бахъсэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. КъБР-м щежэх нэхъ псы инхэм ящыщ зы.

Нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ къэсауэ щызэхихым, Бекъан зы сыхьэт закъуи зиӀэжьакъым.— Нал къута, 273

+2 örnek

Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ: Йох, утхъуами къимыгъазэу.— Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ... «Батырыбжьэ», 42

Бахъсэныпсым тет щхьэлыжьым зы динамэ машинэ щӀэгъэувауэ арат электричествэр къыдэзытри, щхьэлыр къутэрэ къэувыӀамэ, ди унэр пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

2. Бахъсэн псым ехьэлӀа, теухуа.

Бахъсэн аузым гъуэзыр дэмыкӀи, Си гум имыкӀыу Си псэр ихьэхури Шумахуэ сыдихьэхащ.— Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 114

+1 örnek

Бахъсэн ГЭС-р нэмыцэм яубыдащ.— Нал къута, 236

1. КъБР-м щыщ нобэрей Бахъсэн къалэрщ.

Зы зэман гуэр урысыдзэм Кушмэзыкъуей быдапӀэ дащӀыхьауэ щытати, абы щыщ къэмынэжа пэтрэ я гъунэгъу урыс къуажэм щхьэкӀэ Бахъсэн къалэ жаӀэрт…— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521

+1 örnek

Унэ дэкӀуеипӀэ лъагэм деж зи Ӏэблэм хъыдан плъыжь къешэкӀауэ щыт сэлэтыр щӀэупщӀащ: – Бахъсэн къикӀар къэса?— Хъуэпсэгъуэ нур, 318

2. Бахъсэн жылагъуэм ей, абы ехьэлӀа.

«Бахъсэн событэкӀэ» еджэу къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ, хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуейт: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат, жаӀэу.— Зи лъэрыгъыпсыр тӀыгъа, 525

Kitapta geçtiği hali

БАХЪСЭН I (26). 1. (23). КъБР-м щежэх нэхъ псы инхэм ящыщ зы. Нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ къэсауэ щызэхихым, Бекъан зы сыхьэт закъуи зиӀэжьакъым. Нал къута, 273. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ: Йох, утхъуами къимыгъазэу. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ... «Батырыбжьэ», 42. Бахъсэныпсым тет щхьэлыжьым зы динамэ машинэ щӀэгъэувауэ арат электричествэр къыдэзытри, щхьэлыр къутэрэ къэувыӀамэ, ди унэр пщыхьэщхьэкӀэ кӀыфӀт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. 2. (3). Бахъсэн псым ехьэлӀа, теухуа. Бахъсэн аузым гъуэзыр дэмыкӀи, Си гум имыкӀыу Си псэр ихьэхури Шумахуэ сыдихьэхащ. Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 114. Бахъсэн ГЭС-р нэмыцэм яубыдащ. Нал къута, 236.

БАХЪСЭН II (15). 1. (9). КъБР-м щыщ нобэрей Бахъсэн къалэрщ. Зы зэман гуэр урысыдзэм Кушмэзыкъуей быдапӀэ дащӀыхьауэ щытати, абы щыщ къэмынэжа пэтрэ я гъунэгъу урыс къуажэм щхьэкӀэ Бахъсэн къалэ жаӀэрт… Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. Унэ дэкӀуеипӀэ лъагэм деж зи Ӏэблэм хъыдан плъыжь къешэкӀауэ щыт сэлэтыр щӀэупщӀащ: – Бахъсэн къикӀар къэса? Хъуэпсэгъуэ нур, 318. 2. (6). Бахъсэн жылагъуэм ей, абы ехьэлӀа. «Бахъсэн событэкӀэ» еджэу къэхъуам бэлыхьышхуэ къибгъэкӀын хуэдэуи щытакъым, арщхьэкӀэ Къалмыкъ БетӀал зэреплъымкӀэ, къигъэкӀын хуейт, уеблэмэ, хэӀущӀыӀу щӀын дэнэ къэна, и хъыбарыр ехьэжьэн хуейт: Совет властыр якъутэжыну Ислъэмей къуажэр хуежьат, жаӀэу. Зи лъэрыгъыпсыр тӀыгъа, 525.

Düzeltme Öner

бахъсэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.