волгэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Автомобиль псынщӀэм и маркэ лӀэужьыгъуэщ.
«Волгэ» сису сыщыблэкӀкӀэ, Сепсэлъэну зызогъэщхъ.— Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76
+2 örnek
Зы грузовикрэ зы «Волгэрэ» пщӀантӀэм къыдыхьащ, щӀакӀуэ-бащлъыкъ сыт жумыӀэмэ, илъ щӀагъуэ щымыӀэу, ауэ грузовикым ашык зыкъом иту Бот гу лъитащ, уеблэмэ гурыӀупсыр къигъажэу шхынымэ ӀэфӀхэри къыщӀихьащ.— Лъапсэ, 68
МашинитӀыр зэкӀэлъхьэужьу, «Волгэр» япэ иту, грузовикыр абы кӀэлъыкӀуэу, гъуэгу теуващ, я моторитӀри зэщӀэгурымэу, фархэм ядз нэхумкӀэ жэщ кӀыфӀым хэпыджэу.— Лъапсэ, 68
Псым и цӀэщ, Индыл.
Си ныбжьэгъухэ, каскэ лъапӀэр Къуэшхуэм дэту Доныпс кӀапэр Волгэ лъэщым щыхэхуэнум Мис а махуэм хуэсхъумэнущ.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15
+1 örnek
Дэ итӀанэ Волгэ Ӏуфэ ТекӀуэныгъэ дыхуэгуфӀэу Доныпс къабзэр къыщыкъуалъэм Мы си касэкэмкӀэ щӀэдгъалъэу Деплъым – каскэм и щӀыхь лъапӀэр Хъунущ, дауи, нэхъри лъапӀэ.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15
Kitapta geçtiği hali
ВОЛГЭ I (3). Автомобиль псынщӀэм и маркэ лӀэужьыгъуэщ. «Волгэ» сису сыщыблэкӀкӀэ, Сепсэлъэну зызогъэщхъ. Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76. Зы грузовикрэ зы «Волгэрэ» пщӀантӀэм къыдыхьащ, щӀакӀуэ-бащлъыкъ сыт жумыӀэмэ, илъ щӀагъуэ щымыӀэу, ауэ грузовикым ашык зыкъом иту Бот гу лъитащ, уеблэмэ гурыӀупсыр къигъажэу шхынымэ ӀэфӀхэри къыщӀихьащ. Лъапсэ, 68. МашинитӀыр зэкӀэлъхьэужьу, «Волгэр» япэ иту, грузовикыр абы кӀэлъыкӀуэу, гъуэгу теуващ, я моторитӀри зэщӀэгурымэу, фархэм ядз нэхумкӀэ жэщ кӀыфӀым хэпыджэу. Лъапсэ, 68.
ВОЛГЭ II (3). Псым и цӀэщ, Индыл. Си ныбжьэгъухэ, каскэ лъапӀэр Къуэшхуэм дэту Доныпс кӀапэр Волгэ лъэщым щыхэхуэнум Мис а махуэм хуэсхъумэнущ. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15. Дэ итӀанэ Волгэ Ӏуфэ ТекӀуэныгъэ дыхуэгуфӀэу Доныпс къабзэр къыщыкъуалъэм Мы си касэкэмкӀэ щӀэдгъалъэу Деплъым – каскэм и щӀыхь лъапӀэр Хъунущ, дауи, нэхъри лъапӀэ. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 15.