бригадэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэгъусэу лажьэ лэжьакӀуэ гуп.
рубригада
Пэжщ, ар ухуакӀуэ бригадэм щыхыхьам, къуажэм дэс цӀыхубзхэм нэмыплъ къыхуащӀу къыӀущӀэгъат, цӀыхухъу щыгъын щетӀагъэ, жаӀэри.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
бригадэ бригада / Зэгъусэу лажьэ лэжьакӀуэ гуп. * Пэжщ, ар ухуакӀуэ бригадэм щыхыхьам, къуажэм дэс цӀыхубзхэм нэмыплъ къыхуащӀу къыӀущӀэгъат, цӀыхухъу щыгъын щетӀагъэ, жаӀэри. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Полк, батальон, е батарей зыбжанэу зэхэт дзэ пакӀэ.
Къалэм щызэрызехьэм я хъыбар танк бригадэу гъунэгъуу щытым нэсри я пашэхэри къэлъэӀуащ, хуит дыкъэфщӀи, щхьэж хуэфащэ хуэдгъэзэнщ, жыхуаӀэу.— Кхъэлэгъунэ, 378
+1 örnek
Пэжт, дзэуэ къратар бригадэ дыди хъунутэкъым, итӀани дзэпщу ущагъэувкӀэ, узыхуэчэмыр уэ къэгъуэтыж, улӀрэ пащӀэ птетмэ.— Лыгъэ, 409
2. Зэгъусэу Ӏуэху зэдэзыщӀэ лэжьакӀуэ гуп.
Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ, Нэхъ щӀалэр, зыми емыжьэу, Лъакъуэрыгъажэм шэсащ.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42
+2 örnek
Япэм трактор бригадэм алащэм псы кърашэу тетащ.— Щынэхужьыкъуэ, 50
Зыхэт бригадэр сэ сощӀэр, Щылажьэ щӀыпӀэр сохъумэ, А пщащэм и цӀэрщ сымыщӀэр, КъызжефӀэт хэтми, ар фщӀэмэ.— КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37
Kitapta geçtiği hali
БРИГАДЭ (14). 1. (5). Полк, батальон, е батарей зыбжанэу зэхэт дзэ пакӀэ. Къалэм щызэрызехьэм я хъыбар танк бригадэу гъунэгъуу щытым нэсри я пашэхэри къэлъэӀуащ, хуит дыкъэфщӀи, щхьэж хуэфащэ хуэдгъэзэнщ, жыхуаӀэу. Кхъэлэгъунэ, 378. Пэжт, дзэуэ къратар бригадэ дыди хъунутэкъым, итӀани дзэпщу ущагъэувкӀэ, узыхуэчэмыр уэ къэгъуэтыж, улӀрэ пащӀэ птетмэ. Лыгъэ, 409. 2. Зэгъусэу Ӏуэху зэдэзыщӀэ лэжьакӀуэ гуп. Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ, Нэхъ щӀалэр, зыми емыжьэу, Лъакъуэрыгъажэм шэсащ. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. Япэм трактор бригадэм алащэм псы кърашэу тетащ. Щынэхужьыкъуэ, 50. Зыхэт бригадэр сэ сощӀэр, Щылажьэ щӀыпӀэр сохъумэ, А пщащэм и цӀэрщ сымыщӀэр, КъызжефӀэт хэтми, ар фщӀэмэ. КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37.