- сэтэней
мэкъупӀэхэм, хъупӀэхэм, хуейхэм къщыкӀ къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ. Илъэс зыбжанэкӀэ мэпсэу, лъабжьэжь гъум ещӀ. И щхьэкӀэр пщэплъыфэ дахэу мэшхьэлъэ. И гъэгъахэм Ӏэрамэ хужь хъурей дахэу зыкъызэкӀуцӀах. Мэ ӀэфӀ дахэ къапех. Губгъуэ сэтэнейм и къэщхьэлъэгъуэ пщӀонлэ гъатхэ вэн-сэныр ирагъэкӀуэкӀ «Сэтэнейр къэщхьэлъамэ , гъунэ иумылъыж», жаӀэ адыгэхэм. Адыгэхэм хущхъуэуи зэрахьэ