аркъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи кӀапэм щылъэфыгъуэ иӀэу шыкӀэм къыхэщӀыкӀа кӀапсэ кӀыхь (шы емылыдж къраубыдын папщӀэ къагъэсэбэп).
руаркан
Аркъэн дзын.
+2 örnek
Абыхэм {Дзу сымэ} я аркъэн зырызыр хакӀуитӀым зэуэ зэдыпщӀэхадзэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Блэ зэуар аркъэным щощтэ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
аркъэн аркан / Зи кӀапэм щылъэфыгъуэ иӀэу шыкӀэм къыхэщӀыкӀа кӀапсэ кӀыхь (шы емылыдж къраубыдын папщӀэ къагъэсэбэп). Аркъэн дзын. * Абыхэм {Дзу сымэ} я аркъэн зырызыр хакӀуитӀым зэуэ зэдыпщӀэхадзэ. Къ. Хь. Блэ зэуар аркъэным щощтэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Шы емылыджхэр къызэраубыд кӀапсэ кӀыхь, и кӀапэм щылъэфыпӀэ иӀэу.
Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту Аркъэн хужьыр къывэздзынщ— Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66
+2 örnek
Мыл аркъэныр щӀыӀэм идзкӀи Хуэмыубыду ӀэщӀэкӀащ.— Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341
Зэзэмызэ мывэм гъущӀ кӀапэ аркъэн щӀадзэрти тракторкӀэ къалъэфырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
Kitapta geçtiği hali
АРКЪЭН (5). Шы емылыджхэр къызэраубыд кӀапсэ кӀыхь, и кӀапэм щылъэфыпӀэ иӀэу. Сэ жэщ вагъуэм сакъыхэту Аркъэн хужьыр къывэздзынщ. Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66. Мыл аркъэныр щӀыӀэм идзкӀи Хуэмыубыду ӀэщӀэкӀащ. Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341. Зэзэмызэ мывэм гъущӀ кӀапэ аркъэн щӀадзэрти тракторкӀэ къалъэфырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515.