выщӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ИлъэситӀ-щы зи ныбжь танэхъу, танэ сэкӀа.
рубычок
ВыкӀэ дызыщыгугъа выщӀитӀым языр дгъуэтыжакъым.— Махъсидэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
выщӀэ бычок / ИлъэситӀ-щы зи ныбжь танэхъу, танэ сэкӀа. * ВыкӀэ дызыщыгугъа выщӀитӀым языр дгъуэтыжакъым. М. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ИлъэситӀ-щы зи ныбжь танэхъу, танэ сэкӀа.
Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэди дэкӀа, Кулисум матэ цӀыкӀур иӀыгъыу жылэр къызэхикӀухьауэ зигъэпсэхуу жыг щӀагъым здыщӀэсым, «шокъу» жиӀэу фызым зи гугъу ящӀа лӀым ирихьэлӀащ, выщӀэ танэм и пщэм кӀапсэ лъэрыгъу ищӀауэ я унэ ишэу.— Нэгъуху, 34
+2 örnek
А махуэм ЛӀыгъур балигъ хъуащ жыпӀэну псоми гу лъитэу, псоми ялъэӀэсу лӀы хуэдэу яхэтащ, хьэдэӀусу фӀагъэжыну къащэхуа выщӀэр къэзыгъуэтари арат.— Лъапсэ, 108
ВыщӀэр зыукӀыу вым и гур ЗыӀурыхуахэм я щылъхур Дзэпщ къызытекӀыр аращи – Я афэ джанэр ящыгъщ. «— Индийскэ поэмэ, 360
Kitapta geçtiği hali
ВЫЩӀЭ (10). ИлъэситӀ-щы зи ныбжь танэхъу, танэ сэкӀа. Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэди дэкӀа, Кулисум матэ цӀыкӀур иӀыгъыу жылэр къызэхикӀухьауэ зигъэпсэхуу жыг щӀагъым здыщӀэсым, «шокъу» жиӀэу фызым зи гугъу ящӀа лӀым ирихьэлӀащ, выщӀэ танэм и пщэм кӀапсэ лъэрыгъу ищӀауэ я унэ ишэу. Нэгъуху, 34. А махуэм ЛӀыгъур балигъ хъуащ жыпӀэну псоми гу лъитэу, псоми ялъэӀэсу лӀы хуэдэу яхэтащ, хьэдэӀусу фӀагъэжыну къащэхуа выщӀэр къэзыгъуэтари арат. Лъапсэ, 108. ВыщӀэр зыукӀыу вым и гур ЗыӀурыхуахэм я щылъхур Дзэпщ къызытекӀыр аращи – Я афэ джанэр ящыгъщ. «Индийскэ поэмэ», 360.