэжмэ, аргуэру къэтынщ куэдрэ, жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. Гур щӀыӀэн (3). НэгъуэщӀым и гукъеуэ, и гуауэ зыхэмыщӀэн. Хэт ейми содэ сэ а пыӀэр, Ухуейми си щхьэм хуремыхъу, КӀуэфынкъым жыжьэ зи гур щӀыӀэр – Шум лъэсыр гъуэгум щыдэмыхъу. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. Ер ӀэщӀагъэу къэзыщтам И гур щӀыӀэщ сытым щыгъуи, ГущӀэгъугъэми пэжыжьэщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 421-422. Гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ илъын (1). Уи гупсысэм гур къизыгъэгуфӀыкӀын, гум фӀэфӀ фӀэкӀа (гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ с.ху.) имылъын. Сэлимэ шхыӀэным къыщӀэӀэбыкӀри си Ӏэр къиубыдащ, гуащэ иӀыгъ хуэдэ и бгъэгум ирикъузылӀащ, сэр щхьэкӀэ и гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ зэрилъым гу лъызигъатэу, сэри сыщыгуфӀыкӀырт зыкъызэрищӀэжым щхьэкӀэ, си тхьэкӀумэми къицырхъащ: - Дэфэрэдж, - жиӀэу ерагъыу и жьэм къыжьэдэкӀащ. Лъапсэ, 28. Гум ӀэфӀрэ хуабэрэ илъын (1). Еплъ гум ӀэфӀагърэ гуапагърэ илъын. А тӀур щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщӀкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. Гум Ӏей хуимылъын (2). Зыгуэрым фӀыуэ хущытын. Инал и гум абы Ӏей хуилъу щытамэ, жылэр шэсу фыуви Жыраслъэн къефшэлӀэж, жиӀэнтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. [Къазджэрий Инал щхьэкӀэ:] Игу Ӏей къысхуимылъ хуэдэу къысфӀощӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. Гур Ӏеин (1). Гур къызэрыдэхьеяуэ, къекӀуауэ щытын. Сигу Ӏейуэ, слъагъумэ нэ фӀыцӀэшхуэр, Си губжьыр фӀыкӀэ зызохъуэкӀыр, Гум щӀыхьэу сыгъми сыдыхьэшхми, Зы нэпсщ тӀум щыгъуи нэм къыщӀэкӀыр. Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71. [И] гурыфӀ къикӀын (1). Гукъыдэж иӀэн, хуейуэ, фӀэфӀу зыгуэр ищӀэн. И гурыфӀ къикӀмэ, [Долэт] куэбжэр Ӏуихырти фызхэр къыдигъэхьэрт, ауэ къытехьакъэ – хьэпариижьыр псыкъуийм ирипхырти, итӀанэ еплъыт псы пэгун къихи. Хъуэпсэгъуэ нур, 243. [Я] гур зэрылъагъун (1). Я псэр зэкӀэрыпщӀэн, сыткӀи зэгурыӀуэн. ТӀуми зыхуаӀуэтэжынур зыхуаӀуэтэжа нэужь, я гур фӀыуэ зэрылъэгъуащ, игъащӀэм зэрыцӀыху хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 180. [Я] гур зэрыщӀэн (2). Зыр зым зэхищӀыкӀын, фӀыуэ зэрылъагъун, зэгурыӀуэу зэбгъэдэтын. ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум [Елдаррэ Саримэрэ] я псэмрэ я гумрэ зэжраӀам гъунэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. А цӀыкӀуитӀым я гур зэрыщӀэти, щэху цӀыкӀуу зэпсалъэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 608. Гур зэфӀэнэн (3). Зыгуэр и жагъуэ хъууэ къызэӀууэн, нэщхъей къэхъун, къызэфӀэзэрыхьын, и гъын къэкӀуэн. Си деж упӀащӀэу укъэсау, А уи Ӏэ щабэу сигу къинар УӀэгъэм гуапэу къеӀусау КъысфӀэщӀри, си гур зэфӀэнат. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. Федя и гур зэфӀэнауэ Гъуэгу зэрыкӀуэр зэпеплъыхь. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 160. ЛӀыжьым и гур зэфӀэнащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 148. [Я] гур зэхуэфӀын (1). ФӀыуэ зэрылъагъун, псомкӀи зэгурыӀуэн. А щӀалищым ягу зэхуэфӀу Хъарбызхъумэу Рау хуагъакӀуэ, ХьэщӀэу къашэм ар яфӀэфӀу, ЛӀыжьыр, жаӀэ, ди лэжьакӀуэр, Илъэсищэ нобэ хъуауэ, Куэд и гъащӀэм илъэгъуауэ. «Тисей», 479. Гур зэхуэӀэфӀын (2). Зыр зым фӀыуэ хущытын, зыхуэарэзын. ТӀэкӀу дигу зэхуэӀэфӀу дыщывгъэс, – жиӀэрт Иринэ. Щынэхужьыкъуэ, 30. Псалъэу хэлъыр дыгъэлу, купщӀэшхуэ хэлъу, цӀыхум я гур зэхуэфӀмэ я насыпу, псэкӀэ зэрыӀыгъыу ди лъапсэр быдащэрэт жиӀэу цӀыхур зыхущӀэкъуу щытар тыншу къыбгурегъаӀуэ. КӀапсэ кӀапэ, 15. Гур зэщыгъэуэн (2). Зыгуэрым зыри фӀэмыӀэфӀыж, хуэмыхьыж щӀын. КӀуэцӀрыкъуагъэм цӀыхум я гур къреуд, я гур зэщегъауэ, нэмыплъ къыурегъэх. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. [Я] гур зэщыкӀын (2). Зыгуэр щхьэкӀэ зэщыӀеин, зэмыфӀыжын, я гур зэбгъэдэкӀын. Зы псалъэ закъуэ къемызэгъыу ЖысӀати ди гур зэщыкӀащ. Зэ закъуэ хъу си щхьэгъусэ. «Батырыбжьэ», 87. Сыт лӀыгъэ зэрахьами, Локотошрэ Якъубрэ зэфӀэкӀуэдащ, ягури зэщыкӀащи, зэкӀужыну Ӏэмал зимыӀэщ. Нал къута, 309. Гур зэщӀэнэн (2). КъызэщӀэӀэта, жыджэр хъун. Дэ ди шухэр щхьэмыгъазэщ, МафӀэу ди гур зэщӀэнэнщ, щӀы уи фӀэщ уэ, Сталин лъапӀэ: Бий дищӀ лъэщым къидмынэн. Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41. Си гур зэщӀонэ, услъэгъуамэ, Нурыр игуэшу дыгъэ нэхущ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 215. Гур зэщӀэплъэн (1). Губжьым къыхэкӀкӀэ гур къэлыбын, зэщӀэнэн. И гур нобэ зэщӀэплъами Псы емыфэу ар псэуакъым, Ауэ нобэ псым теплъами Ар мыгуфӀэу хуэшэчакъым. Псы. «Партыр ди пашэу», 16. Гур зэӀигъэхьэн (1). Зыгуэрым уи гур Ӏей ищӀу, гукъыдэмыж ухъун, уи къэжьын къигъэкӀуэн. Абы кърит хущхъуэр апхуэдизкӀэ дыджти, зы Ӏубыгъуэ закъуэм укъигъэжьыну уи гур зэӀигъыхьэрт. Нал къута, 244. Гум зиужьын (1). Гукъыдэж, гупсэхугъуэ гъуэтын. Къру щӀыкӀэу, зэлъэужьу Мэкъу пыдупщӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм, гум зиужьу Аргъынэшхуэр ныӀудох. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. Гум зигъэпсэхун (1). Гукъеуэ с.ху. уимыӀэу гур зэгъэн. Ар, уигу хигъахъуэу, сыт уардэ, Сытеплъэм, си гум зегъэпсэху. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. Гум зишхыхьыжын (5). Губжьым зэщӀигъэнэн, зыгуэр щхьэкӀэ бэмпӀэн, зэгуэпын. Уэ уигу ерыщым зешхыхьыжри, Уи лъэ зытетыр егъэщэӀу. Си лъапсэр бгъуэтмэ... «Щхьэлыкъуэ», 68. Жангулэз и гум зишхыхьыжурэ ӀэлъэщӀ дахэр дурэшым дидзэри ежьэжащ. КӀапсэ кӀапэ, 18. Гу зылъегъэтэн (1). Зыгуэрым зыгуэркӀэ гулытэ зыхуегъэщӀын, зыкъегъэлъагъун. Советскэм и унафэр си унафэщ, и Ӏуэхури дызоӀэт, культармеец къакӀуэмэ, дэсхужыркъым, жиӀэу Долэт дэни къыщепсэлъ, абыкӀэ зыхигъэгъуэщэжу, Инали гу зылъригъэтэн и хьисэпу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. Гу зылъемыгъэтэн (6). Зыгуэрым зыгуэркӀэ гулъытэ зыхуемыгъэщӀын, зыкъемыгъэлъагъун. Аслъэным и гум фӀы зэримылъыр къыдырми ищӀэрт, гу зылъригъатэртэкъым… Кхъухь пхэнж, 500. Думэсарэ и гур къызэфӀэнэрт, и дзэр зэтрикъузауэ гъырти, и пӀэщхьагъыр псыф хъуамэ, унэм щӀэсхэм гу зылъримыгъатэу нэкӀукӀэ тегъуалъхьэрти нэху щыхукӀэ гъущыжауэ къыщӀэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. Лу тӀэкӀу зэрышынэм пцӀы хэлътэкъым, арщхьэкӀэ, и ныбжьэгъухэм гу зылъримыгъатэу, кхъэ унэ кӀуэцӀым щыӀэбэрабэт, удз кӀырым хэпэщэщыхьу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 578. Гум игъэлъын (5). Зыгуэр пщымыгъупщэжу, пщӀэжу, уи гупсысэм зэпымыууэ хэгъэлъын. Сэ уанэгу сыкъихуу Губгъуэм сыкъинами, Си хъыбарыр жепӀэурэ Дахэм игу сигъэлъ. Телъхьэ уанэ си шым. «Мывэ хуабэ», 233. Уигу игъэлъ плъэгъуар, – жиӀэри Бэлацэ куэбжэр хуищӀыжащ, Елдар и Ӏэуэлъауэр жэщ кӀыфӀым хэкӀуэда нэужькӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 277. Ей, а Саримэ, а Рум, Алыхьыр фи гум ивгъэлъ, шэ къыфтехуэнкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 283. [И] гур икӀын (6). Шынэн. ЗауэлӀхэр щохьэ бий зигу икӀам: «Урыс сэлэтым щхьэщэ хуэфщӀ, Арщ къыфтекӀуэныр зылъэкӀар!» Майм и 9-м 1945 гъэм. «Шум и гъуэгу», 9. Гур ин хъун (1). Зыгуэрым иригушхуэн, ирипагэн, щыгуфӀыкӀын. КхъуейплъыжькӀэрыщӀэм дэпщеяуэ Тембот къахэплъэрт ищӀагъым щӀэт къомым, хъыджэбзхэм, зы лӀыгъэ бэлыхь ищӀа хуэдэу, и гур ин къэхъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 98. Гур иудын (3). И гукъыдэжыр къутэн, и жагъуэ щӀын. Сэ зыми и гур изудакъым, Е цӀыхум я гуи сэ сихуакъым. МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351. Ар щӀалэ цӀыкӀум едэхащӀэрт, и жагъуэ зыщӀар езыр ара хуэдэу, арщхьэкӀэ ЛӀыгъур къыгуроӀуэ тӀуми я гур къизудар. Лъапсэ, 105. Гур ихын (6). 1. (5). Зыгуэр хуабжьу къэгъэщтэн, гъэшынэн. УмыщӀэххэу ухуэзакъэ – Укъигъащтэу гур ирех. Нэжэгужэ. «Дамыгъэ», 96. Щышынэм и гур, пэжщ, ирехыр, И нэкӀукӀэ тхъуэплъым и Ӏэр щӀыӀэщ. ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204. Ву макъым уи гур ирихыу, Щиху кӀыхьхэм дамэр еӀусэу, Кхъухьлъатэр щхъуантӀэу, лъахъшабзэу Мэуфэразэ аргъуейуэ. «Адэ», 131. 2. (1). Зыгуэрым гур щӀэгъун. Фыз сабийхэр зи бгъэ щӀэсым Я гъы макъым гур ирахыр. «Тисей», 484. Гум икӀын (2). Зыгуэр щыгъупщэн, имыщӀэжын. Ар зи гум икӀыр ди бынкъым, Бийм емыуэфри дэ тпӀакъым. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. Я нэхъыфӀ дыдэу плъагъу цӀыхубзым убгъэдэсми, ар уигу икӀыну Ӏэмал зимыӀэт. Щынэхужьыкъуэ, 29. Гум илъхьэн (1). Зыгуэр мурад щӀын. ЦӀыхухэм я гум гугъэ лъапӀэр Уэ иплъхьати псори хъуапсэт, А гугъэшхуэр ягъэлъапӀэу, А насыпыр псэм и щӀасэу, Ар лъэпкъ псоми я пщэдджыжьу, Гу бэмпӀамкӀи ар акъужьу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 50. Гум илъын (116). Уи гупсысэм хэлъын, мураду уиӀэн. ДыгъужьыгукӀэ ягъэшхакъэ, ЖыпӀэу мэхъур Ӏейр и жагъуэ, Мыр тхьэрыкъуэм къадэхъуакъэ, ЖаӀэу зэми ягъэщӀагъуэ Ӏэдэбыгъэу щӀалэм хэлъыр, И гуапагъэу и гум илъыр. «Тисей», 501. Щамхьун и гум зы бэлыхь гуэр зэрилъыр ящӀэрти, Псыжь Ӏуфэ зыкъом щызэхуэсат. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. Фызыжьым и гум сыт илъми Хэт илъагъуну лъэкӀын? «Адэ», 134. Гум имыгъэхун (1). Гум зэпымыууэ игъэлъын, зыщымыгъэгъупщэжын. Сэ уанэгу сыкъихурэ Губгъуэм сыкъинами, Сызыпылъ хъыджэбзым И гум сумыгъэху. Телъхьэ уанэ си шым. «Мывэ хуабэ», 232. Гум имыдэн (10). Гум фӀэмыфӀын, хуэмеин. Зэанэзэпхъур зэакъылэгъуу защӀ щхьэкӀэ, тӀури щӀегъуэжат, ауэ заумысыжын я гум идэртэкъым. Къалэн, 433. Ӏэшэлъашэм щӀалэ цӀыкӀуу дэсыр къызэхуэсат, пщэдджыжь бэзэрым къэкӀуа Ӏэджи кърихьэлӀауэ зэныкъуэкъуу, ялъэгъуар зэхуаӀуэтэжу зэхэтт, мывэм тедиихьа лъы ткӀуэпсым теувэн я гум имыдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 116. Тэмэщ уи гъащӀэр – къытегъазэ, КъызжаӀэу си гум имыдэн. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 63. Гум имыкӀыжын (16). Уи гупсысэм зэпымыууэ хэлъын (телъыджэ, гъэщӀэгъуэн с.ху. къыпщыхъуа гуэр). ЩӀалэ нэ цӀу цӀыкӀуу Лу къыщалъхуа махуэм къуажэм ягу имыкӀыжын Ӏэджи къыщыхъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 49. Парадыр Апчарэ и гум икӀыжынкъым. Щынэхужьыкъуэ, 35. [Анэм, и къуэ Къарней хуэгъэзауэ:] «А махуэ дыдэм уи адэр ЛӀыукӀ нэмыцэм яубыдри, Бгъэм я тӀысыпӀэу ди бгыщхьэм Нэщанэ хуэдэу щагъэуври, Гъуэрыгъуэу еуэу яукӀащ, Гум имыкӀыжу гуузу». «Адэ», 142. Гум илъыр къэтӀэщӀын (1). Гум илъыр къихын, хэӀущӀыӀу щӀын. Ӏуэху къагъэхъейм тепсэлъыхьу Къазбэч куэд жиӀэфынут и гум илъ псор къитӀэщӀу жиӀатэмэ, арщхьэкӀэ абы хуэдизу и щхьэр течауэ упсалъэмэ, жыжьэ нэсыжынкӀэ хъунут. Лъапсэ, 82. Гум имыхужын (8). Уи гупсысэм зэпымыууэ хэлъын, пщымыгъупщэн, гум къинэжын. Мы хъыбарыр лӀыжьым жаӀэу Я гум ноби имыхуж. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 410. «Си къуэр», – жиӀэу зэ жиӀащи, ЩӀалэм и гум ар имыхуу, Ныбжьэгъушхуэ зэхуэхъуащи, ЩӀалэм Ӏуэхур ӀэщӀэмыхуу Щэхуу йоплъыр тыгъэ гуакӀуэм, КӀэрыщӀауэ жэщи макӀуэ. «Тисей», 505. Гум имыхун (10). Гум илъын, щымыгъупщэн. Дэфэрэдж хущхъуэу зыхуейр езым ищӀэжу къыщӀэкӀынщи, кърещӀэ, зышэну кхъухьыр къэзгъэхьэзырауэ сыкъэкӀуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ емыжьэу хъунукъым, пащтыхьым и псэм хуэдэу илъагъу фыз нэхъ дахэ дыдэу француз цӀыхубзыр сымаджэ хъуащ, зыгуэр къыщыщӀмэ, ди гум ихункъым, къыщыщӀынуи Алыхьым жимыӀэ, Алыхьым къихъумэну, Алыхьым и ужькӀэ Дэфэрэдж сыт и узкӀи Ӏэзэу хъыбар Истамбыл нэсащи, къихъумэну дыщогугъ, - жиӀэри пэщэр къыщӀэкӀуар езым псалъитӀу жиӀами, и тэрмэшым гурыӀуэгъуэу къыжиӀэжащ, француз цӀыхубзым «си ӀэфӀыкӀэ цӀыкӀукӀэ» пащтыхьыр зэреджэри къыщӀигъужащ. Лъапсэ, 120. Гум иримыхьыжын (1). Зыгуэр гум фӀэмыфӀыжын, псэм дэмыхьэжын. «Дивертисмент» жыхуиӀэ псалъэр арагъэнщ, жиӀати, ари и гум ирихьыжакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613. Гум иримыхьын (2). ФӀэмыфӀын, гум къимыщтэн. Зыр мэшхыдэ е мэгие, Игу мафӀэгур иримыхьу; Зыр щхьэукъуэу дэсщ плӀанэпэм, И ни и пси зы къимыхьу. МылӀэжыныгъэм и мафӀэгум. «Дамыгъэ», 234. Къытхуишэнур нэбгъузкӀэ нэхъ мыхъуми дигъэлъэгъуащэрэт, щӀалэм и гум иримыхьынуми пщӀэркъым. Лъапсэ, 114. Дыгъуаси вэсмахуи – Нартыху Къазбэч и гум иримыхьын гуэр и нэгум щӀэкӀати, арауэ къыщӀэкӀынщ дыгъуэпшыхь, щакӀуэ дывгъакӀуэ жиӀэу и блыгущӀэт къомыр щӀызэхишар, и нэгум тӀэкӀу зригъэужьмэ, и гуапэу. Лъапсэ, 73. Гум ирихьми-иримыхьми (1). Гум къищтэми-къимыщтэми. Къэзышэну щӀалэм фӀэфӀми фӀэмыфӀми е хъыджэбзым щӀалэр и гум ирихьми иримыхьми, нэхъыжьхэм я унафэр унафэу къанэрт. Лъапсэ, 65. Гум ирихьын (61). Гум фӀэфӀын, хыхьэн, псэм къыдыхьэн. Бэлацэжьыр къытехьауэ ХетӀэ-хесэ ислъэмей, – И гум пшынэр ирихьауэ Мэзым мыщэр щыдолъей, Бажэр йоуэ ислъэмей: – Ӏэпэ пшынэр маджэ, Ӏэджи къызогъэкӀ, Си мыщэжьу бзаджэ, Къомыгъанэ плъэкӀ. «Бажэ пшынэ», 6. Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Гум иубыдэн (34). Уи гупсысэм зыщомыгъэгъупщэжу, зыӀэщӀомыгъэгъупщыкӀыжу хэгъэлъын. Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ». Сынэсщ псы Ӏуфэм, псы сыщефэм, ТкӀуэпс щӀыӀэм мафӀэ си гур къищӀри, ЩысщӀат тӀысыпӀэ а псы Ӏуфэм, ТӀэкӀу зызгъэпсэхумэ, си гъуэгу скӀуну. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. Сыт цӀэуэ фӀэфщми хэт зымыдэр, АрщхьэкӀэ фи гум ивубыдэ – ЦӀэрыӀуэ хъунущ ӀэкӀуэлъакӀуэу Ар, ди къэкӀуэнум и ухуакӀуэм. Къуэ. «Партыр ди пашэу», 108. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр, Дунейр бухыхукӀэ имыхун. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83. Гум ихун (1). Зыгуэр щыгъупщэжын, ӀэщӀэгъупщыкӀыжын. Увэныр куэдкӀэ яфӀэпсынщӀэщ, Зэхахыр куэдым я гум йоху. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. Гум ищӀэн (3). Псэм ищӀэн (къэхъуным и пэкӀэ). Лу гукӀэ ищӀэрт гуфӀэгъуэр ущыхуей махуэм, пӀалъэ хуэпщӀам тету, къызэрымыкӀуэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. И щхьэри къыфӀэхуауэ зи пащӀэ псыф хъуа лӀы гуэр щыслъагъум, си гум ищӀащ ар сымаджэм и адэр зэрыарар, езыми сыкъыщилъагъум, и гур къызэфӀэнащ – тхьэм ещӀэ, телефоным и Ӏуэхур и гум къэкӀыжа. Лъапсэ, 17. Гур кӀуэдын (8). Шынэн, гужьеин. Уз зэуалӀэу зи гур кӀуэдыр Псалъэ дахэм егъэхъуж. Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ. «Вагъуэ махуэ», 323. Зигу кӀуэда анэм и хьэдэр Къупщхьэ зырызу къещып. Уэрщ, зауэлӀ хахуэ. «Шум и гъуэгу», 21. Нэмыцэр Налшык къэсри Якъубым и гур аргуэру кӀуэдащ – зэрыхъун щыхъуар иджыщ, жиӀэри. Нал къута, 304. Гур кӀуэдыпэн (7). Егъэлеяуэ гужьеин, и псэр и лъэдакъэпэм нэсыжын. [Аслъэныкъуэ:] Абы сегупсысурэ си гур кӀуэдыпащ. МелыӀыч, 443. Къазджэрий и гур кӀуэдыпат: сэ сызыщыгугъа, мыр къызэрыщӀэкӀа, жиӀэу и бгъэгум еуэж щхьэкӀэ, нейӀэмал. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 664. МуӀэзинми имылъэгъуауэ къыщыщӀэкӀым, Дуду и гур кӀуэдыпащ, езыри ешащи, къару къыхуэнэжакъым. ВитӀ, 414. Гу кӀуэцӀылъын (2). ЛӀыгъэ, тегушхуэныгъэ хэлъын. Ухэкушхуэу жамыӀами, Гушхуэ хэкум уэ пкӀуэцӀылъщ. Адыгэ хэку. «Щхьэлыкъуэ», 394. Иджыблагъэ жылэр Степан Ильич и ӀэщӀагъэр ягъэщӀагъуэу къеплъырт «Къэрал пхъуантэр» абы щигъэувам, нобэ Степан Ильич йоплъ Елдар, абы гушхуэ зэрыкӀуэцӀылъым, акъылышхуэ зэриӀэм шэч къытримыхьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. Гу щӀагъуэ кӀуэцӀымылъын (1). Шынэкъэрабгъэу, лӀыгъэншэу щытын. Езыми гу щӀагъуэ кӀуэцӀылътэкъыми зыгуэрым триубыдэмэ, шынэжырт, щиӀуэжырт делагъэ имыщӀэну, арщхьэкӀэ Елдар зи ужь итыр блэбгъэкӀ хъун, делагъэм я делагъэжкъэ ар. Хъуэпсэгъуэ нур, 228. Гу къабзэ (9). Зи гум Ӏей имылъ, хьэрэмыгъэншэ, гу хьэлэл зиӀэ. Астемыр абыкӀэ шэч лъэпкъ хуэпщӀ мыхъуну гу къабзэт, итӀани Думэсарэ къыхуэщӀэртэкъым Астемыр къимыгъэкӀуэжу зыӀыгъыр, е езыми Ӏуэху зэрихуэм тепсэлъыхьу зыгуэр къитхтэмэ аратэкъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. Сигу къабзэр гъуазэу сымыгъуащэ – Сэ уанэ махуэр схузэщӀалъхьэ. Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227. Народ псоми я гур къабзэу Къыбгъэдэту фӀыщ я гъуазэр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 53. Гур къэгъэжанын (2). Къэгъэнэжэгужэн, гукъыдэжыфӀ игъэӀэн, етын. ЛэжьапӀэм къикӀыжа нэужь, унэмкӀэ имыгъазэу а кабарем зиудыгъуауэ, гу зылъримыгъатэу щӀэплъэмэ, Назифэр зы бэлыхьлажьэу хуэпауэ къофэри лъагапӀэ тӀэкӀум тетщ, кабарем щӀэсу фадэм зигу къигъэжанахэри щыгуфӀыкӀыу хъыджэбз дахэм йоплъ, я гурыӀупсыр къажэу. Лэчымэ, 396. Езыми, фадэм и гур къигъэжанауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэщэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну. Лъапсэ, 86. Гур къэжанын (3). КъызэщӀэплъэн, нэжэгужэ хъун, гукъыдэж иӀэн. ХьэщӀэм и гур къэжанати, «цӀыхубз гуэр щӀегъашэт си пэшымкӀэ», - жиӀэри Нартыхум щэху цӀыкӀуу гуригъэӀуащ. Лъапсэ, 79. Абы щыщэкӀуэну хэт хуит, хуимыт жаӀэу зигу къэжэнахэр зодауэ. Лъапсэ, 81. Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь гур къэжэнащ, псэлъэрей хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. [И] гу къебгъэн (15). Еплъ [и] гур ебгъэн. – Я сэ си тхьэу си тхьэшхуэ, сыт мыгъуэ уигу къыщӀыдэбгъар? Хъуэпсэгъуэ нур, 274. Ди анэшхуэми арат нэхъ зыхуигъазэр, уеблэмэ ЗекӀуэтхьэм и гур къебгъамэ, арауэ жиӀэрт шу къомыр Ӏисраф щӀэхъуар, сэри уафэгъуагъуэ макъ зэхэсхмэ, сышынэурэ си диным сикӀырт, сыздэкӀуэнур сымыщӀэу. Лъапсэ, 6. Узыхуэтхьэусыхэни щыӀэкъым, къуажэ Советым уокӀуэри – цӀыхум я гур къобгъэнущ, я пщӀантӀи удагъэхьэжынкъым, я хьэр къуауштурэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Гур къезэуэн (3). Зэгуэпым, бампӀэм къыхэкӀкӀэ гур къеныкъуэкъун. Зи гур къезауэм и сэшхуэм Набдзэр хуэхъунущ къамэпэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Сэ зи гугъу сщӀыр утыкум къиувэмэ, цӀыхуфӀыфэ зытригъауэ щхьэкӀэ, зи гур къызэзауэрщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642. ГъумэтӀымэу и гур къезауэ пэтми зишыӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 17. Гур къекӀуэн (9). Гур къызэрыдэхьеин, зэӀыхьэн. Гесиод. Баку къикӀари щхьэгъубжэм дэлъа щхьэкӀэ жыжьэ мыкӀуэфу и гур къекӀуэри къытехуауэ щылъщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. ЦӀыхубзыр апхуэдизкӀэ шынэщати, зимыщӀэжу мэджалэ, и гур къекӀуауэ. Лъапсэ, 51. ЦӀыхубз зыкъизыххэм яхэс нысащӀэм Урарэ зэрыӀуплъэу и гур къекӀуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Гу къыхуэмынэжын (1). Гур щӀэхун, къарууншэ хъун. [Хьэбибэ:] Алыхь, гу къытхуэмынэжа! Нал къута, 229. Гум къэгъэкӀыжын (33). ПӀэщӀэгъупщыкӀыжа гуэр гум къигъэхьэжын. «АтӀэ къыптекӀуэр гугъущ» жызыӀэу Ӏэщ тӀэкӀу ихъумэфар жэщкӀэ иукӀыжурэ зызыгъэхьэзыри щыӀэт, колхозыр зымыдэу щыта къомыр кӀуэдыкӀейуэ зэрагъэкӀуэдар я гум къагъэкӀыжауэ. Лъапсэ, 84. Лу къыхидза уэрэдым и уэрэдыпкъыр ящӀэжыртэкъыми, езы Тинэ ар зыщыгъупщэжам я гум къигъэкӀыжащ: Хьэнцигуащэ Зыдошэрэ, зыдошэрэ, Ялыхь, уэшх къегъэщэщэх! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643. Якъуб зыгуэр щибзыщӀу гу къылъимытэн щхьэкӀэ, Апчарэ адыгэш хъыбару Бекъан къыжриӀауэ щытар и гум къигъэкӀыжащ. Нал къута, 266. Гум къэгъэкӀын (19). Зыгуэр гум къигъэхьэн. Абы хэт щӀалэу Хьэкуринэ БлэкӀахэр фи гум, мес, къегъэкӀ, Адыгэ тхыдэм нэпсу хэлъым Щыщ ткӀуэпси фи нэм къыщӀегъэкӀ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179. Дызэрыпагэр телъщи напщӀэм, ТфӀэӀэфӀу ди гум къыдогъэкӀ. Ныкъусаныгъэ. «Дамыгъэ», 222. КъеплъэкӀауэ [Федот:] Къилъэгъуащ Марфэ щыту: «ФӀыкӀэ, Марфэ, узыншэу, Уи гум куэдрэ сыкъэгъэкӀ», Марфэ магъыр насыпыншэу. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 160. Гум къэкӀыжын (122). Гум ихуа гуэр къэщӀэжын, къэгубзыгъыжын. «Дунейр шэрхъщи – мэкӀэрахъуэ», жиӀэу Астемыр и псалъафэр Думэсарэ и гум къэкӀыжащ, ди натӀэ илъым дыхуэзэнщ, жиӀащ абы игукӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Унэм щӀыхьэну дэкӀуеипӀэм щынэса дыдэм Сарими и гум къэкӀыжащ езыр яшауэ унэишэ щыхуащӀам, нобэ хуэдэ къабзэу лэгъунэм щӀашэ пэтрэ, шэ къытехуауэ зэрыщытар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Убыхым я деж къикӀа щӀалэхэр бэлыхьу хуэпащи, зыкърах, мо фейцей къомыр щалъагъум, зэщӀодыхьэшхэ, арщхьэкӀэ я щыгъын зэрахъуэжын хуейуэ зэрыщытыр я гум къыщыкӀыжым къогузэвэж: «Дауи ди щыгъыныр етту, езым ящыгъхэр къазэреӀытхынур?» - жаӀэу. Лъапсэ, 115. Гум къэкӀын (171). 1. (161). Гупсысэ гуэр уи щхьэм къихьэн, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэкӀуэн. Ныбжьэгъу, уэ фӀыкӀэ уигу сыкъэкӀмэ, Си гъуэгу кӀыхь хъуну къызэхъуэхъу. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. Шейхым жиӀэм седаӀуэу сыщысурэ, зы план бэлыхь си гум къэкӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. МакӀуэ щӀалэр, жыжьэ къокӀыр, МакӀуэ, макӀуэ, къемыплъэкӀ, Ӏэджэ щӀалэм и гум къокӀыр – И къуажэжьыр хъуащ зэгъуэкӀ. МакӀуэ щӀалэр ауз гъуэгукӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 54. 2. (10). Зыгуэрым хуэзэшын. Лъы пщтыркӀэ уэсыр згъэпщӀэнтӀау, ФӀыуэ слъагъур си гум укъэкӀат. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. Уигу, си анэ, сыкъэкӀамэ, Уэ мащӀэ уи лъэӀу? Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26. Къазджэрий, дауи, игу къэкӀат и бынунэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. КъэкӀащ сэ си гум сипхъу сэ згъафӀэр, Сабийр хъумапӀэм щызгъэпщкӀуауэ, Си псылъэм иту псы езгъафэрт, И гуауэр си гум щымыткӀуауэ. Сабий. «Шум и гъуэгу», 19. Гум къэмыкӀын (12). Гупсысэ гуэр щхьэм къимыхьэн, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэмыкӀуэн, нэмысын. Лу и насып къикӀат, езыр абы хуэдизкӀэ дихьэхати, къызэплъэкӀыу Ӏэюб сэлам ирихыжыну и гум къэкӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 527. Умыгузавэ, си анэ, Письмо къэптхами седжащ, Уигу къэмыкӀахэм нэгъунэ Уи псалъэ мащӀэм къисхащ. Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48. Сэшхуэм щигъэлъэпэрапэ куэдри къэхъурт, арщхьэкӀэ зыкӀэрихыну и гум къэкӀыххэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 323. Гур къэгъэплъын (1). ГъэбэмпӀэн, къызэщӀэгъэнэн, къэгъэгубжьын, къэгъэлыбын. ИтӀанэ и нэм сэ сыщӀэплъэу Сабийм и закъуэ тхьэ хуэсӀуащ. Абы и гуауэм сигу къигъэплъу, Сэ илъ сщӀэжыну ныжесӀащ. Сабий. «Шум и гъуэгу», 20. Гур къэплъын (4). ЗэщӀэплъэн, бэмпӀэн, зэгуэпын, губжьын. ТӀэкӀу зигъэщхъакъэ – псори маплъэ, А щӀалэр зэплъыр къыпхуэмыщӀэ, Хъыджэбзырщ зыщӀэр псом я пӀалъэ – Зигу къэплъым и Ӏур ирегъущӀэ. Зыхэс удз Ӏувыр ирецӀынэ. «Мывэ хуабэ», 45. Ялъырт сэшхуэр ди адэшхуэм, Ягу къэплъахэм илът гугъэшхуэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Гур къэхьэхун (2). Къыдэхьэхын, фӀыуэ гум хыхьэу зыкъегъэлъагъун. Пщащэм и гур къэпхьэхунум, Куэдрэ уӀумыщӀэ, Игу къыпхуилъыр зэбгъэщӀэнум, КъыбжиӀар хуумыщӀэ. ЩӀалэ нагъуэм удихьэхмэ. «Бгы лъапэхэм деж», 76. Пщэдей хуэдэр бэзэру, директорыр кӀуэщ ветлечебницэми, абы я гур къихьэхуащ. МелыӀыч, 470. Гур къэятэн (1). Еплъ гур етэн. Уз зимыӀэр хущӀогъуэжыр, ЩӀалэм я гур къэятащ. Дохутыр. «Мывэ хуабэ», 35. Гум къеуэн (8). Зыгуэр жагъуэ щыхъун. Думэсарэ жиӀэр Астемыр и гум иримыхь хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, ар Астемыр и гум къишхыдыкӀырт, игу къеуэ дыдэр жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642. Дисэ абы хуэдизу къыщӀыкӀэлъыплъри, щыгъын сыт жиӀэу гузавэ щӀэхъуари, анэр нэхъ гумащӀэ къыщӀэхъуари, Елдар хуэзэмэ, Дисэ щӀыфӀэмыфӀри, Рахьим и мурадри, Елдар и гум къеуэри, Тембот щӀызэгуэпри иджыри къэс Саримэ къыгурыӀуакъым, ноби, а къомым гу лъита щхьэкӀэ, и фӀэщ хъуртэкъым гурыщхъуэ зэрищӀыр пэжу. Хъуэпсэгъуэ нур, 134. ЕтӀуанэрей махуэм Таша сымэ ягу къеуэр ящыгъупщэжри щхьэж и пӀэ изэгъэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604. Гум къилъэдэн (4). Гум псынщӀэу зыгуэр къихьэн. Мыл Ӏувым хуэдэу сытелъадэу А пшэм сэ шууэ срижэнт, Ар жысӀэу си гум зэ къолъадэ, А пшэм и щӀагъым къуажэ щӀэтщ. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. Сэ куэдрэ, куэдрэ сигу къолъадэ Шы жэр сытесу къэскӀухьын, Ди хэку губгъуэшхуэм сынилъадэу Зэдэжэм пыӀэр яфӀэсхьын. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. А машинэм исхэр лӀыкӀуэщ: Зыр Анзору щӀалэ пашэщ, Къызэреджэр «КӀапсэрыкӀуэщ» – ЩхьэкӀэ тету шы къегъажэ, Ар жыг щхьэкӀэм иту хадэр къекӀухьыфыр, игу къилъадэм. «Тисей», 478. Гум къинэжын (къинэн) (25). Пщымыгъупщэжын, уи гум илъын. Ящымыгъупщэу гум къинэжу Лъым хуаус гъыбзэр нэхъ гуузщ. Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398. Иджыри къэс Ботэх и гум ӀэфӀу зы закъуэ къинэжащ: щӀалэ цӀыкӀуу, хьэкӀэпыч цӀыкӀуу школым щыщӀэсым, и мыхабзэу, и адэм щакӀуэ здишауэ щытащ. Лъапсэ, 66. А си махуэр гуапэу, уэфӀу Сабиигъуэр екӀуэкӀакъэ, Мис а махуэр уэрэд ӀэфӀу ЗызмыгъэнщӀу гум къинакъэ. Вагъуэ. «Партыр ди пашэу», 7. [И] гум къипсэлъыкӀын (4). НэгъуэщӀыр зэгупсысыр, нэгъуэщӀым жиӀэну зыхуейр уэ къыжыпӀэн. Уэрэду си гум къопсэлъыкӀыр, Къуажэжьыр си гум къошхыдыкӀ. Сыжейми, си нэр зэтесхами. «Щхьэлыкъуэ», 383. Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу. Лъапсэ, 6-7. Вынд и къуэри яхэст, фадэбжьэ къыщаӀэт унагъуэр дэнэми къигъуэтрэ кӀуэ и хабзэуи, и къулыкъур мыщӀагъуэми зы зэман хьэӀусыпэ зратым яхэтат, Ӏэтащхьэм и гум къипсэлъыкӀыу, нэхъыжьыр езыри абы нэ лейкӀэ къеплъырт. Лъапсэ, 45-46. Гум къихын (1). Гум илъыр къигъэкӀын, къэӀуэтэн. Шабзалъэм къисхым хуэдэу, усэр Къызох сигу иным кӀэм нэмысу, Ди илъэситхум план игъэпсым хэлъын си гуащӀэ сыщӀохъуэпсыр. Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7. [И] гум къихьэн (14). 1. (13). Щхьэм гупсысэ гуэр къэкӀын, уи акъылыр гупсысэ гуэрым хуэкӀуэн. ГъэщӀэгъуэну, нобэ дахэр Гушхуэу, гуфӀэу къикӀухьащ, Сыт хъуэпсэгъуэр, сыт насыпхэр Дахэм и гум щхьэ къихьа? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. Псы уэр аузхэм удыхьэм, Пщы щӀопщыр дэни щыпсалъэт, Щхьэхуитыныгъэр гум къихьэм Ар пӀуатэ мыхъуу дыпэплъэрт. ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99. Гупсысэ лъапӀэр сигу къихьэху, ГуфӀэгъуэр си гум зи имыкӀ. Гупсысэ лъапӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 14. 2. (1). Зыгуэрым хуэзэшын. Зи щӀыхь зыхъумэу текӀуэдахэм Уэрэд дигу къихьэм худогъэш. Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207. [И] гум къишхыдыкӀын (11). Гум къипсэлъыкӀын. Уэрэду си гум къопсэлъыкӀыр, Къуажэжьыр си гум къошхыдыкӀ. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383. Си пшынэ Ӏэпэр щӀамыгъауэм, И макъыр си гум къошхыдыкӀ. Си усэ. «Вагъуэ махуэ», 358. Степан Ильич, Астемыр и гум къишхыдыкӀ хуэдэу, Астемыр зыхуей защӀэт жиӀэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. Гум къридзэн (2). Гум къэкӀын, гупсысэр хуэкӀуэн. Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэуцӀынынт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджатэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт. Лъапсэ, 111. Шылэ ӀэлъэщӀыр Си плӀэм дызодзэ, Си гум къредзэ, Сыдихьэхащи, Шумахуэ фыкӀуи жефӀэж. Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 115. Ди псы уэрхэм я къежьапӀэр, Ди къыр лъагъуэу нэшэкъашэр, Гум къридзэм – къыщхьэрепхъуэ, Сымылъагъуу Ӏэхэлъахэр. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372. Гум кърилъхьэн (1). Гупсысэ, мурад гуэр гум къэкӀын. Ауэ а насып псоми я лейт, Инал, а цӀыхубзым нэхъ хьэлэл уищӀрэ, захуагъэ уи гум кърилъхьатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Гум кърихур (10). ФӀэмыфӀыр, и жагъуэ хъур, и гум къеуэр. Хуэмышэчу и гум кърихухэр, зытегузэвыхьи сыти къимыгъанэу, Астемыр псори жриӀащ и фызым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641. Къазджэрий къыгурыӀуащ хьэщӀэ къэкӀуам и гум кърихур, ар Бэтэгъэ ищхьэ нэс къизыхуу Бурун къэзыхуар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621. Къалэм дэсымрэ абырэ зызэраупсейри бжьэцу зэрызехьащи, я гум кърихур зэгъэщӀэн хуейщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. [И] гум къыдэжеин (1). Жагъуэ пщыхъуа гуэр пщымыгъупщэжу къызэрыдэхьеижын. Си гъащӀэ Ӏыхьэр сохь сыдаӀуэу, ИтӀани си гум къыдожей: «Дунейм уехыжым пфӀэфӀкъэ?» – жаӀэу КъызэупщӀынуи сыхуэмей. Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу. «Мывэ хуабэ», 153. Гум къыдэкӀын (1). Гум къыбгъэдэкӀын. Гум къыдэмыкӀыу псалъэ закъуэ Си усэ тхылъым яхэмыт. Ди лъэпкъ и псалъэ епцӀыжакъым. «Дамыгъэ», 208. Гум къыдихун (2). ЗыгуэркӀэ мыарэзын. А псор къадым ищӀэрэ имыщӀэрэ тхьэм ещӀэ, езы Дэрдэхь ещӀэж и хьэрып гъунэгъухэм я гум къыдихур… Хьэсэпэхъумэ, 418. ЦӀыху Ӏуву зэхэтым къаувыхьауэ зэ зыр адэкӀэ къыхогуукӀ, зэ нэгъуэщӀыр къыхокӀиикӀ, я гум къыдихур ямыбзыщӀу. Лъапсэ, 73-74. [И] гум къыдрихьеин (1). Еплъ [и] гум къыдэжеин. «Си щӀалэр» щыжиӀэм, Къэрэжь зыгуэр жиӀэну и гум къыдрихьеят, арщхьэкӀэ ӀэщӀэгъупщыкӀыжри фочыр блыным ириупсеящ: – Къэзгъэнэну аращ сэри къыщӀэсхьар. Лъапсэ, 103. Гум къыпылъэдэн (2). Зыгуэрым хуабжьу хуеин, щӀэхъуэпсын. И тхьэкӀумэр игъэкӀауэ, Дыгъужьыжьыр къытолъадэ, Лы ишхыныр игу къэкӀауэ Мыщэм и гум къыполъадэ… «Бажэ пшынэ», 10. Си гум Ӏэджи къыполъадэ, Нэгум щӀокӀыр адэ япэ Бжэныр пабжьэм сфӀыхэкӀуадэу, Зы жэм закъуэ щызгъэхъуари. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 408. Гум къыщынэн (1). Зыгуэр гум къинэн. Пкъохэр згъэсынут, Гъуэгу щыхэссэнут, Усэу сэ сусыр ЦӀыхум хахьэфу, Гуауэу къыслъысыр Си гум къыщынэу, ГуфӀэгъуэ сихуэм, ЦӀыхум ялъысу. Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 31. Гум къыщӀитхъын (6). Зыгуэр зыӀэпыбгъэкӀыну, зыӀэщӀэбгъэкӀыну ухуэмеин, уигу пымыкӀын. Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 91. Ди гум фыкъыщӀитхъыу фыдогъажьэ, [зауэм кӀуэхэр] сыту жыпӀэмэ фыздэкӀуэр хьэгъуэлӀыгъуэкъым. Щынэхужьыкъуэ, 45. ЩӀалэхэр дзэм зэрыкӀуэм абы халъагъуэӀауэ ирипсалъэртэкъым, арщхьэкӀэ зи благъэ, зи къуэ кӀуэхэр гузавэрт, я быныр гум къыщӀитхъырт, итӀани гу зылъыуагъатэртэкъым, ягу къызэфӀэнами, псчэуӀу защӀырти, зыщхьэщагъэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. Гур къеуэн (7). ПӀейтеигъэ сыт хуэдэхэм гур нэхъ хуабжьу ягъэлэжьэн. Ар щилъагъум, мыщэр къолъэри КъоувыӀэр, и гур къоуэр, Дыгъужьыжьым ар йошхыдэ: – Си ныбжьэгъур къакӀуэт мыдэ... «Бажэ пшынэ», 8. Василецым и гур Къоуэр, ар мэпӀащӀэ, КъокӀуэр псынщӀэу а мафӀэгур Бахъэ хуабэр жьым къыпихыу Паравозыр бгъурыжащ, Зы макъ закъуи зэхимыхыу Ванэ Марфэм бгъэдыхьащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 167. Къыщеуэр уи гур Дагъыстанмэ, Си гур къыщеуэр Къэбэрдейщ. Расул Гамзатов. «Щхьэлыкъуэ», 401. Гур къеӀэн (1). Зыгуэрым хуэпэбгъэн. [Степан Ильич:] Сэри сэбэп сыхъуу къысфӀощӀыж, итӀани си гур мыбыкӀэ къоӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. Гур къигуфӀыкӀын (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ гукъыдэжыфӀ гъуэтын. ХьэщӀэм и гур къигуфӀыкӀыу щытщ. Лъапсэ, 90. Гур къилъэтын (27). Зыгуэрым щхьэкӀэ пӀейтеин, щтэӀэщтаблэ хъуа. Шу къакӀуэу зэм плъагъумэ, Ар щхьэкӀуэ къыпфӀощӀ – Уи нэпсхэр зэпеӀэу, Уигу щабэр къолъэт. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 26. Къилъэту и гур зэуакӀуэм Я унэм еплъми, бжэ лъахъшэр КъыӀуихыу и адэр къэмыкӀуэ. «Адэ», 133. Алъхъо и гупым ягу къилъэту Я топыр бийхэм занщӀэ хуащӀ. ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 18. Гур къэуӀэн (6). 1. (2). Ерыскъыр зэрыӀэфӀыщэм, зэрымаем е зэрыгуащӀэм къыхэкӀыу адэкӀэ (афӀэкӀа) пхуэмышхын. Гундж мэракӀуэм Гур къеуӀэ, Гуауэщхьэуэр Къыплъегъэс. Гундж мэракӀуэ. «Батырыбжьэ», 92. 2. (4). Гур зыгуэрым иригъэзэшу къарууншэ уищӀын, уи гур щӀихын. Лэжьыгъэ инхэм щӀыхьыр хэту, А щӀыхьым ди гур къимыуӀэ, Длэжьар зы гъащӀэм дежкӀэ куэдми, Мурадым дежкӀэ ар мащӀэӀуэщ. Ленин лъагэу тетщ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 7. ЦӀыхубз фэрыщӀым уахэдэм, Уи гур бзэ ӀэфӀым къеуӀэ. ЛӀым хуэдэлӀ. «Батырыбжьэ», 162. И телъыджагъэр ягъэщӀагъуэ, Щхьэ зы гъэм уи гур къиуӀа? Шеимэ. «Батырыбжьэ», 85. Гур къихьэжын (1). Гур къызэрыгъуэтыжын, зыкъищӀэжын (шынам, гужьеям, н.къ.). МащӀэ-мащӀэурэ псоми я гур къихьэжащ, пшынауэ макъи къэӀури, джэгур яублащ, нэхъыжьхэр Ӏэнэм бгъэдэтӀысхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 105. Гур къыдэжын (1). Узыншагъэ иӀэн, бгъэдэлъын. «Уигу къыдэжым, нытхуеблагъэ, Пионерхэр дуриблагъэщ». Хохъуэ лӀыжьым и гурыщхъуэм, Ауэ жеӀэ: «Фынеблагъэ!» «Тисей», 480. Гур къыдэмыжын (3). Сымэджэн. Дисэ игу къыдэмыжу къыдинэри ипхъу цӀыкӀуитӀыр и гъусэу и дыщым кӀуэжащ [и нысэр], аргуэру унэбжэр къигъэбыдэри. ГущӀэгъу, 425. [Астемыр Думэсарэ жреӀэ] Сыгукъыдэмыжу дэнэ уэ уздэкӀуэнур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. Къазджэрий гупсысащ, сыт щӀэгукъыдэмыжыр, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. ГукӀэ къыдэщӀын (1). Зыгуэрым псэкӀэ къыщхьэщыжын, и акъылэгъуу щытын. Думэсарэ игукӀэ Мэтхъэным нэхъ къыдэщӀт икӀи и мурадт и къуитӀым къурӀэн яригъэщӀэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566. Гур къызэрыгъуэтыжын (27). ЗыкъищӀэжын, зэпӀэзэрыт хъужын (шынар, гужьеяр, н.къ.). Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ екӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Гуащэ и гур къызэрыгъуэтыжа нэужь, Дэфэрэдж къеупщӀащ: - Уэ дэрэ дызэбгъэгъусэмэ, ара мыгъуэт сызыхуейр. Лъапсэ, 34. Сыту Ӏуэхутхьэбзэшхуэ къысхуэпщӀа, зи уз кӀуэдын, - жиӀащ Дисэ, хьэлывэ тӀэкӀур зыӀуридзэщ, псы тефыхьыжри и гур къызэрыгъуэтыжауэ. ГущӀэгъу, 422. [И] гур къызэфӀэнэн (35). Зыгуэр и жагъуэ хъууэ, и гум щӀыхьэу нэщхъей къэхъун, гукъыдэжыр фӀэкӀуэдын, гъыну къызэфӀэзэрыхьын. Урарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа, зыри хужыӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Дэфэрэдж и гур къыщӀызэфӀэнар Хьэкурынэу щӀалэ цӀыкӀур ӀэщӀагъэм езыгъэсар арат. Лъапсэ, 111. – А тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ, уи закъуэ дыдэ мыгъуи, зи закъуэр Алыхьыращ, - жиӀэу Гунэуэс бжэщхьэӀум зэребакъуэу, Дисэ и гур къызэфӀэнэри къэгъащ, гущӀэгъу къыхуэзыщӀын къэкӀуауэ илъэгъуати. ГущӀэгъу, 421. Гур къызэщӀэплъэн (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ егъэлеяуэ къэгубжьын, къэлыбын. Шыгъуэм уанэ телъу къашауэ щилъагъум, Щамхьун игу къызэщӀэплъащ, щакӀуэм хьэкӀэкхъуэкӀэ къилъагъум зэрыхъум хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 164. Гур къызэӀыхьэн (2). Гур къызэрыдэхьеин, къыдэмыж хъун. Пэжым ухуеймэ, кӀэпхъми и гур къызэӀыхьауэ ныбажэ хъуагъэнт, апхуэдизкӀэ шынати. Кхъухь пхэнж, 501. Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Гур къутэжын (1). Зыгуэр егъэлеяуэ гъэвын, куууэ зыхэщӀэн. [Чачэ Ӏузизэ жреӀэ:] Уи гур умыкъутэж, тӀу. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. Гур лыпщӀын (1). Гуауэ, гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ с.ху. егъэлеяуэ гум еуэн, гур ипхъуэтэн, исын. Фигу щыхэхъуэм си гум хохъуэ, Фи нэщӀэбжьэм гур елыпщӀ. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэ лъымысами… «Вагъуэ махуэ», 314. Гу лъегъэтэн (18). Зыгуэрым зыгуэр егъэлъагъун, и акъылыр нэгъэсын. Уэрамым дэту щыкӀуэкӀэ Лу ислъэмей ищӀырт, шы щӀыбым тету е щхьэкӀэ теувэу, Тинэ гу зылъригъатэмэ фӀэфӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. ГушыӀэр хэзагъэркъым, зегъэгусэ занщӀэу, – жиӀэри шыд пэхум цыжьбанэр куэд лъандэрэ ицӀыхуу зэрыщытым гу лъаригъэтащ, – пэжыр жысӀэнщи, цыжьбанэм зыхимыщӀыкӀ щыӀэкъым. Кхъухь пхэнж, 506. – Си щхьэцыр си лъэдакъапэм нос, - жиӀэри къыпищащ Гуащэ, и щхьэц ухуэна дахэм езыр зэрыщыгуфӀыкӀыжым гу лъыуигъатэу. Лъапсэ, 35. Гу лъемыгъэтэн (1). ЗыгуэркӀэ зыгуэрым гулъытэ хуемыгъэщӀын, къемыгъэщӀэн. – Фи командирым къеджэ, – жиӀэри нэмыцэбзэ къабзэкӀэ Локотош унафэ ищӀащ, зэрымынэмыцэм гу лъримыгъэтэн и гугъэу. Нал къута, 246. Гу лъымытэн (28). Зыгуэр къомылъагъун, зыгуэрым уи акъылыр нэмысын. Шуми лъэсми гу лъамытэу Куэд ди нэгум щӀагъэкӀащ. Губгъуэ щхъуантӀэм пыӀэр къинэу… «Батырыбжьэ», 10. Нэмэз зыщӀыну къакӀуэу андез зыщтэм абы гу лъамытэу, шыбжий зыхэлъ псымкӀэ андез ящтащи, нэмэз ящӀу здытетым псчэ бэлыхьлажьэр къащыхьэри, къэхъуа-къэщӀар къахуэмыщӀэу, молэри мапсчэ, и нэпсыр къыщӀож, нэмэзыбзэр дахэ-дахэу хужыӀэркъым. Лъапсэ, 116. Япэм Лу къыхуэзэмэ, хъымпӀар къимыщӀу щытами, иджы гу къылъимытэу блигъэкӀыртэкъым, къеубзэ хъуат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. Гу лъытэжын (4). Зыгуэр къэлъагъужын, уи акъылыр зыщӀыпӀэ нэсыжын (техуэжын). Тини ди школым щӀэсу щытамэ, сыту и насыпт, жиӀэрт зэми Лу, ар езым зэрыфӀэфӀым гу лъимытэжу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610. Езы пхъащӀэм абы гу лъитэжати, удз ӀэплӀакӀуэ хуэдиз къыдигъэфыщӀри и фызыр щӀихъумащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Гу лъытэн (42). Зыгуэр лъагъун. – Шум гу къылъитащ си фащэм, мо зэхуэса къомым сазэращымыщыр къищӀа хъунти: – ЗыӀуегъэх, тӀысэ, уэ, мыбдеж щыпщӀэн щыӀэкъым, - щыжиӀэм Ӏэнкунурэ сыкъежьэжащ, гуп зэхэт къомым гъуэгу къызамыту. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519–520. Степан Ильич фочыщӀэ къудейуэ къыщӀэкӀакъым, цӀыхур революцэм хуриджэу гу къылъатэу ягъэтӀыса нэужь, Имамхэ я хьэжыжьым унэр къищэхуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. Красноармеецхэм гу къылъатэу фызыр кумбым кърамылъэфыжатэмэ – зэфӀэкӀат: Хьэбибэ и кумбыр и мащэ хуэхъужауэ илӀыхьат. Нал къута, 234. Гу лъытэн–лъымытэн (1). Зыгуэр плъагъу-умылъагъу хуэдэу, уи акъылыр нэснэмыс хуэдэу щытын. Ерагъыу къаша дохутырым цӀыхубзым и узыфэм гу лъита-лъимыта – куэдрэ къемылӀалӀэу кӀэбгъу ищӀри щӀэкӀыжащ, хущхъуи къримыту. Лъапсэ, 27. Гу махэ (2). Гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэчыф, зигу дэмыхуэ. КъищӀэнущ си анэм хъыбару хуэпхьар, Игу махэм хыхьэнщи, Ар щэхуу къэгъынщ, Ӏэ гъуркӀэ и нэпсыр илъэщӀу, пыхьэнщ. ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 34. Мэхъу гу махэ Езы дадэр. «Тисей», 482. Гур мыгъэкӀуэдын (1). Мыгужьеин, зызэтеӀыгъэн. – Уи гур умыгъэкӀуэд, – жиӀэрт Бэлацэ, езым и щхьэ хужиӀэж хуэдэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 274. Гур мызэгъэн (1). ЗыгуэркӀэ, зыгуэрымкӀэ арэзы мыхъун. Фэ си унэ фыпымылъыт, Бийм къелакъым ди псэуалъэр, А фщӀыжыну къыфпэщылъыр Арщ зимыӀэр нобэ пӀалъэ, – Батэ жиӀэрт игу мызагъэу, ЕщӀэр къуажэр зыхуэныкъуэр. УнэщӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 32. Гум нэсын (6). 1. (1). ЗыхэщӀэн, акъылым хыхьэн. Долэт егупсысащ Мусэ жиӀами, ар пэжу къилъытащ: - Уэлэхьи, пэжым – колхоз псалъэр нэхъ щӀэх советскэм и гум нэсынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. 2. (3). Зыгуэр куууэ гум хыхьэн, зыхэщӀэн. Ди тхылъ зыхуэтххэм я гум нэсым, Ар мафӀэ бзийуэ кърелыд. Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15. – НтӀэ аращ, Алыхьу тэхьэлар уи гум нэсам, – жиӀэри молэм езым и щхьэм хуихьащ Къетау фӀы ищӀар. Лъапсэ, 61. Лъагъуныгъэр Гум нэсакъым, ЖыпӀэу си псэр къыӀуумых. Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52. 3. (2). Еплъ гур жэн. Мазэ Ӏэджэу къэунэхунум Дыгъэу яӀэу дэ дымыщӀэм, КӀыфӀым хэтхэр я нэхунэм – ГуфӀэгъуэшхуэу щыӀущӀэнум Сталинышхуэр егупсысырт, И гур псоми псынщӀэу нэсырт. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48-49. Думэсарэ унэ лъэгум илъ тхылъхэм щеплъым, абы и гур Ӏэджэм нэсащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. Астемыр и гур Мэзкуу нэсауэ, Степан Ильич къыбгъэдэкӀ Ӏуэхур и щхьэм икӀыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 568. Гур нэхъыфӀ хъун (1). Гур къызэрыгъуэтыжын, псэр къыхыхьэжын. Рахьим зэпхыдэӀукӀри, къагъэкъуаншэу зэхихатэкъыми, и гур нэхъыфӀ хъуащ: - Сигу Ӏей зэримылъыр уэри уощӀэ, Дисэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 141. Гур ныкъуэн (2). Зыгуэрым тегузэвыхьын, зыгуэр щхьэкӀэ пӀейтеин. Уэ сэр папщӀэ угубжьами, Си псэр гукӀэ къыболъыхъур, Мис аракъэ, уэ уежьами, Ныкъуэ си гур зэи щӀэмыхъур. Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67. Игури и акъылри ныкъуэщ, жаӀэу тхьэмыщкӀэм [Нурхьэлий:] гущӀэгъу хуэзыщӀа Ӏэджи щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. ГукӀи псэкӀи (5). ФэрыщӀагъ хэмылъу, пэж дыдэу и фӀэщу. [Астемыр:] Е афицар фащэ щыгъыу, ауэ игукӀи и псэкӀи къэрэхьэлъкъыу щыӀэри мащӀэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 266. Езы цӀыхубзыр гукӀи псэкӀи щӀыналъэ къибгынам щыӀэ хуэдэт, уеблэмэ адэжьхэм я щӀыпӀэхэм сыкӀуэу семыплъауэ си псэр мыбы щыпыӀэнукъым жиӀэри Кавказым яфӀэкӀуэжауэ щытащ. Кхъэлэгъунэ, 375. Гури псэри етауэ (2). И фӀэщу, и къару, и зэфӀэкӀ псори ирихьэлӀэу. Уеблэмэ, я нэхъыбитӀым ящыгъупщэжащ мыдрисэм щеджауэ зэрыщытар, ягури я псэри етауэ школым щрагъаджэ, алфавитыщӀэ зэхалъхьэ, тхылъ ятх, я акъыл къихь къагъанэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640-641. Гурэ псэкӀэ зэрылъагъун (2). ФӀы дыдэу зыр зым илъагъун. [Бекъан:] Гурэ псэкӀэ зэрылъагъум куэд жиӀэнукъым, и гум илъыр занщӀэу къыбощӀэ, дэ куэдыщэ мыгъуэ жыдоӀэ. Нал къута, 271. Ди насыпти, кхъухьым дыздисым ди къуажэдэсхэу щымытми, ди щӀыналъэмкӀэ къиӀэпхъукӀауэ унагъуэ зыщыплӀ хуэдиз ди гъусэу къыщӀэкӀащи, дызэрыцӀыхуу щымытами, дызэблагъэ дыдэ хуэдэу, гурэ псэкӀэ дызэрылъагъу къытфӀэщӀыжу, ди тхьэусыхафэ зэхудоӀуатэ, дызэдогъ, дызэдогуфӀэж, дызэрыӀыгъынуи дазэгуроӀуэ. Лэчымэ, 391-392. ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зымыхъумэфыр насып и уасэкъым… Кхъэлэгъунэ, 380. Гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу (1). Дихьэхыу. СтӀол къагъэувар жыпӀэнущи, телъыджэщ, Раисэ гурэ псэкӀэ фӀэӀэфӀу егугъуащ. Лъапсэ, 79. Игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжын (1). ЗыкъищӀэжын, зэпӀэзэрыт хъужын (шынар, гужьеяр, н.къ.). ЦӀыхубзыр [Нэху] япэм къэскӀами, иужьым игурэ и псэрэ зэрыгъуэтыжри и лӀым и ужь иту мэжджытым кӀуэри кхъэлэгъунэм и лӀыр къыдэӀэпыкъуурэ зэи, тӀэуи ехащ, зэрыхуей дыдэм хуэдэу щылъыпӀэри иригъэщӀащ. Кхъэлэгъунэ 379- 380. Игури и псэри дихьэхын (1). Зыгуэрым зыӀэпишэн, игу ирихьын, гухэлъ хуищӀын. Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. [И] гуи и пси унэщӀын (1). И гугъэр, и мурадыр къэщӀэн. Ар лӀыукӀым хуэдэ къабзэщ, И гуи и пси къэвунэщӀ. УсиплӀ. «Вагъуэ махуэ», 371. Гум пыкӀын (7). Зыгуэр птыну, зыӀэпыбгъэкӀыну ущымысхьын. Иджы ткӀуэпс закъуэр си нэ-си псэу Схъумэнут, уи гум къыпыкӀам. Ӏубыгъуэ. «Дамыгъэ», 109. Рахьим щиӀуэжт, уасэфӀ дыдэ кърамытмэ, и шыпхъур и гум пыкӀыу унэм щӀимыгъэкӀыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. А Думэсарэ, ана, дауэ мыгъуэуи гум пыкӀыу уи сабийр Арсейм яхэбдза? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Гум пымыкӀын (18). 1. (17). Зыгуэр птыну, зыӀэпыбгъэкӀыну ущысхьын. Тенауэ си нэр, гум пымыкӀыу Дахагъэ лъэщым сихьэхуащ. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. Якъуб щитӀэгъар зыщехыж, арщхьэкӀэ къуэгъэнапӀэ къуидзэн и гум пыкӀыркъым. Нал къута, 303. 2. (1). И гум къыхуимыдэн. Думэсарэ и гум пыкӀыртэкъым щӀалэ цӀыкӀур мы щӀыӀэ махуэм къалэм игъэкӀуэну, Лу ӀэпцӀэлъапцӀэт, щыгъын хуабэ зи цӀэ иӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. Гум пыӀэпӀэ емытын (1). Хуабжьу щӀэщӀауэ, зимыгъэпсэхуу, пыӀэгъуэ, зэгъэгъуэ имыӀэу щыгъэтын. Зэгуопыр, и гум пыӀэпӀэ ИмыӀэу, губжьыр гъунэншэу И гущӀэм пщтыри щотэджыр. «Адэ», 136. Гур плъын (2). Зыгуэр щхьэкӀэ хуабжьу бэмпӀэн, зэгуэпын, къэгубжьын, къэлыбын. Нэбжьыцым пылъ нэпсым къыпхыплъу Дадий игу плъауэ къыжеӀэ: «Уэ къуэш уиӀакъым, си щӀалэ!..» «Адэ», 135. Марфэ и гур ину мэплъ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 165. Гур мыпыӀэн (2). ЗыгуэркӀэ, мыарэзын, хъун, гур мызэгъэн, сабыр мыхъун. Чачи жиӀэн игъуэтырт: «Уи щӀалэм и гур щыпыӀэркъым, си псэ тӀэкӀу», жиӀэурэ Думэсарэ и гур нэхъри Ӏей къищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Гур тегъэпщэхэн (3). Еплъ гур тегъэзэгъэн. Бэкъан нэхъыбэу Саружан и дыхьэшхыным зэгуигъэпати, къэгубжьри къипхъуатэщ пхъэ лъакъуитӀым язри, зэрыхузэфӀэкӀкӀэ и фызым епыджащ, игу тригъэпщахэу. Къалэн, 432. Исуф и пхъур чачэу елъэф, унэм нэсыжмэ, и гур тригъэпщэхэну. Лэчымэ, 397. Къэхъуар мырат: Сосрыкъуэ бомбэр къигъэуа къудейтэкъым, куэд лъандэрэ зыхузэгуэп Дорофеичым и гур тригъэпщэхащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Гур тезэгъэн (1). Гужьгъэжьгъ зыхуиӀэ гуэрым гур игъэтӀысыху узыхуей гуэр епщӀэу е жепӀэу гум зигъэпсэхужын, жьы дихужын. Ауэ жыг лъагэр [жьым] ирещӀыкӀри Игу тезэгъэхукӀэ тофыщӀыхь. Бэнэнум. «Батырыбжьэ», 115. Гур тепщэхэн (2). Гужьгъэжьгъ зыхуиӀэ гуэрым узыхуейр жепӀэу е епщӀэу уи бампӀэр гъэтӀысын. Елдар и адэр Щэрдан Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжьгъ хуиӀэти, иджы и гур ятепщэхащ, ауэ Астемыр щыхуэзэм, абы и гугъу лъэпкъ ищӀакъым, мылъку зэрыпхъуэныр бэлшэвыч ӀэщӀагъэкъым жиӀэнщ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 257. А зэм Дэрдэхь къадым ӀэщӀэкӀыгъуафӀэу ӀэщӀэкӀа щхьэкӀэ иужьым лъапэзэвыпӀэ иуващ, и жагъуэгъухэм я гур къытепщэхэн хуэдэу. Хьэсэпэхъумэ, 418. Гур ткӀун (1). УкӀытэн, пӀейтеин. «Къэгъэзэжыт тӀэкӀу нэхъ пасэу», – ЖиӀэу пщащэр къыщыувыр – А дакъикъэр псэм и щӀасэу ТӀуми я гур мэткӀур зэплъым, ЖамыӀами я гурылъыр. «Тисей», 502. Гум тегъэхуэн (2). Зыгуэр зыхуэгъэшэчын. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. ЛутӀэ къыщхьэщыжын иӀэтэкъыми, сыт къыжраӀэми и гум тригъахуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 286. Гум темыхуэн (34). Уи гум хуэмышэчын, Ӏуэхугъуэ гуэрым щхьэкӀэ зэгуэпын. АрщхьэкӀэ абы и деж хэт пхуэкӀуэнт, сыт щхьэкӀи кӀуэнт, Долэт и гум ар техуэнутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 243. Куэд дэмыкӀыу зыгуэрхэр къызэхуос, пӀэм хэлъу къагъэтэджыжащи, я гум темыхуэу, и ныкъуэми дыхьэшх нэпцӀ защӀ, дафӀэауану. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. Ар Джэлил и гум темыхуэу лъагапӀэм дэлъейри: - Гуэгушыхъу Мэзану къэкӀухьлъакъуэ, уи лъакъуитӀым зыдегъэх. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 488. Гум техуэн (7). Уи гум хуэшэчын, дэхуэн, псэм техуэн. Ар Мэсхьуд и гум техуэн, къогубжь. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. Абдеж дыдэ фызыжьыр къримыхьэлӀэжатэмэ, къэхъун щӀагъуи щыӀэу къыщӀэкӀынтэкъым, арщхьэкӀэ ар Ӏурарэ и гум техуэну Ӏэмал зимыӀэт, арыншами щхьэусыгъуэ игъуэт закъуэмэ, лӀыжьым и унафэр кӀэщӀу ищӀынут. Къалэн, 431. Ар ротмистр ябгэм и гум техуэнт, къэгубжьауэ старшынэр ХьэфӀыцӀэ и къыдыру игъэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 237. Гур узын (6). 1. (3). Гум уз лажьэ иӀэн. Уигу къоузым ещхьыркъабзэу, Ди гъэмахуэр псынщӀэу йокӀ. Уигу къоузым ещхьыркъабзэу. «Дамыгъэ», 69. Школым и директорыр гуфӀэу ядэкӀуэн мыгъуэт, и гур узырти тӀэкӀу икӀумэ, къоувыӀэри щытщ. Щынэхужьыкъуэ, 60. 2. (3). Гузэвэгъуэ гуэр шэчын, хуабжьу и жагъуэ хъун, зыгуэрым гур щӀэузын. Псым игу щӀэузыр сэри сощӀэ: Зи чэзу Ӏэджэ сӀэщӀэкӀащ. И псы къиугъуэт гъатхэм дежи… «Щхьэлыкъуэ», 406. Тобэ Ӏистофрилэхь, дуней хьэзабыр мыбы я натӀэ щхьэ хъуа, жиӀэу Хьэбибэ и гур мэуз. Нал къута, 211. Жэщ къыщыхъум игу къилъэту Хьэдэм пщащэр щышынауэ, И гур узу, гъы зэпытуэ Нэхур щӀыбым щигъэщащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 151. Гур уфӀыцӀын (1). Зыгуэр щхьэкӀэ зэгуэпын. Ерыщ Ӏупэр хужьу плъагъуми, И гур бдзаджэм уфӀыцӀащ. Ерыщ Ӏупэ. «Дамыгъэ», 108. [И] гур уӀэн (3). И жагъуэ щӀын, гуауэ щыхъун гуэр ещӀэн. Зи гур гуауэм иуӀари КӀуэрт гъы защӀэу, къэмыувыӀэу, Гъусэу иӀэр игъэгуӀэу. «Тисей», 492. Зы къару закъуи симыӀэжу Си гур а псалъэм къиуӀат. Зэзакъуэ хъу си щхьэгъусэ. «Мывэ хуабэ», 67. Гум къеӀэн (1). И жагъуэ хъун, зыхищӀэн. ПӀыщӀэрт, гъынанэрт мычэму, КъедэхэщӀэни щымыӀэу И гум хъуэпсэгъуэ имылъу, И тхьэмыщкӀагъэр гум къеӀэу, ПцӀанэу ар щытми лъыр къэплъу, Хъуапсэт хъыджэбзыр мымащӀэу. Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 103.Гур зыдэплъэм Ӏэр нэмысын (1). «Гур здэплъэм лъэр нос» псалъэжьым къытещӀыкӀащ, мыхъуныгъэ мыхьэнэ хэлъу. Сталин и цӀэр щырамыӀуэм Дыгъэ нурыр щынэмыс, КӀыфӀым хэту хэкуу щыӀэм Гур зыдэплъэм Ӏэр нэмысмэ ЛъегъэӀэсыр Сталин лъапӀэ, Псоми я гум хелъхьэ лӀыгъэ, Арщ лъэпкъ псоми ар я гуапэу КъыщӀыратыр я лъэпкъ тыгъэр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 63. Гум цы къытекӀэн (1). БэмпӀэн, зэгуэпын. Ди телефонист гуэрыр и ныбжьэгъум елъэӀуат: «Ей, Алыхьым хьэтыр иӀэм, тутын къысхуегъэхь, си гум цы къытекӀащ». Щынэхужьыкъуэ, 70. ☐ Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ (11). Зытегузэвыхьыр къэхъун, лъагъун, къыпщыщӀын, ӀэкӀэ теӀэбэн. Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зытегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури. Кхъэлэгъунэ, 377. Мариам и пщӀыхьэпӀэм къыхэхуэххэртэкъым и гур зэрыгъум дыгъур кърикӀуэну, сэ псэкӀэ сщӀэрт зы бэлыхьлажьэ ди нэгу зэрыщӀэлъыр. Лэчымэ, 392.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

hararetlenmek

Düzeltme Öner

гур къыдэмыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.