бзэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэбзэх)
ЗыӀэзыбжьэу кӀуэдын.
руисчезнуть, внезапно скрыться
Зэгуэрым ар бзэхри илъэсиблкӀэ дунейм къытехьакъым.— Нэгумэ Шорэ
+1 örnek
Дыгъужь анэр зэрыӀэщӀэкӀар жагъуэ щыхъуауэ, Исмел щӀыбагъымкӀэ къызэплъэкӀыжащ, шырхэр къилъыхъуэу. Ауэ шыритхури бзэхат.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
бзэхын (мэбзэх) неперех. гл. исчезнуть, внезапно скрыться / ЗыӀэзыбжьэу кӀуэдын. * Зэгуэрым ар бзэхри илъэсиблкӀэ дунейм къытехьакъым. Н. Ш. Дыгъужь анэр зэрыӀэщӀэкӀар жагъуэ щыхъуауэ, Исмел щӀыбагъымкӀэ къызэплъэкӀыжащ, шырхэр къилъыхъуэу. Ауэ шыритхури бзэхат. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэбзэх)
ЗыӀэзыбжьэу кӀуэдын.
Щэрданхэ я лӀыщӀи сыти бзэхат, бэлшэвыч хъыбар я тхьэкӀумэм зэрицырхъэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
+2 örnek
Кумб цӀыкӀу, гъуанэ цӀыкӀу хуэзэмэ, илъадэрти бзэхырт, щӀым хыхьэрт [псыпэр].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
Шырыкъу къомыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэу бзэхащ, зылӀ къуажэм дэсым щыщу къэмыхашэу.— МелыӀыч, 461
Kitapta geçtiği hali
БЗЭХЫН (мэбзэх) лъэмыӀ. (32). ЗыӀэзыбжьэу кӀуэдын. Щэрданхэ я лӀыщӀи сыти бзэхат, бэлшэвыч хъыбар я тхьэкӀумэм зэрицырхъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 256. Кумб цӀыкӀу, гъуанэ цӀыкӀу хуэзэмэ, илъадэрти бзэхырт, щӀым хыхьэрт [псыпэр]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Шырыкъу къомыр кӀуэцӀрыхуам хуэдэу бзэхащ, зылӀ къуажэм дэсым щыщу къэмыхашэу. МелыӀыч, 461.