алий
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм, «Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа» хъыбарым уащрохьэлӀэ, иужьрейр нэхъыбэу зытеухуар КӀыщокъуэм и егъэджакӀуэу щыта ЩоджэнцӀыкӀу Алийщ.
Махъсидэ Алий къаукӀа щӀэхъуари мырат: къаукӀыр куэд хъуати, сэлэтхэм яхэпсэлъыхьырт, иузэщӀын и гугъэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 120
+1 örnek
ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, дэ япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518
Kitapta geçtiği hali
АЛИЙ (9). ЦӀыхухъуцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм, «Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа» хъыбарым уащрохьэлӀэ, иужьрейр нэхъыбэу зытеухуар КӀыщокъуэм и егъэджакӀуэу щыта ЩоджэнцӀыкӀу Алийщ. Махъсидэ Алий къаукӀа щӀэхъуари мырат: къаукӀыр куэд хъуати, сэлэтхэм яхэпсэлъыхьырт, иузэщӀын и гугъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 120. ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, дэ япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518.