бгъэдэгъэкӀуэтэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
БгъэдэкӀуэтэн псалъэм и каузатив.
рукаузатив к бгъэдэкӀуэтэн
НэфӀыцӀэ Хьэмид ишхыр фӀэмащӀэу нэхъ ӀыхьэфӀхэр бгъэдигъэкӀуатэрт.— Гъубжокъуэ Лиуан
Kitapta geçtiği hali
бгъэдэгъэкӀуэтэн каузатив к бгъэдэкӀуэтэн / БгъэдэкӀуэтэн псалъэм и каузатив. * НэфӀыцӀэ Хьэмид ишхыр фӀэмащӀэу нэхъ ӀыхьэфӀхэр бгъэдигъэкӀуатэрт. Гъу. Л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(бгъэдокӀуатэ)
Зыгуэр зыгуэрым ибгъукӀэ гъунэгъу хуэщӀын.
И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдэгъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [Чачэ].
Kitapta geçtiği hali
БГЪЭДЭГЪЭКӀУЭТЭН (бгъэдокӀуатэ) лъэмыӀ. (1). Зыгуэр зыгуэрым ибгъукӀэ гъунэгъу хуэщӀын. И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдэгъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [Чачэ].