губгъуэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kır
Ortakгубгъу(э)полестепь
Batıшъоф
ova
Ortakлъэгулъэгуан(э)
Doğuгубгъуэуэхсэтей
BatıгубгъокӀэичӀыохшъофохыхашъо
Kitapta geçtiği hali

ГУБГЪУ(Э), шъоф; ПОЛЕ, СТЕПЬ; KIR1

шъоф, ГУБГЪУ(Э); KIR 1

губгъо/губгъуэ, кӀэи, чӀыох, шъоф, охы/уэх, хашъо, ЛЪЭГУ, ЛЪЭГУАН(Э), сэтей; OVA

губгъуэ → губгъо; OVA

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: губгъо

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЩӀыпӀэ сэтей, тафэ.

рустепь

ИхъуреягъкӀэ губгъуэр нэщӀт.

+1 örnek

Губгъуэм иту Бэдынокъуэ здэкӀуэм, Ӏэхъуэ гуэр хуэзащ.— ӀуэрыӀуатэ

2. Гъавэ щӀапӀэ (цӀыху щыпсэу щӀыпӀэхэм пыӀухауэ).

руполе

Губгъуэ лэжьыгъэ. ЛэжьакӀуэр губгъуэм дэкӀащ.

Bu maddedeki ifadeler (11)

губгъуэм итын

рунаходиться вне дома, в отъезде.

губгъуэм ихьэжын

руисчезнуть, пропасть.

губгъуэм къинэн

ру1) бросить кого-л. на произвол судьбы 2) остаться одиноким, без поддержки.

губгъуэ бабыщ

Губгъуэм щыпсэу бабыщ лъэпкъ.

рудикая утка

ЩакӀуэм губгъуэ бабыщ къиукӀащ.

7 ifade daha

губгъуэ бжэн

Губгъуэм щыпсэу бжэн лъэпкъ.

рудикая коза; сайгак

Губгъуэ бжэныр и плӀэм дэлъу, пщыӀэ бжэӀупэм зыгуэр къыӀухьащ. фольк.

губгъуэ джэд

Губгъуэм щыпсэу джэд лъэпкъ.

рутетерев

губгъуэ къаз

Губгъуэм щыпсэу къаз.

рудикий гусь

Бжьыхьэм губгъуэ къазхэр мэлъэтэж.

губгъуэ къаргъэ

Губгъуэм щыпсэу къуалэ, бгъэ лъэпкъ.

рупустельга (хищная птица)

МэкъупӀэм губгъуэ къаргъэр щуфэразэрейти, дэ къэтщӀащ ар шылэджэд зэрещакӀуэр.— Гъубжокъуэ Лиуан

губгъуэ нанэ

Губгъуэм ис уд фызыжь.

русказочная старуха, живущая в степи

Елбэздыкъуэ губгъуэ нанэм и быдзитӀым фӀыщӀэфащ.— КӀыщокъуэ Алим

губгъуэ тхьэрыкъуэ

Мэзхэм, губгъуэхэм щыпсэу тхьэрыкъуэ.

рудикий голубь; горлица

губгъуэ Ӏущхьэ

Хамысэу езыр-езыру губгъуэм къыщыкӀ Ӏущхьэ.

румак-самосейка

Kitapta geçtiği hali

губгъуэ 1. степь / ЩӀыпӀэ сэтей, тафэ. ИхъуреягъкӀэ губгъуэр нэщӀт. * Губгъуэм иту Бэдынокъуэ здэкӀуэм, Ӏэхъуэ гуэр хуэзащ. фольк. 2. поле / Гъавэ щӀапӀэ (цӀыху щыпсэу щӀыпӀэхэм пыӀухауэ). Губгъуэ лэжьыгъэ. ЛэжьакӀуэр губгъуэм дэкӀащ. Губгъуэм итын находиться вне дома, в отъезде. Губгъуэм ихьэжын исчезнуть, пропасть. Губгъуэм къинэн 1) бросить кого-л. на произвол судьбы 2) остаться одиноким, без поддержки. губгъуэ бабыщ дикая утка / Губгъуэм щыпсэу бабыщ лъэпкъ. ЩакӀуэм губгъуэ бабыщ къиукӀащ. губгъуэ бжэн дикая коза; сайгак / Губгъуэм щыпсэу бжэн лъэпкъ. Губгъуэ бжэныр и плӀэм дэлъу, пщыӀэ бжэӀупэм зыгуэр къыӀухьащ. фольк. губгъуэ джэд тетерев / Губгъуэм щыпсэу джэд лъэпкъ. губгъуэ къаз дикий гусь / Губгъуэм щыпсэу къаз. Бжьыхьэм губгъуэ къазхэр мэлъэтэж. губгъуэ къаргъэ пустельга (хищная птица) / Губгъуэм щыпсэу къуалэ, бгъэ лъэпкъ. * МэкъупӀэм губгъуэ къаргъэр щуфэразэрейти, дэ къэтщӀащ ар шылэджэд зэрещакӀуэр. Гъу. Л. губгъуэ нанэ миф. сказочная старуха, живущая в степи / Губгъуэм ис уд фызыжь. * Елбэздыкъуэ губгъуэ нанэм и быдзитӀым фӀыщӀэфащ. КӀ. А. губгъуэ тхьэрыкъуэ дикий голубь; горлица / Мэзхэм, губгъуэхэм щыпсэу тхьэрыкъуэ. губгъуэ Ӏущхьэ мак-самосейка / Хамысэу езыр-езыру губгъуэм къыщыкӀ Ӏущхьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЩӀыпӀэ сэтей, тафэ.

Локотош къыгурыӀуащ гуп щхьэхуэу къалмыкъ губгъуэм къринар нэмыцэм пэуву зэрезэуар Якъуб и напщӀэ трилъхьэу зэрыщытыр.— Нал къута, 252

+1 örnek

Сальскэ губгъуэм щитым, пщӀыхьэпӀэ [Апчарэ] илъагъумэ, илъагъур я унэр арат, иджы мес, еплъ – лажьи хъати имыӀэу жыг Ӏувым къыхощ.— Нал къута, 223

2. Гъавэ щӀапӀэ (цӀыху щыпсэу щӀапӀэхэм пыӀухауэ).

Мэмэт-щӀакъуэ мэз бжэн е щыхь къиукӀауэ къишэрэ унэм къыщӀалъэфамэ, унагъуэм исыр зэрызехьэрт, езы щакӀуэми мэзымэ, губгъуэмэ къыпихыу, зигъэбэлыхьу закъригъэлъагъурт.— Лъапсэ, 67

+2 örnek

И фызыр иутӀыпщыжри, тӀэкӀу зигъэпсэхумэ фӀэигъуэу Дуду зигъэукӀуриящ, витӀым гъэужь къалъыхъуэху гъубгъуэм иту— ВитӀ, 414

Бгъэдэтт а ныпым зы сэлэт, Бий хьэдэр губгъуэм икъухьат.— Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 22

3. Губгъуэм ехьэлӀа, теухуа.

Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр.— Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102

+2 örnek

Губгъуэ тенджызу дыщафэм И кхъухь ин дыдэу ӀурыщӀэу, Си комбайн уардэм и бгъафэм Дыгъэр щолыдыр щӀэращӀэу.— Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102

Зэхэуауэ губгъуэ пшапэр, Пхъэ гъур Ӏэтэ щызэтелъым Дадэр яшэ, иту япэ, И гуфӀэгъуэр напщӀэм телъу.— Тисей, 483

Kitapta geçtiği hali

ГУБГЪУЭ (154). 1. (4). ЩӀыпӀэ сэтей, тафэ. Локотош къыгурыӀуащ гуп щхьэхуэу къалмыкъ губгъуэм къринар нэмыцэм пэуву зэрезэуар Якъуб и напщӀэ трилъхьэу зэрыщытыр. Нал къута, 252. Сальскэ губгъуэм щитым, пщӀыхьэпӀэ [Апчарэ] илъагъумэ, илъагъур я унэр арат, иджы мес, еплъ – лажьи хъати имыӀэу жыг Ӏувым къыхощ. Нал къута, 223. 2. (144). Гъавэ щӀапӀэ (цӀыху щыпсэу щӀапӀэхэм пыӀухауэ). Мэмэт-щӀакъуэ мэз бжэн е щыхь къиукӀауэ къишэрэ унэм къыщӀалъэфамэ, унагъуэм исыр зэрызехьэрт, езы щакӀуэми мэзымэ, губгъуэмэ къыпихыу, зигъэбэлыхьу закъригъэлъагъурт. Лъапсэ, 67. И фызыр иутӀыпщыжри, тӀэкӀу зигъэпсэхумэ фӀэигъуэу Дуду зигъэукӀуриящ, витӀым гъэужь къалъыхъуэху гъубгъуэм иту. ВитӀ, 414. Бгъэдэтт а ныпым зы сэлэт, Бий хьэдэр губгъуэм икъухьат. Нып. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 22. 3. (6). плъыф. мыхь. Губгъуэм ехьэлӀа, теухуа. Зигъэпсэхуныр хуэзмыдэу Си губгъуэ кхъухьыр зызохуэ, Сыхьэт къэсыхукӀэ ишх хуэдэу Нэхъ мащӀэ мэхъур си хышхуэр. Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102. Губгъуэ тенджызу дыщафэм И кхъухь ин дыдэу ӀурыщӀэу, Си комбайн уардэм и бгъафэм Дыгъэр щолыдыр щӀэращӀэу. Губгъуэ кхъухь. «Бгы лъапэхэм деж», 102. Зэхэуауэ губгъуэ пшапэр, Пхъэ гъур Ӏэтэ щызэтелъым Дадэр яшэ, иту япэ, И гуфӀэгъуэр напщӀэм телъу. «Тисей», 483.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

arazi bozkır istep kır kırsal mezra yaban yazı

Düzeltme Öner

губгъуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.