ажал
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛӀЭГЪУ(э), лӀэжьыгъу/лӀэжыгъуэ, АДЖАЛ/АЖАЛ, (Абз. АДЖАЛ); ECEL
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Псэр хэкӀыныгъэ, гъашӀэр иухыныгъэ, лӀэ-ныгъэ.
русмерть
ЛӀыгъэр ажалым щыщтэркъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Мысост цыӀэрылъхьэу къуэм еджэрэзэхыу щӀидзат, ауэ джабэм кӀэрыт хьэмкӀутӀей гуэрэным ар ажалым къригъэлащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Bu maddedeki ifadeler (5)
ажал егъэгъуэтын (етын)
рузадать взбучку кому-л.
ажал нэкӀу
рубезобразный (о внешности человека).
{и} ажал хэлъын
рустать причиной смерти кого-л.
{и} ажалкӀэ лӀэжын
руумереть своей смертью.
Ажалыр къызыхуэкӀуэн!
ручтоб ты сдох!
Kitapta geçtiği hali
ажал смерть / Псэр хэкӀыныгъэ, гъашӀэр иухыныгъэ, лӀэ-ныгъэ. * ЛӀыгъэр ажалым щыщтэркъым. (погов.) Мысост цыӀэрылъхьэу къуэм еджэрэзэхыу щӀидзат, ауэ джабэм кӀэрыт хьэмкӀутӀей гуэрэным ар ажалым къригъэлащ. Къ. Хь. Ажал егъэгъуэтын (етын) задать взбучку кому-л. Ажал нэкӀу безобразный (о внешности человека). {И} ажал хэлъын стать причиной смерти кого-л. {И} ажалкӀэ лӀэжын умереть своей смертью. Ажалыр къызыхуэкӀуэн! пренебреж. сл. чтоб ты сдох!
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЛӀэныгъэ, гъащӀэр иухыныгъэ.
Хамэ насып хэт щӀэкӀуами Ажалыр псынщӀэу лъысащ.— ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23
+2 örnek
Щхьэщытщ цӀыкӀу джэгухэм ажалыр, Ар уфэразэу къокӀуэкӀ, Уэгум бий бзаджэр щокъуалэр, Къидзыну бомбэр къоплъэкӀ— Уэрщ, зауэлӀ хахуэ. «Шум и гъуэгу», 21
[Дэфэрэдж:] шэч хэмылъу, [сымаджэм] гу лъитат и ажалыр зэрыщхьэщысхам.— Лъапсэ, 22
Deyimler (1)
[и] ажалыр къэсын
И лӀэгъуэ хъун, лӀапӀэ ихуэн.
Адэ зыгуэр къыдопсэлъыкӀ: – ЛӀо, нобэ щӀэфлъхьа къомым я ажал къэсат, кхъэм щхьэ фхьа?— Хъуэпсэгъуэ нур, 171
+2 örnek
Хьэбас нэхъыфӀ зэрыхъужу и адэ къуэш зыпӀыжар шы ӀэжьэкӀэ къакӀуэри ишэжащ: «Уи ажал къэсауэ къыщӀэкӀынкъыми, сэ уи къару къихьэжыху, узмыгъашхэмэ, плъагъункъэ», - жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
Уи ажал къэмысамэ аракъэ, жыхуаӀэм хуэдэу, Данизэт Хьэбибэ деж къэсаи къэмысаи – я чы-бжэгъу унэм бомбэ техуэри щыщ къэнакъым.— Нал къута, 223
Kitapta geçtiği hali
АЖАЛ (11). ЛӀэныгъэ, гъащӀэр иухыныгъэ. Хамэ насып хэт щӀэкӀуами Ажалыр псынщӀэу лъысащ. ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23. Щхьэщытщ цӀыкӀу джэгухэм ажалыр, Ар уфэразэу къокӀуэкӀ, Уэгум бий бзаджэр щокъуалэр, Къидзыну бомбэр къоплъэкӀ. Уэрщ, зауэлӀ хахуэ. «Шум и гъуэгу», 21. [Дэфэрэдж:] шэч хэмылъу, [сымаджэм] гу лъитат и ажалыр зэрыщхьэщысхам. Лъапсэ, 22. ◊ [И] ажалыр къэсын (5). И лӀэгъуэ хъун, лӀапӀэ ихуэн. Адэ зыгуэр къыдопсэлъыкӀ: – ЛӀо, нобэ щӀэфлъхьа къомым я ажал къэсат, кхъэм щхьэ фхьа? Хъуэпсэгъуэ нур, 171. Хьэбас нэхъыфӀ зэрыхъужу и адэ къуэш зыпӀыжар шы ӀэжьэкӀэ къакӀуэри ишэжащ: «Уи ажал къэсауэ къыщӀэкӀынкъыми, сэ уи къару къихьэжыху, узмыгъашхэмэ, плъагъункъэ», - жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. Уи ажал къэмысамэ аракъэ, жыхуаӀэм хуэдэу, Данизэт Хьэбибэ деж къэсаи къэмысаи – я чы-бжэгъу унэм бомбэ техуэри щыщ къэнакъым. Нал къута, 223.