бгырыс
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Бгым, къуршым щыпсэу цӀыху.
ругорец, горянка
А зэманым (революцэм и пэкӀэ) урыс культурэм пыщӀа хъун папщӀэ, бгырысхэм я дежкӀэ хэкӀыпӀэ нэхъыщхьэу, атӀэми хэкӀыпӀэ закъуэу щытар урысыдзэм къулыкъу щыщӀэнырт.— Адыгэ народым и тхыдэ
Kitapta geçtiği hali
бгырыс горец, горянка / Бгым, къуршым щыпсэу цӀыху. * А зэманым (революцэм и пэкӀэ) урыс культурэм пыщӀа хъун папщӀэ, бгырысхэм я дежкӀэ хэкӀыпӀэ нэхъыщхьэу, атӀэми хэкӀыпӀэ закъуэу щытар урысыдзэм къулыкъу щыщӀэнырт. Ад. нар. и тхыдэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Къуршым, бгылъэ щӀыпӀэм щыпсэу цӀыху.
Зэгуэр ди щӀыпӀэм укъыщахум, А лейр пащтыхьым фӀэмыкуэдт, Абы уапищӀри цӀыху зэрахуэм, жиӀат: «УздэкӀуэм ущыкӀуэд, Псым и кууупӀэм ухрехуэ, Бгырысхэм я шэр къыптрехуэ!».— Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 85
+1 örnek
Бгырысхэм жаӀэу сощӀэ тхыдэ, Блэм цӀыхур дэнэ щыхуэзами (Имыхуу си гум илъщ ар быдэу) КъоувыӀэр дыгъэр уэгум къиплъу.— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56
2. Бгырысым ей, абы епха, ехьэлӀа.
Мазитху гупсысэм ихьащи, И щхьэцыр тхъуауэ гум хощӀ, ӀэщӀэлъ тхылъымпӀэу шыхьари Бгырыс жыр къамэу къысфӀощӀ. Пушкиныр 1941 гъэм и ноябрым. «Шум и гъуэгу», 35.
3. Бгыхэм ехьэлӀа, епха, ахэр зи псэупӀэ.
Пшагъуэ гуэрэным щӀиуфауэ Бгырыс си къуажэр къуэм къэнащ, Мы бгыщхьэм дыгъэр уфэфауэ Мыл гъуджэм нуркӀэ теуващ.— Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11
+1 örnek
Бгырыс бгъэ хужьу зэм лъагэу Щоуфэразэ уэгу щхъуантӀэм, Зэм бгыщхьэ щӀыӀэм щыпагэу Къызоджэр ахэр макъ жьгърукӀэ.— Си стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116
Kitapta geçtiği hali
БГЫРЫС (7). 1. (2). Къуршым, бгылъэ щӀыпӀэм щыпсэу цӀыху. Зэгуэр ди щӀыпӀэм укъыщахум, А лейр пащтыхьым фӀэмыкуэдт, Абы уапищӀри цӀыху зэрахуэм, жиӀат: «УздэкӀуэм ущыкӀуэд, Псым и кууупӀэм ухрехуэ, Бгырысхэм я шэр къыптрехуэ!». Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 85. Бгырысхэм жаӀэу сощӀэ тхыдэ, Блэм цӀыхур дэнэ щыхуэзами (Имыхуу си гум илъщ ар быдэу) КъоувыӀэр дыгъэр уэгум къиплъу. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. 2. (1). плъыф. Бгырысым ей, абы епха, ехьэлӀа. Мазитху гупсысэм ихьащи, И щхьэцыр тхъуауэ гум хощӀ, ӀэщӀэлъ тхылъымпӀэу шыхьари Бгырыс жыр къамэу къысфӀощӀ. Пушкиныр 1941 гъэм и ноябрым. «Шум и гъуэгу», 35. 3. (4). Бгыхэм ехьэлӀа, епха, ахэр зи псэупӀэ. Пшагъуэ гуэрэным щӀиуфауэ Бгырыс си къуажэр къуэм къэнащ, Мы бгыщхьэм дыгъэр уфэфауэ Мыл гъуджэм нуркӀэ теуващ. Бгыщхьэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 11. Бгырыс бгъэ хужьу зэм лъагэу Щоуфэразэ уэгу щхъуантӀэм, Зэм бгыщхьэ щӀыӀэм щыпагэу Къызоджэр ахэр макъ жьгърукӀэ. Си стиххэм гъэру саӀыгъщ. «Шум и гъуэгу», 116.