- тхьэгъуцӀацӀэ
лӀэужьыгъуэ куэду гуэша удз лӀэужьыгъуэщ. Ди Хэкум езыр езыру тхьэгъуцӀацӀэ лӀэужьыгъуэу 91-рэ къыщокӀ. Абыхэм яхэтщ ботаникхэм «адыгэ тхьэгъуцӀацӀэ» зыфащар. Нэхъыбэр илъэс зыбжанэкӀэ къокӀ, илъэситӀкӀэ нэхъыбэ мыпсэухэри яхэтщ. Я лъэгагъыр см 20 – 120-рэ мэхъу. МэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, гъурцейхэм, мывалъэ джабэхэм къыщыкӀыу урохьэлӀэ. 3и лъабжьэр адыгэхэм яшхым яхэтщ