- блашэ
и лъэгагъкӀэ м 25 – 30 хъууэ, баринэ дахэу къэкӀ жыг лӀэужьыгъуэщ. И гъагъэхэм бжьэм хущхъуэ зыхэлъ фо къыхах. Блашэр илъэси 150 – 200-м нэс мэпсэу. Жыгей мэзхэм къыщокӀ. И пхъэм быдагъэу иӀэм папщӀэ адыгэхэм бгыкъу, пкъо къыхащӀыкӀ. Пхъэпшынэ, шыкӀэпшынэ Ӏэмэпсымэхэри къыхащӀыкӀ