абдж
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
абдж/апч; CAM
апч/абдж; CAM
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Узэпхрыплъ хъууэ пшахъуэ гъэткӀуам къыхэщӀыкӀа пкъыгъуэ (щхьэгъубжэнэу халъхьэ, хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ, нэгъуэщӀуи къагъэсэбэп).
рустекло ¦ стеклянный
Абдж гъэвэн. Абдж ӀупщӀэ. Щхьэгъубжэм хэлъ абджыр къутащ.
2. ЯтӀэ хужь лъэпкъыфӀхэм къыхагъэжыкӀ пкъыгъуэ (тепщэч, фалъэ, нэгъуэщӀ хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ).
руфаянс ¦ фаянсовый
Абдж тепщэч. Абдж хьэкъущыкъу.
3. ПтулъкӀэ; птулъкӀэмрэ итымрэ.
рубутылка
Псы абдж.
+1 örnek
Шори и Ӏэр пӀэм къыщӀехри хущхъуэгъуэ зэрыт абдж цӀыкӀухэм ящыщ зы ажэгъафэм хуеший.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
абдж 1. стекло ¦ стеклянный / Узэпхрыплъ хъууэ пшахъуэ гъэткӀуам къыхэщӀыкӀа пкъыгъуэ (щхьэгъубжэнэу халъхьэ, хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ, нэгъуэщӀуи къагъэсэбэп). Абдж гъэвэн. Абдж ӀупщӀэ. Щхьэгъубжэм хэлъ абджыр къутащ. 2. фаянс ¦ фаянсовый / ЯтӀэ хужь лъэпкъыфӀхэм къыхагъэжыкӀ пкъыгъуэ (тепщэч, фалъэ, нэгъуэщӀ хьэкъущыкъу къыхащӀыкӀ). Абдж тепщэч. Абдж хьэкъущыкъу. 3. бутылка / ПтулъкӀэ; птулъкӀэмрэ итымрэ. Псы абдж. * Шори и Ӏэр пӀэм къыщӀехри хущхъуэгъуэ зэрыт абдж цӀыкӀухэм ящыщ зы ажэгъафэм хуеший. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Узэпхыплъ хъууэ щхьэгъубжэхэм, бжэхэм халъхьэ, пшагъуэ гъэткӀуам къыхащӀыкӀ пкъыгъуэ
Саримэ а здэщытым деж щыту Астемырхэ я щхьэгъубжэм дэплът, урыс хъыджэбзыр илъагъун и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт ар щыплъагъунур, абджым и пӀэкӀэ щхьэгъубжэм тхылъымпӀэ Ӏушхамэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 313
+2 örnek
Щхьэгъубжэхэм абдж хэлъыжкъым, кӀэлындорым телъ тхылъымпӀэр жьым зэрехьэ— Нал къута, 238
Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъар хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшыр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэхэр щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу— МелыӀыч, 448
2. Зыгуэр зракӀэ кумбыгъэ (абджым къыхэщӀыкӀауэ).
[Елдар Тембот жриӀэу:] Мы дыху абджри бэлътокури зэгъусэу ет Саримэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101
+1 örnek
Ботэх псэлъэн щимыгъэтурэ, лаборантхэм кӀэнфет коробкэхэр ярет, дыху абджи зыхуигъэфащэм и стӀол къыдэгъэжым делъхьэ, е ӀэлъэщӀ дахэ цӀыкӀу и дамэм трепхъуэ— Лъапсэ, 96
3. Зыгуэр зралъхьэ, витринэ.
Мис а сэшхуэр абджым илъу тыгъэ псоми хэлъкъэ дахэу— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 53
4. Уэздыгъащхьэ.
Классышхуэм зы уэздыгъэ закъуэ и абджыр къутауэ щӀэтрэ гъунэгъуу щысым зыгуэр илъагъуми, щӀыбагъымкӀэ щысым илъагъу щӀагъуэ щымыӀэу и тетрадым тефыщӀыхьу щыст— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
Kitapta geçtiği hali
АБДЖ (23). 1. (14). Узэпхыплъ хъууэ щхьэгъубжэхэм, бжэхэм халъхьэ, пшагъуэ гъэткӀуам къыхащӀыкӀ пкъыгъуэ. Саримэ а здэщытым деж щыту Астемырхэ я щхьэгъубжэм дэплът, урыс хъыджэбзыр илъагъун и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт ар щыплъагъунур, абджым и пӀэкӀэ щхьэгъубжэм тхылъымпӀэ Ӏушхамэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 313. Щхьэгъубжэхэм абдж хэлъыжкъым, кӀэлындорым телъ тхылъымпӀэр жьым зэрехьэ. Нал къута, 238. Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъар хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшыр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэхэр щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу. МелыӀыч, 448. 2. (7). Зыгуэр зракӀэ кумбыгъэ (абджым къыхэщӀыкӀауэ). [Елдар Тембот жриӀэу:] Мы дыху абджри бэлътокури зэгъусэу ет Саримэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. Ботэх псэлъэн щимыгъэтурэ, лаборантхэм кӀэнфет коробкэхэр ярет, дыху абджи зыхуигъэфащэм и стӀол къыдэгъэжым делъхьэ, е ӀэлъэщӀ дахэ цӀыкӀу и дамэм трепхъуэ. Лъапсэ, 96. 3. (1). Зыгуэр зралъхьэ, витринэ. Мис а сэшхуэр абджым илъу тыгъэ псоми хэлъкъэ дахэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 53. 4. (1). Уэздыгъащхьэ. Классышхуэм зы уэздыгъэ закъуэ и абджыр къутауэ щӀэтрэ гъунэгъуу щысым зыгуэр илъагъуми, щӀыбагъымкӀэ щысым илъагъу щӀагъуэ щымыӀэу и тетрадым тефыщӀыхьу щыст. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530.