бгы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
БГЫ, пчан(э), ТАЛИЯ; BEL 1
БГЫ, (Абз. БГЬА); BEL 2 (sırt, yamaç)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Къэзыухъуреихь щӀыпӀэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ.
ругора, вершина
Бгы лъагэ. Бгым дэкӀын.
ЦӀыхум и Ӏэпкълъэпкъым щыщу бгъэмрэ шхужьымрэ я зэхуаку дэлъ нэхъ псыгъуапӀэр; кӀэнтӀыӀум хуэзэ къэгъэшыпӀэр.
рупоясница; талия
Ар бгы псыгъуэт, езыр лъагэт.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (5)
бгы къытеуэн
руобрушиться на кого-л. - о трудностях, горе и т. п.
бгым джэдыкӀэкӀэ еуэн
рузаниматься делом, заранее обречённым на неудачу (букв. пытаться разбить скалу яйцом).
бгы жьэгъу
Бгы лъапэ.
рупредгорье
Александр Черкасскэм мурад ещӀ бгы жьэгъущӀэс лъэпкъхэр зы къарууэ зэгуигъэхьэну.— Шортэн Аскэрбий
бгы кӀантӀэ
рутонкая, длинная талия.
{и} бгыр щӀэкъузауэ
рузасучив рукава.
Kitapta geçtiği hali
бгы I гора, вершина / Къэзыухъуреихь щӀыпӀэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ. Бгы лъагэ. Бгым дэкӀын. Бгы къытеуэн обрушиться на кого-л. - о трудностях, горе и т. п. Бгым джэдыкӀэкӀэ еуэн заниматься делом, заранее обречённым на неудачу (букв. пытаться разбить скалу яйцом). бгы жьэгъу предгорье / Бгы лъапэ. * Александр Черкасскэм мурад ещӀ бгы жьэгъущӀэс лъэпкъхэр зы къарууэ зэгуигъэхьэну. Ш. А. II поясница; талия / ЦӀыхум и Ӏэпкълъэпкъым щыщу бгъэмрэ шхужьымрэ я зэхуаку дэлъ нэхъ псыгъуапӀэр; кӀэнтӀыӀум хуэзэ къэгъэшыпӀэр. * Ар бгы псыгъуэт, езыр лъагэт. Ш. А. Бгы кӀантӀэ тонкая, длинная талия. {И} бгыр щӀэкъузауэ засучив рукава.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЩӀылъэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ.
Нэмыцэр хэкум къихьауэ Хъыбар щыхуахьым лӀы ябгэм Бгым къыщегъуэтыр гъэпщкӀупӀэ. «— Адэ, 137
+2 örnek
Къру щӀыкӀэу зэлъэужьу Мэкъу пыдупшӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм гум зиужьу Аргъынэшхуэр къыдохьэх.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46
Тыркум и щӀыналъэр кӀуэ пэтми нэхъ жыжьэ хъурт, уафэ лъащӀэм бгы щӀыху тӀэкӀу щӀэплъагъуэр мащӀэ-мащӀэурэ тенджызым щӀихъумэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
2. Бгым ехьэлӀа, епха.
Бгы лъагъуэм мафӀэр къыщӀэнау, КъэткӀуам и бжыгъэр лъыкӀэ дыбжырт, ТкӀун хуейм и мардэу дэ хуэтщӀар Бгы щыгу дихьэжырт, мынэгъуэщӀт.— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5
+2 örnek
Бгы бгъуэнщӀагъым щигъэпщкӀуауэ Дэшхуэу иӀэщ зы къэп ныкъуэ, Хьэлыгъу гъури зэгъэкӀуауэ ИӀэу щӀалэр сыт хуэныкъуэ! «— Тисей, 490
Псы къыщӀэжыр занщӀэу макӀуэ, Бгы дурэшым дэмыкӀуадэу.— Псыкъелъэ. «Партыр ди пашэу», 93
Deyimler (1)
бгыр къыгуэгъэун
Ӏуэхум егъэлеин, къуацэкӀэ хэуэн.
[Степан Ильич:] Инал бгыр къыщыгуигъэу къэхъункӀи мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
ЦӀыху Ӏэпкълъэпкъым и нэхъ псыгъуапӀэу бгъэмрэ шхужьымрэ я зэхуакур.
Сэтэней ябгэу Зи бгыр псыгъуабзэр Зэгуэп мардэншэм КъызэщӀегъаплъэ… «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 424
+1 örnek
Азизэ тхьэмыщкӀэм и бгым къэс псы мылым хэтщи, шкӀэ кърихьэхыр къеубыдри псы Ӏуфэм Ӏутым кърет.— Щынэхужьыкъуэ, 54
Kitapta geçtiği hali
БГЫ I (243). 1. (161). ЩӀылъэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ. Нэмыцэр хэкум къихьауэ Хъыбар щыхуахьым лӀы ябгэм Бгым къыщегъуэтыр гъэпщкӀупӀэ. «Адэ», 137. Къру щӀыкӀэу зэлъэужьу Мэкъу пыдупшӀу бгым дыкъох, Жьыбгъэр къепщэм гум зиужьу Аргъынэшхуэр къыдохьэх. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. Тыркум и щӀыналъэр кӀуэ пэтми нэхъ жыжьэ хъурт, уафэ лъащӀэм бгы щӀыху тӀэкӀу щӀэплъагъуэр мащӀэ-мащӀэурэ тенджызым щӀихъумэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. 2. (82). плъыф. Бгым ехьэлӀа, епха. Бгы лъагъуэм мафӀэр къыщӀэнау, КъэткӀуам и бжыгъэр лъыкӀэ дыбжырт, ТкӀун хуейм и мардэу дэ хуэтщӀар Бгы щыгу дихьэжырт, мынэгъуэщӀт. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. Бгы бгъуэнщӀагъым щигъэпщкӀуауэ Дэшхуэу иӀэщ зы къэп ныкъуэ, Хьэлыгъу гъури зэгъэкӀуауэ ИӀэу щӀалэр сыт хуэныкъуэ! «Тисей», 490. Псы къыщӀэжыр занщӀэу макӀуэ, Бгы дурэшым дэмыкӀуадэу. Псыкъелъэ. «Партыр ди пашэу», 93. ◊ Бгыр къыгуэгъэун (1). Ӏуэхум егъэлеин, къуацэкӀэ хэуэн. [Степан Ильич:] Инал бгыр къыщыгуигъэу къэхъункӀи мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543.
БГЫ II (2). ЦӀыху Ӏэпкълъэпкъым и нэхъ псыгъуапӀэу бгъэмрэ шхужьымрэ я зэхуакур. Сэтэней ябгэу Зи бгыр псыгъуабзэр Зэгуэп мардэншэм КъызэщӀегъаплъэ… «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 424. Азизэ тхьэмыщкӀэм и бгым къэс псы мылым хэтщи, шкӀэ кърихьэхыр къеубыдри псы Ӏуфэм Ӏутым кърет. Щынэхужьыкъуэ, 54.