- джэшхужь
и фӀагъэшхуэ хъу хадэхэкӀ къэкӀыгъэщ. И пкъым зыкӀэрищӀэн игъуэтмэ, зришэкӀыурэ дожей, и закъуэмэ, занщӀэу см 25 – 30-кӀэ докӀуей. Джэшым щӀыр егъэпшэр, абы имызакъуэу и жылэм фӀыгъуэ Ӏэджы хэлъщ. Адыгэхэм джэшыр нартыху лъабжьэм щӀасэ е и зыкъуэу къагъэкӀ. Гъэгъахэм бжьэм фо къыхах. Джэшым и къежьапӀэр Америкэм и тропик щӀыпӀэхэращ. Колумб Америкэр къихута нэужь джэшыр Испаниэм къихри, дэнэи къышагъэкӀ хъуащ