абджыпс
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. УщызэкӀэщӀэплъу пӀащӀэу абдж къабзэ.
рутонкий, прозрачный (о стекле)
Абджыпс хьэкъущыкъу.
2. Абдж защӀэ, абдж зэфэзэщ, абдж куэд зыхэлъ. Абджыпс кӀэлындор.
руполностью застекленный (напр. о террасе)
Абджыпс унэщӀэхэр дыгъэм полыд.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
абджыпс 1. тонкий, прозрачный (о стекле) / УщызэкӀэщӀэплъу пӀащӀэу абдж къабзэ. Абджыпс хьэкъущыкъу. 2. полностью застекленный (напр. о террасе) / Абдж защӀэ, абдж зэфэзэщ, абдж куэд зыхэлъ. Абджыпс кӀэлындор. * Абджыпс унэщӀэхэр дыгъэм полыд. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Абдж защӀэ, абдж куэд зыхэлъ.
Фызхэм щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтырти, Жыраслъэн и абджыпс унэ абдж зэмыфэгъу зыхэлъым плъакӀуэ кӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86
+1 örnek
ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу— Лъапсэ, 87
2. Абдж пӀащӀэ, къабзэ.
Сабэр гъуэгум къыщиӀэту «Победащхъуэр» мажэр псынщӀэу, И абджыпсым нурыр щӀэту мажэр, мажэр куэд и фӀыщӀэу— Тисей, 477
Kitapta geçtiği hali
АБДЖЫПС (6). 1. (4). Абдж защӀэ, абдж куэд зыхэлъ. Фызхэм щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтырти, Жыраслъэн и абджыпс унэ абдж зэмыфэгъу зыхэлъым плъакӀуэ кӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу. Лъапсэ, 87. 2. (2). Абдж пӀащӀэ, къабзэ. Сабэр гъуэгум къыщиӀэту «Победащхъуэр» мажэр псынщӀэу, И абджыпсым нурыр щӀэту мажэр, мажэр куэд и фӀыщӀэу. «Тисей», 477.