гужьгъэжь

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

düşmanlık
Doğuбиигъэжэгъуэгъуныгъэгужьгъэжь
Batıпыигъ(э)джэгъогъуныгъгужъ
hınç
Doğuгужьгъэжь
Batıгухьагужъ
hiddet
Ortakгневярость
Doğuгубжьхъыжьагъэгужьгужьгъэжь
Batıгубжгубжыгъэягъгужъгухьагужъ
kin
Doğuгужьгъэжь
Batıгухьэгужъ
öç
DoğuгужьгъэжьгужьлъыщӀэж
BatıгужъгъэжъгужълъышӀэжь
Kitapta geçtiği hali

пыигъ(э)/биигъэ, джэгъогъуныгъ/ жэгъуэгъуныгъэ, гужъ/гужьгъэжь; DÜŞMANLIK

гухьагужъ/гужьгъэжь; HINÇ

губж/губжь, губжыгъэягъ/хъыжьагъэ, гужъ/гужь, гухьагужъ/гужьгъэжь, ГНЕВ, ЯРОСТЬ; HİDDET, HINÇ

гухьэгужъ/гужьгъэжь; KİN

гужъгъэжъ/гужьгъэжь, гужъ; ÖÇ, İNTİKAM

гужьгъэжь/гужъгъэжъ, гужъ; ÖÇ, İNTİKAM, KİN, HINÇ

гужъ/гужь, гужъгъэжъ/гужьгъэжь, ЛЪЫшӀэжь/ЛЪЫщӀэж; ÖÇ, KİN, İNTİKAM, HINÇ

гужъ/гужьгъэжь → пыигъ(э); DÜŞMANLIK

гужьгъэжь/гужъ → пыигъ(э); DÜŞMANLIK

Bu sonuç kitaptaki 9 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: пыигъэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Леймыгъэгъуныгъэ мурад, гуращэ.

рузатаенная злоба

ИтӀанэ сэ сызэгуэпыщэри гужьгъэжьым си нэр къыщхьэрипхъуауэ.. стӀолым телъ щакӀуэсэм сыбгъэдэлъэдащ.— Къэбэрдей

Bu maddedeki ifadeler (5)

гужьгъэжь иӀэн

руиметь зуб на кого-л.

гужьгъэжь я гум зэхуилъын

руиметь зуб друг на друга.

Сэ Дамжьыкъуэ къызжиӀащ Ӏэмырбийрэ Мэшыкъуэрэ ягу зэхуилъ гужьгъэжьыр къызыхэкӀа щхьэусыгъуэр.— Теунэ Хьэчим

гужьгъэжь тегъэщэхэн

руобрушить свой гнев на кого-л.

Абы хуэдэу къыбжаӀауэ, Жыраслъэн уи гужьгъэжь тебгъэщэхэн щхьэкӀэ, уеуэу уукӀ хъунутэкъым.— КӀыщокъуэ Алим

гужьгъэжь хуэщӀын

рузатаить злобу, гнев на кого-л.

{и} гужьгъэжьыр тӀысын

рупройти - о гневе на кого-л.

Елдар къыпэщӀэхуэмэ абрэджым щымысхьынкӀэ хъунут, и гужьгъэжь иджыри тӀысатэкъыми.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

гужьгъэжь затаенная злоба / Леймыгъэгъуныгъэ мурад, гуращэ. * ИтӀанэ сэ сызэгуэпыщэри гужьгъэжьым си нэр къыщхьэрипхъуауэ.. стӀолым телъ щакӀуэсэм сыбгъэдэлъэдащ. Къэб. Гужьгъэжь иӀэн иметь зуб на кого-л. Гужьгъэжь я гум зэхуилъын иметь зуб друг на друга. * Сэ Дамжьыкъуэ къызжиӀащ Ӏэмырбийрэ Мэшыкъуэрэ ягу зэхуилъ гужьгъэжьыр къызыхэкӀа щхьэусыгъуэр. Т. Хь. Гужьгъэжь тегъэщэхэн обрушить свой гнев на кого-л. * Абы хуэдэу къыбжаӀауэ, Жыраслъэн уи гужьгъэжь тебгъэщэхэн щхьэкӀэ, уеуэу уукӀ хъунутэкъым. КӀ. А. Гужьгъэжь хуэщӀын затаить злобу, гнев на кого-л. {И} гужьгъэжьыр тӀысын пройти - о гневе на кого-л. * Елдар къыпэщӀэхуэмэ абрэджым щымысхьынкӀэ хъунут, и гужьгъэжь иджыри тӀысатэкъыми. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Леймыгъэгъуныгъэ мурад, гуращэ.

Къэрэлъаши гужьгъэжькӀэ ерыщти и гум ириубыдащ, хъыджэбз цӀыкӀум кърищӀар хуимыгъэгъуну, и анэм хуигъэгъуами— Нал къута, 117

+2 örnek

Гужьгъэжьыр набдзэм хотӀысхьэ, Ар гъуанэдэууэ щыуэнум.— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52

ЦӀыхубз гужьгъэжьгъыр уафэхъуэпскӀщи, Жэщыбгым уафэр къегъэнэху; Зыкъебгъэлынум, щытхъу цӀыхубзми, Вагъуэ цӀыкӀу закъуи къыхуэщэху.— Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелащ… Батырыбжьэ, 64

Deyimler (7)

гужьгъэжь и гум хуилъын

Зыгуэрым гукъеуэ, леймыгъэгъуныгъэ мурад хуиӀэн.

Гужьгъэжь цӀыхубзым игу къысхуилъати, КъысхуищӀ къысфӀощӀыр сэ гущӀэгъу.— Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелат… Батырыбжьэ, 64

+2 örnek

Гужьгъэжь уигу къысхуилъ хъункъым, ди шыгъупӀастэ щыпфӀэхьэлэлкӀэ, – жиӀэри дадэм и гуапэ ищӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

Хьэкурынэ фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжь и гум къыхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къуогушхукӀыр— Лъапсэ, 105

гужьгъэжь зэхуаӀэн

Зыр зым хузэгуэпын, я дзэр зэхуалъын.

АдакъитӀми абы къыфӀагъэкӀакъым, арщхьэкӀэ гужьгъэжь зэхуаӀэ хъуати, зэтеплъэ хъужыртэкъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482

гужьгъэжь гум имылъын

Леймыгъэгъуныгъэ мурад имыӀэн.

Гужьгъэжь сэ си гум имылъами, Си гуауэр пшахъуэм щыщӀаващ.— Щхьэлыкъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 381

гужьгъэжь гум иубыдэн

Пщымыгъупщэжу леймыгъэгъуныгъэ мурад уи гум илъын.

НтӀэ, сэ уэ сыпхурикъункъэ, пьяницэжь, жиӀэри Сосрыкъуэ и гум гужьгъэжь ириубыдащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

3 deyim daha

гужьгъэжь тегъэпщэхэн

Губжьым къыхэпхыу зыгуэрым ущыхьэн, зыгуэр убэрэжьын.

Иджы Азрэт зыкъыпэщӀисащи, Локотош къэгубжьыпащ, си гужьгъэжьыр щхьэ тезмыгъэпщахэрэ, жиӀэу.— Нал къута, 307

гужьгъэжь хуэщӀын

Зыгуэрым хузэгуэпын, уи дзэр хуэлъын.

Къэрэжь кӀэбгъу зищӀри кӀыщым къыщӀэкӀыжащ, гужьгъэжь гъукӀэм хуищӀауэ.— Лъапсэ, 104

гужьгъэжь хуиӀэн

Зыгуэрым хузэгуэпын, уи дзэр хуэлъын.

Елдар и адэр Щэрдэн Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжь хуиӀати, иджы и гур ятепщэхащ, ауэ Астемыр щыхуэзэм, абы и гугъу лъэпкъ ищӀакъым, мылъку зэрыпхъуэныр бэлшэвич ӀэщӀагъэкъым жиӀэнщ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 257

Kitapta geçtiği hali

ГУЖЬГЪЭЖЬ (3). Леймыгъэгъуныгъэ мурад, гуращэ. Къэрэлъаши гужьгъэжькӀэ ерыщти и гум ириубыдащ, хъыджэбз цӀыкӀум кърищӀар хуимыгъэгъуну, и анэм хуигъэгъуами. Нал къута, 117. Гужьгъэжьыр набдзэм хотӀысхьэ, Ар гъуанэдэууэ щыуэнум. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. ЦӀыхубз гужьгъэжьгъыр уафэхъуэпскӀщи, Жэщыбгым уафэр къегъэнэху; Зыкъебгъэлынум, щытхъу цӀыхубзми, Вагъуэ цӀыкӀу закъуи къыхуэщэху. Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелащ… «Батырыбжьэ», 64. ◊ Гужьгъэжь и гум хуилъын (3). Зыгуэрым гукъеуэ, леймыгъэгъуныгъэ мурад хуиӀэн. Гужьгъэжь цӀыхубзым игу къысхуилъати, КъысхуищӀ къысфӀощӀыр сэ гущӀэгъу. Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелат… «Батырыбжьэ», 64. Гужьгъэжь уигу къысхуилъ хъункъым, ди шыгъупӀастэ щыпфӀэхьэлэлкӀэ, – жиӀэри дадэм и гуапэ ищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Хьэкурынэ фӀыуэ ищӀэрт Къэрэжь зищӀысыр, гужьгъэжь и гум къыхуилъмэ, къыптемыщахэу увыӀэнутэкъым, ауэ гъукӀэр, зыдэс жылэр дэнэ къэна, нэгъуэщӀ къуажэхэми къацӀыху, къыщхьэщыжын гъунэжщи, абы къуогушхукӀыр. Лъапсэ, 105. Гужьгъэжь зэхуаӀэн (1). Зыр зым хузэгуэпын, я дзэр зэхуалъын. АдакъитӀми абы къыфӀагъэкӀакъым, арщхьэкӀэ гужьгъэжь зэхуаӀэ хъуати, зэтеплъэ хъужыртэкъым. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. Гужьгъэжь гум имылъын (1). Леймыгъэгъуныгъэ мурад имыӀэн. Гужьгъэжь сэ си гум имылъами, Си гуауэр пшахъуэм щыщӀаващ. Щхьэлыкъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 381. Гужьгъэжь гум иубыдэн (1). Пщымыгъупщэжу леймыгъэгъуныгъэ мурад уи гум илъын. НтӀэ, сэ уэ сыпхурикъункъэ, пьяницэжь, жиӀэри Сосрыкъуэ и гум гужьгъэжь ириубыдащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. Гужьгъэжь тегъэпщэхэн (1). Губжьым къыхэпхыу зыгуэрым ущыхьэн, зыгуэр убэрэжьын. Иджы Азрэт зыкъыпэщӀисащи, Локотош къэгубжьыпащ, си гужьгъэжьыр щхьэ тезмыгъэпщахэрэ, жиӀэу. Нал къута, 307. Гужьгъэжь хуэщӀын (1). Зыгуэрым хузэгуэпын, уи дзэр хуэлъын. Къэрэжь кӀэбгъу зищӀри кӀыщым къыщӀэкӀыжащ, гужьгъэжь гъукӀэм хуищӀауэ. Лъапсэ, 104. Гужьгъэжь хуиӀэн (2). Зыгуэрым хузэгуэпын, уи дзэр хуэлъын. Елдар и адэр Щэрдэн Берд зэрыӀэщӀэкӀуадэ лъандэрэ гужьгъэжь хуиӀати, иджы и гур ятепщэхащ, ауэ Астемыр щыхуэзэм, абы и гугъу лъэпкъ ищӀакъым, мылъку зэрыпхъуэныр бэлшэвич ӀэщӀагъэкъым жиӀэнщ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 257.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

affedilmez düşmanlık

Düzeltme Öner

гужьгъэжь
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.