граф
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
КъухьэпӀэ Европэмрэ Урысеймрэ щыӀа уэркъ лӀэужьыгъуэцӀэ (пщымрэ баронымрэ я зэхуакум дэтщ), апхуэдэ цӀэр зезыхьэм, е лӀэужьжькӀэ къаӀэрыхьауэ, е къыфӀащауэ.
Къэбэрдей полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковри пщэдей къос дивизэм и дзэпщ джыназ КӀэвкӀэвадзэ и гъусэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 121
+1 örnek
Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», – жиӀэри абыкӀэ иухащ графым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 127
Kitapta geçtiği hali
ГРАФ (4). КъухьэпӀэ Европэмрэ Урысеймрэ щыӀа уэркъ лӀэужьыгъуэцӀэ (пщымрэ баронымрэ я зэхуакум дэтщ), апхуэдэ цӀэр зезыхьэм, е лӀэужьжькӀэ къаӀэрыхьауэ, е къыфӀащауэ. Къэбэрдей полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковри пщэдей къос дивизэм и дзэпщ джыназ КӀэвкӀэвадзэ и гъусэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ, «Жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», – жиӀэри абыкӀэ иухащ графым. Хъуэпсэгъуэ нур, 127.