губгъуэ кхъухь
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Губгъуэм зэрылажьэ комбайн.
Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр.— Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102
Deyimler (7)
губгъуэм дэкӀын
ЛэжьакӀуэ кӀуэн.
ПщӀэжрэ, дахэ, губгъуэм дыщыдэкӀым Жьгъыру макъкӀэ уэ уэрэд жыпӀар?— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40
+2 örnek
Ӏэхъуэ-шыхъуэу хъупӀэм щыӀэр Нэхущ щӀыӀэм зэщӀотаджэ, Пщэдджыжьым губгъуэм докӀыр— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 415
Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ.— СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… Бгы лъапэхэм деж, 40
губгъуэм идзэн
КӀэлъыплъыншэу хыфӀэдзэн, мыхъумэн.
[Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] Подаркэ тӀэкӀури нэпшэсауэ щытамэ, зыгуэрт, губгъуэм ибдзэри къэбгъэзэжащ.— Нал къута, 227
губгъуэм итын
Лэжьыгъэ ӀэхукӀэ губгъуэм щыӀэн, лэжьыгъэм пэрытын.
Лажьэу губгъуэм Ӏэджэ итти Бел яӀыгъыу къызэхуос, Зым и пыӀэм вагъуэ тести Я гущӀэгъур абы лъос.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 46
+2 örnek
Къуажэм дэсыр губгъуэм итщ, гуэдзыр Ӏуахыжри.— Нал къута, 209
ЩӀыр къэзыгъазэу губгъуэм итыр ПхъэӀэщэ зыпыщӀа гъущӀышщ.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 382
губгъуэм ихуэжын
ЕкӀуэлӀапӀэншэу къэгъэнэн, щӀын.
[Ӏэдэм:] Сыт атӀэ емынэм сызэрихуэу си жьыщхьэм хьэрфри бжыгъэри щӀызэзгъэщӀар, щхьэлыр стефхыу губгъуэм сифхуэжынумэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651
3 deyim daha
губгъуэм ишэн
Щынагъуэ щӀыпӀэм къыщыгъэхутэн.
Сэри нэмыцэм я дзэм сыхыхьэнщ, жиӀэрэ Якъубыр къыхуэгъапцӀэрэ губгъуэм иришэмэ, адэкӀэ ищӀэнури ещӀэж [Локотош].— Нал къута, 245
губгъуэм къинэн
1. ДэӀэпыкъуэгъуншэу, кӀэлъыплъыншэу къэнэн.
Шэрхъ закъуэу шыгур ещӀауэ, ПӀийуэ уэс губгъуэм къинаи, Уэс щӀыӀур фӀыцӀэ зыщӀауэ Гын Ӏугъуэ щӀыгум тенаи.— ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23
+2 örnek
Мо земыкӀуэжу губгъуэм къинауэ ит машинэжь къомыр зэпкърыхи телъхьэ, теплъхьам и пӀэкӀэ мо щӀэрыпсу заводым къикӀар узыхуейм ещэ, къыщӀэпхыр ууейщ.— Лъапсэ, 98
Ар къыщыхъуар пшахъуэ къуму зы къэкӀыгъэ лъэпкъ здэщымыӀэ губгъуэм къина къуажэ цӀыкӀут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69
2. ЕкӀуэлӀапӀэншэ, езэгъыпӀэншэ хъун.
Абгъуэншэ бзухэр хадэм къихьэм, Хуэзыгъэдалъэм зи къурагъ, Ӏыхьлыншэу губгъуэм къинэ щӀалэу, ЗэхуищӀыжакъэ и щӀыбаагъ.— Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… Батырыбжьэ, 37
+2 örnek
Махуэ дапщэм бжэр Ӏуахами, Бжэм бжьэщхьэӀур ибгынэн, Сыт гъуэгуанэ сытехьами, Уэ сэ губгъуэм укъизнэн?— БжэщхьэӀу. «Мывэ хуабэ», 269
Нэмыцэ машиниплӀ къуажэм дэтым бензин яӀэщи, абы щыщ зыӀэщӀигъэхьэрэ – мотоциклыр хьэзырщ, ар къемыхъулӀэу машинэхэр дэкӀыжрэ – губгъуэм лъэслъэбыкъыу къинащ.— Нал къута, 245
губгъуэм кӀуэн
ЛэжьакӀуэ кӀуэн.
Уеблэмэ, хадапщӀэ губгъуэм кӀуари, мэкъуауэ щыӀэхэри щхьэхьу къэсащ.— Щынэхужьыкъуэ, 15
+2 örnek
ЦӀыкӀухэр езыр-езыру зэдауэрт: хьисэп умыщӀэу еджа ухъурэ, лафкӀэм ущӀагъэувэ е щӀы къэппщыну губгъуэм уокӀуэ – лӀо пщӀэнур хьисэп умыщӀэмэ, бэзэр дыдэм хъарбыз щыпхуэщэнкъым, жаӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605
[Чачэ жиӀэу:] И лӀыр мэз е губгъуэм кӀуэмэ, я гъунэгъу лӀыр къишэрти, и деж щигъэӀэрт…— Хъуэпсэгъуэ нур, 71
Kitapta geçtiği hali
ГУБГЪУЭ КХЪУХЬ (2). Губгъуэм зэрылажьэ комбайн. Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр. Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102. ◊ Губгъуэм дэкӀын (3). ЛэжьакӀуэ кӀуэн. ПщӀэжрэ, дахэ, губгъуэм дыщыдэкӀым Жьгъыру макъкӀэ уэ уэрэд жыпӀар? СыпхуэзэхукӀэ щэхуу. «Бгы лъапэхэм деж», 40. Ӏэхъуэ-шыхъуэу хъупӀэм щыӀэр Нэхущ щӀыӀэм зэщӀотаджэ, Пщэдджыжьым губгъуэм докӀыр. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 415. Уэ сыпӀуплъэу уи нэр къыщылыдкӀэ, Нур къыщӀихыр гуапэу гум къинащ, УнэщхъыфӀэу губгъуэм ущыдэкӀкӀэ, Сыпхуэзэну гъуэгур сэ схъумащ. СыпхуэзэхукӀэ щэхуу… «Бгы лъапэхэм деж», 40. Губгъуэм идзэн (1). КӀэлъыплъыншэу хыфӀэдзэн, мыхъумэн. [Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] Подаркэ тӀэкӀури нэпшэсауэ щытамэ, зыгуэрт, губгъуэм ибдзэри къэбгъэзэжащ. Нал къута, 227. Губгъуэм итын (17). Лэжьыгъэ ӀэхукӀэ губгъуэм щыӀэн, лэжьыгъэм пэрытын. Лажьэу губгъуэм Ӏэджэ итти Бел яӀыгъыу къызэхуос, Зым и пыӀэм вагъуэ тести Я гущӀэгъур абы лъос. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 46. Къуажэм дэсыр губгъуэм итщ, гуэдзыр Ӏуахыжри. Нал къута, 209. ЩӀыр къэзыгъазэу губгъуэм итыр ПхъэӀэщэ зыпыщӀа гъущӀышщ. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 382. Губгъуэм ихуэжын (1). ЕкӀуэлӀапӀэншэу къэгъэнэн, щӀын. [Ӏэдэм:] Сыт атӀэ емынэм сызэрихуэу си жьыщхьэм хьэрфри бжыгъэри щӀызэзгъэщӀар, щхьэлыр стефхыу губгъуэм сифхуэжынумэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 651. Губгъуэм ишэн (1). Щынагъуэ щӀыпӀэм къыщыгъэхутэн. Сэри нэмыцэм я дзэм сыхыхьэнщ, жиӀэрэ Якъубыр къыхуэгъапцӀэрэ губгъуэм иришэмэ, адэкӀэ ищӀэнури ещӀэж [Локотош]. Нал къута, 245. Губгъуэм къинэн (22). 1. (8). ДэӀэпыкъуэгъуншэу, кӀэлъыплъыншэу къэнэн. Шэрхъ закъуэу шыгур ещӀауэ, ПӀийуэ уэс губгъуэм къинаи, Уэс щӀыӀур фӀыцӀэ зыщӀауэ Гын Ӏугъуэ щӀыгум тенаи. ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23. Мо земыкӀуэжу губгъуэм къинауэ ит машинэжь къомыр зэпкърыхи телъхьэ, теплъхьам и пӀэкӀэ мо щӀэрыпсу заводым къикӀар узыхуейм ещэ, къыщӀэпхыр ууейщ. Лъапсэ, 98. Ар къыщыхъуар пшахъуэ къуму зы къэкӀыгъэ лъэпкъ здэщымыӀэ губгъуэм къина къуажэ цӀыкӀут. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. 2. (14). ЕкӀуэлӀапӀэншэ, езэгъыпӀэншэ хъун. Абгъуэншэ бзухэр хадэм къихьэм, Хуэзыгъэдалъэм зи къурагъ, Ӏыхьлыншэу губгъуэм къинэ щӀалэу, ЗэхуищӀыжакъэ и щӀыбаагъ. Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… «Батырыбжьэ», 37. Махуэ дапщэм бжэр Ӏуахами, Бжэм бжьэщхьэӀур ибгынэн, Сыт гъуэгуанэ сытехьами, Уэ сэ губгъуэм укъизнэн? БжэщхьэӀу. «Мывэ хуабэ», 269. Нэмыцэ машиниплӀ къуажэм дэтым бензин яӀэщи, абы щыщ зыӀэщӀигъэхьэрэ – мотоциклыр хьэзырщ, ар къемыхъулӀэу машинэхэр дэкӀыжрэ – губгъуэм лъэслъэбыкъыу къинащ. Нал къута, 245. Губгъуэм кӀуэн (3). ЛэжьакӀуэ кӀуэн. Уеблэмэ, хадапщӀэ губгъуэм кӀуари, мэкъуауэ щыӀэхэри щхьэхьу къэсащ. Щынэхужьыкъуэ, 15. ЦӀыкӀухэр езыр-езыру зэдауэрт: хьисэп умыщӀэу еджа ухъурэ, лафкӀэм ущӀагъэувэ е щӀы къэппщыну губгъуэм уокӀуэ – лӀо пщӀэнур хьисэп умыщӀэмэ, бэзэр дыдэм хъарбыз щыпхуэщэнкъым, жаӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605. [Чачэ жиӀэу:] И лӀыр мэз е губгъуэм кӀуэмэ, я гъунэгъу лӀыр къишэрти, и деж щигъэӀэрт… Хъуэпсэгъуэ нур, 71.