бжьыхьэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
бжыхьа/бжьыхьэ; GÜZ
бжыхьэ/бжьыхьэ; SONBAHAR, GÜZ
бжьыхьэ/бжыхьэ; SONBAHAR, GÜZ
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Гъэм щыщу гъэмахуэм къыкӀэлъыкӀуэ зэман.
руосень
Бжьыхьэ уэшх.
+2 örnek
Мы гъэм бжьыхьэр зэи хуэмыдэу гъущэт, хуабэт.— Ӏуащхьэмахуэ
Бжьыхьэ уэфӀрэ пщы ӀупэфӀэгъурэ Ӏуэху тумыщӀыхь.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
бжьыхьэ осень / Гъэм щыщу гъэмахуэм къыкӀэлъыкӀуэ зэман. Бжьыхьэ уэшх. * Мы гъэм бжьыхьэр зэи хуэмыдэу гъущэт, хуабэт. Ӏуащхь. Бжьыхьэ уэфӀрэ пщы ӀупэфӀэгъурэ Ӏуэху тумыщӀыхь. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Гъэм и лъэхъэнэу гъэмахуэм къыкӀэлъыкӀуэр, щӀымахуэм и пэ къитыр.
Жыгым пщӀащэр бжьыхьэ хъухукӀэ ПыӀэ щхъуантӀэу ящхьэрыгъщ.— Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56
+2 örnek
Дунейр икъутэрт гъэмахуэпсым, Бжьыхьэр къэсати мэхъур хуэм.— Псы. «Мывэ хуабэ», 274
ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр, Гъэужь удзи мыгъэгъэж.— ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68
2. Бжьыхьэм епха, ехьэлӀа, теухуа.
Бжьыхьэ жэпым дыгъэ тепсэм, Ар уэсэпсу мэкӀуэдыж…— Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52
+2 örnek
Бжьыхьэ жьапщэр уэс къесыгъуэм Къру гъыбзэу сэ къысфӀощӀ.— Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61
ЩӀакӀуэ фӀыцӀэу бжьыхьэ жэщыр Дунеишхуэм къытогъуалъхьэ. «— Тисей, 495
Kitapta geçtiği hali
БЖЬЫХЬЭ (51). 1. (39). Гъэм и лъэхъэнэу гъэмахуэм къыкӀэлъыкӀуэр, щӀымахуэм и пэ къитыр. Жыгым пщӀащэр бжьыхьэ хъухукӀэ ПыӀэ щхъуантӀэу ящхьэрыгъщ. Сыхьэт. «Батырыбжьэ», 56. Дунейр икъутэрт гъэмахуэпсым, Бжьыхьэр къэсати мэхъур хуэм. Псы. «Мывэ хуабэ», 274. ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр, Гъэужь удзи мыгъэгъэж. ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68. 2. (12). Бжьыхьэм епха, ехьэлӀа, теухуа. Бжьыхьэ жэпым дыгъэ тепсэм, Ар уэсэпсу мэкӀуэдыж… Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52. Бжьыхьэ жьапщэр уэс къесыгъуэм Къру гъыбзэу сэ къысфӀощӀ. Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61. ЩӀакӀуэ фӀыцӀэу бжьыхьэ жэщыр Дунеишхуэм къытогъуалъхьэ. «Тисей», 495.