адэ щӀэин
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
адэ
1. Быныр зей цӀыхухъу.
руотец
Си адэм сыдэӀэпыкъуу сэ Аурсэнтх хъупӀэм сыщыӀат зы мазэкӀэ.— Гъубжокъуэ Лиуан
+2 örnek
Си адэм Буденнэм къритауэ сэшхуэ дахэ иӀэщ.— Теунэ Хьэчим
Уи адэ гъуэгужь, жыжьэщ жыпӀэу, умыбгынэ.— Псалъэжьхэр
2. Нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ.
рувежливое обращение к пожилому мужчине
Уа, ди адэ!
ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза.
рутам, туда;
КӀуэ адэ. ӀукӀ адэ.
+2 örnek
Зэ и пыӀэр Хьэбалэ адэ къуэм деутӀыпщхьэри, хьэми, кӀэпкъжьэпкъын фӀэфӀщи, иутхыпщӀурэ дзэкӀэ къехьыж.— Гъубжокъуэ Лиуан
Абы япэ къитхъыр тезыщӀыхьхэм я макъыр адэ хьэсэпэмкӀэ къыщоӀу.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Bu maddedeki ifadeler (4)
адэ къуэш
Адэм къыдалъхуа цӀыхухъу, адэм и шынэхъыжь е шынэхъыщӀэ.
рудядя по отцу
Си адэ къуэшым куэдрэ граждан зауэм зэрыхэтам и гугъу къытхуищӀыжырт.— Ӏуащхьэмахуэ
адэ хэку
Укъыщалъхуа, уи лъэпкъ щыпсэу, абы и тхыдэр зэпха щӀыпӀэ.
руотечество, родина
адэ шыпхъу
Адэм и шыпхъу, адэм къыдалъхуа цӀыхубз.
рутетя по отцу
Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ шыпхъу адэ палъэщ.— Псалъэжьхэр
адэ щӀэин
Адэм къыщӀэна щӀы, мылъку.
рувотчина, имущество умершего отца
Гулъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.)
Kitapta geçtiği hali
адэ I 1. отец / Быныр зей цӀыхухъу. * Си адэм сыдэӀэпыкъуу сэ Аурсэнтх хъупӀэм сыщыӀат зы мазэкӀэ. Гъу. Л. Си адэм Буденнэм къритауэ сэшхуэ дахэ иӀэщ. Т. Хь. Уи адэ гъуэгужь, жыжьэщ жыпӀэу, умыбгынэ. (погов.) 2. вежливое обращение к пожилому мужчине / Нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ. Уа, ди адэ! адэ къуэш дядя по отцу / Адэм къыдалъхуа цӀыхухъу, адэм и шынэхъыжь е шынэхъыщӀэ. * Си адэ къуэшым куэдрэ граждан зауэм зэрыхэтам и гугъу къытхуищӀыжырт. Ӏуащхь. адэ хэку отечество, родина / Укъыщалъхуа, уи лъэпкъ щыпсэу, абы и тхыдэр зэпха щӀыпӀэ. адэ шыпхъу тетя по отцу / Адэм и шыпхъу, адэм къыдалъхуа цӀыхубз. * Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ шыпхъу адэ палъэщ. (погов.) адэ щӀэин вотчина, имущество умершего отца / Адэм къыщӀэна щӀы, мылъку. Гулъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.) II нареч. там, туда; / ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза. КӀуэ адэ. ӀукӀ адэ. * Зэ и пыӀэр Хьэбалэ адэ къуэм деутӀыпщхьэри, хьэми, кӀэпкъжьэпкъын фӀэфӀщи, иутхыпщӀурэ дзэкӀэ къехьыж. Гъу. Л. Абы япэ къитхъыр тезыщӀыхьхэм я макъыр адэ хьэсэпэмкӀэ къыщоӀу. Хь. Хь.