астемыр
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм хэт лӀыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыщ зым и цӀэщ.
Астемыр инщ, бжьыфӀэщ, лӀы мышынэщ, жылэр зыгъалъэ Гъуумар зыуи къридзэркъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 150
+2 örnek
Астемыр жьакӀуэ къудейтэкъым, цӀыхум фӀыуэ къалъагъурт, жиӀэм къедаӀуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
Псом хуэмыдэжу къуажэ къэс школ къыщызэӀуахыну, тхылъхэр адыгэбзэкӀэ тхауэ къыдагъэкӀыу хъуну Степан Ильич жиӀати – арат Астемыр и гуапэ дыдэ хъуар— Хъуэпсэгъуэ нур, 232
Kitapta geçtiği hali
АСТЕМЫР (711). ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм хэт лӀыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыщ зым и цӀэщ. Астемыр инщ, бжьыфӀэщ, лӀы мышынэщ, жылэр зыгъалъэ Гъуумар зыуи къридзэркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 150. Астемыр жьакӀуэ къудейтэкъым, цӀыхум фӀыуэ къалъагъурт, жиӀэм къедаӀуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Псом хуэмыдэжу къуажэ къэс школ къыщызэӀуахыну, тхылъхэр адыгэбзэкӀэ тхауэ къыдагъэкӀыу хъуну Степан Ильич жиӀати – арат Астемыр и гуапэ дыдэ хъуар. Хъуэпсэгъуэ нур, 232.