апельсин
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Гъэ псом щхъуантӀэу езыхьэкӀ цитрус жыг лӀэужьыгъуэ.
руапельсин (Citrus sinensis)
2. Цитрус пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщ, и фэр плъыжьыфэ-гъуэжьыфэу (хъурейуэ е хуэкӀыхьу), ӀупщӀэ-ӀупщӀэурэ зэхэлъу.
руапельсин (плод)
Грузием апельсиныр щобагъуэ.
Kitapta geçtiği hali
апельсин 1. бот. апельсин (Citrus sinensis) / Гъэ псом щхъуантӀэу езыхьэкӀ цитрус жыг лӀэужьыгъуэ. 2. апельсин (плод) / Цитрус пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщ, и фэр плъыжьыфэ-гъуэжьыфэу (хъурейуэ е хуэкӀыхьу), ӀупщӀэ-ӀупщӀэурэ зэхэлъу. Грузием апельсиныр щобагъуэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀыпӀэ хуабэхэм къыщыкӀ пхъэщхьэмыщхьэ лӀэужьыгъуэ.
Абы нэмыщӀ, нэгъуэщӀ щӀалиплӀ хуэдизи зэхуэсшэсащ, зы махъши ди хьэлъэ тетлъхьэну къысхуашащ, гъуэмылэри псынщӀэ-псынщӀэу ягъэхьэзыращ, фэндми псыр из ящӀри, Ӏэщэу тӀыгъыр хъуржыным итлъхьэри, и щӀыӀум апельсин теткӀутэжын хуейти, ари зэфӀэдгъэкӀащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
Kitapta geçtiği hali
АПЕЛЬСИН (1). ЩӀыпӀэ хуабэхэм къыщыкӀ пхъэщхьэмыщхьэ лӀэужьыгъуэ. Абы нэмыщӀ, нэгъуэщӀ щӀалиплӀ хуэдизи зэхуэсшэсащ, зы махъши ди хьэлъэ тетлъхьэну къысхуашащ, гъуэмылэри псынщӀэ-псынщӀэу ягъэхьэзыращ, фэндми псыр из ящӀри, Ӏэщэу тӀыгъыр хъуржыным итлъхьэри, и щӀыӀум апельсин теткӀутэжын хуейти, ари зэфӀэдгъэкӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398.