- хьэдэудз
метр мин е нэхъ лъэгапӀэхэм къышыкӀ удз лъэпкъыгъуэщ, зыгъэкӀэ е нэхъыбэкӀэ къокӀыр. Гъатхэи и лъабжьэмкӀэ къудамэ заулу къыдокӀейри, метр ныкъуэ лъэгагъ егъуэтыр. Къэгъагъэхэр щхъуантӀэу къыпедзэри гъэмахуэм гъуэжь дахэ мэхъуж. Хьэдэр щхьэусыгъуэкӀэ зы махуэ е нэхъыбэ пагъэплъэн хуей хъумэ мы удзыр хьэдэм и гъунэмрэ и ныбэмрэ тралъхьэри мэ къыригъащтэкъым, аращ хьэдэудз псалъэр къызтехъукӀари. И лъабжьэм щӀищӀэ кӀэртӀоф цӀыкӀухэр ягъэгъу, яхьэжри хущхъуэ къыхах