бгъурыщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(бгъурещӀэ)
1. Зыгуэрым ибгъукӀэ зыгуэр кӀэрыпхэн, кӀэрыщӀэн.
рупривязать кого-что-л. к кому-чему-л.
Хьэсанш и шыр гум бгъурищӀащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
2. Зыгуэрым и бгъум зыгуэр щыхэсэн, щыщӀэн.
рупосадить что-л. рядом с чем-л. (о растениях)
Бжьын хьэсэм пхъы бгъурыщӀэн.
Kitapta geçtiği hali
бгъурыщӀэн (бгъурещӀэ) перех. гл. 1. привязать кого-что-л. к кому-чему-л. / Зыгуэрым ибгъукӀэ зыгуэр кӀэрыпхэн, кӀэрыщӀэн. * Хьэсанш и шыр гум бгъурищӀащ. Хь. Хь. 2. посадить что-л. рядом с чем-л. (о растениях) / Зыгуэрым и бгъум зыгуэр щыхэсэн, щыщӀэн. Бжьын хьэсэм пхъы бгъурыщӀэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(бгъурыщӀащ)
Зыгуэрым ибгъукӀэ зыгуэр кӀэрыпхэн.
УщӀэщӀамэ нэхъыфӀщ, убгъурыщӀа нэхърэ, щӀэщӀар зимыхъуми гъуэгум тетщ, бгъурыщӀар къургъакъым хэту макӀуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
+1 örnek
Нэмыцэ фащэкӀэ хуэпа офицерым зрилъэфыхьу щымытун щхьэкӀэ, Локотош и мотоциклым бгъурыщӀа люлькэм Ӏэ хуищӀри: – ПсынщӀэу.— Нал къута, 246
Kitapta geçtiği hali
БГЪУРЫЩӀЭН (бгъурыщӀащ) лъэмыӀ. (4). Зыгуэрым ибгъукӀэ зыгуэр кӀэрыпхэн. УщӀэщӀамэ нэхъыфӀщ, убгъурыщӀа нэхърэ, щӀэщӀар зимыхъуми гъуэгум тетщ, бгъурыщӀар къургъакъым хэту макӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Нэмыцэ фащэкӀэ хуэпа офицерым зрилъэфыхьу щымытун щхьэкӀэ, Локотош и мотоциклым бгъурыщӀа люлькэм Ӏэ хуищӀри: – ПсынщӀэу. Нал къута, 246.