бзэрэбзэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(мэбзэрабзэ)

1. Макъамэ дахэ гум хыхьэу гъэӀун; щабэу, ӀэфӀу, гуапэу псэлъэн.

рупереливаться; нежно, ласкающе звучать

Пшынэр мэбзэрабзэ.

+1 örnek

Дэлъху закъуэр къызэрыхуэкӀуам и гуфӀэгъуэм абы и гур хуабагъэкӀэ игъэнщӀати, фыз тхьэмыщкӀэр бзэрабзэ зэпытт.— КӀэрашэ Тембот

2. Уэрэд ягъэӀун (къуалэбзум).

рущебетать (о птицах)

Къуалэбзухэр бзэрабзэу, щӀэжьей цӀыкӀухэр гуфӀэжу, хъупӀэ хуитхэм зэдокӀуэ.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

Kitapta geçtiği hali

бзэрэбзэн (мэбзэрабзэ) неперех. гл. 1. переливаться; нежно, ласкающе звучать / Макъамэ дахэ гум хыхьэу гъэӀун; щабэу, ӀэфӀу, гуапэу псэлъэн. Пшынэр мэбзэрабзэ. * Дэлъху закъуэр къызэрыхуэкӀуам и гуфӀэгъуэм абы и гур хуабагъэкӀэ игъэнщӀати, фыз тхьэмыщкӀэр бзэрабзэ зэпытт. КӀ. Т. 2. щебетать (о птицах) / Уэрэд ягъэӀун (къуалэбзум). * Къуалэбзухэр бзэрабзэу, щӀэжьей цӀыкӀухэр гуфӀэжу, хъупӀэ хуитхэм зэдокӀуэ. Хь. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(мэбзэрабзэ)

1. Уэрэд жаӀэн (къуалэбзум).

Уэ къалэбзууэ уобзэрабзэ, Уи насып къакӀуэм иӀэщ пӀалъэ.— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… Батырыбжьэ, 62

2. Макъ дахэ гъэӀун.

[Псым жриӀэу:] Уи адэ -уи анэм я хъыбари Убзэрабзэу дегъэдэӀу.— Къажэ, къажэ, псыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 48

3. ӀэфӀу, гуапэу псэлъэн.

Уи анэр гуфӀэу къобзэрабзэм, Къуалэбзухэр исщ уи куэщӀ.— Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61

+1 örnek

Япэм щӀалэр убзэрабзэу Ябгъэдэтти и Ӏэхъушэм, Япсэлъэфырт Ӏэщым къабзэу…— Лъапсэ, 496

Kitapta geçtiği hali

БЗЭРЭБЗЭН (мэбзэрабзэ) лъэмыӀ. (5). 1. (2). Уэрэд жаӀэн (къуалэбзум). Уэ къалэбзууэ уобзэрабзэ, Уи насып къакӀуэм иӀэщ пӀалъэ. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… «Батырыбжьэ», 62. 2. (1). Макъ дахэ гъэӀун. [Псым жриӀэу:] Уи адэ -уи анэм я хъыбари Убзэрабзэу дегъэдэӀу. Къажэ, къажэ, псыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 48. 3. (2). ӀэфӀу, гуапэу псэлъэн. Уи анэр гуфӀэу къобзэрабзэм, Къуалэбзухэр исщ уи куэщӀ. Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61. Япэм щӀалэр убзэрабзэу Ябгъэдэтти и Ӏэхъушэм, Япсэлъэфырт Ӏэщым къабзэу… Лъапсэ, 496.

Düzeltme Öner

бзэрэбзэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.