благъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
благъо/благъуэ, блэгъожъ/благъуэжь, ДРАКОН, (Абз. БЛАГЪУЭ/ ДРАКОН); EJDER, EJDERHA
благъуэ → благъо; EJDER, EJDERHA
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: благъо
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ӀуэрыӀуатэм хэту куэдрэ узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэ (щхьэ зыбжанэ пыту, псыр иубыду, цӀыху ишхыу).
рудракон
Пщым унафэ ищӀри Батыр а благъуэм и деж ягъэкӀуащ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
2. ЦӀыху бзаджэ, къанлы.
рузлой, жестокий человек
3. Псым щыпсэууэ щӀыпӀэ хуабэ дыдэхэм узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэ ин (шындырхъуо лъэпкъыгъуэщ).
рукрокодил
ПсыпцӀэм благъуэ къыхэпщащ.
Bu maddedeki ifadeler (3)
благъуэ нэщӀ (нэщӀа)
руненасытный (букв. проголодавшийся дракон).
Благъуэ нэщӀу щӀым тетыгъахэр Хэку жыжьэхэм къыщытхукъуоплъ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
благъуэ тхьэкӀумэр Ӏыгъын
рустоять как вкопанный.
благъуэр гъуэм къишын
руговорить ласково, нежно.
Kitapta geçtiği hali
благъуэ 1. миф. дракон / ӀуэрыӀуатэм хэту куэдрэ узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэ (щхьэ зыбжанэ пыту, псыр иубыду, цӀыху ишхыу). * Пщым унафэ ищӀри Батыр а благъуэм и деж ягъэкӀуащ. КӀ. Т., Акъ. З. 2. переносное злой, жестокий человек / ЦӀыху бзаджэ, къанлы. 3. крокодил / Псым щыпсэууэ щӀыпӀэ хуабэ дыдэхэм узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэ ин (шындырхъуо лъэпкъыгъуэщ). ПсыпцӀэм благъуэ къыхэпщащ. Благъуэ нэщӀ (нэщӀа) ненасытный (букв. проголодавшийся дракон). * Благъуэ нэщӀу щӀым тетыгъахэр Хэку жыжьэхэм къыщытхукъуоплъ. П. Б. Благъуэ тхьэкӀумэр Ӏыгъын стоять как вкопанный. Благъуэр гъуэм къишын говорить ласково, нежно.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ӀуэрыӀуатэм узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэщ, щхьэ зыбжанэ пыту.
Зэм щӀалэр благъуэ ныхуэзауэ, Шабзэшэр тажым пхылъэтащ.— Анэм и пщӀыхьэпӀэ, 24
+2 örnek
Хэт си гугъэщ кӀыфӀым благъуэ, Къашияуэ я шэрэз.— Вагъуэиж. «Батырыбжьэ», 70
Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп, сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу.— Лъапсэ, 119
Kitapta geçtiği hali
БЛАГЪУЭ (12). ӀуэрыӀуатэм узыщрихьэлӀэ псэущхьэ шынагъуэщ, щхьэ зыбжанэ пыту. Зэм щӀалэр благъуэ ныхуэзауэ, Шабзэшэр тажым пхылъэтащ. Анэм и пщӀыхьэпӀэ, 24. Хэт си гугъэщ кӀыфӀым благъуэ, Къашияуэ я шэрэз. Вагъуэиж. «Батырыбжьэ», 70. Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп, сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу. Лъапсэ, 119.