банэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

diken
Doğuбанэ
Batıпанэ
Kitapta geçtiği hali

банэ/панэ; DİKEN 1

панэ/банэ; DİKEN 1

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. КъэкӀыгъэ языныкъуэхэм къыпхэуэу ятет папцӀэр.

руколючка

Пыжьей банэ. Банэ къыпхэуэн.

2. Банэу зэщӀэкӀа щӀыпӀэ.

рузаросли колючих растений

Банэ и пӀэ банэ къокӀэж.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Хъанкъалэ аузым деж банэм уи адэм и хьэхэм бажэ къыхахуащ.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (2)

Банэ Ӏураулъэф!

рутипун ему на язык (букв. пусть ему колючками рот раздерёт).

- Уэ банэ пӀураулъэф! - жеӀэр Иныжьым.— ӀуэрыӀуатэ

банэ бжыхь

Пыжьей банэу хуа бжыхь.

руплетень из терновника

Хадэм и хъуреягъыр банэ бжыхькӀэ къэщӀыхьащ.

Kitapta geçtiği hali

банэ 1. колючка / КъэкӀыгъэ языныкъуэхэм къыпхэуэу ятет папцӀэр. Пыжьей банэ. Банэ къыпхэуэн. 2. заросли колючих растений / Банэу зэщӀэкӀа щӀыпӀэ. * Банэ и пӀэ банэ къокӀэж. (погов.) Хъанкъалэ аузым деж банэм уи адэм и хьэхэм бажэ къыхахуащ. Ш. А. Банэ Ӏураулъэф! типун ему на язык (букв. пусть ему колючками рот раздерёт). * - Уэ банэ пӀураулъэф! - жеӀэр Иныжьым. фольк. банэ бжыхь плетень из терновника / Пыжьей банэу хуа бжыхь. Хадэм и хъуреягъыр банэ бжыхькӀэ къэщӀыхьащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. КъэкӀыгъэ, псэущхьэ языныкъуэхэм къыпхэуэу ятет папцӀэ.

Банэр щхьэхуэу щытыгъамэ, хьэ дзэкъэкӀэр зыхищӀэнт [цыжьбанэм].— Хьэмрэ цыжьбанэмрэ. «Дамыгъэ», 120

2. Банэу зэщӀэкӀа щӀыпӀэ; банапӀэ, баналъэ.

Пшэ гуэрэным мазэ пхыкӀым Хуэдэу банэм шыр хэмыкӀыу, Бий лъэужьым ар ирокӀуэ… «— Елбэздыкъуэ, 9

+2 örnek

Бийм къелакъым нэм къыщӀэуэ, КъытеукӀэ и кхъэм банэ… «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 409

Макъ зэхихым ар хуэсакъыу, Хьэкурынэ йолъэр банэм…— Тисей, 503

3. ПапцӀэ, банэ зытет.

Школышхуэм пэмыжыжьэу щытыр сымаджэщт, гъущӀ кӀапсэ банэкӀэ къэхухьауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113

Deyimler (1)

банэ Ӏураулъэф

ЖимыӀэпхъэ жызыӀэм щхьэкӀэ къагъэсэбэп гыбзэщ.

И фэкӀи и плъэкӀэкӀи а лӀыр [Гъуумар] зэрыябгэр ӀупщӀт, абы и пхъашагъэм и хъыбар Ӏэджи зэхахат цӀыхухэми, банэ Ӏураулъэф, жаӀэу зыӀурагъэхырт, Ӏэмалыншагъэм къимыгъакӀуэмэ, къэмыкӀуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 115

+1 örnek

КъэкӀуахэр зэчэнджэщыжри: – Банэ Ӏураулъэф мы лӀы ябгэм, – жаӀэри къыздикӀам ягъэзэжащ.— Лыгъэ, 413

Kitapta geçtiği hali

БАНЭ (16). 1. (10). КъэкӀыгъэ, псэущхьэ языныкъуэхэм къыпхэуэу ятет папцӀэ. Банэр щхьэхуэу щытыгъамэ, хьэ дзэкъэкӀэр зыхищӀэнт [цыжьбанэм]. Хьэмрэ цыжьбанэмрэ. «Дамыгъэ», 120. 2. (5). Банэу зэщӀэкӀа щӀыпӀэ; банапӀэ, баналъэ. Пшэ гуэрэным мазэ пхыкӀым Хуэдэу банэм шыр хэмыкӀыу, Бий лъэужьым ар ирокӀуэ… «Елбэздыкъуэ», 9. Бийм къелакъым нэм къыщӀэуэ, КъытеукӀэ и кхъэм банэ… «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 409. Макъ зэхихым ар хуэсакъыу, Хьэкурынэ йолъэр банэм… «Тисей», 503. 3. (1). плъыф. ПапцӀэ, банэ зытет. Школышхуэм пэмыжыжьэу щытыр сымаджэщт, гъущӀ кӀапсэ банэкӀэ къэхухьауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. ◊ Банэ Ӏураулъэф (8). ЖимыӀэпхъэ жызыӀэм щхьэкӀэ къагъэсэбэп гыбзэщ. И фэкӀи и плъэкӀэкӀи а лӀыр [Гъуумар] зэрыябгэр ӀупщӀт, абы и пхъашагъэм и хъыбар Ӏэджи зэхахат цӀыхухэми, банэ Ӏураулъэф, жаӀэу зыӀурагъэхырт, Ӏэмалыншагъэм къимыгъакӀуэмэ, къэмыкӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. КъэкӀуахэр зэчэнджэщыжри: – Банэ Ӏураулъэф мы лӀы ябгэм, – жаӀэри къыздикӀам ягъэзэжащ. Лыгъэ, 413.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

diken güreş

Düzeltme Öner

банэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.