бащлъыкъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЩыщӀыӀэм, щыуэлбанэм деж щхьэм фӀапхъуэу, пщэм кърашэкӀыу къагъэсэбэп щыгъыныгъуэ.
рубашлык
ТхуащӀынщ ныбжьэгъухэм джэгу дгъэзэжмэ, бжэӀупэр къабзэу япхъэнкӀауэ, хуэм хъумэ Ӏэгухэр къаублэжу, къэфэнщ бащлъыкъыр екъуэкӀауэ.— КӀыщокъуэ Алим
Bu maddedeki ifadeler (4)
бащлъыкъ дамэ
Бащлъыкъым щыщу дамэм къытехьэ Ӏыхьэр, кӀапэр.
рунаплечная часть башлыка
бащлъыкъ кӀапэ
Бащлъыкъым щыщу и лъабжьэмкӀэ къыщыгуэкӀ Ӏыхьэ бгъуфӀитӀыр.
рудве длинных полосы башлыка
бащлъыкъ шопс
бащлъыкъ шыкъу
бащлъыкъ шыкъу
Тыкъыру зэхэщарэ кхъуакӀэхэр иӀэжу бащлъыкъым и щхьэфӀэлъхьэм пащӀыхьыр.
руплетеная кисточка, свисающая с капюшона башлыка
Kitapta geçtiği hali
бащлъыкъ башлык / ЩыщӀыӀэм, щыуэлбанэм деж щхьэм фӀапхъуэу, пщэм кърашэкӀыу къагъэсэбэп щыгъыныгъуэ. * ТхуащӀынщ ныбжьэгъухэм джэгу дгъэзэжмэ, бжэӀупэр къабзэу япхъэнкӀауэ, хуэм хъумэ Ӏэгухэр къаублэжу, къэфэнщ бащлъыкъыр екъуэкӀауэ. КӀ. А. бащлъыкъ дамэ наплечная часть башлыка / Бащлъыкъым щыщу дамэм къытехьэ Ӏыхьэр, кӀапэр. бащлъыкъ кӀапэ две длинных полосы башлыка / Бащлъыкъым щыщу и лъабжьэмкӀэ къыщыгуэкӀ Ӏыхьэ бгъуфӀитӀыр. бащлъыкъ шопс = бащлъыкъ шыкъу. бащлъыкъ шыкъу плетеная кисточка, свисающая с капюшона башлыка / Тыкъыру зэхэщарэ кхъуакӀэхэр иӀэжу бащлъыкъым и щхьэфӀэлъхьэм пащӀыхьыр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩыщӀыӀэм, щыуэлбанэм деж щхьэм фӀалъхьэу, пщэм кърашэкӀ щыгъыныгъуэ.
Лу и пащхьэ къихутащ зы лӀы гуэр, и щхьэр бащлъыкъкӀэ фӀэпхыкӀауэ, щӀакӀуэ фӀыцӀэ ини щыгъыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593
+2 örnek
Ауэ пшагъуэм бащлъыкъ гъуэжькӀэ Мазэр пӀащӀэу щӀеуфэж…— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23
Нэхущ пшэплъыр и бащлъыкъыу Шур къуэм дожыр къэмыувыӀэу.— Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22
Kitapta geçtiği hali
БАЩЛЪЫКЪ (25). ЩыщӀыӀэм, щыуэлбанэм деж щхьэм фӀалъхьэу, пщэм кърашэкӀ щыгъыныгъуэ. Лу и пащхьэ къихутащ зы лӀы гуэр, и щхьэр бащлъыкъкӀэ фӀэпхыкӀауэ, щӀакӀуэ фӀыцӀэ ини щыгъыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593. Ауэ пшагъуэм бащлъыкъ гъуэжькӀэ Мазэр пӀащӀэу щӀеуфэж…Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23. Нэхущ пшэплъыр и бащлъыкъыу Шур къуэм дожыр къэмыувыӀэу. Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22.