гугъэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(игугъэжщ)
КъыфӀэщӀыжын, къыщыхъужын.
Инал зэӀущӀэ гуэрым къыщыпсалъэу и гугъэж хъунти, и псалъэм зригъэукъуэдийрт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
+2 örnek
Кхъуей тыкъыр тӀэкӀурэ лэкъумрэ къыщыӀэрыхьэм, абы фӀэкӀ зыхуей дунейм темыт и гугъэжат.— Лъапсэ, 55
Си гугъэжт абы хуэдэ гуэрхэри згъэшынэфыну, е схуэмыгъэшынэми, лӀыгъэу хэлъыр зихуэдизыр згъэунэхуфыну.— ъапсэ, 64
Kitapta geçtiği hali
[И] ГУГЪЭЖЫН (игугъэжщ) лъэмыӀ. (6). КъыфӀэщӀыжын, къыщыхъужын. Инал зэӀущӀэ гуэрым къыщыпсалъэу и гугъэж хъунти, и псалъэм зригъэукъуэдийрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Кхъуей тыкъыр тӀэкӀурэ лэкъумрэ къыщыӀэрыхьэм, абы фӀэкӀ зыхуей дунейм темыт и гугъэжат. Лъапсэ, 55. Си гугъэжт абы хуэдэ гуэрхэри згъэшынэфыну, е схуэмыгъэшынэми, лӀыгъэу хэлъыр зихуэдизыр згъэунэхуфыну. ъапсэ, 64.