аркъудей
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КъызыхуэкӀуэ псалъэм и мыхьэнэр зэрыщӀагъэхуабжьэ псалъэ гуэдзэ; ауэ, ауикӀ.
ручастица даже
ЛӀыжь цӀыкӀур гум ирашалӀэри, аркъудей благъуэ тхьэкӀумэр къыхуэгъэхъеякъым.— Адыгэ таурыхъхэр
Kitapta geçtiği hali
аркъудей частица даже / КъызыхуэкӀуэ псалъэм и мыхьэнэр зэрыщӀагъэхуабжьэ псалъэ гуэдзэ; ауэ, ауикӀ. * ЛӀыжь цӀыкӀур гум ирашалӀэри, аркъудей благъуэ тхьэкӀумэр къыхуэгъэхъеякъым. Ад. таур.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Абы и закъуэ
Насып мыухыр зи гуращэр Махуэл и гъуэгум щыхуэмей, Псэуну гъащӀэ зыхуэфащэр МыувыӀэу кӀуэхэр аркъудейщ— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10
+2 örnek
Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр зэ зэхэсхауэ аркъудей?— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92
Лъэпкъышхуэми лъэпкъ цӀыкӀуми зэрагъэхь щыӀэкъым, я чэзур зы лъэхъэнэм темыхуэу аркъудейщ.
Kitapta geçtiği hali
АРКЪУДЕЙ (8). частицэ. Абы и закъуэ Насып мыухыр зи гуращэр Махуэл и гъуэгум щыхуэмей, Псэуну гъащӀэ зыхуэфащэр МыувыӀэу кӀуэхэр аркъудейщ. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр зэ зэхэсхауэ аркъудей? Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92. Лъэпкъышхуэми лъэпкъ цӀыкӀуми зэрагъэхь щыӀэкъым, я чэзур зы лъэхъэнэм темыхуэу аркъудейщ.