бэзэр
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
БЭДЗЭР/БЭЗЭР, (Абз. БЭЗЭР); ÇARŞI, PİYASA
щэпӀэщэфапӀ/щапӀэщэхуапӀэ, БЭДЗЭР/БЭЗЭР; PAZAR 2 (~ yeri)
БЭЗЭР/БЭДЗЭР; PİYASA, ÇARŞI
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхухэр щызэхуэсу шхын, хьэпшып с. ху. щащэ-къыщащэху щӀыпӀэ.
рубазар, рынок
Бэзэр зэхэтын. Бэзэрыр зэхыхьэн.
+1 örnek
Сурэ и пэшым щӀэт стӀолми зыгуэр зырылъу щыта пхъуантэ нэщӀ цӀыкӀу, бэзэрым къыщащэхуа мастэӀуданалъэ, абдж хьэкъущыкъу тезу тетт.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (6)
бэзэр къанщауэ
ручастый посетитель, завсегдатай базара.
бэзэр пкъо
бэзэр къанщауэ
бэзэрым къызэрытекӀауэ (жыӀэн)
ругрубо, неприлично, вульгарно (выражаться).
ЦӀыху щӀэсхэри абы хьэуэ къыщымыхъуу бэзэрым къызэрытекӀауэ мэхъуанэ.— Къэбэрдей
бэзэр уасэ
Бэзэрым щызекӀуэ уасэ.
рурыночная цена
2 ifade daha
бэзэр цӀыкӀу
Ерыскъы щащэу махуэ къэскӀэ зэхыхьэ бэзэр.
руповседневный продовольственный рынок
бэзэр шхын
Унэм щамыщӀа, бэзэрым, тыкуэным къыщащэхуа ӀэфӀыкӀэ-бжьэфӀыкӀэ.
русладости, сласти недомашнего приготовления.
Бэзэр шхын къэщэхун.
Kitapta geçtiği hali
бэзэр базар, рынок / ЦӀыхухэр щызэхуэсу шхын, хьэпшып с. ху. щащэ-къыщащэху щӀыпӀэ. Бэзэр зэхэтын. Бэзэрыр зэхыхьэн. * Сурэ и пэшым щӀэт стӀолми зыгуэр зырылъу щыта пхъуантэ нэщӀ цӀыкӀу, бэзэрым къыщащэхуа мастэӀуданалъэ, абдж хьэкъущыкъу тезу тетт. КӀ. Т. Бэзэр къанщауэ частый посетитель, завсегдатай базара. Бэзэр пкъо=бэзэр къанщауэ. Бэзэрым къызэрытекӀауэ (жыӀэн) грубо, неприлично, вульгарно (выражаться). * ЦӀыху щӀэсхэри абы хьэуэ къыщымыхъуу бэзэрым къызэрытекӀауэ мэхъуанэ. Къэб. бэзэр уасэ рыночная цена / Бэзэрым щызекӀуэ уасэ. бэзэр цӀыкӀу повседневный продовольственный рынок / Ерыскъы щащэу махуэ къэскӀэ зэхыхьэ бэзэр. бэзэр шхын сладости, сласти недомашнего приготовления. / Унэм щамыщӀа, бэзэрым, тыкуэным къыщащэхуа ӀэфӀыкӀэ-бжьэфӀыкӀэ. Бэзэр шхын къэщэхун.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЦӀыхухэр щызэхуэсу шхын, хьэпшып с. ху. щащэ щӀыпӀэ.
– АтӀэ, уи гугъэр сыт, си къуэшыжь, – жиӀэрт Бэлаци нэжэгужэу, – бэзэрым джэд зэрыщащэ уасэ сыщӀэупщӀэну сыкъэкӀуа уи гугъэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 264
+1 örnek
Сэри дыгъуасэ мащӀэрэ бэзэрым сытета, ди хэку къикӀа машинэ сыхуэзэмэ, гъусэ зыхуэсщӀынщи, зезгъэшэжынщ, жысӀэу.— МелыӀыч, 447
2. Бэзэрым ехьэлӀа, епха.
Апчарэ бэзэр гъуэгу цӀыкӀумкӀэ кӀуэрт, нартыху хадэм хэту.— Нал къута, 278
+1 örnek
Псалъэмакъыр абдеж щыдуха щхьэкӀэ, бэзэр махуэр къызэрыблагъэу, Илас аргуэру къытрегъэзэж: Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ.— МелыӀыч, 469
Kitapta geçtiği hali
БЭЗЭР (86). 1. (81). ЦӀыхухэр щызэхуэсу шхын, хьэпшып с. ху. щащэ щӀыпӀэ. – АтӀэ, уи гугъэр сыт, си къуэшыжь, – жиӀэрт Бэлаци нэжэгужэу, – бэзэрым джэд зэрыщащэ уасэ сыщӀэупщӀэну сыкъэкӀуа уи гугъэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 264. Сэри дыгъуасэ мащӀэрэ бэзэрым сытета, ди хэку къикӀа машинэ сыхуэзэмэ, гъусэ зыхуэсщӀынщи, зезгъэшэжынщ, жысӀэу. МелыӀыч, 447. 2. (5). Бэзэрым ехьэлӀа, епха. Апчарэ бэзэр гъуэгу цӀыкӀумкӀэ кӀуэрт, нартыху хадэм хэту. Нал къута, 278. Псалъэмакъыр абдеж щыдуха щхьэкӀэ, бэзэр махуэр къызэрыблагъэу, Илас аргуэру къытрегъэзэж: Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ. МелыӀыч, 469.