власт
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
Ӏэшъхьэтетныгъ/Ӏэщхьэтетныгъэ, ВЛАСТ; İKTİDAR 2
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къэрал зехьэныгъэмрэ абы и органхэмрэ; политическэ тепщэныгъэ.
Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀщ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият.— Лъапсэ, 87
+2 örnek
[Инал:] Лъырэ псэкӀэ къэтхьа властым щӀэгъэкъуэн хуэхъуну зымыдэр лъэныкъуэ едгъэзынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
– Газетыр советскэ властым къыдегъэкӀри итыр псоми я фӀэщ мэхъу.— Нал къута, 258
Deyimler (1)
властыр къэхьыжын
Къэрал власт гуэр зэфӀэгъэувэжын.
Езы ТӀутӀэ жыхуэпӀэр лӀы пхъашэт, властыр къыщахьыжым адыгэ шуудзэм командиру яхэтат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
+1 örnek
[Долэт Астемыр жреӀэ:] – Уащыщкъэ уэ властыр къэзыхьыжам?— Хъуэпсэгъуэ нур, 323
Kitapta geçtiği hali
ВЛАСТ (63). Къэрал зехьэныгъэмрэ абы и органхэмрэ; политическэ тепщэныгъэ. Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀщ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият. Лъапсэ, 87. [Инал:] Лъырэ псэкӀэ къэтхьа властым щӀэгъэкъуэн хуэхъуну зымыдэр лъэныкъуэ едгъэзынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. – Газетыр советскэ властым къыдегъэкӀри итыр псоми я фӀэщ мэхъу. Нал къута, 258. ◊ Властыр къэхьыжын (4). Къэрал власт гуэр зэфӀэгъэувэжын. Езы ТӀутӀэ жыхуэпӀэр лӀы пхъашэт, властыр къыщахьыжым адыгэ шуудзэм командиру яхэтат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. [Долэт Астемыр жреӀэ:] – Уащыщкъэ уэ властыр къэзыхьыжам? Хъуэпсэгъуэ нур, 323.