бгыкъу
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
БГЫКЪУ/бжыкъу; DÜVER, MERTEK
бжыкъу/БГЫКЪУ; DÜVER, MERTEK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Унащхьэр щӀиӀыгъэн щхьэкӀэ блыным зэпрыууэ тралъхьэ пхъэ гъум кӀыхь.
рубалка
Унэ бгыкъу. Гуэщ бгыкъу.
Kitapta geçtiği hali
бгыкъу балка / Унащхьэр щӀиӀыгъэн щхьэкӀэ блыным зэпрыууэ тралъхьэ пхъэ гъум кӀыхь. Унэ бгыкъу. Гуэщ бгыкъу.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Унащхьэр щӀиӀыгъэу блыныщхьэм зэпрыууэ къытелъ пхъэ гъум кӀыхь.
Колхоз пхъащӀэм Унэ схуащӀу Бгыкъухэр дахэу яухъуэнщӀ.— Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52
+2 örnek
ЩӀалэ цӀыкӀухэр, лъэуейм дэлъеижа джэдым хуэдэу, шэщ бгыкъум тезт, я лъакъуэ гъур цӀыкӀухэр къелэлэхыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
Бгыкъухэр есри, хъуаскӀэр лъейуэ, Къытощахэ унэм Ӏейуэ. «— Тисей, 485
2. Пкъо хэтӀаитӀым я щхьэм зэпрыууэ къытелъ пхъэ гъум кӀыхь (кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм, хъыринэм, н.къ. я зы Ӏыхьэщ).
Хъыджэбзхэр а щӀалэм еплъырт яфӀэгъэщӀэгъуэну, модрейри къыпыгуфӀыкӀыу, и дзэлыфэ тӀауэ, къыпичынур имыщӀэу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм еплъырт, и Ӏэ лъэныкъуэр бгыкъум иришэкӀауэ, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ хьэпшып цӀыкӀухэр зэблидзу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99
Kitapta geçtiği hali
БГЫКЪУ (14). 1. (13). Унащхьэр щӀиӀыгъэу блыныщхьэм зэпрыууэ къытелъ пхъэ гъум кӀыхь. Колхоз пхъащӀэм Унэ схуащӀу Бгыкъухэр дахэу яухъуэнщӀ. Уэрэд. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 52. ЩӀалэ цӀыкӀухэр, лъэуейм дэлъеижа джэдым хуэдэу, шэщ бгыкъум тезт, я лъакъуэ гъур цӀыкӀухэр къелэлэхыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Бгыкъухэр есри, хъуаскӀэр лъейуэ, Къытощахэ унэм Ӏейуэ. «Тисей», 485. 2. (1). Пкъо хэтӀаитӀым я щхьэм зэпрыууэ къытелъ пхъэ гъум кӀыхь (кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм, хъыринэм, н.къ. я зы Ӏыхьэщ). Хъыджэбзхэр а щӀалэм еплъырт яфӀэгъэщӀэгъуэну, модрейри къыпыгуфӀыкӀыу, и дзэлыфэ тӀауэ, къыпичынур имыщӀэу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм еплъырт, и Ӏэ лъэныкъуэр бгыкъум иришэкӀауэ, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ хьэпшып цӀыкӀухэр зэблидзу. Хъуэпсэгъуэ нур, 99.