бзаджэнаджэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏей, мыхъумыщӀэ, хьэбыршыбыр.
рускверный, неблагопристойный
Уэркъ зыкъызыфӀэщӀыжахэм, дауикӀ, хъыджэбзым къыхуагъэгъункъым апхуэдэ нэмысыншагъэр. Абыхэм бзаджэнаджэ куэд яхэтщ - сыткӀэ пщӀэн апхуэдэхэм абы къыхуагупсысынур, къыкӀэщӀащӀыхьыну напэншагъэр зыхуэдэр.— КӀэрашэ Тембот
1. ЦӀыху напэншэ.
рунегодяй
А бзаджэнаджэм жиӀэм уемыдаӀуэ.
2. Жин, шейтӀан, уд.
рузлой дух, нечистая сила
ЗэрыжаӀэмкӀэ, абы цӀыкӀу щӀыкӀэ бзаджэнаджэ зэран къыхуэхъуащ.— ЩакӀуэ Талъостэн
Bu maddedeki ifadeler (2)
бзаджэнаджэ и бзаджэнаджэж
рунегодяй из негодяев.
бзаджэнаджэ къекӀэпын
рупривязаться, пристать к кому-л. - о нечистой силе, злом духе.
Kitapta geçtiği hali
бзаджэнаджэ I скверный, неблагопристойный / Ӏей, мыхъумыщӀэ, хьэбыршыбыр. * Уэркъ зыкъызыфӀэщӀыжахэм, дауикӀ, хъыджэбзым къыхуагъэгъункъым апхуэдэ нэмысыншагъэр. Абыхэм бзаджэнаджэ куэд яхэтщ - сыткӀэ пщӀэн апхуэдэхэм абы къыхуагупсысынур, къыкӀэщӀащӀыхьыну напэншагъэр зыхуэдэр. КӀ. Т. II 1. негодяй / ЦӀыху напэншэ. А бзаджэнаджэм жиӀэм уемыдаӀуэ. 2. переносное злой дух, нечистая сила / Жин, шейтӀан, уд. * ЗэрыжаӀэмкӀэ, абы цӀыкӀу щӀыкӀэ бзаджэнаджэ зэран къыхуэхъуащ. Щ. Т. Бзаджэнаджэ и бзаджэнаджэж негодяй из негодяев. Бзаджэнаджэ къекӀэпын привязаться, пристать к кому-л. - о нечистой силе, злом духе.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хьэбыршыбыр, мыхъумыщӀэ (цӀыху).
Уи жагъуэ ящӀащ, – жиӀэрт Къылышбийм и къуэм, тӀэкӀу зигъэфэрыщӀу, и нитӀыр топым хуэдэу къихуу, шы къэзыдыгъуу къаубыда и къуэшым дежкӀэ лъэбакъуэ зытӀущ ичащ: –Уу, бзаджэнаджэ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 116
+1 örnek
Зауэм Ӏуту къаукӀа мыгъуэм я хьэдэм уэ пхуэдэ бзаджэнаджэ яхэплъхьэ зэрымыхъунур щхьэ умыщӀэрэ?— Нал къута, 287
Kitapta geçtiği hali
БЗАДЖЭНАДЖЭ (4). Хьэбыршыбыр, мыхъумыщӀэ (цӀыху). Уи жагъуэ ящӀащ, – жиӀэрт Къылышбийм и къуэм, тӀэкӀу зигъэфэрыщӀу, и нитӀыр топым хуэдэу къихуу, шы къэзыдыгъуу къаубыда и къуэшым дежкӀэ лъэбакъуэ зытӀущ ичащ: –Уу, бзаджэнаджэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 116. Зауэм Ӏуту къаукӀа мыгъуэм я хьэдэм уэ пхуэдэ бзаджэнаджэ яхэплъхьэ зэрымыхъунур щхьэ умыщӀэрэ? Нал къута, 287.