абы щхьэкӀэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Абы къыхэкӀыу, абы къыхэкӀкӀэ.
– Фымыгузавэ абы щхьэкӀэ, – жиӀащ Елдар, – сыт къэхъуми, фыкъыхэщынтэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 226
+2 örnek
Фызхэр зэхуэсауэ джэд яфыщӀу, ягъавэу, ягъажьэу зэхэст, я уэршэрын, убэн абы щхьэкӀэ къамыгъанэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576
Къысхуатхари зы мащӀэ дыдэщ: «Си ныбжьэгъу лъапӀэу БырмамытӀ, къэхъуар къэмыхъуатэмэ, нэхъыфӀт, итӀани абы щхьэкӀэ умыгузавэ», – жиӀэу арат инэралым къитхыр— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
Kitapta geçtiği hali
АБЫ ЩХЬЭКӀЭ (43). Абы къыхэкӀыу, абы къыхэкӀкӀэ. – Фымыгузавэ абы щхьэкӀэ, – жиӀащ Елдар, – сыт къэхъуми, фыкъыхэщынтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. Фызхэр зэхуэсауэ джэд яфыщӀу, ягъавэу, ягъажьэу зэхэст, я уэршэрын, убэн абы щхьэкӀэ къамыгъанэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. Къысхуатхари зы мащӀэ дыдэщ: «Си ныбжьэгъу лъапӀэу БырмамытӀ, къэхъуар къэмыхъуатэмэ, нэхъыфӀт, итӀани абы щхьэкӀэ умыгузавэ», – жиӀэу арат инэралым къитхыр. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399.