- пщэдулъхьэ
хьэгъуэлӀыгъуэ зейм и Ӏыхьлы хъыджэбзищ, зым махъсымэ фалъэр иӀыгъыу, зым шхын тепщэч, ещанэми напэӀэлъэщӀыр и пщэм едзауэ утыкум къохьэхэри, щӀалэ хьэщӀэм е нэгъощӀым, нэхъ зыгуэр къызыпыкӀын хуэдэм и пщэм напэӀэлъэщӀыр далъхьэри, фадэри шхынри къыхуагъанэр. Зыратахэми я тхьэмадэр хьэгъуэлӀыгъуэр зейм йохъохъури къахьа шхыным щыщ тӀэкӀу яшх, напэӀэлъэщӀымкӀэ я Ӏэхэр ялъэщӀыж, хъыджэбзэхэм яхуэфащэ нэгъэцӀур къырат, абыхэми а къыратамкӀэ ӀэфӀыкӀэ хуэдэхэр къащэхури езы хъыджэбзхэр зэхотӀсхьэри зэдащхыр