борш
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Къалэн, хьэкъ.
рудолг, задача, обязанность
Гъуэгу ткӀуныр гугъуми, ар ди боршщ. КӀ. А.
Къэбыстэ, жэгундэ, пхъы, кӀэртӀоф, помидор зыхэгъэва лэпс.
руборщ
- Ӏейуэ фагъэмэжэлӀа хъунщ, иӀэ, фытӀыси шхын пщтыр федзакъэ, зывгъэхуэбэж, - жаӀэу бысым фызымрэ бысымылӀымрэ зэдэӀэпыкъуу зым борш пщтыр къытрегъэувэ, зым хьэку щӀакхъуэ щабэшхуэ къытрелъхьэ.— ЩакӀуэ Талъостэн
Bu maddedeki ifadeler (2)
борш зыщыщӀыжын
рувзять на себя (какие-л. обязанности).
борш хуэхъун
рустать чьей-л. обязанностью.
Kitapta geçtiği hali
борш I долг, задача, обязанность / Къалэн, хьэкъ. Гъуэгу ткӀуныр гугъуми, ар ди боршщ. КӀ. А. Борш зыщыщӀыжын взять на себя (какие-л. обязанности). Борш хуэхъун стать чьей-л. обязанностью. II борщ / Къэбыстэ, жэгундэ, пхъы, кӀэртӀоф, помидор зыхэгъэва лэпс. * - Ӏейуэ фагъэмэжэлӀа хъунщ, иӀэ, фытӀыси шхын пщтыр федзакъэ, зывгъэхуэбэж, - жаӀэу бысым фызымрэ бысымылӀымрэ зэдэӀэпыкъуу зым борш пщтыр къытрегъэувэ, зым хьэку щӀакхъуэ щабэшхуэ къытрелъхьэ. Щ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къалэн, хьэкъ, пщэрылъ.
Муслъымэныр муслъымэным дэӀэпыкъуну и боршщ, – жиӀэри молэм къабыл ищӀащ Мусэ и мурадыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 54
+2 örnek
ЦӀыхухъухэм унагъуэр зыхуэныкъуэр къагъуэтыну я боршщ.— МелыӀыч, 453
Зи хэку епцӀыжар бутӀыпщыжыну Ӏэмал зимыӀэщ, уеуэу щхьэпребгъэдзыну уи боршщ, ауэ дауэ абы и Ӏэмалыр?— Нал къута, 247
Deyimler (1)
борш щыщӀын
И пщэ дэлъхьэн, къалэну хуэгъэувын.
[Нурхьэлий:] – Мэ, си къуэш, Алыхьталэм борш къытщищӀащ къулейсызым дадэӀэпыкъуну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
Kitapta geçtiği hali
БОРШ (11). Къалэн, хьэкъ, пщэрылъ. Муслъымэныр муслъымэным дэӀэпыкъуну и боршщ, – жиӀэри молэм къабыл ищӀащ Мусэ и мурадыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 54. ЦӀыхухъухэм унагъуэр зыхуэныкъуэр къагъуэтыну я боршщ. МелыӀыч, 453. Зи хэку епцӀыжар бутӀыпщыжыну Ӏэмал зимыӀэщ, уеуэу щхьэпребгъэдзыну уи боршщ, ауэ дауэ абы и Ӏэмалыр? Нал къута, 247. ◊ Борш щыщӀын (1). И пщэ дэлъхьэн, къалэну хуэгъэувын. [Нурхьэлий:] – Мэ, си къуэш, Алыхьталэм борш къытщищӀащ къулейсызым дадэӀэпыкъуну. Хъуэпсэгъуэ нур, 188.