бгъэдэсын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

oturmakyanında, bitişiğinde oturmak
DoğuбгъэдэсынбгъэдэтӀысхьэн
BatıбгъодэсынбгъодэтӀысхьан
Kitapta geçtiği hali

бгъодэсын/бгъэдэсын (бгъодэс/бгъэдэсщ; бгъодэсы/бгъэдос(ыр); бгъодэтӀысхьан/бгъэдэтӀысхьэн (бгъодэтӀысхьа/бгъэдотӀысхьэ; OTURMAK (yanında, bitişiğinde ~)

бгъэдэсын → бгъодэсын; OTURMAK (yanında, bitişiğinde ~)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: бгъодэсын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(бгъэдэсщ)

1. Зыгуэрым и гъусэу, и гъунэгъуу щысын.

русидеть около кого-чего-л.

Утыкум ит стӀолышхуэм лӀыжь зытхух бгъэдэсщ.— ЩакӀуэ Талъостэн

2. Зыгуэрым дэпсэун.

ружить, проживать с кем-л.

ЛӀыжьыр и къуэм бгъэдэсщ.

Kitapta geçtiği hali

бгъэдэсын (бгъэдэсщ) неперех. гл. 1. сидеть около кого-чего-л. / Зыгуэрым и гъусэу, и гъунэгъуу щысын. * Утыкум ит стӀолышхуэм лӀыжь зытхух бгъэдэсщ. Щ. Т. 2. переносное жить, проживать с кем-л. / Зыгуэрым дэпсэун. ЛӀыжьыр и къуэм бгъэдэсщ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(бгъэдэсщ)

1. Зыгуэрым и гъусэу, и гъунэгъуу щысын.

Инал къишар стӀолым бгъэдэсщ зигъэбаринэу, техьэпщӀи сыти хуейкъым, еплъ, дапщэрэ ухуейми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590

+2 örnek

[Дисэ:] Уэздыгъэр Алъхъо и пэшым щыблащ, Шурэ дэрэ жьэгупащхьэ мафӀэм дыбгъэдэсащ.— Алъхъо, 55

ЖьантӀэмкӀэ Нартыхур ягъэтӀысми, абы бгъэдэсыну зыхуэфащэр къэщӀэгъуейщи, зэрызокъуэ, лӀыжьхэм адыгагъэшхуэ яхэлъщи, зым зыр нэхъ тӀысыпӀэфӀым игъэтӀысыну хэтщ.— Лъапсэ, 75

2. Зыгуэрым дэпсэун, и гъусэу псэун.

Дисэ и лӀыр нэгъабэ лӀэри фызабэу къэнащ, хъыджэбз цӀыкӀуитӀым ябгъэдэсу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 54

+2 örnek

Унэр гуащэм къытепхмэ, дэнэ кӀуэн Тинэ, хэт бгъэдэсын?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518

Уэ сыббгъэдэсу сэ схьа тӀэкӀур Аращ сэ гъащӀэу сӀуэтэжынур.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

Kitapta geçtiği hali

БГЪЭДЭСЫН (бгъэдэсщ) лъэмыӀ. (76). 1. (69). Зыгуэрым и гъусэу, и гъунэгъуу щысын. Инал къишар стӀолым бгъэдэсщ зигъэбаринэу, техьэпщӀи сыти хуейкъым, еплъ, дапщэрэ ухуейми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590. [Дисэ:] Уэздыгъэр Алъхъо и пэшым щыблащ, Шурэ дэрэ жьэгупащхьэ мафӀэм дыбгъэдэсащ. Алъхъо, 55. ЖьантӀэмкӀэ Нартыхур ягъэтӀысми, абы бгъэдэсыну зыхуэфащэр къэщӀэгъуейщи, зэрызокъуэ, лӀыжьхэм адыгагъэшхуэ яхэлъщи, зым зыр нэхъ тӀысыпӀэфӀым игъэтӀысыну хэтщ. Лъапсэ, 75. 2. (7). Зыгуэрым дэпсэун, и гъусэу псэун. Дисэ и лӀыр нэгъабэ лӀэри фызабэу къэнащ, хъыджэбз цӀыкӀуитӀым ябгъэдэсу. Хъуэпсэгъуэ нур, 54. Унэр гуащэм къытепхмэ, дэнэ кӀуэн Тинэ, хэт бгъэдэсын? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. Уэ сыббгъэдэсу сэ схьа тӀэкӀур Аращ сэ гъащӀэу сӀуэтэжынур. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216.

Düzeltme Öner

бгъэдэсын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.