благъэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

akrabaet paydaşı
Ortakблагъэ
DoğuӀыхьлыунэкъуэщ
BatıӀэхьэллыщыщунэкъош
dünürhısım, yakın
Ortakблагъэ
yakınyakın yer; hısım
Ortakблагъэгъунэгъу
yakınyakın yer; komşu; sınırdaş
Ortakгъунэгъублагъэ
Kitapta geçtiği hali

Ӏэхьэл/Ӏыхьлы, (Абз. ӀЭХЬЛЫ), лыщыщ, унэкъош/унэкъуэщ, БЛАГЪЭ; AKRABA (et paydaşı)

БЛАГЪЭ; DÜNÜR (hısım, yakın)

БЛАГЪЭ, ГЪУНЭГЪУ; YAKIN (~ yer; hısım)

ГЪУНЭГЪУ; БЛАГЪЭ; YAKIN (~ yer; komşu; sınırdaş)

БЛАГЪЭ → Ӏэхьэл; AKRABA (hısım ~, yakın)

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: Ӏэхьэл

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Мыжыжьэ, гъунэгъу.

рублизкий (о расстоянии)

Гъуэгу благъэкъым сэ сызытеувар.— Шортэн Аскэрбий

Лъэпкъым щыщ гуэрым, и фызым, и лӀым и Ӏыхьлы, и унагъуэм щыщ.

русвойственник

Сымаджэм щӀэупщӀэну гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос.— Шортэн Аскэрбий

+3 örnek

Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ.— Псалъэжьхэр

Благъэ хъумэнри ху хъумэнри зыщ.— Псалъэжьхэр

Сэ Ӏыхьлыхэри, благъэхэри, ныбжьэгъухэри гуапэу къысӀущӀащ.— Къэрмокъуэ Мухьэмэд

ЗэкӀэрыбла, зэкӀэрыпха гуэр.

русвязка, вязка

Бжьын благъэ. Хьэлыгъуанэ благъэ.

Bu maddedeki ifadeler (5)

благъэ жыжьэ

рудальний родственник.

благъэ зэрыщӀын

рупородниться друг с другом, стать свойственниками.

благъэ зэхуэмахэ зэхуэхъун

руоказаться счастливым для обеих сторон - о породнении.

благъэ зыхуэщӀын

рупородниться с кем-л., стать свойственником.

Сэфарым благъэ зыхуищӀын и жагъуэтэкъым Хьэжы-исмел.— Шортэн Аскэрбий

благъэ щӀын

благъэ зыхуэщӀын

Kitapta geçtiği hali

благъэ I близкий (о расстоянии) / Мыжыжьэ, гъунэгъу. * Гъуэгу благъэкъым сэ сызытеувар. Ш. А. II свойственник / Лъэпкъым щыщ гуэрым, и фызым, и лӀым и Ӏыхьлы, и унагъуэм щыщ. * Сымаджэм щӀэупщӀэну гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос. Ш. А. Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ. (погов.) Благъэ хъумэнри ху хъумэнри зыщ. (погов.) Сэ Ӏыхьлыхэри, благъэхэри, ныбжьэгъухэри гуапэу къысӀущӀащ. Къ. М. Благъэ жыжьэ дальний родственник. Благъэ зэрыщӀын породниться друг с другом, стать свойственниками. Благъэ зэхуэмахэ зэхуэхъун оказаться счастливым для обеих сторон - о породнении. Благъэ зыхуэщӀын породниться с кем-л., стать свойственником. * Сэфарым благъэ зыхуищӀын и жагъуэтэкъым Хьэжы-исмел. Ш. А. Благъэ щӀын = благъэ зыхуэщӀын. III связка, вязка / ЗэкӀэрыбла, зэкӀэрыпха гуэр. Бжьын благъэ. Хьэлыгъуанэ благъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Мыжыжьэ, гъунэгъу.

ЩӀалэр плъэмэ – благъэ дыдэу Дыгъэ нурыр къытелыдэу, Унэ лъахъшэ мис къелъагъур.— Елбэздыкъуэ, 10

+2 örnek

Езы кхъухьыр иджыпстуи адэ уафэ лъащӀэ дыдэм хьэндырабгъуэ цӀыкӀу тесщ жыпӀэну уолъагъу, гъунэгъуу къыпфӀэщӀ щхьэкӀэ, тенджыз щӀыӀум жыжьэрэ благъэрэ пхузэхэмыгъэкӀыу ущегъауэ.— Лъапсэ, 53

Къуажэри благъэт, гуарцэмэ къыпщӀихьэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301

ЛъыкӀэ мыхъуу нэгъуэщӀ зыгуэркӀэ къыбгухьэ, гъунэгъу къыпхуэхъу, къыппыщӀа.

Хьэбли благъи зэхуэсауэ Инал и анэм Ӏуэхур дагъэпсынщӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573

+2 örnek

Убых хьэщӀэхэр къэпӀейтеяуэ зэрызехьэрт, я благъэ нанэм игу дахэ хуащӀу.— Лъапсэ, 118

Шыкъым Нэху къэкӀуэжащ жаӀэу и Ӏыхьлыи и благъи къызэхуэмысу къэнэнт – къуажэм зы бэлыхьлажьэ къыщыхъуа хуэдэу, къэбырсеят, хьэщӀэр мычэму къакӀуэрт, къакӀуэ къэсыхуи фадэ къаӀэтырт.— Кхъэлэгъунэ, 375

Deyimler (2)

благъэ зыхуэщӀын

Зыгуэр благъагъэкӀэ къэубыдын, зэпыщӀэн.

АрщхьэкӀэ Дисэ и гум илът Рахьим благъэ зыхуищӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131

Уи благъэ куэд ухъу!

«Къеблагъэ!» жиӀэу езыгъэблагъэм фӀыщӀэ хуащӀу, ехъуэхъуу иратыж жэуапщ.

Къэзмай и Ӏэр и лъэгуажьэмкӀэ тӀэкӀу илъэщӀри Къазджэрий къыщыгуфӀыкӀащ: Уи благъэ куэд ухъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620

+1 örnek

[Жамбот:] Уи благъэ куэд ухъу.— Алъхъо, 64

Kitapta geçtiği hali

БЛАГЪЭ I (11). плъыф. Мыжыжьэ, гъунэгъу. ЩӀалэр плъэмэ – благъэ дыдэу Дыгъэ нурыр къытелыдэу, Унэ лъахъшэ мис къелъагъур. «Елбэздыкъуэ», 10. Езы кхъухьыр иджыпстуи адэ уафэ лъащӀэ дыдэм хьэндырабгъуэ цӀыкӀу тесщ жыпӀэну уолъагъу, гъунэгъуу къыпфӀэщӀ щхьэкӀэ, тенджыз щӀыӀум жыжьэрэ благъэрэ пхузэхэмыгъэкӀыу ущегъауэ. Лъапсэ, 53. Къуажэри благъэт, гуарцэмэ къыпщӀихьэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 301.

БЛАГЪЭ II (46). ЛъыкӀэ мыхъуу нэгъуэщӀ зыгуэркӀэ къыбгухьэ, гъунэгъу къыпхуэхъу, къыппыщӀа. Хьэбли благъи зэхуэсауэ Инал и анэм Ӏуэхур дагъэпсынщӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. Убых хьэщӀэхэр къэпӀейтеяуэ зэрызехьэрт, я благъэ нанэм игу дахэ хуащӀу. Лъапсэ, 118. Шыкъым Нэху къэкӀуэжащ жаӀэу и Ӏыхьлыи и благъи къызэхуэмысу къэнэнт – къуажэм зы бэлыхьлажьэ къыщыхъуа хуэдэу, къэбырсеят, хьэщӀэр мычэму къакӀуэрт, къакӀуэ къэсыхуи фадэ къаӀэтырт. Кхъэлэгъунэ, 375. ◊ Благъэ зыхуэщӀын (2). Зыгуэр благъагъэкӀэ къэубыдын, зэпыщӀэн. АрщхьэкӀэ Дисэ и гум илът Рахьим благъэ зыхуищӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. Уи благъэ куэд ухъу! (2). «Къеблагъэ!» жиӀэу езыгъэблагъэм фӀыщӀэ хуащӀу, ехъуэхъуу иратыж жэуапщ. Къэзмай и Ӏэр и лъэгуажьэмкӀэ тӀэкӀу илъэщӀри Къазджэрий къыщыгуфӀыкӀащ: Уи благъэ куэд ухъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620. [Жамбот:] Уи благъэ куэд ухъу. Алъхъо, 64.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

akraba hısım yakın

Düzeltme Öner

благъэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.